Лъэпкъым куэд хуэзылэжьа
2022-04-26
- КъБР-м и Лъэпкъ музейм илъэс куэдкIэ щылэжьа тхыдэдж цIэрыIуэ Ехъутэныдж Хьэсэн Хьэбас и къуэр дунейм зэрехыжар абы и гуащIэм щыгъуазэхэм, ар зыцIыхуу щытахэм гущIыхьэ ящыхъуащ. Ди республикэм и мызакъуэу, гъунэгъу щIыналъэхэми къикIащ хъыбар гуауэр щхьэжагъуэ зыщыхъуахэм къабгъэдэкI тхыгъэхэр.
- — Ди жагъуащэ хъуащ икIи фIэщщIыгъуейщ Хьэсэн дызэрибгынар, — итщ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм къикI щыгъуэ тхыгъэм. – Абы и гъащIэ псор теухуат къызыхуигъэщIа Iуэхум хуэлэжьэным. Кавказым щыпсэухэм я щэнхабзэ фэеплърэ артефакту музейхэм щахъумэхэр иджкIэрэ, лъэпкъхэм я тхыдэ гъуэгуанэр зэфIэгъэувэжыным Хьэсэн и гъащIэ псор тыхь хуищIащ. ЛэжьакIуэшхуэу зэрыщытымрэ и мурадым ерыщу зэрыхуэкIуэмкIэ адрейхэм къахэщырт Ехъутэныджыр. Абы и «Экспонаты повествуют», «Северокавказские тамги», «Адыгские тамги» тхылъ цIэрыIуэхэр кавказоведенэм и тхыдэм, Кавказ лъэпкъыбэм и щэнхабзэ дыщэ гъэтIылъыгъэм къагуэпх мыхъун я IыхьэфIщ.
- Тхыгъэр къабгъэдокI щIэныгъэрылажьэ гупым – Къэрэшей-Шэрджэсым гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и лэжьакIуэхэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидатхэу Брат Хьэсинрэ Иуан Зэуалрэ, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Уэзы ФатIимэ, АР-мрэ КъШР-мрэ щIыхь зиIэ я журналист ЩакIуэ Мусэлий, Къэрэшей-Шэрджэсым и Тхыдэ-щэнхабзэ, щIыуэпс къэрал музей-заповедник Байчоровэм и цIэр зезыхьэм и унафэщIым и къуэдзэ Зэубыд Иринэ, КъШР-м щIыхь зиIэ и журналист, «Черкес хэку» республикэ газетым и редактор нэхъыщхьэ Абидокъуэ Люсанэ сымэ.
- Ехъутэныдж Хьэсэн дунейм зэрехыжар тхыдэ щIэныгъэм, Кавказ Ищхъэрэм и щэнхабзэм игъуэта хэщIыныгъэшхуэщ. Абы и Iыхьлыхэмрэ благъэхэмрэ хуэгузавэу ищхьэкIэ зи цIэ къитIуахэм яхоувэ КъБР-м и ЩIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым, Лъэпкъ музейм, «Адыгэ псалъэ» газетым я лэжьакIуэхэр. Адыгэу дэнэ щIыпIэ щыпсэуми гуапэу я гум илъынущ зи щIэныгъи зи къаруи емыблэжу лъэпкъым хуэлэжьа цIыху гуащIафIэр. Ахърэт нэху Тхьэм кърит!