Псалъэм псэ хэлъмэ…
2022-02-26
- Зи дунейр Iыхьэр зыхъуэжа цIыхуфIыр уигу къыщыкIыжым деж зы нэхугъэ гуэрым узэщIещтэ. ГъащIэм щыщ Iыхьэу абы дэбгъэкIуам и закъуэкъым гум къыдридзеижыр, атIэ щIыкIэ-щытыкIэу иIахэр нэгум къыщIоувэж, и псалъэхэр щIэрыщIэу зэпыбогъэувэж, IуэхущIафэу къызэринэкIахэм уроплъэж. Пэжщ, блэкIам сыт хуэдизрэ укIэлъыIэбэми, улъэIэсыркъым, ауэ абы къыхэна цIыхум и фэеплъыр, егъэлея хэмылъу, куэдкIэ цIыхум и гуащIэм и къигъэхъуапIэ мэхъу, я зэхуаку дэлъ нэрымылъагъу къуэпсхэр игъэгъужыркъым, и Iущыгъэмрэ и щапхъэмрэ щыIэныгъэм и гъуэмылэу къыхущIокI. Тхьэм и къэгъэщIыгъэу зэрыщыт къудейм фIэкIа хэмылъми, цIыхур лъапIэныгъэщ. ИтIанэми, и гуащIэрэ и зэфIэкIрэ йоплъри, псэу щIыкIэ Iэужьу ялъагъу, дунейм ехыжмэ, и хьэдащхьэ лъэужь халъагъуэ. IэужьыфIэт икIи лъэужьыфIэт къызэралъхурэ илъэс 85-рэ ирикъуа адыгэ бзэщIэныгъэлэжь гуащIафIэ Темыр Рае.
- «Адыгэбзэ щIэныгъэм и Iэнэ лъакъуищыр щIэзыIыгъэ бзылъхугъищым — КIэрашэ Зейнэб, КIуащ Тамарэ, Темыр Рае сымэ — яхузэфIэкIам ущеплъкIэ, цIыхубзыр гуащIэмащIэщ жыпIэныр зэрыщыуагъэр къэгъэнауэ, лIым лъэкIынур зыхуэдизыр къыщIупщытэжын щхьэусыгъуэ къэплъыхъуэу ухуожьэ. Псышхуэу ежэхыр арауэ пIэрэ зи гуащIэ иныр хьэмэрэ ар зэхэлъэдэжурэ къэзыгъэщI псыпэхэр арауэ пIэрэ къарууфIэр? БзэщIэныгъэм и псыш-хуэр уэру езыхьэх псыпэхэм ящыщу къэлъытэн хуейщ Зейнэб, Тамарэ, Рае сымэ я Iуэхуфэхэр. Нобэ щIэныгъэм сыт къыщыптIэщIми, абы ещхь къахутауэ щыIэмэ жыпIэу Iэмалыншэу узэплъэкIыжынущ, узыхэплъэжынухэми ящыщщ я къэхутэныгъэ хьэлэмэтхэр. Сыт хуэдэ лэжьыгъэми хэлъ пэжагъым хуэдизщ и фIагъыу щIэныгъэм екIынури, ди шыпхъухэм ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэшхуэр къабыл пщIы хъунущ. Уеблэмэ тегъэщIапIи щIын хуейщ — игъэдэхэнур уи лэжьыгъэращ», — жиIэгъат зэгуэр Нало Заур, Хьэжрэтым IуэрыIуатэщыпэ дызэрыщыIар, Темыр Рае и фIагъышхуэ къызэрыдэкIар щыжесIэжым.
