ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Ислъамым и нур

2022-04-26

  • Муслъымэн диныр зыгъэлъэщыр
  • Мазэм я нэхъ лъапIэм, КъурIэныр къыщехам, гуэныхьхэр куэду щагъэгъум, псапэхэр щыбагъуэм, духьэхэр нэхъ къабыл щыхъум нобэ дыхэтщ. Ахэр къызыгурыIуэу, зыхэт фIыгъуэри зыхэзыщIэу къэзыгъэсэбэпым и насыпщ, ауэ нобэ щхьэхынагъэр зытезыгъакIуэу, зэманыр зыгъэкIуэдыр насыпыншэщ.

  • Муслъымэнхэр фIыуэ зэрылъагъухэу, зэрылъытэхэу, зэрыIыгъхэу зэрыщытыр къэзыгъэлъагъуэ дин унафэхэм ящыщщ Рэмэдан мазэр. Мы дунейм муслъымэну тетым пщэдджыжьым щэращ яшхыу, махуэм нэщI ису, пщыхьэщхьэм хэщхьэжу, жэщым турыхь нэмэз ящIу мазэр зэрекIуэкIым къегъэлъагъуэ ахэр зы Iумэту Алыхьым зэрыбгъэдэтхэр.
  • Ежьа иужькIэ мис апхуэдэу дахэу йокIуэкI нэщI мазэр, ауэ пэщIэдзэмрэ кIэухымрэ егъэлеяуэ мыдахэ куэд ди Iуэхум къыщыхыхьэ щыIэщ. Утыкум къозэрыхь фитIнэр зыфIэфIхэр, муслъымэнхэр зэкъуаудмэ, гуп-гуп иращIыкIмэ нэхъ къэзыщтэхэр, дызэкъуэтыныр, зыуэ дыщытыныр зыфIэмыфIхэр. Апхуэдэхэм лъэпкъ псор бэлыхь ха-дзэ, жэмыхьэтыр гуитI- щхьитI ящI, зэкъуэшхэр зыр адрейм хукIэщIэплъу къагъанэ.
  • Псалъэмакъым и къежьапIэр мазэм и къэунэхукIэращ. А Iуэхум ехьэлIауэ щIэныгъэлIхэм я бгъэдыхьэкIэр щызэтемыхуэ къохъу. Хэти зы махуэкIэ нэхъ пасэу, хэти нэхъ кIасэу мазэр къэунэхуауэ жеIэри, Рэмэданыр къыщихьэмкIэ цIыхухэм я гум гурыщхъуэ иралъхьэ. Абы щыгъуэми зы щIыналъэм и кIуэцIкIэ зы унафэ илъын зэрыхуеймкIэ псори зэтохуэ.
  • Иджыпсту телефонкIэ псэлъэфым е интернетым ихьэфым хьэрып щIыналъэхэр нэщI мазэм зэрихьэну е зэрикIыжыну щIыкIэр зэрегъащIэ. Абы иужькIэ «уэхьэхьей, сэ зыгуэр къэсщIащи, ар фэри къэвмыщIэмэ сэри сыунэхъуащ, фэри фыунэхъуащ», жеIэри гужьеяуэ цIыхум ар яхехьэ. НэгъуэщI щIыпIэхэм хъыбар къизыххэм, абыхэм я щIэныгъэлIхэм ящыщ зым зыхуагъазэрэ: «Ди щIыналъэм ис еджахэм зэрытраухуамкIэ, нобэ нэщIым щIедзэ, ауэ фэ щыщIэв-дзэр пщэдейщи, сыт тщIэнур?», — еупщIатэмэ, «Фи деж зэрыщаубзыхуам фытет» къыжраIэнут.
