ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ХъуэпсапIэхэм япсыхьа

2022-06-01

  • Лъэпкъым и фIагъыр къэппщытэнумэ, и щIалэгъуалэм уеплъын хуейщ. И гупсысэкIэм, псэлъэкIэм, зыдихьэх Iуэхухэм. Ди псэлъэгъур ящыщщ IуэхущIафэ дахэрэ акъыл жанкIэ лъэпкъым къыкъуэувахэм. Мэшыкъуэ ФатIимэ IэщIагъэлI ныбжьыщIэщ — федеральнэ налог къулыкъущIапIэм республикэм щиIэ и IуэхущIапIэм налогхэмкIэ и инспекторщ, пшынауэщ. Нэхъыщхьэращи, гурэ псэкIэ адыгэщ! И дуней тетыкIэмрэ дэзыхьэххэмрэ ятеухуауэ депсэлъащи, ди гуапэу фыдогъэцIыху.

  • — ФатIимэ, зэбгъэгъуэта щIэныгъэмрэ иджыпсу узыпэрыт IэнатIэмрэ я гугъу къытхуэщIыт.
  • — СызэрыцIыкIурэ сехъуапсэрт къэрал къулыкъу сыпэрытыну. ГъэщIэгъуэнщ, ауэ си ныбжьэгъу цIыкIухэм хэт дохутыр, хэт егъэджакIуэ хъуну щыжаIэм, сэ а IэщIагъэхэр си гум къэкIыххэртэкъым. КъБКъУ-м юрист IэщIагъэр щызэзгъэгъуэтащ, магистратурэм налогхэм епха экономикэр щызджыжащ. Федеральнэ налог къулыкъущIапIэм КъБР-м щиIэ IуэхущIапIэм сыщолажьэ илъэс зыбжанэ хъуауэ.
  • — Сыт лэжьыгъэм гу нэхъ хуозыгъэщIу хэлъыр?
  • — Уи гуащIэм мыхьэнэ зэриIэр щызыхэпщIэм деж, абы жан уещI. Си лэжьыгъэр зэрысэбэпыр, си зэманыр пщIэншэу зэрызмыгъакIуэр сощIэри, абы гукъыдэж къызет. Си щIакхъуэ Iыхьэр къызэрызлэжь IэнатIэм гурэ псэкIэ сыпэрытщ, IуэхущIапIэм лэжьыгъэр нэсу зэрыщызэтеублами сыщогуфIыкI.
  • Сызэрысабийрэ схэлъщ зы хьэл: сигу ислъхьам сытекIынкIэ Iэмал иIэкъым. Абы сыхуэкIуэнущ, зэзгъэхъулIэнущ. Сызытеува гъуэгум дэздзыхыжынукъым, лъэбакъуэ счауи сыкъикIуэтыжыфыркъым. Апхуэдэ ерыщагъэр лейуэ къэзылъытэ щыIэщ, мыхъунум щхьэ уеныкъуэкъун хуей, жыхуаIэу. Къапщтэмэ, си IэнатIэми гъащIэми къыщысхуощхьэпэ а хьэлыр.
  • — ФатIимэ, уэ икIи упшынауэщ!
  • — Илъэситхум ситу си анэм фортепианэм щыхуагъасэ макъамэ еджапIэм сигъэкIуащ. Пшынэми сыхуеплъэкIырт сэр-сэру. Си анэр ныбжьыщIэу щыщытам зытригъэха сурэтхэм сеплъырти, пшынэр щиIыгъхэр яхэтт. ЕзгъэкIурт ар. И пшынэ цIыкIури унэм щIэлът. Къапщтэмэ, ди унагъуэм макъамэр фIыуэ щалъагъу. Си адэм адыгэ уэрэдыжьхэр фIэфIщ. Си дэлъху нэхъыжьитIыр зыр — пшынэм, адрейр бэрэбаным дихьэхащ цIыкIуу, хуеджахэщ. ФортепианэмкIэ макъамэ еджапIэр къэзуха нэужь, пшынэм зезгъэсэну сыхуейти, сыхыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артист Къуэдз Абубэчыр и гупым. Нэхъапэхэми сыкIуэну къысхуихуат абы: си дэлъхум зигъасэрти, сыщыздишэ къэхъурт… Ди дерсхэр щIэщыгъуэт, екIуалIэхэр зы унагъуэ хуэдэу дыхъуат. Пшынэ макъамэм и закъуэтэкъым Къуэдз Аубэчыр дызыхуигъасэр. Адыгэ хабзэр къытхилъхьэрт:  нэмысыр, нэхъыжь-нэхъыщIэ зэхущытыкIэхэр, цIыху хыхьэкIэ-хэкIыкIэр, лъэпкъыр игъэдахэу къыдэгъуэгурыкIуэ хьэл-щэнхэр. ЦIыху 40 хуэдиз хъу ансамблыр пшынэ зэдригъэуэфырт. Зи нэ имылъагъу хъыджэбз цIыкIур адрейхэм зыкIи къакIэрымыхуу пшынэ еуэкIэ иригъэсэн хузэфIэкIащ.
