Гъуазджэр зи гупсэхугъуэ
2022-06-01
- Пэублэу IэщIагъэ-щIэныгъэм и мыхьэнэм теухуауэ хъыбар гъэкIэщIа…
- Пщы щауэ гуэрым и къэшэгъуэти, жи, нэхъ Iущ дыдэм, нэхъ дахэ дыдэм лъыхъуащ.
- — Сыт уи IэщIагъэ? — къеупщIащ абы пщащэр.
- — Пщыр IэщIагъэ хуэныкъуэ?! Сэ мылъкуу сиIэм си быным я быныжыр ирикъунущ, — дыхьэшхащ щIалэр.
- — IэщIагъэ уимыIэмэ, сыбдэкIуэнукъым, — пигъэщхъащ бзылъхугъэм.
- — Губзыгъэ къысхуэмыхъуа ар, IэщIагъэ уиIэкъым жиIэри, къызэщащ! — игъэзэжащ пщы пагэм.
- — А, си щIалэ, мис ар нысэ схуэхъунт! — жиIащ, жи, Гуащэм ар къыщищIэм.
- ЩIалэр зыщIэгупсысыкIыжри, дыщэ-дыжьыным ирилажьэу зригъэсэну му- рад ищIащ. Илъэс нэхъ дэмыкIыу, пщым и IэкIэ ищIа хьэпшып хуигъэхьащ зылъыхъуауэ щыта пщащэм. Хъыджэбз Iущыр абы арэзы ирихъуати, пщым пIалъэ къритри, зэрышащ.
- ЩIалэ цIыкIу зэдагъуэтауэ, а тIум хуэдэу фIыуэ зэрылъагъу уигъэлъыхъуэну, зэдэпсэурт. Зэгуэр пщыр зекIуэ ежьауэ и дзэр къызэтраукIэщ, езыр гъэру яубыдри, и хъыбар ямыщIэу илъэс тIощI кIуащ. Хамэ щIыпIэ къраша хьэпшып- хэм хэплъэу, пщым и псэгъум и нэм къыфIэнащ зы Iэлъын.
- — Уи адэр дунейм тетыжыххэмэ, мы Iэлъыныр зыщIар аращ. Iэлъыныр зи IэдакъэщIэкIыр къэбгъуэтмэ, уи адэри къэбгъуэтынущ, — иригъэлъэгъуащ Iэлъыныр и къуэм.
- Пщым и къуэр ежьэщ, дунеижьыр къызэхикIухьщ, и адэр къигъуэтыжри, къришэлIэжащ.
- — Уэр мыхъуатэмэ, гъэрыпIэм сыщылIэжынут! Узэрыдахэм хуэдэуи уIущщ, — жриIащ пщым и щхьэгъусэм…
- ЦIыхум сыт хуэдиз мылъку бгъэдэлъами, пщэдей къэхъунур зыми ищIэркъым. МыкIуэдыжынури, сытым дежи пщIэ зиIэнури цIыхум и Iэм ищIэрщ, и IэщIагъэрщ, щIэныгъэрщ. Апхуэдэу, ижь-ижьыж лъандэрэ къекIуэкIхэм ящыщщ гъукIэр, дыщэкIыр. IT-технологием и зэман щIэщыгъуэм дыхэпсэукIми, апхуэдэ IэщIагъэхэм я пщIэр зэрымыкIуэдар гуапэ пщымыхъуу къанэркъым. Адыгэм ди куэдщ апхуэдэ IэщIагъэлIхэр. Абыхэм ящыщ зы фэдгъэцIыхуну ди гуапэщ.
- Маргъущ Юрэ дыщэкIщ, нобэкIэ ди республикэм нэхъ къыщацIыху, зи IэдакъэщIэкIхэм щIэупщIэшхуэ иIэхэм хабжэ. ЩIалэр Дзэлыкъуэ щIыналъэм хиубыдэ Светловодскэ къуажэм къыщалъхуащ. 2007 гъэм курыт еджапIэр къиухри, КъБКъУ-м гъуазджэхэмрэ лъэпкъ IэщIагъэхэмкIэ и къудамэм щIэтIысхьащ. Юрэ зэрыжиIэмкIэ, зэрыцIыкIурэ сурэт щIынымрэ пластилиным хьэпшып къыхэщIыкIынымрэ дахьэхырти, абыкIэ зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэм хэтт, япэ увыпIэхэри къыщихьырт.