  • Алыхьым и нэфIыр зыщыхуа Бегъымбар лъапIэми дыкъызыхуриджэр аращ: «ФыщынэщIынур цIыхухэр щынэщIым дежщ, нэщI фыщикIыжынури цIыхухэр нэщI щикIыжкIэщ» (Тирмизий). Iэбул-Хьэсэн Iэс-Синдий щIэныгъэлIым а псалъэхэм ехьэлIауэ етх: «Абы нахуэу къикIращи, цIыху зырызхэм а Iуэхум я щхьэзыфIэфIыныгъэ щIыхалъхьэн щыIэкъым, жэмыхьэтми яхэкI хъуну-къым. Унафэр зыIэщIэлъыр Iимамыращ, жэмыхьэт псоращи, адрей цIыху щхьэхуэхэр Iимамым, жэмыхьэтым едэIуэн хуейщ. Абы ипкъ иткIэ, зыгуэрым мазэщIэр къилъагъурэ, Iимамым ар къабыл имыщIамэ, езым и закъуэ унафэ къимыщтэжу, жэмыхьэтым жиIэм тетын хуейщ».
  • Уеблэмэ узыхэс муслъымэнхэр нэщIым теухуауэ щыуэрэ япэ ищхэмэ е иужь къинэхэмэ, абы щхьэкIэ къэмынэу узыхэт жэмыхьэтым, ущыпсэу щIыналъэм къыщекIуэкI хабзэм утетыну дин щIэныгъэлIхэм къагъэув. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, апхуэдэ щыуагъэм мыхъумыщIагъэ гуэр хэлъми, муслъымэнхэр зэкъуэудыным хэлъ мыхъумыщIэр куэдкIэ нэхъыбэщи.
  • Ар фIыуэ къызыгурыIуэу щыта Бегъымбарым и телъхьэхэр (щэхьэбхэр) абы хуабжьу хуэсакъыу щытащ. Уеблэмэ, андез зыкъутэ гуэрхэм теухуауэ жаIэр зэтемыхуэ пэтрэ, итIани, зэдэувурэ нэмэз зэдащIырт.
  • КъурIэн лъапIэм къыщокIуэ: «Абыхэм (мунафикъхэм) хъыбар къаIэрыхьэмэ, ар гуауэми гуфIэгъуэми, занщIэу ягъэву. Хъыбарым и гъэIуныр лIыкIуэмрэ унафэщIхэмрэ IэщIалъхьатэмэ, нэхъ тыншу къащIэнт хъыбар ягъэIуам и пэжыпIэр» (НисаI, 83).
  • Шэч хэлъкъым, цIыхухэр щыуэфынущ. Къуаншэу къыщIэкIыфынущ Iимам щхьэхуэхэри, жэмыхьэтхэри. Ауэ ахэр зыри ищIыскъым муслъымэнхэм я зэкъуэтыныгъэм елъытауэ. Алыхьталэм къыпхуигъэгъуфынущ нэщI мазэм нэхъ кIасэу щIэбдзэми нэхъ пасэу уикIыжми, ауэ ар фIэгъэнапIэ пщIыуэ муслъымэнхэм я зэхуаку зэтемыхуэныгъэрэ зэгурымыIуэныгъэрэ къыдэбгъахъуэмэ, жыхьэнмэм кIуэ гъуэгум утохьэ. Щыуагъэ гуэр жэмыхьэтым илэжьамэ, абыкIэ жэ- уап зыхьыр Iимамырщ, адрейхэм гуэныхь къатехуэркъым. Аращи, зэгъусэу нэщIым дивгъэхьэ икIи дивгъэкIыж. Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэращ захуэри, псапэ зыпылъри. Зэи зыщыдвмыгъэгъупщэ: зы унафэм зэрыщIэтырщ ислъамыр зыгъэлъэщыр, ипэкIэ зыгъэкIуатэр.