  •  Лъэпкъ щэнхабзи хабзэ-бзыпхъи адыгэ макъамэм хэухуэнащ. ПсэкIэ умыадыгэу, адыгэм епха Iуэху ухэтыфынукъым. Къуэдзым и ансамблым сыхэтащ сфIэфIу. Концертхэм, фестивалхэм куэдрэ дишащ. Пшынэм зыхуегъэсэныр къыщызух илъэсым IуэрыIуатэ фестиваль сыхэтати, сытекIуэри, Москва сагъэкIуауэ щытащ. Абы япэ увыпIэр къыщысхуагъэфащэри, УФ-м и Президентым и саугъэтыр къызатат. Абы щыгъуэ 10-нэ классым сыщеджэрт. 4-нэ классым сыщIэст Къуэдз Абубэчыр и пшынэ дерсхэм сыкIуэн щыщIэздзам, япэ курсыр къэзухыхуи и гупым сыхэтащ. Ар еджапIэ хуэдэу къэслъытакъым зэи, гупсэхугъуэ къызэзыт гуэрт армыхъумэ. Унэ лэжьыгъэ сщIыжын хуейщ, жысIэуи къыстехьэлъэртэкъым, къысхуэмыгъэсрэ си псэр къигуфIыкIыу секIуалIэрт. Школым сыщыщIэсами, университетми олимпиадэхэм, конференцхэм щIэх-щIэхыурэ сыкIуэрти, си махуэхэр зэпэлъытат, ауэ еджэным сыкъыщыдэхуэ зэманыр къанэ щымыIэу зыхуэзгъэтIыгъуэр пшынэрт.
  • Къуэдз Абубэчыр цIыху гъуэзэджэщ. Апхуэдэхэращ и псэ еблэжыркъым зыхужаIэр. Си насып кърихьэкIащ апхуэдэ цIыху сызэрырихьэлIар, зымащIэкIэ нэхъ мыхъуми абы и зэфIэкIым щыщ зэрызыхэсщIар.
  • — Нэхъ пасэмрэ нобэрэ адыгэ пшынэр зэрагъэбзэрабзэр зэтехуэрэ хьэмэрэ…
  • — ЗыгуэрхэмкIи зэщхьэщокI пасэм пшынэ зэреуэу щытамрэ иджырейхэм я макъамэ къигъэкIыкIэмрэ. Псалъэм папщIэ, бзэрабзэ нэхъ халъхьэ хъуащ, IэмалыщIэхэр къежьащи, абыхэмкIи ягъэщIэращIэ. Къафэ-уэрэд зэхалъхьэну нэхъ тогушхуэ иджырейхэр. Нэхъапэм зэмани гуащIэшхуи текIуадэрт абы. Пшынауэ нэхъыжьхэм гугъу ехьу зрагъэгъуэта, яхъума, нобэм къытхуахьэса IэщIагъэщ мыр. КуэдкIэ нэхъ тыншщ ди зэманым макъамэр пшынэм къибгъэкIыу зебгъэсэныр: псоми ди жыпым илъщ телефоныр. Е зыгуэрым и пшынэ гъэбзэрабзэкIэр уигу дыхьамэ, видео тепхыу, уеплъыжи мэхъу. Нэхъыжьхэм къытхуагъэна пшынэбзэращ иджыпстуи диIэр. Пэжщ, ар догъэщIэращIэ, ди гупсысэ хыдолъхьэ. Нэхъ пасэм хьэгъуэлIыгъуэр зы пшынауэм дихыфырт. IэщIагъэм фIыуэ хэзыщIыкIхэми гу лъатэу къыщIэкIынщ иджыпсту хьэгъуэлIыгъуэхэм къыщыIу пшыналъэхэм хьилагъэ мащIи щыхалъхьи къызэрыхъур — макъамэ хьэзыр къыщыщIагъэувэ урохьэлIэ.
  • Щапхъэ зытепх хъуну пшынауэ Iэзэхэри диIэщ. Къапщтэмэ, адыгэ щIалэгъуалэр екIущ, лъэпкъыпсэщ. Хабзэр къыдахыж, зэрахьэ, ягъэкIуатэ!