- Нало Заур уасэшхуэ хуищIу зытепсэлъыхьа Темыр Рае и цIыхугъэр си щхьэкIи мызэ-мытIэу зыхэсщIащ икIи згъэунэхуащ. КъардэнгъущI Зырамыку и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ фондым 2006 гъэм къызэригъэпэщри, щIэныгъэлI цIэрыIуэм 1949 гъэм адыгэщIыр къызэхикIухьу иригъэкIуэкIа IуэрыIуатэщыпэ зекIуэр щIэрыщIэу зэпичыжащ. Тхьэмадэм и фIыщIэ псалъэрэ гъуэгутехьэ хъуэхъукIэ едгъажьэри, Мэздэгурэ ТIуапсырэ я зэхуаку дэлъ гъуэгуанэр щIалэгъуалэ гупым ткIуауэ щытащ, адыгэ щыпсэу къуажэрэ жылэрэ къэдмыгъанэу дыдыхьэу. КъардэнгъущI Зырамыку игъэуэршэра, лъэпкъ тхыдэжьхэмрэ хъыбархэмрэ къызыпиха куэдым дахуэзэжыну ди насып кърихьэкIащ, абы щыгъуэм ди тхьэмадэм къигъэпсэлъэну хунэмысами, нэхъыжь жьакIуэ куэдми даIущIэну игъуэ дихуащ. Иджыпсту согупсысыжри, а зекIуэрауэ къысщохъу IуэрыIуатэжьхэр угъуеижынымкIэ гушхуэныгъэ къысхэзылъхьар, апхуэдизкIэ а IуэхумкIэ нобэми зызгъэнщIыркъыми. Абы щыгъуэ Къэрэшей-Шэрджэсым къыщытхуащIа гулъытэр къыпхуэмыIуэтэжын хуэдизщ: нэхъыжьи нэхъыщIи драIуэхуу, къытхуаIуэтэжымкIэ иримыкъуу, зэ дызэпсэлъар къытлъыгъуазэрэ етIуанэу тедгъэзэжу тхьэмахуэм нэблагъэкIэ дыщылэ- жьауэ щытащ.
- А гъуэгуанэрщ Темыр Рае къыщысцIыхуари. «ХьэщIэ щIалэ щыIэкъым, мыпхуэдиз фIыгъуэр Инжыдж псыхъуэ щызэхуэзыхьэсхэм я щхьэр зэзмыгъэцIыхуу хъунукъым», — жиIэри къытхуэкIуат. Зи цIэр зи тхыгъэхэмкIэ тцIыху бзылъхугъэ цIэрыIуэр дэр щхьэкIэ Черкесск къикIыу къызэрыкIуам тIэкIу Iэнкун сищIами, зэуэ сызэтриубыдэжащ. Нобэ хуэдэу си тхьэкIумэм итщ, иужькIи бжыгъэрэ жесIэжащ ар: «УкъызытекIухьа Iуэхум уэри сэри дрилъыхъуакIуэщ, узыщIэупщIэ хъыбарыжьхэр къэзыгъэщIахэм тIури дралъхугъэщ, укIытэ хэлъкъым, хьэкъ ттелъщ армыхъу. Сыщхьэпэнумэ, жыпIэнущ, сымыщхьэпэнуми, жысIэм уезгъэдэIуэнущ», — зэкIэлъигъэкIуат зыIэзыбжьэм Рае. ЖыIэкIэм пхъэшагъ гуэри хэлътэкъым, атIэ дамэгъу узэхуэзыщI псалъэт. Абдеж къыщежьэри, Рае сэрэ лэжьыгъэ IуэхукIэ дыщызэрихьэлIи къыхэкIыу, дыщызэпсэлъылIи къэхъуу нэIуасэ дызэхуэхъуащ.
