ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Псэухэм папщIэ ноби псэу

2022-02-26

  • Ажалыр бжэм нэхъ благъэщ —
  • Хъумэ къэс —
  •  «Си ужьыр махуэ пхухъу…» —
  • БжызоIэ, лъахэ!
  • (Гъу.Л.)
  • УсакIуэ цIэрыIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Гъубжокъуэ Лиуан къызэралъхурэ илъэс 85-рэ ирикъуащ.

  • Ар ящыщщ лъэпкъ литературэм зи хъэтIыр IупщIу къыхэщхэм, зи усыгъэм щIэупщIэ иIэхэм.
  • Винницкэ областым щыIэ литературэ саугъэтхэм я лауреат, СССР-м и ТхакIуэхэми Журналистхэми я союзхэм хэта Гъубжокъуэ Лиуан, куэд къимыгъэщIами, лъэпкъ щэнхабзэм хэлъхьэныгъэфI хуищIащ. Ар ящыщщ блэкIа лIэщIыгъуэм и 50 гъэхэм зи макъ нэхъ лъэщу къэIуа усакIуэхэм.
  • Гъубжокъуэ Лиуан Мухьэмэд и къуэр 1937 гъэм мазаем и 23-м Советскэ (иджы Шэрэдж) щIыналъэм хыхьэ Жэмтхьэлэ къуажэм къыщалъхуащ. 1954 гъэм курыт еджапIэр къиухри, КъБКъУ-м и тхыдэ-филологие факультетым и адыгэбзэ къудамэм щIэтIысхьащ. СССР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм деж щыIэ Литературэ курс нэхъыщхьэхэр 1973 гъэм къиухащ.
  • IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм Лиуан пэрытащ. Ар лэжьащ типографием и корректору, Крупскэм и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ къэрал библиотекэм и методисту, художественнэ литературэр цIыхубэм яхыхьэнымкIэ бюром и унафэщIу, «Iуащхьэмахуэ» журналым критикэмрэ драматургиемкIэ и къудамэм и редактору. Зи лэжьыгъэм хуэпэж икIи хуэIэижь Гъубжокъуэр сыт хуэдэ IэнатIэ пэрытами хущIэкъуащ и къалэныр хьэлэлу икIи дагъуэншэу зэригъэзэщIэным.
  • Гъубжокъуэ Лиуан и Iэдакъэ къыщIэкIащ тхылъ куэд. Абыхэм ящыщщ «Ди къуажэ щIалэ цIыкIухэр» (1960), «Пионерым и лIыгъэ» (1964), «Насыпгуэш» (1970), «Жэщ гупсысэхэр» (1973), «Зэманым и джэрпэджэж» (1977), «Пули и зёрна» (1977), «Къэрабэ» (1979), «Солнечная сторона» (1984), «Эхо Эльбруса» (1986), «ДыгъапIэ» (1987) тхылъхэр, нэгъуэщIхэри.
  • 2013 гъэм «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ «Псэухэм папщIэ сопсэу» тхылъыр. Абы щызэхуэхьэсыжащ Гъубжокъуэ Лиуан и гъащIэмрэ и тхыгъэхэмрэ теухуахэр, и усэхэр (адыгэбзэкIи урысыбзэкIи), усакIуэм тыгъэ къыхуащIа тхылъхэм къыхутратха тхыгъэ кIэщIхэр, ныбжьэгъухэм къыхужаIа псалъэ гуапэхэр, абыхэм я гукъэкIыжхэр, апхуэдэуи езым теухуауэ ятха усэхэмрэ балладэмрэ. Тхылъым Гъубжокъуэм къыхуагъэфэща щIыхь тхылъхэр, дипломхэр зэрыт гуэдзэн дэщIыгъущ.