  • — Адыгэ хьэгъуэлIыгъуэм теухуауэ уи гупсысэ зэхэдбгъэхатэмэ…
  • — ХьэгъуэлIыгъуэр щхьэж зэрыхузэфIэкIым е къызэрыгурыIуэм хуэдэу ирегъэкIуэкI. Сэ си гум дохьэ хьэтиякIуэ зыхэт джэгур. Апхуэдэм хабзи шыIэныгъи щыболъагъу, пшынэ макъамэ къабзэ щызэхыбох. ИтIанэ, щхьэж зэрегуакIуэу утыкум къимылъадэу, чэзууэ къыдаш къэфэнухэр.
  • — ГъащIэм хэт щапхъэ щыпхуэхъуар?
  • — Си адэ-анэр. Iуэху щхьэхуэ гуэрхэм зеспщыта нэужь, абыхэм сочэнджэщ. СакъыгурыIуэнущ, щыуагъэхэм сыщахъумэнущ. Сычэнджэщэну зэман симыIэу жэуап гуэр схьын хуей хъуми, си анэр си нэгу къыщIызогъэхьэри согупсыс: «Сыту пIэрэт иджыпсту къызжиIэнур, дауэ игъэтэмэмыну пIэрэт мы Iуэхур?» — жызоIэри. Абы сыщигъауэркъым. Сызэрыгъуазэр си адэ-анэм яхуэфащэу дунейм сытетынырщ!
  • — Адыгэм и шыфэлIыфэр сыт нэхъыщхьэу къэзыгъэлъагъуэр?
  • — Зы псалъэм къызэщIебгъэубыдэфыну си гугъэщ ар. Къабзагъэ!
  • — ЩIэблэм анэдэлъхубзэ я IурылъынымкIэ къалэныр хэт зи пщэ къыдэхуэр?
  • — Бзэр хъумэнымкIэ япэу жэуап зыхьыр унагъуэрщ. Си жагъуэ мэхъу адыгэхэр урысыбзэкIэ щызэпсалъэу щыслъагъум деж. Анэдэлъхубзэр нэхъыжьхэмрэ щIэблэмрэ Iэмал имыIэу зэIэпахын хуей фIыгъуэщ. Аращ дэ лъэпкъ дызыщIыр. ТIурылъу дунейм дыкъытехьэ анэдэлъхубзэр дгъэлэжьэн хуейщ. Къапщтэмэ, ар бзэр псалъэ къудейкъым зэрызэхэтыр. Абы хъугъуэфIыгъуэ куэди къыдокIуэ. Хабзэр, нэмысыр, укIытэр, зыIыгъыкIэр, лIыгъэр. Куэдрэ сигу къохьэ АфIэунэ Лиуан итха «Зэ уадыгэну сыт и уасэ!» усэм хэт псалъэхэр.
  • Ди унагъуэм анэдэлъхубзэр икIуэдыкIыну ди гупсысэм зэи къыхэхуакъым.
  • — Сыт хуэдэ тхылъ нэхъ узэджэр?
  • — Сэ нэхъыбэу сыдэзыхьэхыр художественнэ тхыгъэхэрщ. Айтматов Ченгиз къыхэзгъэщыну сыхуейт. Абы и IэдакъэщIэкIхэм гупсысэ нэхъыщхьэу щыпхышащ цIыху гъащIэр зэрылъапIэр, цIыхугъэр пфIэкIуэд зэрымыхъунур, щIыуэпсымрэ псэущхьэхэмрэ зэран яхуэхъуну Iуэхухэм защыбдзеин зэрыхуейр. Ар тхакIуэм игъэдахэкъым, игу къеуэу топсэлъыхь. «Плаха» романыр нэхъ яхэсIэтыкIыу си гум илъщ, къытезгъэзэжу щIэзджыкIыжарэт жысIэу.
  • Иджыпсту соджэ Къэрмокъуэ Мухьэмэд «Щихухэр иджыри мэкI» и романым. Тхылъ сфIэфIщ. Электрон щытыкIэ мыхъуу, езы тхылъыр сIэщIэлъу седжэну нэхъ къызощтэ, дауи. Уеблэмэ блокнот сиIэщ сигу дыхьэ усэхэмрэ уэрэдхэмрэ, цIыхушхуэхэм я псалъэхэр, художественнэ тхыгъэхэм сызыщрихьэлIэ Iущыгъэхэр, тхыдэм ехьэлIауэ щхьэпэхэр истхэу.
  • Епсэлъар  Гугъуэт Заремэщ.