ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Нэрылъагъу хъунымкIэ IэмалыфI

2022-02-25

  • «Россельхознадзор»-м и лэжьыгъэр щIыналъэхэм зэрыщекIуэкIыр зэгъэщIэным хуэгъэзауэ къызэрагъэпэщауэ щыта «Цербер» хъыбарегъащIэ IэнатIэм Къэбэрдей-Балъкъэрым утыку щхьэхуэхэр къыщызэIуех.

  • Абы къыхэкIыу, республикэм и хьэрычэтыщIэу юридическэ къару зиIэхэмрэ зи закъуэу лажьэхэмрэ ящыщу пестицидхэмрэ нэгъуэщI химикатхэмрэ къэзыгъэсэбэпхэм, зыхъумэхэм, уеблэмэ къыщIэзыгъэкIхэм 2022 гъэм бадзэуэгъуэм и 1-м къыщыщIэдзауэ «Цербер» хъыбарегъащIэ IэнатIэм и утыку зэIухам зыщрагъэтхын хуейщ.
  • Мы зэманым ирихьэлIэу пестицидхэмрэ мэкъумэш химикатхэмрэ зэрызэрахьэмрэ къызэрагъэсэбэпымкIэ хъыбар ирагъащIэу я тхылъхэр «Цербер» IэнатIэм и щIыналъэ къудамэм зи гугъу тщIы хьэрычэтыщIэхэм ящыщу 25-м щIалъхьащ.
  • Мэкъумэш лэжьыгъэм пэрытхэм ящыщу хъыбарегъащIэ IэнатIэм зыщегъэтхынымкIэ жыджэрагъ нэхъ къыщагъэлъагъуэ Прохладнэ, Бахъсэн районхэм. А лъэныкъуэмкIэ яужь къонэ Шэрэдж, Дзэлыкъуэ, Iуащхьэмахуэ, Май, Аруан, Шэджэм, Лэскэн щIыналъэхэмрэ Налшык, Прохладнэ къалэ округитIымрэ.
  • «Цербер» хъыбарегъащIэ Iэмалыр — хэкIыпIэфIщ мэкъумэшым елэжьхэм пестицидрэ химикату къагъэсэбэпыр зыхуэдизыр къэралым дежкIэ нэрылъагъу хъунымкIэ.
  • «Россельхознадзор»-м и управленэм щхъухьхэкIхэр къэзыгъэсэбэпхэм хъыбар ярегъащIэ мардэм темыту ахэр къэзыгъэсэбэпхэр жэуапым зэрырашэлIэнур, нэхъ пыухыкIауэ къэдгъэлъагъуэмэ, сом мини 100-м нэблагъэ къуэдыуэ зэрырагъэпшынынур, уеблэмэ я лэжьыгъэр мазищкIэ къызэрызэтрагъэувыIэнур. 
  • КЪУМАХУЭ Аслъэн.