Лъэпкъым и пщIэр зыIэт щIалэ
2022-02-25
- Республикэм и щIалэгъуалэ куэд къэралым и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм щытхъухэр яIэу щолажьэ. Абыхэм ящыщ зыщ нобэ зи гугъу фхуэсщIыну щIалэр — Саратов къалэм Травматологиемрэ ортопедиемкIэ дэт щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и травматолог, хирург-ортопед, медицинэ щIэныгъэхэм я кандидат Емкъуж Олег. Илъэс 16 хъуауэ ар мы IуэхущIапIэм щолажьэ, шэч хэмылъуи, а зэманым къриубыдэу лэжьыгъэ и пIалъэ хъарзынэу къищIащ икIи нобэ ар Iэзагъышхуэ зыбгъэдэлъ дохутыру къалъытэ.
- Сэри згъэунэхуащ Олег и зэфIэкIыр зыхуэдэр. Куэд щIауэ си къупщхьэ зэрытыпIэхэр къызэузырт, ауэ операцэ езгъэщIыну сытемыгушхуэурэ екIуэкIырт. Сытми, тIэкIуи хэзгъэтIэсауэ, сытегушхуэри, нэгъабэ и шыщхьэуIу мазэм сыщIэгъуэлъхьащ Саратов дэт щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым, операцэ сащIын хуейуэ. Пэжыр жысIэнщи, Емкъужыр сцIыхуртэкъым, ауэ и хъыбарыфI куэд зэхэсхати, абы срихьэлIэну сыхуейт. «Дауэ хъуми, ди лъахэм щыщщ, абы къищынэмыщIауи, Iэзагъышхуэ зыбгъэдэлъ IэщIагъэлIу жаIэ, а щIалэм срихьэлIамэ, си гур нэхъ псэхунут», — жысIэурэ сегупсысырт икIи щIэмычэу Тхьэшхуэм селъэIурт дызригъэхьэлIэну.
- Палатэм сыщIашэри, дакъикъэ бжыгъэ нэхъ дэкIауэ, щIалэ лъагъугъуафIэ гуфIэжу къысщхьэщыхьащ. Къызэплъщ, си щытыкIэм теухуауэ зыгуэрхэмкIэ къызэупщIри: «Умыгузавэу, зыгъэпсэху, Тхьэм жиIэмэ, уи Iуэхур тэмэму зэфIэкIынущ. Операцэ узыщIынур сэращ: си цIэр Олегщ, Емкъужхэ сарейщ», — къызжиIащ. Си анэ къилъхуа си дэлъху къысщхьэщытым хуэдэу къысщигъэхъуащ а щIалэм къыпкърыкIа гуапагъэм, абы и нэгум къищ угъурлыгъэмрэ гумащIагъэмрэ сызэрыгузавэр сщхьэщахри, гупсэхугъуи къызатыжат.
- Олег зэрыжиIам хуэдэу, операцэр тыншу зэфIэкIащ. Мазих дэкIмэ, етIуанэ операцэр къыспэщылъти, ари иджыблагъэ сщхьэщыкIащ. Си псалъэхэр схурикъунукъым Емкъуж Олег сызэрыхуэарэзыр къэсIуэтэну. Сэ абы сызэрыщыIам къриубыдэу а щIалэр зэIэзэ адрей сымаджэхэми абы фIыщIэ хуащIу куэдрэ зэхэсхащ, нэгъуэщI лъэпкъ щыщхэр си лъахэгъум къызэрыщытхъум сэри сригушхуэрт.
- Сымаджэм и плъапIэр дохутырырщ, абы къыпхилъхьэ фIэщхъуныгъэми куэд елъытащ. Ар фIы дыдэу къызыгурыIуэ Емкъужым жэуаплыныгъэшхуэ хэлъу и лэжьыгъэр ирехьэкI, дэтхэнэми бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ къыхуигъуэтыфу, я гукъеуэр зыхуэдэр зригъащIэрэ, адэкIэ я Iуэху зэрыхъунум теухуауэ чэнджэщ яриту. АпхуэдизкIэ бзэ дахэ Iурылъщи, и псалъэ гуапэхэм сымаджэм гугъэ ирегъэщIыж. Дохутыр IэщIагъэр къыхэзыха дэтхэнэри Емкъуж Олег хуэдэу щытамэ, абыхэм яхуэмыарэзы зы сымаджи щымыIэнт.
- КъызыхэкIа лъэпкъым и пщIэр зыIэт, цIыхугъэ лъагэ, нэмыс зыхэлъ щIалэм узыншагъэ быдэ иIэу, гуфIэгъуэр и куэду, и IэщIагъэ мытыншым и хъер илъагъуу, и адэ-анэм я жьауэм щIэтрэ и унагъуэ дахэр ефIакIуэу, и ехъулIэныгъэхэм хэхъуэу Тхьэм куэдрэ игъэпсэу!
- ПЫЛ Ямыдэ (Ритэ). Сэрмакъ къуажэ