Гупсысэм хиш лъагъуэ
2022-02-25
- Бэхъунэ Жаннэ Старэ Шэрэдж (Дохъушыкъуей) къуажэм щыщщ. Налшык щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ колледжым дирижёр IэщIагъэм щыхуеджащ, Гнесинхэм я цIэр зезыхьэ урысей академиер къиухащ продюсер IэщIагъэмкIэ диплом плъыжь иIэу. «Zhan Bakhun» продюсер центрым и унафэщIщ. я IуэхущIафэхэмрэ и гъащIэ гъуэгумрэ ятеухуауэ депсэлъащи, къыджиIам ди гуапэу фыщыдогъэгъуазэ.
- — Гнесинхэм я цIэр зезыхьэ академием ущIэтIысхьэныр, ущеджэныр гугъут?
- — УщIэтIысхьэныр гугъут. Ауэ абы нэхърэ нэхъ гугъужыр си унагъуэм саутIыпщынырт. Налшык макъамэмкIэ колледжыр къыщызуха нэужь, сыукъуэдият си щIэныгъэм Москва щыпысщэну. Ди унагъуэр хуейтэкъым абы еувэлIэну. Зи жыIэм утекIынкIэ Iэмал зимыIэ си анэшхуэр и «хьэуэм» схутечыртэкъым. Ауэ сэри сыерыщт, ещанэ класс лъандэрэ сэ абы сыщеджэну быдэу си гум илът. Си дэфтэрхэр щезгъэхьын хуей пIалъэр къыскIэщIикъузэрти, Iуэхур утыку къэсщIыпащ. «Мыр утIыпщын хуейщ. Еджэным хуопабгъэ, дауэ зэрыдубыдынур?!» — жиIат абы щыгъуэм си адэшхуэм. Къэрэндащ къасщтэщ, зэгурыIуэныгъэ стхыри, арэзы къэсщIым Iэ трезгъадзэурэ, иужь дыдэу си анэшхуэм щIезгъэдзат.
- Зэгуэр си адэм къыдеджа, и ныбжьэгъуу щыта телефонкIэ къэпсэлъауэ, си хъуэпсапIэм и гугъу хуищIащ. Ар Подмосковьем щыпсэурт. «КъэгъакIуэ, сыдэIэпыкъунщ», — къыжриIащ. ГъэщIэгъуэнтэкъэ: илъэс тIощI нэблагъэкIэ зэрымыщIауэ, иджы и телефоныр къигъуэту къэпсэлъэн хуейуэ иухат… Си адэшхуэр диплом плъыжькIэ къэзгъэгугъэри, сежьат.
- — Ещанэ класс лъандэрэ уи хъуэпсапIэу жыбоIэ академиер…
- — Аращ. Ещанэ класс лъандэрэ сехъуапсэу щытащ дохутыр сыхъуну. ИтIанэ макъамэ школым сагъэкIуащ. Дезыгъаджэр пианинэ зэреуэм сыдихьэхырти, селъэIуурэ езгъауэрт. Зэгуэр си псэр ихьэхупат. «Сыту дахэу уеуэрэ пианинэм! Дэнэ ущеджар?» щыжысIэм, «Москва Гнесинхэм я цIэр зезыхьэ академием», — къызжиIат. «Сэри абы сыщеджэнущ, ин сыхъумэ»,- изубыдат си гум.
- — Москва дауэ къыпIущIа?
- — Зи хьэл-щэнкIэ, бзэкIэ, дуней тетыкIэкIэ, динкIэ зэщхьэщыкI цIыху уэрым сахэхуат. Унэм сызэрыщагъэфIар зыщызгъэгъупщэн хуейт икIэщIыпIэкIэ. Балигъ сыщыхъуащ, си гупсысэмрэ си къарумрэ зэпэслъытыжу зыщезгъэсащ Москва. Си щхьэ нэхъ дэIэпыкъуэгъу сиIэнутэкъым. Ар куэд и уасэ зыгъэунэхужыпIэщ, къапщтэмэ. Уеблэмэ зи щIалэгъуэм чэнджэщ естынт зэгуэр адэ-анэм я жьэгур ябгынэу, езыхэм зыкъагъуэтыжыну. Моуэ, зы мардэ гуэрым зэщхьу иубыдауэ щытщ куэдым я гъащIэр. Псалъэм папщIэ, пщащэр хабзэ гуэрхэм тету, IуэхущIафэ къызэрыгуэкI гуэрхэр ищIэурэ унагъуэ йохьэ. Йохьэри, абдежми нэгъуэщI зы мардэ къыщыпоплъэ. Ар мащIэщ. Псэр лъагапIэ гуэрхэм лъэгъэIэсын хуейщ, ар дахагъэкIэ псыхьа хъун папщIэ.
- — ЩIэныгъэ зэбгъэгъуэтри къэбгъэзэжащ. ИтIанэ — щэ?
- — Къэзуха нэужьи зыкъомрэ сыщыIащ Москва. Сыкъэнэн гупсысэри сиIащ. Сыщылэжьэну сыхуейт. Ауэ лэжьапIэу сыздэувым мазэ бжыгъэ нэхъыбэ зыщызгъэгувэртэкъым. Иужьым, сыщылэжьащ Ногинск театрым, режиссёрым и дэIэпыкъуэгъуу. Куэдым зыщыхуэзгъэсащ абы. Сигуми дыхьэрт. Ауэ абыи сыкъыщынакъым. Сэ иджыри зыкъэслъыхъуэжырт, си IуэхущIафэхэм, си псэуныгъэм зыгуэр къэтт. А къэтым сылъыхъуэрт.
