Зыгъэпсэхугъуэ махуэм
2022-02-26
- ГъущI куэбжэ зиIэр…
- Зыхуейр игъуэтрэ, зэхъуапсэ щымыIэу псэуи, махуэм шхамэ, етIуанэ махуэм ишхынум егупсысу псэуи щыIэщ. ЦIыхур зэи зэхуэдэ хъунукъым. Зи ныбэ изыр щыщыкI щыIэщ, зимыIэм епагэкIыу, къелъэIуам зыхуигъэщIагъуэу, зыхуигъэину. Абы щыгъуэ ар егупсысу пIэрэ езыри зэ дэхуэхынкIэ зэрыхъунум?
- «ГъущI куэбжэ зиIэ гъущI мастэ щощIэ», — жаIэ. Мыхьэнэншэ дыдэу къыпщыхъу гуэр уимыIэнкIэ Iэмал имыIэу урихьэлIэнкIэ хъунщ. Псори зыгъуэту есар, апхуэдэ гуэркIэ лъэIуэн хуей хъумэ, мэхъуж цIыху Iэси, щаби, и щхьэр щигъэлъахъши къыхуохуэ. Щогъупщэж хьэтырыншэу зэрыщытари.
- Абы щыгъуэ «мастэ фIэкIа зимыIэр» егъэгушхуэ мо «цIыху лъэщыр» къызэрелъэIуам, хуимыщIэн щымыIэу. Сыту къаруушхуэ иIэ щэху куэд зиIэ цIыху псантхуэм! Гъунапкъэншэщ… Пагэр егъэIэсэри, Iэсэр егъэпагэ.
- Къэгъазэ зимыIэ
- Щысабийм щыщIэдзауэ и щIалэгъуэр кIуэху, къыпэплъэ гъащIэм цIыхум и гугъэр епхауэ, къэкIуэнум щыгугъыу мэпсэу. Жьы хуегъэзэкI хъуамэ, гуфIэгъуэу къыхуэнэжыр зыщ: гъащIэ къэзгъэщIам фIырэ гуапагъэу сыт хуэдиз щызлэжьа? ЩIедзэ гъащIэм егупсысын.
- МыкIасэIуэу пIэрэ? Абы щыгъуэ хуэгъэзэкIуэжыркъым щыхузэфIэкIым щыуагъэу IэщIэкIар.
- Нэхущ Хьэжпагуэ.
- Тхъурэ форэ зэхэгъэшыпсыхьауэ
- Мы шхыныгъуэ-хущхъуэгъуэр хуабжьу сэбэпышхуэ яхуохъу зи тхьэмщIыгъу, шхалъэ узхэм, зи давленэр ехуэхахэм, зи бгъэм щIыIэ хыхьахэм, Iупс бзаджэ зиIэхэм. Фом халъхьэр тхъу гъэвэжагъащIэщ. Тхъур кIэструлым иралъхьэ, хьэкум трагъэувэри ягъэткIу. ЗэIащIэурэ абы фо хакIэри, фIыуэ зэхагъэзэрыхь. Къытрахыжа нэужь, абдж е кхъуэщын шынакъым иракIэри, и щхьэр тепIауэ щIыIапIэ-кIыфIыпIэм ягъэув. ЗэмыкIуэкIыу куэдрэ щытщ. Щашхынум и деж зыхуейм хуэдиз къыщхьэщахри, ягъэхуэбэж. Мырамысэ хуабэм и кум илъу яшх е шэ гъэпщтам традзэри шхэн и пэ къихуэу ираф.
- Халъхьэхэр:
- фоуэ – грамм 1000,
- тхъу гъэвэжагъащIэу — грамм 1000.
- «Адыгэ шхыныгъуэхэр» тхылъым къитхыжащ.
- Бжьын лIэужьыгъуэхэр
- Бжьынышхуэ – Лук репчатый. Щхьэшхуэ зыщI бжьын лIэужьыгъуэщ. Нэхъыбэм илъэситIкIэ къокI. Япэ илъэсым бжьын хьэсэ цIыкIум трасэри къагъэкI, бжьыхьэм Iуахыж бжьыныщхьэ цIыкIу къикIыкIахэр. ЕтIуанэ гъэм бжьыныщхьэ цIыкIухэр гъатхэм ягъэтIысри, ахэр бжьынышхуэ мэхъу. Бжьынышхуэр, щIымахуэм щылъа нэужь, аргуэру зэ бгъэтIысыжмэ, кIыгу къыпедзэ, мэгъагъэ, жылэ ещI.