- Сыт хуэдизрэ IуэрыIуатэщыпэ а лъэныкъуэхэм сымыкIуами, нэхъыбэм Рае гъусэ къысхуэхъугъащ. Нобэ срогушхуэ абы и фIыгъэкIэ стхыжыну сызыхунэса хьэжрэт абрэджхэм ятеухуа хъыбархэм, хьэдагъэ хуэIухуэщIэхэм щызэрахьэу щыта хабзэхэм япылъ гъэсэпэтхыдэхэм, щIыпIэцIэхэм епха IуэрыIуатэхэм. Иджыри зы гукъэкIыж къыхэслъхьэнут. Зи чэзу кIуэгъуэу IуэрыIуатэ зэхуэтхьэсыжу Хьэжрэтым дыщыIэт. Къэрэшей-Шэрджэсым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым дыщIыхьэу махуэ ныкъуэкIэ дыщылажьэу, шэджагъуэ нэужьым къуажэхэм дыкIуэну апхуэдэ мурадт диIэр. Институт щIыхьэпIэм деж дыщыту си бысымым телефонкIэ сыздепсалъэм, къуажэхэм я цIэхэр я фIэщыгъэжьхэмкIэ къисIуэурэ сыздэкIуэну сызыхуейр жысIэу сыщытт Рае абдеж ныщыIухьам. ЗыкъызигъэщIакъым, сэри гу лъыстакъым, ауэ, езым иужькIэ къызэрызжиIэжамкIэ, гъэщIэгъуэн щыхъуащ жылэцIэхэм «псэ зэраIутыр», ахэр ди адыгэбзэм хэту дызэрыпсалъэр. Институтым сыщIыхьэу архивым сыщетIысэхыхункIэ Рае зыкъызигъэщIакъым. ШэджагъуэхуегъэзэкIыу Рае архивым ныщIыхьэри, къызбгъурытIысхьащ. «Сыт хуэдэ мурад уимыIэми, тIэкIу утемыIэзэщIыхьыжу хъунукъым. Зы гупсысэ къызэптащи, абы дытелэжьэн хуейщ. Псалъэм шымылътыкъ (щхьэтепхъуэ) теслъхьэ си хабзэкъым, нышэдибэ зэкIэлъыбгъакIуэу къипIуа къуажэцIэ къомым сигу къагъэкIауэ аращ, жылэхэм сыныбдэкIуэмэ сфIэигъуэщ, щIыпIэцIэхэм нобэрей махуэр хухэдгъэх», — жиIащ. Псалъэм псэ хэлъщ, жыхуаIэрати, дызэгурыIуащ.
- Гуимыхужщ Рае и фIыгъэкIэ а ма-хуэм къэсцIыхуауэ щыта, Куэшхьэблэ щыщ Лъеиншэ Аулдинрэ Алъэсчырей щыщ Мамхэгъ Пагуэрэ. Абыхэм я жьабзэмрэ щIэжымрэ апхуэдизкIэ куути, сызылъэмыIэсын, блэзгъэкIын къызэрыхэкIынум шэч хэлътэкъым. Рае и псалъэкIэ куэд къапкърытха хъуащ абыхэм. Ауэ хьэлэмэт дыдэр Инжыдж псыхъуитIымрэ Инжыджыщхьэрэ ятеухуауэ къаIуэтэжа щIыпIэцIэхэмрэ хъыбархэмрэ я закъуэкъым, атIэ нобэ адыгэ щIагъуэ здэщымыIэж Тэджэн псыхъуэхэм, Лабэ тIуащIэм, Хуэдз Iэгъуэблагъэхэм епха щIэныгъэ кIуэдыжым и хъыбар кIапэлъапэхэми драгъэдэIуат. А лъэхъэнэрщ къыщысщIар Рае абазэхэм, беслъэней-хэм, къэбэрдей хьэжрэтхэм я лъэр зытеува щIыгухэм епха щIыпIэцIэхэр зэрызэхуихьэсыжыр, IуэрыIуатэмрэ пасэрей картэхэмрэ зэригъапщэурэ икIи зыр зым и тегъэщIапIэу зэригъэкIэсурэ щIыпIэцIэхэм я псалъалъэм зэрелэжьыр.