  •  
  • Мазэ миным пэкIуэ псапэ
  • Насыпышхуэ къеуэлIащ, фIыгъуэшхуи къехъулIащ Рэмэдан мазэ лъапIэм къриубыдэу екIуу пщэдджыжь нэмэзым къыщыщIэдзауэ ахъшэм уахътыр къихьэху нэщI зыIыгъам, нэмэз зыщIам, псапэ къызэрахь Iэмалхэм егугъуам. А псори цIыхум къезыгъэхъулIэжыр Алыхьталэ Закъуэращи, абы фIыщIэ хуэщIын хуейщ. Длэжьар къабылу тIихыну, тхузэфIэмыкIамрэ щыуагъэу тIэщIэкIамрэ къытхуигъэгъуну делъэIупхъэщ Тхьэшхуэм.
  •  
  •  Рэмэданыр иухыным куэд къэнэжакъым — зы тхьэмахуэ иримыкъущ. Нобэ хуэдэ махуэхэм муслъымэныр мэгуфIэ, ауэ абы дэрэжэгъуэ къезытыр нэщIыр зэрикIыракъым, атIэ мазэ лъапIэр къызэринэщIыфращ, ар икIэм зэрынигъэсыфращ, узыншагъэкIэ Алыхьыр къызэрыхуэупсаращ.
  • ЩIэныгъэлIхэм жаIэ: цIыхум лэжьыгъэфI зэфIигъэкIар къабыл хъуарэ мыхъуарэ къызэрищIэфыну Iэмалхэм ящыщщ: япэм зэрыщытам нэхърэ нэхъыфI хъуныр, псапэ нэхъыбэжу къэсхьащэрэт, жиIэу а гупсысэм зэрихуэныр. Уегупсысмэ, абы щэхуу хэлъыр блэжьар Алыхьым пIихамэ — уэ Къытщхьэщытым и нэфIыр къыпщыхуауэ аращ. Апхуэдэ цIыхухэм ехьэлIауэ хьэдис лъапIэхэм къыщокIуэ Алыхьталэм жиIэу: «Ар фIыуэ слъэгъуа нэужь — зэрызэхих сыхуохъу, зэрыплъи сыхуохъу, зэрыIэби сыхуохъу, зэрызекIуи сыхуохъу…» (Бухъарий). Алыхьыр фIыуэ плъэгъуамэ, Езыми укъилъэгъуамэ, уи гур къилъэтыным хуэдэу дэрэжэгъуэ уиIэу, Абы и цIэр уи бзэгупэм темыкIыу, и арэзыныгъэр къызэрыблэжьыным зэшыгъуэ умыщIэу утелажьэ уохъу!
  • ГъащIэ къратам и купщIэ дыдэр къызыгурыIуа муслъымэным ещIэ Рэмэдан мазэр гъащIэм и зы пычыгъуэ закъуэ нэхъыбэ зэрымыхъур икIи нэщIыр иухамэ, лъэмыжым икIауи къыщыхъуж зэрымыхъунур. Аль-Хьэсэн аль-Бэщрий щIэныгъэлIышхуэм жиIащ: «Муслъымэным и лэжьыгъэм ухыпIэу Алыхьталэм хуищIар лIэныгъэ закъуэращ». Аращи, нэщIым къыхэпха гъэсэныгъэмкIэ къыкIэлъыкIуэ илъэсыр епхьэкIыну, абы къыпхилъхьа къарумкIэ гъуэгур хэбгъэщIыну аращ.
  • НэщI ущисым зыми укъимылъагъуу ушхэфын пэтрэ ушхакъым. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, псори зылъагъу Къытщхьэщытым укъызэрищIэр пщIэрти. НтIэ, апхуэдэу щрет уи гъащIэ псори: гуэныхь къэпхьыну мурад щыпщIам деж зыми укъимылъагъуми Алыхьым укъызэрищIэр зыщумыгъэгъупщэ.
  • Уи псэр пытыхукIэ, убауэу дунейм утетыхукIэ ДыкъэзыгъэщIам и къалэнхэр пщхьэщыкIыркъым. Алыхьыр сыт щыгъуи къыпхуэсакъыу, укъихъумэу къызэрыпщхьэщытым хуэдэу, уэри Абы фIыщIэ хуэпщIу мы дунейм утетын хуейщ.