  • Бзэ къулейкIэ, щIэщыгъуэкIэ гъэнщIа и IэдакъэщIэкIхэм гупсысэ куу ящIэлъщ икIи щызэхэухуэнащ хэку, анэ лъагъуныгъэхэр, лъэпкъым къыдекIуэкI хабзэмрэ тхыдэмрэ, щIыуэпсым и къулеигъэр, цIыхухэм яку дэлъ зэхущытыкIэ дахэхэр. Абыхэм ящыщ зыбжанэ зэрадзэкIащ урысыбзэкIэ, абхъазыбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, латышыбзэкIэ, монголыбзэкIэ, украиныбзэкIэ, нэгъуэщIхэмкIи. Езыми усакIуэ куэдым я тхыгъэхэр адыгэбзэм къригъэзэгъащ. Абы и литературэ-критикэ, публицистикэ тхыгъэхэр щIэх-щIэхыурэ къытехуэу щытащ республикэм къыщыдэкI газетхэмрэ журналхэмрэ.
  • Лиуан и усэхэм ящыщ куэд щIэджыкIакIуэ цIыкIухэм ятриухуащ. Ахэр школхэми еджапIэ нэхъыщхьэхэми щадж. Тхылъ еджэхэми емыджэхэми Гъубжокъуэр къаригъэцIыхуащ бэм зэIэпахыу жаIэ, гуфIэгъуэ зэхыхьэ щIагъуэ къэмынэу щызэхэпх и уэрэдхэм. УсакIуэм и Iэдакъэ къыщIэкIа «Удз дахэхэми яIэщ цIэ зырыз», «Къэрабэ» гущэкъу уэрэдхэр (макъамэхэр Гъубжокъуэ Ритэ ейщ), «Псынэм и уэрэд», «Псынэ», «Уи цIэр Мадинэ хьэмэ Маринэ?», «Бланэ щалъху мэкIуэж», «Лъагъуныгъэр къандесджэгукъым» уэрэд цIэрыIуэхэр куэдрэ ягъэзащIэ.
  • И лэжьыгъэфIхэмрэ и дуней тетыкIэ дахэмрэ къалъытэри, Лиуан тIэунейрэ къыхуагъэфэщащ «За освоение целинных и залежных земель» медалыр, ВЛКСМ-м и ЦК-м и щIыхь тхылъыр.
  • Гъубжокъуэм и тхыгъэхэм сыздеджэм сыщриплъэкIэ цIыху псэ пцIанэщ слъагъур. Ауэ щыхъукIи, ар зи щхьэ зыхъумэж тхакIуэхэм зэращымыщыр къэлъэгъугъуейкъым, атIэ щIэджыкIакIуэм и псэ хейм хуэсакъ, ар бзаджагъэ псоми щихъумэну хущIэкъу цIыху гу къабзэщ, уIэгъуафIэщ. Си закъуэкъым абы гу лъызытар, критик Iэзэ Сокъур Мусэрбий 1980 гъэхэм икухэм итхауэ щытащ: «гущIэгъумрэ гумащIагъ щабэмрэ бжьыпэр щаIыгъщ Гъубжокъуэ Лиуан и лирикэм».
  • Лиуан и тхыгъэхэмкIэ си сабиигъуэм си Iэпэр къиубыдри балигъ гъащIэм сыхишащ, гъащIэм и гъурри и цIынэри къызгуригъэIуам и закъуэкъым, сыщынэщхъеи сыщынасыпыфIи къысщIыгъуащ. Абы и IэдакъэщIэкI куэд си бзэгупэм текIкъым, икIи псом хуэмыдэу къыщеблыр ахэр зытеухуам хуэдэ щытыкIэ сыкъыщихутэрщ. Апхуэдэу цIыху къэс езым пэгъунэгъу тхакIуэ къигъуэтыныр фIыгъуэщ. Сэ схуэдэ дапщэм я фIыгъуэу къалъытэрэ Лиуан и тхыгъэхэр?!
  • Псэ хьэлэлу, еншэу псэуа а тхакIуэм къикIуа гъащIэм щилъэгъуам къыхиха Iущыгъэри езым зэригъэпэщыжа и дунейри лъэпкъым щысхьыншэу тыхь хуищIащ.
