Хьэрычэт Iуэхум зрагъэужь
2022-02-26
- Урысей Федерацэм экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Илюшниковэ Татьянэ видеозэпыщIэныгъэ IэмалхэмкIэ иригъэкIуэкIа зэхыхьэр триухуат «Хьэрычэт мащIэмрэ курытымрэ, хьэрычэтым жэрдэм къыщызыгъэлъагъуэхэм ядэIэпыкъун» лъэпкъ проектыр щIыналъэхэм зэрыщагъэзащIэм.
- ЗэIущIэм и лэжьыгъэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Рахаев Борисрэ абы и къуэдзэ Белецкая Ольгэрэ.
- 2021 гъэм КъБР-м и Правительствэм «Хьэрычэт мащIэмрэ курытымрэ, хьэрычэтым жэрдэм къыщызыгъэлъагъуэхэм ядэIэпыкъун» лъэпкъ проектыр республикэм щыгъэзэщIэнымкIэ зэгурыIуэныгъэхэр ярищIылIауэ щытащ лэжьыгъэр зэхьэлIа министерствэхэмрэ IуэхущIапIэхэмрэ. А лъэныкъуэмкIэ гъэ блэкIам сом мелуани 144-м щIигъу ди республикэм къыщагъэсэбэпащ.
- Зэхыхьэм щытепсэлъыхьащ дызэрыт илъэсым гъатхэпэм и 9 — 12-хэм Москва щрагъэкIуэкIын хуейуэ зытраухуа, хьэрычэтым зрагъэужьынымкIэ «Си бизнес» зыфIаща ЕтIуанэ Урысейпсо форумым и къызэгъэпэщыкIэ хъунуми. Ди республикэм къыбгъэдэкIыу а зэхуэсым хэтынущ «КъБР-м хьэрычэтым зегъэужьынымкIэ и центр» щIыналъэ зэгухьэныгъэм и лIыкIуэхэр.
- КЪУМАХУЭ Аслъэн.