  •  ЦIыхум и Iэпкълъэпкъыр махуэ къэс шхыныгъуэ зэрыхуэныкъуэм хуэдэу, и псэри абы хуэныкъуэщ. Псэм шхыныгъуэ хуэхъур Алыхьым и динращ.
  •  НэщIыр зэфIэкIа иужькIэ мэжджытым кIуэныр зыщыгъупщэр, сэдэкъэ тыныр щызыгъэтыжыр, КъурIэн еджэныр пызычыжыр — насыпыншэщ. Абы къыгурыIуакъым нэщIым и купщIэри, гъащIэ къратам и мыхьэнэри.
  • Зыщыгъэгъупщэн хуейкъым Рэмэдан мазэр икIами, нэщI Iыгъыныр зэрызэфIэмыкIар. Иджыри Шэууалым и махуихыр щыIэщ, ар къэзынэщIми илъэспсо нэщIам хуэдэу псапэ хуатхыу. Абы къищынэмыщIауи, зэмылIэужьыгъуэу псапэ нэщI куэд къигъэщIащ.
  • ГъащIэм куэд къыщохъу икIи щхьэусыгъуэншэу зы нэщI махуэ блэзыгъэкIахэм шэрихьэт хабзэмкIэ я къалэнщ:
  1. ПщылIхэм ящыщ зы иутIыпщыжыну, апхуэдэ имыIэмэ, нэгъуэщIым и деж къыщищэхужу щхьэхуит ищIыжыну.
  2. НэщI мазэм къриубыдэу факъырэ 60 игъэшхэну.
  3. НэщI мазэмрэ хьидымрэ иуха иужькIэ мазитIкIэ нэщIыжыну.
  • Мыбыхэм языхэз нэхъ мыхъуми умыгъэзэщIамэ, нэщI махуэ блэбгъэкIар упшыныжакъым. ИкIи «нобэ сыхэшхэнщи, иужькIэ сыпшыныжынщ», жыпIэу пкъутэ хъунукъым — ар къыпхуэгъунукъым.
  • Нобэ, Алыхьым и шыкуркIэ, пщылI щыIэжкъым, «сыфакъырэщ» жаIэуи куэд урихьэлIэнукъым (абы емыкIушхуэ пылъу къалъытэри, ябзыщIмэ нэхъ къащтэ). Къэнэжыр ещанэращ — мазитIкIэ нэщIыжынырщ. Ари пхуэмыхьын Iуэхугъуэкъым, дунейм муслъымэн куэд зэрытетыр къэплъытэмэ, Алыхьыр фIыщэу зэрилъагъум къыхэкIыу зэрынэщIын хуейм мазищ щIрагъэгъуу.
  • Фигу къэдгъэкIыжынщи, щхьэусыгъуэншэу и нэщIыр блигъэкIауэ къелъытэ цIыхум къемыузIауэ е гъуэгу темыту, ауэ сытми «нобэ сыхэшхэнщи, зызгъэпсэхунщ» жиIэу зыщысхьыжамэ е нэщIыр зыхуимыгъэшэчыфамэ, хьэмэрэ махуэм лIыгъуэ-фызыгъуэ зэрихьамэ.
  • Муслъымэн диныр хьэкъыу зи фIэщ хъум апхуэдэ щхьэусыгъуэхэр ищIынукъым. Абы зыщигъэгъупщэнукъым Алыхьталэм и лIыкIуэм жиIар: «НэщI мазэр, ищIэн псори зэрыщытын хуейм хуэдэу тэмэму езыхьэкI дэтхэнэ зыми, мазэ 1000-м пэкIуэн псапэ Алыхьым хуищIынущ». Мухьэмэд бегъымбарым и нэгъуэщI зы хьэдиси щыIэщ: «Къемэт махуэм Алыхьталэм и мелыIычхэм яжриIэнущ: «Дунейм щынэщIахэр нобэ я кхъащхьэхэм псы хуэлIэу, мэжалIэу къотэджыкIыж. Абыхэм жэнэтым къифхи шхын, псы нэхъ гурыхь дыдэхэр къахуэфхь!».