- — Курыт еджапIэр къызэрыдухрэ илъэситху дэкIыжауэ Iуэху сиIэу сыдыхьат школми, си IэдакъэщIэкIхэр тегъэувапIэм дахэ дыдэу тегъэзэгъауэ зэрахъумар щыслъэгъуам си гуапэ хъуат. Нэхъыжь классхэм сыщIэсу гупыж сщIат художественнэ еджапIэм сыщIэтIысхьэну. Мис абы сыщеджэу къызгурыIуащ си гъащIэр гъуазджэм зэреспхынур, ар IэщIагъэ зэрысщIынур. Къуажэ пхыдза сыдэсти, Къэбэрдей-Балъкъэрым гъуазджэхэмкIэ еджапIэ нэхъыщхьэ щыIэу сщIэххэтэкъым. Лъэпкъ IэщIагъэхэмкIэ и къудамэр къысхуэзыгъуэтар си анэ дэлъху АфэщIагъуэ Хьэсенщ. Студент гъащIэр хьэлъэт. Щысхь ямыщIэу драгъаджэрт. Ари гурыIуэгъуэщ — мыр тхылъ уеджэрэ, зэбгъэщIам утепсэлъыхьыжым хуэдэкъым. IэкIэ улэжьэн хуейт, абы тхылъ еджэныр къыхэтыжу. Уеблэмэ жэщ ныкъуэ хъуху лъэщапIэм дыкъыщIэмыкIыу, курс лэжьыгъэр нэдгъэсу дыщыгува къэхъуащ. Къыздеджа псори IэщIагъэлI нэс хъуащ, щIэупщIэшхуэрэ пщIэрэ яIэу дыщэкI цIэрыIуэхэр къахэкIащ. Апхуэдиз лэжьыгъэр пщIэншэ хъуакъым.
- — ЦIыхум и IэщIагъэр фIыуэ щилъагъум деж, ар абы и лъым хэтуращ. УнагъуэкIэ зыгуэрым удэплъеягъэнщ. Уи нэхъыжьхэм яхэта дыщэкI, Юрэ?
- — Си лъым хэту жыпIэ хъунущ. Си адэм сурэт щIыныр къехъулIэрт, уеблэмэ Санкт-Петербург ирагъэблэгъат, ауэ ди анэшхуэм игъэкIуауэ щытакъым. Хуемыджами иримылэжьами, сурэт щIыныр IэщIыб ищIакъым. Аракъэ анэдэлъху жыхуаIэжыр?!
- — КъызэрызгурыIуамкIэ, уэри сурэтым нэхъ ухуэIэзэщ…
- — Пэжыр жыпIэмэ, сурэтыщI сыхъуну сыхъуапсэу университетым сыщIэтIысхьат. А еджапIэм пхъащIэхэр, гъукIэхэр, дыщэкIхэр щагъэхьэзыру, пкIыгъэм (чеканкэ) щыхуагъасэу сщIэххэтэкъым. Чеканкэр щIэщыгъуэ сщыхъущ, сыдихьэхри, абы зестыжат. Уеблэмэ диплом лэжьыгъэу дыщэджэд сщIат. Ар хуабжьу лэжьыгъэ гугъут икIи гъэщIэгъуэнт. ЕджапIэр къэзухщ, лэжьэн щIэздзэри, щIэупщIэ нэхъ зиIэр дыщэ-дыжьынхэкIхэр арауэ къыщIэкIащ. Апхуэдэу, зэрымыщIэкIэ, здэзунэтIам зезгъэхъуэжри, дыщэкI сыхъуащ. СыхущIегъуэжакъым. ЩIэупщIэшхуэ яIэщ лъэпкъ дамыгъэхэр зытедза хьэпшыпхэм, фэилъхьэгъуэхэм. Мыбдеж ущыуэнкIэ Iэмал иIэкъым, зы лъэпкъым дамыгъэ зыбжанэ щиIэ къохъу, къызытехъукIыжам теухуауэ. Ахэр зэхэбгъэщхьэхукIыфу щытыпхъэщ, езыхэм щамыщIэ къохъури. Апхуэдэу, лъэпкъ дамыгъэхэри щхьэхуимыту сджащ.