  • Гъубжокъуэ Лиуан 1988 гъэм фокIадэм и 3-м, и ныбжьыр илъэс 51-м иту, дунейм ехыжащ. Куэд щIауэ къытхэмытыж усакIуэм и IэдакъэщIэкIхэм иджыри иIэ щIэупщIэр къэплъытэмэ, жыпIэ хъунущ ар псэухэм папщIэ ноби зэрыпсэур!
  • Щомахуэ Залинэ.
  •  
  • Гъубжокъуэ Лиуан
  • Лъагъуныгъэр  къандесджэгукъым
  • Мастэкъуаншэ щIыкIэу,
  • ЗэпэтIыгъщ къандес,
  • ЗэхуэдитI итщIыкIыу,
  • Дэ дызэбгъэдэсщ.
  • Лъагъуныгъэр, си псэ,
  • Ар мыкъандесджэгу,
  • ДыкъызэрыгъапцIэу
  • Дыздумыгъэджэгу.
  • КIэнфет нэхъ IэфIыр
  • Iэнэм къытыбох,
  • «Хэмыту, хэмыту», —
  • ЖысIэу къыпIызох.
  • Уэ сыкъэбгъэпцIэну
  • Iэмал къогупсыс,
  • Сэ ди лъагъуныгъэм
  • Щэхуу согупсыс.
  • Къандесыр сфIэпхьыныр
  • СыткIэ хьэлэмэт?!
  • Си гур сфIэпхьэхуащи,
  • Ар уи анэмэтщ.
  •  
  • НэкIуэж щэбэтым къуажэм
  • ЩегъафIэ и гум хэти
  • Щалъхуауэ и къуажэжь,
  • Химых ар и псэм хэлъми
  • И адэм и пщIантIэжь.
  • НэкIуэж щэбэтым къуажэм,
  • Сэ къуажэр сигу къэкIащ,
  • СыхущIэмыхьэу жысIэу,
  • Илъэсыр изгъэкIащ.
  • Бланэ щалъху йокIуэж,
  • Бланэ щалъху йокIуэж.
  • Уэ къыппежьэнщ уи анэр —
  • Насыпыр — ар мыгуэшщ,
  • Къысхуэхъуу ади ани
  • Сэ къыспежьэнщ си къуэш.
  • Зы махуэм махуэ пытщэу
  • Ди гъащIэм аурэ хощI,
  • КIуэжыныр Iуэху тхуэмыщIу
  • Iыхьлым я жагъуэ дощI.
  • Iыхьлыхэри тлъагъунщи,
  • Зы джэгу дыкъыщыфэнщ,
  • Кхъуейжьапхъи едгъэщIынщи,
  • Махъсыми дыкъефэнщ.
  •  
  • Си лъахэ — си удз гъэгъа
  • «СяужькIэ, хуейми, удзи къремыкI…» —
  • ЖиIат, жи, цIыху Iей гуэрым
  • ЩылIэм щыгъуэ.
  • СызэрыцIыкIурэ си гум зэи имыкI
  • А псалъэ Iейхэр — ноби срощыгъуэ.
  • Ар дауэ цIыхум и жьэм къыжьэдэукI:
  • «СяужькIэ, хуейми, удзи къремыкI…»
  • Мо дыгъэ къепсу псоми
  • хуэжумартым
  • И бзийхэм щыщ абы
  • къылъымысарэ?
  • Къыпхитхъыу уэсыр
  • ажэгъуэмэр мартым
  • Дунейм къыщытехьам
  • ар хуэмызарэ?
  • Ар дауэ цIыхум и жьэм къыжьэдэукI:
  • «СяужькIэ, хуейми, удзи къремыкI…»
  • Ди пщIантIэм дэзу сэ удз дахэ згъэкIт,
  • Шыпхъуншэу схьыти,
  • Шыпхъу къалэн згъэзащIэу;
  • Гъэгъахэр гъунэгъу Iыхьэу
  • къезгуэшэкIт,
  • Сэ нэщхъыфIагъэт къайIысхри
  • гуфIапщIэу.