  • НэщI мазэм муслъымэнхэм я гупсысэхэр нэхъыбэу зэхьэлIауэ щытын хуейр Алыхьталэращ. Абыхэм ар ягъэлъапIэ, и гуэныхьыр къыхуигъэгъуну йолъэIу. Къеджэфхэм Рэмэдан мазэм къриубыдэу КъурIэныр зэрыщыту ядж. НэщIым и иужьрей махуэхэр мэжджытым щагъакIуэ.
  • Рэмэдан мазэм и 27-нэ жэщращ къэдэр жэщыр (лейлатуль кадр) икIи ар псом нэхърэ нэхъ лъапIэщ. Мы гъэм ар хуозэ мэлыжьыхьым и 27-мрэ 28-мрэ щызэблэкIым. А жэщым Мухьэммэд бегъымбарым КъурIэным и япэ Iэятхэр къыIэрыхьащ, Алыхьым къыбгъэдэкIри. «Лъэщыгъэм и жэщыр мазэ минхэм нэхърэ нэхъ лъапIэщ! Алыхьым и фIыгъэкIэ мелыIычхэмрэ ДжэбрэIилрэ дунейм къытохьэ, унафэ ящIыну» (97-нэ сурэ). Къэдэр жэщым дэтхэнэ зы цIыхуми адэкIэ къигъэщIэнум теухуауэ, абы нэмэз ищIа иужькIэ зыщIэлъэIуахэмрэ дыуэхэмрэ елъытауэ, Алыхьталэм унафэ хуещI. А жэщым умыжейуэ Тхьэ уелъэIумэ, нэмэз пщIымэ, КъурIэн уеджэмэ нэхъыфIщ.
  • Хьид махуэшхуэр лъапIэщ, нэщIыр езыхьэкIа дэтхэнэ зы муслъымэным дежкIи. ЗышыIэныгъэмрэ зыгъэмэжэлIэныгъэмрэ еухри, сытым дежи ущышхэ, псы ущефэ хъуну зэманыр къос. Абы щыгъуэми муслъымэнхэм зыщагъэгъупщэн хуейкъым Iэмал зимыIэ нэгъуэщI зы Iуэхугъуи — бытыр сэдэкъэр. Ар зыхузэфIэкI дэтхэнэ зы унагъуэми къулейсызхэм тыгъэ щахуищIыпхъэ пIалъэращ икIи нэщIым и иужьрей махуэхэм хьидым ипэ къихуэу ят. Бытырыр къабгъэдэкIыну я къалэнщ унагъуэм щIэс дэтхэнэми, я ныбжьым емылъытауэ.
  • Пасэрей зэманым бытыру цIыху къэс итыну гуэдз килограмм щырыщ хуэдиз хъун къалъысу щытащ. Абы и фIыгъэкIэ къулейсызхэм илъэс псом зыхурикъун шхын хузэхуахьэсырт. КIуэ пэтми ар ахъшэкIэ зэра- хъуэкIыжу щIадзащ икIи абы и куэдагъыр зытращIыхьыр гуэдзым бэзэрым щиуасэращ. Мы гъэми бытырыр цIыху къэс хуэзэу тумэнипщI мэхъу. Зи узыншагъэм къимытIасэу мынэщIыфахэм, иужькIэ ар япшыныжыфыну я къарум къимыгъэгугъэмэ, Рэмэдан мазэм и махуэ къэс хуэзэу тумэн пщIырыпщI щхьэщатыкIынущ. Ахъшэ нэхъыбэ птыхукIэ, дауи, нэхъ псапэжщ. Мухьэммэд бегъымбарым жиIащ: «НэщIыр щIылъэмрэ уафэмрэ я зэхуакум дэлъщ, Алыхьым и пщылIым бытырыр итыху». А псалъэхэм яужькIэ бытыр сэдэкъэр фарзу (Iэмал имыIэу гъэзэщIэн хуейуэ) къэлъытапхъэщ.