- — ЕгъэджакIуэми куэд елъытащ, Юрэ. Уарэзы абыкIэ? КъахокI абыхэм уи дунейм зезыгъэхъуэж.
- — Пэжщ. Дезыгъэджахэр псори зэчиифIэ, цIыху гъуэзэджэ защIэт. Студентыгъуэм сурэтымрэ живописымрэ икIыхьагъкIэ къыддекIуэкIащ. Сыту жыпIэмэ дыщэкIыр, пхъащIэр зэлэжьыну хьэпшыпым и сурэтыр ищIын хуейщ псом япэ. ИужьыIуэкIэ къызгурыIуэжащ абы сэбэпу пылъыр, ауэ сыщыстудентым апхуэдиз сурэтыр къысIэщIэужэгъуат. Абы и лъэныкъуэкIэ гугъу къыздехьащ ди егъэджакIуэу щыта Мэлбахъуэ Мадинэ. Тэмакъ кIыхьу къызэрытщхьэщытам папщIи фIыщIэ лей хуэсщIыну сыхуейт.
- — Уэ езыр уегъэджакIуэщ иджыпсту. Ббгъэдэлъ IэщIагъэ-щIэныгъэм тепщIыхьмэ, гъэсакIуэ зиIэжхэм уахуэдэщ. Арами, уи нэгу щIэт псори утыку къыумыхьауэ къысщохъу, хущIыхьэгъуэ иIатэмэ, нэхъыбэжи хуэлэжьынут жысIэу, уи лэжьыгъэхэм сахоплъэ.
- — Промышленность псынщIэмкIэ колледжым сыщолажьэ, дыщэм, дыжьыным зэрелэжьымкIэ изогъаджэ. ИкIи пэжщ а жыпIэр, сэ езым си IэщIагъэм хэзгъэхъуэнымкIэ, нэхъри зызужьынымкIэ а лэжьыгъэр зэран къысхуохъуж, си щхьэ Iуэху зесхуэжыну зэман къысхудэгъэкIыркъым. Дэ езыр студенту дыщыщытам ди егъэджакIуэхэм къарурэ зэману къыттрагъэкIуадэу щытар сощIэж. Абы дерс къыхэсхауэ щытын хуеящ. ЕгъэджакIуэ IэщIагъэр сфIэмыфIу щыткъым, студентхэри сигу пыкIыркъым, ауэ сэ езым адэ-кIэ зызужьын щхьэкIэ нэхъ лэжьыгъэшхуэхэр, гугъухэр сымыщIу хъунукъым. Си пIэм соуджыхь. Лъэпкъ Iуэхум зыгуэр хэслъхьэну, лъэужь гуэр къэзгъэнэну сохъуапсэ. Пасэрей адыгэм и тхыдэр, щэнхабзэр къызэраIуэтэжыр, къызэратIэщIыжыр къащIэна хьэпшыпхэмкIэщ. Апхуэдэ гуэркIэ тхыдэм сыкъыхэнэжыну сохъуапсэ.
- — АтIэ, сыт хуэдэ мурадхэр уиIэ, сытым уи гур ета?
- — ЗэрыжысIащи, си щIэныгъэм хэзгъэхъуэныр, си щхьэ Iуэху нэхъыбэу зесхуэжыныр япэ изгъэщыну сыхуейщ. Пасэрей дыщэкIхэр, гъукIэхэр я IэщIагъэм хуемыджами, яхузэфIэкIырти, ирилажьэу къэгъуэгурыкIуащ. Дэ абы дыхуеджащ, химием, физикэм, металлургием къитIэщIа щIэныгъэм зыщыдгъэгъуэзащ, гъущIым и щэху куэд, абы зэрелэжь IэмалыфIхэр къэтщIащ. Мис ахэр тегъэщIапIэ сщIыуэ, адыгэм ди Iэщэмрэ дыщэ-дыжьынхэкIхэмрэ дунейпсо утыку къисхьэну, ахэр адрей щIыналъэхэми къыщезгъэцIыхуну си мурадщ. Адыгэ къамэр, сэшхуэр, сэ лIэужьыгъуэхэр я щIыкIэ къудеймкIэ Кавказ псом къыщацIыхуу щытащ. Мис а лэжьыгъэм зезгъэIэтыжынут.