- Зытет дунейм хуэнэхъуеиншэу псэуа Темыр Рае и цIэр щащIэр щалъхуа щIыналъэм и закъуэкъым. Ар фIыуэ къыщацIыхурт Къэбэрдейми Адыгейми, абы и псалъэрэ и жыIэрэ нэсащ хамэщI щыпсэу адыгэхэм я дежи. БзэщIэныгъэм лъэужь дахэ къыщызыгъэна Темыр Рае 1937 гъэм мазаем и 19-м Алъэсчырей къуажэм къыщалъхуащ. Рае зи унагъуэ къихъуа Мамхэгъхэ Хьэсэнрэ ЛъапIэрэ къуажэм пщIэ къыщыхуащIу, цIыху щыпкъэхэщ къыхужаIэу дунейм тетащ. Хэку зауэшхуэм икIыхьагъкIэ хэта Мамхэгъ Хьэсэн ящыщт зи псалъэм пщIэ иIэхэм, щапхъэу къащтэхэм. Адэ-анэм я щапхъэр бынми гъуазэ яхуэхъуащ. Классибл хъу курыт еджапIэр Алъэсчырей, еянэ классыр Къэсейхьэблэ къыщиухащ Рае. Еджэныр къызэхъулIэ, къуажэм къыщрат щIэныгъэр зэмэщIэкI пщащэр Черкесск ягъакIуэри, абы дэт еджапIэ-интернатым ебгъуанэ-епщIа-нэ классхэр къыщиухыжащ. ЗэрыныбжьыщIэрэ псалъэр, псэлъэкIэ зэгъэпэщар зыфIэфI, абы пщIэ хуэзыщI Рае Шэткъалэ (Ставрополь) егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыру дэт институтым и филологие къудамэм щIэтIысхьащ. Абы щеджэурэ Рае щалъхуа къуажэм адыгэбзэмрэ урысыбзэмрэ щригъэ-джу лэжьащ. Зи IэщIагъэм фIыуэ хэгъуэза, сабийхэм яхуиIэ щытыкIэмрэ лэжьыгъэм хилъхьэ щIэщыгъуагъымкIэ къыхэща бзылъхугъэ ныбжьыщIэр Къэсейхьэблэ дэт еджапIэм куэд дэмыкIыу ирагъэблагъэри, илъэс зыбжанэкIэ абы щылэжьащ. Рае егъэджэныгъэ лэжьыгъэм хэту а лъэхъэнэм къыдэкIыу щыта «Черкес плъыжь» газетым (иджы «Черкес хэку» фIэщыгъэр зэрехьэ) и тхыгъэхэр щIэх-щIэхыурэ къытрыригъадзэрт. Рае и тхыгъэхэм къыщыIэта хъу Iуэхугъуэхэм мыхьэнэ зэраIар къегъэлъагъуэ абыхэм цIыху-хэр мымащIэу къыпэджэжу зэрыщытам. ИкIэм-икIэжым ар редакцэм ирагъэблагъэ. Газетым илъэситIкIэ фIэкIа щымылэжьауэ, абы гу къылъатэри, Къэрэшей-Шэрджэсым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым ирагъэблагъэ. Абдеж къыщежьэри, абы и гъащIэр щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэм епхауэ ихьащ.