  • Хьидым и япэ пщэдджыжьым муслъымэнхэр, пщэдджыжьышхэм и пэ къихуэу, мэжджытым макIуэри, Iимамым и гъусэу нэмэз лъапIэ ящI, нэщIым теухуа уаз йодаIуэ.
  • Унагъуэ къэс шхыныгъуэ IэфIхэр, гурыхьхэр щапщэфI, нэхъыщIэхэр кIуэурэ нэхъыжьхэм йохъуэхъу, я нэщIыр къабыл хъуну, узыншагъэ яIэну. НэщIикIыж хьидыр махуищкIэ йокIуэкI.
  •  Рэмэдан мазэ лъапIэм и фIыгъуэр Тхьэм къытлъигъэс! Ди хъер зыхэлъым ди Iэр теIэбэу, Iиман дбгъэдэлъу икIи дыузыншэу етIанэгъэ пIалъэ Алыхьым дынигъэс!
  •  
  • И сэбэпынагъыр журтхэми зэхагъэкI
  • Израилым и щIэныгъэлIхэм иджыблагъэ ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм къарикIуахэм куэд зригъэплъыжащ — абыхэм наIуэ ящIащ муслъымэнхэм яIыгъ нэщIым цIыхум сэбэпынагъ ин къызэрыхуишэр.
  •  
  • НэщIыр муслъымэнхэм я фарзиблым языхэзщ. Абы къыпэкIуэ псапэм къищынэмыщIауэ, цIыхум и узыншагъэми сэбэп хуохъу. Ар иджыри хьэкъ ящIащ Иерусалим дэт Журт университетым и щIэныгъэлIхэм ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэм.
  • Рэмэдан мазэ лъапIэм къриубыдэу пщэдджыжь нэмэзым къыщыщIэдзауэ ахъшэм уахътыр къэсыхукIэ муслъымэнхэм я джийм ерыскъыи псыи зэремыхым, пшапэр зэхэуа иужькIэ ирикъуу зэрышхэжым цIыхухэм къахуихьыр зэхагъэкIыну журтхэм къалэн зыщащIыжащ. ЩIэныгъэ къэхутэныгъэхэр ирагъэкIуэкIын папщIэ езыхэм яфIэфIу зыкIэлъагъэплъыну цIыху 78-рэ къыхахащ. Языныкъуэхэр махуэм и кIыхьагъкIэ щыхуейм и деж шхэрт, адрейхэм апхуэдэу щащIэр нэщIым къызэригъэувым хуэдэу пщэдджыжь нэмэзымрэ пшапэр зэхэуа иужькIэрэт.
  • МазихкIэ екIуэкIа къэхутэныгъэм кърикIуахэр хьэлэмэтыщэт. КъызэрыщIэкIамкIэ, нэщIахэм я узыншагъэр хэпщIыкIыу ефIэ- кIуащ, ахэр мэжэлIэным тыншу пэщIэтыф хъуащ, лейуэ ятель щэм щыщу куэд ткIуащ, кIэтIийхэр игъэкъэбзащ, нэгъуэщI узыфэ куэди лъэныкъуэ езащ. Псом хуэмыдэу нэщIыр сэбэп яхуэхъуу къалъытащ зэрыпшэрым къыхэкIыу гу-лъынтхуэ, фошыгъу узыфэхэр зиIэ- хэм.
  • — АдэкIэ делэжьынущ а сэбэпынагъ псори къызыхэкIыр къызэ- рыхъу щIыкIэр убзыхуным, — жеIэ Израилым ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыщхьэ Мадар Захарие.