- БжьынцIыкIу – Лук репчатый. Бжьынышхуэ жылэхэр гъатхэм тепсэмэ, зи щхьэм см 1,5-рэ нэхъ зи мыинагъ бжьын цIыкIухэр къокIыкI. ГъэмахуэкIэм – бжьыхьэм ирихьэлIэу ар Iуахыж.
- ЕтIуанэ гъатхэм бжьын цIыкIухэр бгъэтIысмэ, бжьынышхуэ къокIыкI. ЩIымахуэм щылъауэ бжьынышхуэ хэплъхьэращ кIыгу къызыпидзэу жылэ зыщIыр.
- Хьэкъун Барэсбий.
- ТхьэкIумэкIыхь кIагуэ
- Бжьахъуэ пщыIэм техьэри, мыщэм зы бжьэматэ ирихьэжьащ.
- — ФокIэ сытхъэжынущ! — гуфIащ мыщэр, бжьэматэр мэзым щIихьэри, жьажьэр щхьэрихащ. Жьажьэр щыщхьэрихым, матэм бжьэр къиуащ. Бжьэр къеуэ щыхъум, жьажьэр матэм щхьэрипIэжри, мыщэм и щхьэр щIихьащ. Жыг къуагъым къыкъуэувауэ, ар бажэм илъэгъуащ. Абыи и гурыIупсыр къажэрт: «Фо хьэкIуэ сшхащэрэт!» — жери.
- Бжьэм ящышынэрти, бжьэматэм ирикуртэкъым бажэм. ТIысауэ зобэдзауэ: «Бжьэматэ жьажьэр щхьэрызыхын зы делэ згъуэтатэмэ, сытхъэжынут». Зэбэдзауэурэ, дыгъужьыр игу къэкIыжащ.
- «Дыгъужь делэр къэсшэнщи, бжьэматэм жьажьэр щхьэрезгъэхынщ», — жиIащ бажэм, дыгъужьыр къигъуэтри, бжьэматэм и гугъу хуищIащ. Дыгъужьыр гуфIащ: «ФокIэ зыстIыжынущ!» — жери.
- — НакIуэ, сыгъэлъагъу бжьэматэр.
- Бажэм дыгъужьыр бжьэматэм бгъэдишащ.
- — Мис, фор хьэлэл пхухъу! — жери бажэр IукIуэтащ. Жьажьэр щыщхьэщиудым, бжьэр къиури, дыгъужьым епщIащ, абы и щхьэр щыщIихьэм, бажэм фокIэ зигъэтхъэжащ.
- ФокIэ зигъэнщIри, бажэр ежьэжащ, тхьэкIумэкIыхьыр къыщрихьэлIэм, бжьэматэм и гугъу хуищIащ. Фо игу къихьати, тхьэкIумэкIыхьым къыдидзыхащ, ар бжьэматэм иригъэтIысылIэри, бажэр мыщэм деж жащ.
- — ЩIэхыу унэмысмэ, тхьэкIумэкIыхьым фор IэщIэухэнущ, — жриIащ мыщэм.
- Мыщэр жэрыгъэкIэ кIуэмэ — тхьэкIумэкIыхьыр фом щхьэщысщ, и пэр матэм ириIуауэ.
- — Мы назэр зэрынапэншэ! Сэ фом пэсщI зэрыщымыIэр пщIэркъэ уэ! — жери мыщэр тхьэкIумэкIыхьым ещхьэфэуащ, и кIэри пиудащ. Аращ тхьэкIумэкIыхьыр кIагуэ щIэхъуар.
- ХамэIумыхуэ
- Хадэ гуащэ. Губгъуэ-хадэхэм я тетщ. Гъатхэпэм, япэ накъыгъэхэр къыщыгъагъэкIэ, Хадэ-гуащэ Нэгъыщхьэтыхь хуащIырт. ЩIалэгъуалэр губгъуэм ихьэти удз гъэгъахэр къащыпт, зыхуэупсэрт. Мыр дунейр къэушыным, къэщIэрэщIэжыным епха хуэIухуэщIэщ.
- ХамэIумыхуэ. Унагъуэм хьэжыгъэ ирагъэхьэжамэ, мэл яукIамэ, фадэ ящIамэ, фо щIахуамэ, лэжьыгъэ кърахьэлIэжамэ, псом япэ езы унагъуэм зыIуагъэхуэн хуейт. Абы иужь ягуэшыну, ятыну, къахъуэжыну, ящэну Iыхьэр къыхагъэкIырт. Берычэтыр унагъуэм имыкIын папщIэ, мэгъу мыхьэнэ иIэу зэрахьэ хабзэт.
