ЗекIуэ хъуэхъухэмрэ шы хуэIухуэщIэхэмрэ
2022-02-26
- Балъкъдэсхэр щыпэшэс хъуэхъум «зекIуэ цIыкIу хъуэхъукIэ» еджэу щытащ, шыр щыдашкIэ гъэунэхупIэ ирашэрэ и зэф1экIыр здынэсыр къахутэу зэрыщытам ирапхыу. Беслъэнейхэм я бзэмрэ щэнхабзэмрэ щыпэшэс тхьэлъэIур зэрыхэтыр «гъуэгужьэ хъуэхъу» фIэщыгъэмкIэщ, хъуэхъубзэри тхьэлъэIу хуэIухуэщIэхэри а зы псалъэм кърагъэубыду. ТIуащIэ цIыкIум, Бахъсэнрэ Шэджэмрэ я зэхуакум, Фэндыкъуэ зэгуэр щыпсэууэ къыдэкIыжахэм я бзэм зи гугъу тщIы Iуэхугъуэр зэрыхэтыр «гъуэгу цIыкIу гъуэгушхуэ хъуэхъуущ».
- Адыгэбзэм и къэгъэшыкIэхэр гъэщIэгъуэнщ. Щыпэшэсым и япэ хъуэхъум щхьэкIэ «кърахьэлIащ» жаIэ. Къызэралъытэу щытамкIэ, зи щIэблэр къызэщIэувэу цIыху хъуа бзылъхугъэ нэхъыжьым унагъуэми лъэпкъми фIыгъуэрэ хэхъуэрэ къарихьэлIащи, и псалъэми а гуащIэр хэлъщ. ЩIакхъуэми хъуэхъу тохуэ, жыхуаIэр зэрыпэжыр мыбдеж нахуэ щохъу — цIыхубзым фадэбжьи фалъи IэщIагъэувэркъым, ауэ щIым къыхэкIыкIа ерыскъыпхъэр, щэкI хужьыр къешэкIауэ, къещтэри абы тохъуэхъухь, хъерыр шымрэ шумрэ къарихьэлIа нэужь, ерыскъыр (нэхъыбэм ар мэжаджэщ) щы ирещIыкIри, зы Iыхьэр шум, адрей IыхьитIыр езым и бгъуитIымкIэ щытахэм ярет. Абы иужькIэ цIыхубзыр йокIуэтыж.
- Шыр къыдэкIрэ къуажэ хэгъуащхьэм къытехьа нэужь, ахэр гъуэгу тезыгъэхьэ нэхъыжьхэм ящыщ зы иджыри зэ мэ-хъуахъуэ:
- Уэ си щIалэ къуапцIэ,
- КъарапцIэм утесу ипэу удокI,
- Шу икIэ умыхъуу,
- Щауэхъуу ухахуэу,
- Къарэбэу къэпхуфыр Iэм дэжэу,
- Бийр къыпкIэлъыжэми къуимыкуу,
- Къозымыкуфхэр уэркъыжьу,
- Мыужьэжьыхэр уи джатэу,
- Уи джатэм и пэр маисэу,
- Хэкурыс псоми уефIэкIыу
- Тхьэм уищI!
- Уэ си щIалэ,
- Бланафэр уи пщыIэ бгъэну,
- Уи унэ бгъэныр домбеижьыфэу,
- Фадэм и пIащIэр пащIэкIэ бзыуэ,
- Бзылъхугъэу гуащэхэр уэ
- къыпхузэпещэу,
- Пщащэм и дэгъуэм уэ уращIасэу,
- Хэкурыс щауэ ухъуну
- Сэ сынохъуэхъу!
- Зи гъащIэр шым епхауэ къэгъуэгурыкIуа адыгэм и IуэрыIуатэм шыпэшэсым и хъуэхъубэ хэтащ. Хэкукъутэм щыгъуэ, лъэпкъыр зэбгрыпхъа хъуа нэужькIэ, IэщIагъэри ужьыхыу, абы пыщIа хабзэхэри яIэщIэгъупщыкIыу хуежьащ. ХамэщI къыщыхута къэбэрдей адыгэхэм я нэхъыбэр Къэбэрдеишхуэрэ ДжылахъстэнейкIэ зэджэ Узун-Яйларэ Гёксун губгъуэмрэ псэупIэ щащIауэ щытащ. Куэд щIакъым шы гъэхъуным къызэрыпыкIрэ. Нэхъыжьыгъуэр ныбжькIэ нобэ къызылъысахэм я адэжьхэр зэрыхъуахъуэу щыта адыгэбзэр зыщIэжыр мащIэкъым. А хъуэхъубзэхэм ящыщщ мыр:
- Уу, зы Тхьэуэ Тхьэшхуэ,
- Нэрдокъуэу зыщогъуэладжэ,
- Жьыгъуэр зыт,
- Дунейм я тет!