  • Рэмэдан мазэ лъапIэм псапэшхуэ зэрыпылъым къищынэмыщIауэ, ар узыншагъэмкIи зэрысэбэпыр дэтхэнэ зы муслъымэнми ещIэ. Армырамэ, ар Алыхьталэм фарз къытщищIынтэкъым. Муслъымэнхэм яIыгъ нэщIым и фIагъыр журт щIэныгъэлIхэм иджы адрейхэми хьэкъ щащIащ.
  •  
  • Франджы  псапащIэ гупым
  • «КъурIэным дэщIыгъуу» телесериалыр Франджым къыщыгъэлъэгъуэн щIа-дзащ.
  •  
  • «Дарифтон оф Компани» франджы псапащIэ гупым нэщIым и япэ махуэхэм щегъэжьауэ къэралым къыщызэригъэпэщащ «КъурIэным дэщIыгъуу» серие куэд хъу фильмым и къэгъэлъэгъуэныгъэр. Мы къэралым и муслъымэнхэм япэ дыдэу Iэмал ягъуэтащ зэрахьэ диным и купщIэр, абы и мыхьэнэр франджыбзэкIэ утыку кърахьэну.
  • «КъурIэным дэщIыгъуу» фильмыр серие 30 мэхъу икIи нэщIым и кIыхьагъкIэ пщыхьэщхьэ къэс ягъэлъагъуэ. Тхыгъэ лъапIэм топсэлъыхь дунейм и щIыпIэ куэдым щыщу абы фIы дыдэу хэзыщIыкIхэр.
  • «КъурIэныр гукIэ зэрагъэщIэну муслъымэн куэд щIохъуэпс. Ар хуабжьу лэжьыгъэ гугъущ икIи зэбгъэхъулIэн папщIэ фIэщхъуныгъэ лъагэ, зышыIэныгъэ ин, лIыгъэ къызэрымыкIуэ, ерыщагъышхуэ пхэлъын хуейщ, — жаIэ фильмыр къызэ- зыгъэпэщахэм. — Абы щхьэкIэ къэмынэу КъурIэным и зы напэкIуэцI нэхъ мыхъуми махуэ къэс гукIэ зэрагъэщIэну дунейм щыпсэу цIыху мелуанхэр хущIокъу».
  •  
  • Унагъуэр яхъумэн папщIэ
  • Рэмэдан мазэ лъапIэм къриубыдэу Палестинэм и шэрихьэт судхэм зэщхьэгъусэхэр зэрызэбгъэдэкIыжамкIэ щыхьэт тхылъхэр ятыркъым.
  •  
  • НэщI мазэм и пэ къихуэу Палестинэ къэралыгъуэм и шэрихьэт судхэм я Iэтащхьэ Идеис Юзеф апхуэдэ унафэ къищтащ. Адрей илъэсхэми абы тетынущ.
  • Унафэр къащтэным щхьэусыгъуэ хуэ-хъуащ нэгъабэ и Рэмэдан мазэм зэбгъэдэкIыжа зэщхьэгъусэхэм я бжыгъэм хэпщIыкIыу зэрыхэхъуам. Пщэдджыжь нэмэзым къыщыщIэдзауэ ахъшэм уахътыр къихьэхукIэ псы зэремыфэм, зэрымышхэм, диным къигъэув нэгъуэщI къалэн ткIийхэр зэрагъэзащIэм языныкъуэхэр тэмакъкIэщI щищI щыIэщ икIи унагъуэхэр щызэтекъутэ къохъу. Абы щыгъуэми унагъуэр ислъамым нэхъ игъэлъапIэ дыдэхэм ящыщщ. Ар хъума хъун папщIэщ цIыхухэр нэщI мазэм зэбгъэдэкIыжыну хуимыту Палестинэм унафэ къыщIищтар.