- — ЦIыхур дыщэкIым деж щIэкIуэр зыми емыщхь гуэр мэлъыхъуэри аращ. И бынхэм къахуэнэжын гуэр, псалъэм папщIэ. Армыхъумэ, тыкуэным кIуэнти, щыщэхуэнт. Сыт хуэдэ хьэпшыпхэм нэхъ щIэупщIэ яIэ?
- — Лэжьыгъэу сщIым и нэхъыбэр лъэпкъ дамыгъэхэр зытедза Iэлъынхэмрэ дыщэ-дыжьынхэкI хьэпшыпхэмрэщ. Ахэр псори социальнэ сетхэм щызиIэ си напэкIуэцIым къызогъэувэ, дамыгъэхэм къикIымрэ ахэр зей лъэпкъхэмрэ щIыгъуу. КIэщIу жыпIэмэ, фейдэ хэсхыныр нэхъыщхьэу згъэувыркъым. АтIэ, цIыхухэм а тыгъэхэмкIэ зыгуэркIэ сэбэп сахуэхъумэ, си гуапэу сыкъогъуэгурыкIуэ.
- — НэгъуэщI зыгуэру улэжьэфынут, Юрэ, дыщэкIыу ущымытамэ?
- — Лэжьыгъэ зыбжанэм зеспщытащ, сом нэхъыбэ къыпыкIыну пIэрэ жысIэурэ. Ауэ гъуазджэм си гум зэрызыдигъэпсэхур, абы гупсысэ дахэу къыдэушыр, ар фIы и лъэныкъуэкIэ къызэрысщхьэпэр псалъэкIэ къысхуэIуэтэнукъым. ЦIыхум и лэжьыгъэр фIыуэ имылъагъумэ абы егъэгуауэщхьэуэ, егъэнэщхъей, гукъыдэж къритыркъым, и гур пелъэсыкI. Сэ си псэм фIэфIым сролажьэри, щызужэгъуи сыщезэши зэи къэхъуркъым.
- — Мис мыпхуэдэ IэщIагъэлIым ещхь сыхъуарэт жыпIэу, щапхъэ уиIэ?
- — ЕджапIэ нэхъыщхьэр къыщызухам, IэщIагъэлI ехьэжьауэ, мы дунейм зыхэзмыщIыкIрэ схузэфIэмыкIынрэ щымыIэу зыкъысщыхъужырт. Ауэ КхъуэIуфэ Хьисэ къэсцIыхуа нэужь, IэщIагъэлIым бгъэдэлъын хуей зэфIэкIым и мащIэ фIэкIа зэрысхэмылъыр къызгурыIуэжат. КъищынэмыщIауэ, Алмэ Мусэ. Ар дуней псом къыщацIыху, пщIэ къыщыхуащI. НобэкIэ сэ щIынымкIэ аращ сызыдэплъейр. IэщIагъэлI лъэщхэр, зэчиифIэхэр куэдщ. Сэри сыздынэсамкIэ си гур зэгъауэ сыщымы-су гъуазэ схуэхъуахэм сазэрылъэщIыхьэным яужь ситщ.
- — Мыр схуэщIынукъым, къызогугъуэкI жыпIэу лэжьыгъэ къыщумыщта къэхъуа?
- — Хьэуэ, апхуэдэ срихьэлIакъым. Ауэ, диным къызэригъэувымкIэ, цIыхухъум дыщэхэкI зэрихьэ хъунукъым, дыжьынщ къищтэр. Аращи, дыщэ Iэлъын схуэщI жиIэу цIыхухъу къакIуэмэ, лэжьыгъэр къасщтэркъым.
- — Уи хъуэпсапIэхэр нахуапIэ хъуну, уи мурадхэр къыпхузэпищэну, уи IэщIагъэм цIэрыIуэ урихъуну ди гуапэщ, Юрэ.
- — Тхьэр арэзы къыпхухъу! Гулъытэ къызэрысхуэфщIар си гуапэщ.
- Епсэлъар Фырэ Анфисэщ.