- Уардэ унэшхуэу,
- Пщышхуэ епсыхыпIэу,
- Уэхьэхьей щемызщ ар,
- Мэзыр и шхуэмылакIэщ,
- И кIым хуарэр фIегъэщ,
- Щыпэшэсым дзэшхуэр къишэу,
- Дзэуэ къишэр дыгъужьу,
- Дыгъужьыгур кIуэцIылъу,
- УкIуэцIрыплъым тIыхъуфэу,
- Уафэ джабэр дыщэкIыу,
- И щхьэр абрэмывэу,
- И нэр вагъуэшхуэ лыду,
- КъызыпылыдыкIыр и Iэщэу,
- Дзэр зыущийр и джатэу,
- И джатэпэм жыр мастэр пыщэщу,
- Куэд пыщэщым гу мин гъэубзэу,
- И бзэкъум къулкъулыкъум зыпишэу,
- И бжэнищэр къалэ щыгум щигъасэу,
- Есу пщы щауэр зыщIигъуу,
- Хъан и къуищыр щIэупщIэу,
- Хъундэджыр и пщIантIэм щепсыхыу
- Апхуэдэ щауэ Тхьэм къыдит!
- Бжьэр зи цIэкIэ жаIам бжьэ хэфынри къылъос. Адыгэ жыIэкIэу жытIэнщи, и пащIэкIэ мащIэу къыхещIэри, шудежьэ щауэ гъусэм бжьэр хуеший, ари къыхоф, итIанэ щIалэм къратыжа бжьэр хъуэхъу жызыIа тхьэмадэм IэщIегъэувэж. Абы иужькIэ щIалэр тхьэмахуэ, мазэ гъуэгу тоувэри, «къэт» жрегъэIэ. Шыр щагъэунэху лъэхъэнэщ щыпэшэс зекIуэр, е нэхъ пэжу жыпIэнумэ, щыпэшэс дэкIыр. КъекIуэлIэжрэ шырэ лIырэ зэхуэарэзыуэ къыщIэкIмэ, «шы и фэрэ лIы и фэрэ зэрыщIащ, зэрыгъэщIэхъунукъым» жаIэ.
- Щыпэшэс дэкIахэр къэтыху унэм исхэм кIэлъыгъэхуабэ жаIэри шхыныгъуэ зэхуэмыдэхэр япщэфI. Iэнэ пэрытIысхьа нэужь, мыпхуэдэ зы хъуэхъу-тхьэлъэIуи жаIэу щытащ:
- Ялыхь,
- Гъуэгужь езышэжьа мы щIалэр
- Гъуэгу махуэ тегъэувэ,
- И гъуэгупэ фIы иригъакIуэ,
- ГуфIэгъуэкIэ егъажьэ,
- ФIыгъуэкIэ къегъэкIуэлIэж,
- И жьэгу пащхьэ псынщIэу
- къыIугъэуэж!
- Щыпэшэсыр зэфIэкIрэ къекIуэлIэжа нэужь, зекIуэ кIуэну шуужьхэм джакIуэ къыхуащIыху щIалэр зекIуэ гъуэгу теувэ хъунутэкъым. Шу закъуэ къыхэкIынрэ гуп шу хъунрэ щызэхэкIыр зыгуэрхэм ящIыгъуу зэ ежьэмэщ. ДжакIуэ къыхуащIрэ щIалэр зыхагъэхьэмэ, етIуанэу унагъуэ тхьэлъэIу ящIырт. Мыбы щыгъуэ ныш яукIырт. Абы къраджэрт я дзыхь зрагъэз, унагъуэм куэд щIауэ къадэгъуэгурыкIуэ адэжь ныб- жьэгъухэр.
- ЗекIуэ ежьэну, гъуэгу теувэну щIалэм и Iэщэ-фащэр щызэралъхьэ, и гъуэмылэр щызэхалъхьэ жэщщ мы жэщыр. «Iуданэ зэрыдзэрэ данэ бэлътокурэ уи пIэщхьагъ щIэлъу нэху укъекIамэ, псэлъыхъу хъыджэбз уи мащIэкъым» щыжаIари мыпхуэдэ зы жэщщ.