- Хы-гуащэ. Хым (тенджызым) и тхьэгуащэщ. Хы ФIыцIэ Iуфэм Iус адыгэхэм (шапсыгъхэм) я мифологием къызэрыхэщымкIэ, Хы-гуащэ и Iэпкълъэпкъыр и щхьэкIэ бзылъхугъэ сурэтщ, и щIагъкIэ – бдзэжьейщ. Хы-гуащэ ягъэлъапIэу гъэмахуэ къэс хы Iуфэм тхьэлъэIу, удж хъурей щащIырт, загъэпскIырт, псы зытракIэрт.
- Нэхъыжьхэм ятеухуауэ
- Нэхъыжь гъуэгу техьауэ кIэлъыджэркъым, атIэ кIэлъокIуатэри, зыхуейр жраIэ е къыщыгъупщаIамэ иратыж.
- Нэхъыжь и псалъэ тIу ящIыркъым, абы и унафэ хэпсэлъыхьыжыр- къым.
- Тутын яIурылъу, фадэмэ къажьэдихыу, я Iэр я жыпым илъу е ахэр я шхужьым ирагъэувауэ нэхъыжь пащхьэ щыпсалъэркъым.
- Нэхъыжь и гъуэгу зэпаупщIыркъым, абы и псалъэ зэпаудыркъым.
- Нэхъыжь щыту нэхъыщIэ щыскъым, абы и тIысыпIэ хэха иубыдыркъым.
- Нэхъыжь блэкIыу нэхъыщIэхэм щIыкIэншэу защIыныр, ину псэлъэныр, дыхьэшхыныр емыкIущ.
- Нэхъыжьыр бгъэлъапIэмэ, абы хуэфащэ пщIэ хуэпщIмэ, уэ жьы ухъуа иужь, апхуэдэ пщIэ бгъуэтыжынщ. Аращ «Нэхъыжьыр бгъэлъапIэмэ, уи щхьэ лъапIэ хъунщ» адыгэ псалъэжь щIыщыIэр.
- Нэхъыжь къепсамэ, хуотэджри, «Жьыщхьэ махуэ ухъу!» жраIэ.
- И адэ, и адэ къуэш е езым нэхърэ фIыуэ нэхъыжь и къуэш здэщыс Iэнэ щIалэр тIысыркъым.
- Псалъэзэблэдз
- ЕкIуэкIыу: 1. Пасэрей шабзэ лIэужьыгъуэ. 5. Анэкъилъху. 6. Пхъэм къыхэбзыкIа бжэмышх ин. 8. … и уасэу зы уэстын хьэмэрэ зы и уасэу … уэстын? 9. ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием и унафэщI. 10. Макъамэ Iэмэпсымэ. 11. ЦIыхубз щыгъын. 12. Шатэ е тхъуцIынэ гъэвэжам я дагъэ. 14. Дыгъуэшх-дыгъуэлIхэм, бзэгузехьэхэм игъащIэми … хуащI. 16. Адыгэ театрым и джэгуакIуэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ.
- Къехыу: 1. Дунейр щыуаем деж адэкIэ-мыдэкIэ трищIэ уэс пIащIэ. 2. Гъэмахуэ хъупIэхэм … куэд къыщаш. 3. Жэмтхьэлэ къыщалъхуа адыгэ генерал. 4. «ФIыцIэ» псалъэр нэгъуэщIу зэрыжаIэ. 7. Нэхъ пасэм адыгэм мэлыц щабэр а къэкIыгъэмкIэ плъыжь дахэу ираIэрт. 8. МахуэцIэ. 11. Къэрэгъэш къыщыхъуа адыгэ усакIуэ Iэзэ. 13. 1992 гъэм ди республикэм щекIуэкIа президент хэхыныгъэхэм 2-нэ увыпIэр къыщызыхьа. 14. Адыгэ псалъэжьым зэрыжиIэмкIэ, ар адэжь щIэинщ. 15. ЦIыху уэд.
- Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ.
- Мазаем и 19-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
- ЕкIуэкIыу: 1. Тихонов. 4. Бохъу. 5. Уэм. 9. Елгъэр. 10. Хьэсэгъу. 11. Сытхъу. 12. Епэр. 15. Жызум. 16. ГъущIыпэ. 18. Нау. 20. Къубэ. 21. Щыгъупщащ.
- Къехыу: 1. Тхъу. 2. Обь. 3. Ву. 4. Бжей. 6. Мыгъуэ. 7. Шэнтиуэ. 8. ХьэхъупащIэ. 13. Бжэн. 14. Iэзэ. 17. Жэп. 19. Ущ. 20. Къущ.