- Темыр Рае и Iэдакъэ лэжьыгъэ блыщIым щIигъу къыщIэкIащ. Абыхэм ящыщщ «Къэрэшей-Шэрджэсым щыпсэу адыгэхэм я бзэм хэлъ щхьэхуэныгъэхэр» зыфIища монографие хьэлэмэтыр. Мы лэжьыгъэр зытещIыкIыжа кандидат диссертацэр Рае филоло- гие щIэныгъэхэмкIэ доктор, академик Шагъыр Iэмин и унафэм щIэту игъэхьэзырауэ щытащ. НэхъапэкIэ инжыдждэс адыгэхэм я бзэм теухуауэ Багъы Пётр щIэныгъэ утыкум къэхутэныгъэшхуэ кърилъхьам фIыуэ хигъэхъуат, ар къыщыгъэнауэ зригъэубгъуат икIи гулъытэ зымыгъуэта Iуэхугъуэ щхьэхуэхэми я щхьэфэ иIэ-бат Рае. Шагъыр Iэмин мызэ-мытIэу жиIэу срихьэлIащ: «Темырым и лэжьыгъэр гъэщIэгъуэн зыщIыр къихь щапхъэхэм къыхих щIэныгъэ теориер адыгэбзэм и тхыдэм епхьэлIэн зэрыплъэкIырщ. Ауэ абы къыщынэркъым: лэжьыгъэм щызэкIэлъыгъэкIуа гупсысэр зэхэщIыкIыгъуэу, IупщIу, нахуэу зэгъэпэщащ. Нахуэщ къэхутакIуэм зи щхьэфэ иIэбэ Iуэхугъуэм мызэ-мытIэу къазэрыхуигъэзэжыр, зэрыщIипщытыкIыжыр, зэрызэригъэзэхуэжыр. Щыуагъэракъым зытешыныхьыр Рае, атIэ пхэнжыгъэ утыку къызэрыримылъхьэнуращ». ЩIэныгъэлI цIэрыIуэм жи-Iа псалъэхэм Рае псэуху къэгъэшыпIи текIыпIи къахуилъыхъуакъым, атIэ иригъуэзащ.
- Гу лъытапхъэу зы Iуэху щыIэщ. Те-мыр Рае и къэхутэныгъэхэр бзэщIэныгъэ «къабзэм» и жыпхъэм йокI. Сыт хуэдэ лэжьыгъэ утыку къримылъхьэми, абы тегъэщIапIэ ещI IуэрыIуатэр, тхыдэр, археологиер, географиер. Сыт щыгъуи къитIэщIыж Iуэхугъуэр, Нало Заур и жыIауэ, уардэунэ щIегъэтIыс-хьэ. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, Темырыр илъэс зыбжанэкIэ зэлэжьа «Жанымбейхэ я лъэпкъыр», «Шапсыгъ лъэпкъ Абатэхэр: ахэр зыщыщымрэ Псыжьыщхьэ къэIэпхъуэныр къызыхэкIа щхьэусыгъуэхэмрэ», «Кавказ къурш джабэхэм ущрихьэлIэ абазэ щIыпIэцIэхэр», «Адыгэ пщы-уэркъ лъэпкъыцIэхэмрэ къуажэцIэхэмрэ», «ЛъэпкъыцIэхэм къатекIа унагъуэцIэхэр» нэгъуэщIхэри. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, лэжьыгъэхэм языхэзри щIэныгъэм и зэпылъыпIэхэм къотэджыкI, дунейр зэрыпкъыгъуэбэм хуэдэуи, Iыхьэ куэду зэхэтщ.
- Темыр Рае и гуузт адыгэхэр здимысыж лъахэхэм икIуэдыкIыж щIыпIэцIэхэр. Аращ абы и лэжьыгъэхэм Псыжьыщхьэ, Уарпыщхьэ, Тэджэн псыхъуэхэм, Лабэ тIуащIэм, Къэбэрдей ТIуащIэшхуэм, хы ФIыцIэ Iуфэм узыщрихьэлIэ цIэхэм къыщIытригъэзэжыр. Рае хьэкъыу и фIэщ хъурт пасэрей фIэщыгъэхэм я къэхутэныр лъэпкъ тхыдэр зэфIэгъэувэжыным и мызакъуэу, бзэм и зэфIэувэкIэ хъуари кърипхутэжыфыну. ЩIыпIэцIэхэр иджкIэрэ, Рае къыщIигъэщырт адыгэбзэм и пасэрей псалъэ къэхъукIэ Iэмалхэр, бзэ зэлъэпкъэгъухэм зэдай лъапсэр, ди щIыналъэм къихьа лъэпкъхэм яжь адыгэбзэм къызэрыщIихуа щIыкIэр, лъэпкъ Iэпхъуэшапхъуэр, нэгъуэщI Iуэхугъуэ куэдри. Зауэ хуэIухуэщIэхэм ятегъэпсыхьа пасэрей картэхэр и тегъэщIапIэу Темырым адыгэ лIакъуэхэр щыпсэуа щIыпIэхэр нэхъ игъэбелджылырт, нэхъ нахуэу къыщIигъэщырт. Илъэс бжыгъэ куэдкIэ елэжьащ Рае «Адыгэ щIыпIэцIэхэр» монографием. Дунейм къытемыхьами, иджыри къыздэсым зыщIыпIи къытемыхуа лэжьыгъэшхуэ къызэщIиубыдащ абы: щымыIэж къуажэхэм я фIэщыгъэм къыщегъэжьауэ абы ихуащ къуэладжэхэм, бгыхэм, Iуащхьэхэм, псынэ-хэм, псыхъуэхэм, нэгъуэщI куэдми епха фIэщыгъэхэр.