  • Ар дауэ цIыхум и жьэм къыжьэдэукI:
  • «СяужькIэ, хуейми, удзи къремыкI…»
  • СощIэж, сэ губгъуэм
  • Iэджэрэ сыкIуащ,
  • Си пщащэр згъэгуфIэну удз дахэхьэ.
  • Сэ куэдрэ гуфIэ нэпсхэр
  • къысфIекIуащ,
  • Сыкъеджэу усэ удз
  • къыщысIэщIалъхьэм.
  • Ар дауэ цIыхум и
  • жьэм къыжьэдэукI:
  • «СяужькIэ, хуейми,
  •  удзи къремыкI…»
  • Уэшх къошх,
  • Е цыIэрылъхьэу уэсыр къос —
  • Ди щIылъэр щремыщIэ зэи удз дахэ!
  • Ажалыр — бжэм нэхъ благъэщ —
  • Хъумэ къэс — «Си ужьыр
  • махуэ пхухъу…» —
  • БжызоIэ лъахэ.
  • ХужаIахэр
  • УсакIуэ цIэрыIуэ Гъубжокъуэ Лиуан и къалэмыпэм къыщIэкIащ гупсысэ куукIэ гъэнщIа усыгъэ купщIафIэ куэд. Ахэр хабжэ къэбэрдей поэзием и фIыпIэм.
  •  КЪЭРМОКЪУЭ Хьэмид, критик. 2007 гъэ.
  • * * *
  • Поэзие – аращ Гъубжокъуэ Лиуан псэуху жиIа уэрэдым зэреджэр. Поэзиер ар Тхьэм цIыхур гъунэгъу зэрызыхуищI Iэмалщ. Iэщэ нэщэнэхэр тепщэ щыхъу зэманхэм деж пшэхэм щIахъумэ дыгъэщ. Дунейм и фIымрэ и Iеймрэ зэхэзымыхуфхэм къапхугурымыгъэIуэн икIи пхузыхемыгъэщIэн телъыджэщ. Ауэ, Тхьэм и шыкуркIэ, щыIэщ, Лиуан хуэдэу, а дыгъэр ноби зи гум къыщезыхьэкI цIыхухэр. ИкIи щыIэнущ.
  • IУТIЫЖ Борис, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ. 2004 гъэ.
  • * * *
  • Гъубжокъуэ Лиуан и Iуэтэжхэр гуащIафIэщ, ахэр хуэузэщIащ сабийхэм гъащIэр зэхегъэщIыкIыным, ауэ щыхъукIэ, фIым хуэущииным. Псом ящхьэращи, ахэр купщIафIэщ, сабийхэм я гущIэм лъэIэсу художественнэ пэжагъ яхэлъщ, тхакIуэм и псалъэхэр еджакIуэ цIыкIухэм я гумрэ я псэмрэ дохьэ.
  • БАРУЗДИН Сергей, тхакIуэ. 1978 гъэ.
  • * * *
  • Гъубжокъуэ Лиуан и цIэр куэдрэ зэхэсха, и тхыгъэхэм седжа нэужьщ езым сыщыхуэзар. Гъубжокъуэр куэдым къацIыху усакIуэ хъуат, университетым щеджэрт. Зэгуэрым абы срохьэлIэ тхылъ цIыкIу гуэр иIыгъыу. «Дапщэщ уэ езым уи тхылъ къыщыдэкIынур?» – соупщI. «Куэд иIэжкъым сысейри къыдэкIыным», – жеIэ Лиуан. Пэжуи, куэд дэмыкIыу дунейм къытехьащ Гъубжокъуэм и япэ усэ тхылъ цIыкIур, «Шэрэдж толъкъунхэр» зыфIищар. ТхылъыфI хъуат ар, усэфI куэди итт. ЦIыху щабэхэр, Iэдэбхэр куэдрэ псэууэ жаIэ. Ауэ Лиуан гъащIэ кIыхь хъуакъым. ИтIани, ар ноби къытхэтым хуэдэщ, тщIыгъущ и усэхэр.
  • ХЬЭХ Сэфарбий, тхакIуэ. 1995 гъэ.