- ПщIыхь гуэр слъэгъуат Москва сыщыIэу… ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм ситт. Зы лIыжь тест тетIысхьэпIэм. Псыутхым деж теса жэнэт бзу цIыкIур толъэтри, абы гъунэгъу зыхуещI. ЛIыжьыр сэ къызоплъ. Къызоплъри, абы теухуа хъыбар сэ сщIэ хуэдэщ: и щIалэгъуэм ар щIыпIэ жыжьэм щыIат, щеджат. Зыкъысхуегъазэ: «Сэ къэзгъэзэжащ. Къэзмыгъэзэжами, сыщIегъуэжынут. Мыращ сэ си жэнэтыр». И нэр къыстреубыдэ. Сыкъэушри, пщIыхьыр зыщызгъэгъупщэну сыхэтащ. Ауэ зы махуэ гуэрым, щхьэусыгъуэ гуэри имыIэу зыкъэспхъуатэри, лэжьапIэм сы- къызэрыIукIымкIэ дэфтэр стхащ. Москва сыщызэгъакъым. СыкъызыкIэридзыжауэ жыпIэ хъунущ.
- Иджыри Москва сыщыIэу, продюсер центр мыбы щызгъэлэжьэну дэфтэрхэр зэзгъэпэщат. Ауэ дэфтэр фIэкIа Iуэху щыпщIэ хъун пэш къудеи сиIэтэкъым. «Усыгъэм — сыхьэтитI» проектыр къызэзгъэпэщащ. Усэ дахэу дыкъеджэу, сыткIи зыхуей хуэзэу дгъэщIэрэщIэжрэ псори зэрыс интернетым щыдгъэлъагъуэмэ дауэ хъуну?! Апхуэдэ гупсысэ си щхьэм къихьати, Котляровэ Марие и деж сыпсалъэри, сечэнджэщащ абыкIэ. Сытригъэгушхуащ, цIыху зэхуэшэсынымкIи къыздэIэпыкъуащ. Видео щытетхыну япэ махуэм усэ къеджэну цIыху 40 къэкIуат. Ар куэдыIуэт, ауэ дыкъикIуэтакъым. Тетхащ, интернетым деж «IэIэт» къыщызэIутхащ, дыкъацIыхуащ, ди хъыбарыр зэбгрыкIащ, телевиденэми гулъытэ къытхуищIащ. Ауэрэ, артистхэри къезгъэблагъэурэ къезгъаджэу къэзублащ. Гъунэгъу республикэхэм къикIыурэ ди проектым цIыхухэр къыхыхьэ хъуащ. Москваи щедгъэкIуэкIащ пшыхь.
- Сыт усэ къеджэхэм видео ятехыным мыхьэнэ нэхъ щIеттыр жыпIэмэ, къэнэну сыхуейщи аращ. Iуэху дахэ гуэрым ухэтрэ узэбгрыкIыж къудей мыхъуу, къытебгъэзэжрэ уеплъыж хъумэ нэхъ къэсщтащ. Усэхэм шхапIэхэм дыкъыщеджэрт, ауэ центрыр щылэжьэн IуэхущIапIэ сызэримыIэти, Профсоюзхэм я унэм деж бэджэнду пэш къыщысщтауэ щытащ.
- Псори хъарзынэу екIуэкIырт, ауэ зыгуэр схурикъуртэкъым, сыарэзытэкъым. Iуэхушхуэ гуэрхэм сыхыхьэрти, сыкъыхэнэфтэкъым икIи зезгъэужьыну Iэмал згъуэтыжтэкъым: си гупэм бжэуэ хъуар щызэIууэжырт. IуэхукIэ сызыпыщIаIа хъуми, пIалъэ яIэти, лъэужьыншэ хъужырт. ГукIи псэкIи арэзы сыкъищIу, си щIакхъуэ Iыхьэр хьэлэлу къризлэжьыну зы IуэхущIафэ къызитыну Тхьэ селъэIурт. Егъэджэныгъэм хуэунэтIауэ зы Iуэху къезгъэжьэну сыхуейти, къурIэн къеджэкIэм хуегъэсэныр къызэзгъэпэщащ. ИтIанэ зиубгъуащ. Иджыпсту инджылызыбзэми щыхудогъаджэ, актёр зэфIэкIым щыхудогъасэ «Zhan Bakhun» продюсер центрым.
- — «Усыгъэм — сыхьэтитI!» проектым и фIэщыгъэм дауэ укъытеувыIа?
- — Республикэм къыщызгъэзэжам ирихьэлIэу «Два часа, ради которых стоит жить» зыфIэсща си тхылъыр Москва къыщыдэкIащ. Абы хэт «сыхьэтитIырщ» проектым и цIэр къызытехъукIар. Тхылъым си махуэрытхэм къистхыкIыжа гупсысэхэр щызэхуэсхьэсащ.
- Епсэлъар Гугъуэт Заремэщ.
- Сурэтыр Рыжковэ Галинэ трихащ.