- «Беслъэней пщыгъуэ» — аращ Темырым и иужьрей лэжьыгъэшхуэми зэреджэр. Ари и кIэм нигъэсыну хунэсакъым, ауэ жыпIэ хъунущ псэуху Рае зытелэжьахэм а къэхутэныгъэр я IэтащхьэIулIэж хъуну.
- Темыр Рае тхылъитIу зэхэт, академие лъабжьэ зиIэ «Адыгэбзэ («Кабардино-черкесский язык»)» лэжьыгъэ абрагъуэр зэхэзыгъэувахэм яхэтащ. Дуней-псо мыхьэнэ зиIэ «Европэм щызекIуэ бзэхэм я атлас» щIэнгъуазэм адыгэбзэм теухуауэ ит тхыгъэр Раещ зи IэдакъэщIэкIыр. Урыс-адыгэ жылагъуэ-бэдаущ фIэщыгъэхэм я псалъалъэр зэхэзылъхьа гупым Темырыр я пашэу щытащ. Бзылъхугъэ жаныр емышыжу хэтащ щIылъэм щрагъэкIуэкI щIэнIуатэхэми, урысейпсо икIи дунейпсо мыхьэнэ зиIэ зэIущIэхэми. Дэнэ щIы-пIэ къыщымыпсэлъами, утыкур игъэдахэрт, щIэныгъэ зэныкъуэкъур къызэщIигъэушэрт, гупсысэщIэхэр къызэщигъэурт.
- Рае адыгэбзэ щIэныгъэм хуищIа хэлъхьэныгъэр инщ. Абы и лэжьыгъэшхуэр къэралым гулъытэншэ ищIакъым. Рае «Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр къыхуагъэфэщауэ щытащ.
- Апхуэдэ дыдэуи инщ Рае цIыхум къахуигъэна фэеплъри. Зи зэхэщIы-кIыр лъагэ, зи къэухьыр ин бзылъхугъэм щIэми жьыми псалъэ къахуигъуэтыфырт, дэтхэнэми задищIы-фырт, лъэданэ ина сыт хуэдэ Iуэхури зэрихыфырт. Езыр къызэрымыкIуэу цIыху зэпIэзэрытт, и нэгум кърих ну-рым узыIэпишэрт, и псэлъэкIэм удихьэхырт, узэрыбгъэдэсар уфIэмащIэ-рэ къытебгъэзэжыну ухуэпIащIэу апхуэдэу уищIырт. Дунейм зэрехыжрэ илъэс зыбжанэ дэкIыжами, и гугъур пхуэухыркъым, и псалъэр къыболъыхъуэ. Аращ — цIыхуфIым зэи зыщыбгъэнщIыркъым. Темырыр нэгъэсауэ цIыхуфIт. Нобэ къытхэмытыжми, абы и фэеплъыр щIэблэм яхъумэ, адыгэбзэр къахутэхукIи, и цIэр мыкIуэдыжу жаIэнущ. Дыхуэарэзыщ, Тхьэр арэзы къыхухъу!
- ТАБЫЩ Мурат,
- «Адыгэ псалъэ» газетым и щIэныгъэ обозреватель.