- Гъуэмылэм и IуэхукIэ псалъитI-щы. Гъуэмылэ лIэужьыгъуищым я гугъу дощIыф мысыхьэткIэ: шхын гъур, гъуэмылэжь (зекIуэ гъуэмылэ), гъуэмылэ лей. Шхын гъуркIэ зэджэр щыпэшэс дэкIым хуагъэхьэзыр гъуэгуанэ шхынырщ. Абы хеубыдэ бащырбэжьей из хъун форэ хьэкъуртрэ (форыпщ иризэхащIэну), джэдыкIэрыпщыр (тхъурыжьыр), тэджыпскIэ зэIымыха тхьэвым къыхэщIыкIа хьэлыгъур, лы гъурыр, кхъуейплъыжь гъэгъуар, фэнджьей из псыр. ГъуэмылэжькIэ зэджэм зи гугъу тщIа шхыныгъуэхэри хохьэ, абы ищIыIужкIи тхъурымбеймрэ шхузымрэ хэлъщ. Псалъэм къыдэкIуэу жытIэнщи, шхузым гъэхьэзырыкIэ зыбжанэ иIэщ, зыхуащI Iуэхум теухуауэ: псынщIэ- рыщIрэ щIыгъуэ кIыхьу. ПсынщIэрыщIу ящI шхузырщ зекIуэм къыздрахьэкIыу щытари. Гъуэмылэ лей жыхуаIэр гъуэмылэжь шхыныгъуэр псори зэхэгъэгъухьарэ зэхэжыхьауэ икIи зэхэкIутэжауэ зы чысэ цIыкIу илъу уанэгущхьэнтэм иралъхьэрщ, е шыкIэпх къэпым щахъумэрщ, е Iэщхьэпщэм еуалIэ хьэзырыбгъухэм иракIутэрщ. Гъуэмылэм и гугъу адыгэ лъэпкъщIэныгъэм япэ ды-дэ щызыщIар Унэрокъуэ Раерэ Мэрзей Аслъэнбэчрэщ. Шхыныжь егуапэкIэ еджэу хъуэхъу-тебжэм хуэдэу къебжэкIхэр щыIэщ. Ахэр куэд мэхъу. Абыхэм ящыщ зы щапхъэу къэтхьынщ ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ (Зеикъуэ) щыпсэуа Табыщ (Лосэн) Мэчэхъан дигъэтхыжауэ щыта тебжэхэм языхэз:
- Уэ шхын и пIалъэ,
- Псэ и палъэ,
- Уи къэуат щIэмыкIыу,
- Уэ уи IэфI мыкIуэду,
- Зышхым щыкIуэу,
- КIуэд имыIэу,
- Куэду илъу,
- Телъмэ батэу,
- Илъмэ щатэу
- КIыхь щIы,
- Хъер щIы,
- IэфI щIы!
- Иджыри зы Iуэху. Гущэкъу уэрэдым къыщокIуэ мыпхуэдэ едзыгъуэхэр: «Уи псэ закъуэр мастэпэбдзи, Пхъуантэдэлъу пхузохъумэри». Iэщэ-фащэр щызэрагъэпэщ жэщым анэхэм, анэжьхэм уанэгущхьэнтэ тхьэмпэтелъ жыхуаIэм мастэпэбдзкIэ хэдыкI тIуащIэ тращIэу щытащ. ХэдыкIыр хъурейуи, плIимэуи, щимэуи, нэгъуэщI пкъыгъэпс щIыкIэ зэхуэмыдэуи ящIынкIэ хъунут, ауэ ар зэ-телъу, къызэдекIуэкI тIуащIэу хэщIыхьын хуейт. Мыращ шэтемыгъахуэ тхыпхъэкIэ зэджэр. Мастэпэбдзыр гъущIыкIэти, угъурлыгъэ пылъу, нэтемыгъахуэ гуащIэ иIэу къащыхъурт, абы къыхэкIыуи яхъумэрт, нэ жагъуэм пэIэщIэу.
- Уанэгущхьэнтэ тхьэмпэтелъым и мызакъуэу, тхыпхъэр бэракъми тращIыхьырт. Псалъэм щхьэкIэ, ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ щыщ Щоджэнхэ я бэракъым телъащ апхуэдэ хэдыкI. Ар щыхащIыхькIэ цIыхубзхэр унэ пхыдзам щIэтIысхьэхэрти, я Iуэху зэфIэкIыху зы псалъэ жамыIэу щыму ар ящIырт. Адыгэ пщы-уэркъхэм шэтемыгъахуэ тхыпхъэмрэ хьэфэ тхылъымрэ зэкIуэцIылъу пщэрыдзэу кърахьэкIыуи щытащ. Абыхэм я пIэ нэхъ иужькIэ шэтемыгъахуэ дыуэр иуващ.
- ТхьэлъэIумкIэ дгъэзэжынщи, абы хэлъ зы гъэщIэгъуэнагъым и гугъу тщIынщ. IэнитI зэпэщхьэхуэу зэдагъэув хабзэт: зыр — щIалэмрэ и ныбжьэгъухэмрэ я Iэнэу, адрейр — нэхъыжьхэм яйуэ. Iэнэр къызэIузых нэхъыжьым щIалэм и цIэкIэ щыпэ хъуэхъур къеIэт:
- Ялыхь!
- Дзэ пэлъытэ шууэ,
- И уэгъуэ закъуэр уэгъуищэ пIалъэу,
- И нэр зытеплъэр шабзэм
- IэщIэмыкIыу,
- Я нэхъ хукIэу ищIэм сэрэбэгъуэр хэту,
- Джатэр иIэтамэ, дзэ пакIэр
- ирилъэщIэхыу,
- Къызэхэзыхым яфIэтелъыджэу,
- ДжакIуэ зыхуащIым я щхьэжу,
- Жылэм я Iумахуэу,
- И мэIуху бжы къутэу,
- И джатэр маисэу,
- И Псатхьэр бжэ блыгу имыкIыу,
- Тхьэгъэлэджри лъахэм щыпсалъэу,
- Лъэпщ емышу Iэщэр къыхуищIу,
- Зи гъащIэм кIэ имыIэжу
- Лъабжьэшхуэ тхурехъу!
- ТАБЫЩ Мурат,
- «Адыгэ псалъэ» газетым
- и щIэныгъэ обозреватель.