Мэзылъэ шытхырщ я хэщIапIэр
2022-02-25
- Мывэ хъуреишхуэхэм нэхъыбэу Америкэ Курытым, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм (США), Новэ Зеландием, Румынием, Къэзахъстаным, Бразилием, Урысей Федерацэм ущыхуозэ. Ди щIыналъэми ахэр щыкуэдщ.
- Шэрэдж псыхъуэ удэту Къэщкъэтау тIэкIу уфIэкIыжмэ, ижьрабгъумкIэ зыкъыщызэкъуэзыхыу къуэладжитI ущыхуэзэнущ. Дэтхэнэми и кIыхьагъыр километри 4-м щIегъу, щежэхыр псынэпсщ. АрщхьэкIэ, мы къуэхэм нэр дахьэхыркъым, теплъэ дахэ зэрамыIэм къыхэкIыу. Я лъащIэм щызэпыхьэ джабэхэр дэкIыгъуейуэ зэрыщытым и мызакъуэу, щIыр и нэхъыбэм зэрызэхэлъыр зэмыпцIа ятIагъуэщи, щыгуэщэщыр нэхъыбэщ. Къыгуэухэр зыхэхуэ псы цIыкIухэри щIыфэ-гъуэбжафэу утхъуа зэпытщ. Езы къуэ кIуэцIхэми, жыгхэр зэрыщызэтеукIурием къыхэкIыу, ущызэхэзекIуэну гугъущ. ТIуащIэм щыпэрыхьэт къэкIыгъэхэм япыт пщIащэ Iувыщэм дыгъэ бзийр зэрыпхымыпсыкIыфыр абы къыхэгъэхьэжи, гурыIуэгъуэщ къуэладжитIыр цIыху кIуапIэ щIэмыхъур. КъимыдэкIэ, апхуэдэ щIыпIэ дэгухэращ мывэ хъуреишхуэхэм уащыхуэзэр.
- Зэман кIыхьым къриубыдэу зэрызэтрищIэм къыхэкIыу, зи гугъу тщIы къэщIыгъэхэм геологхэр «конкрециекIэ» йоджэ, нэгъуэщI щIыналъэхэм щыпсэухэм «тхьэ топ» фIащащ.
- Абыхэм, зэрызэхэлъ и лъэныкъуэкIэ, и нэхъыбэм лъабжьэ яхуэхъур мэзылъэ-бгылъэхэм куэду узыщрихьэлIэ мывэ-пшахъуэ хьэдзэхэу адэкIэ-мыдэкIэ щызэбгрыпхъахэрщ. Лъэхъэнэ кIыхьым къриубыдэу, адрей пкъыгъуэхэр абыхэм якIэропщIэжри, «тхьэ топкIэ» зэджэ хъуа мывэ абрагъуэхэр къагъэхъу.
- Зи гугъу тщIы тIуащIэ цIыкIуитIым дызыщрихьэлIэ мывэ хъурейхэм я инагъ-цIыкIуагъкIи зэмыщхь куэд къахокI. Абыхэм яхэтщ Iэгу ущIам ихуэнухэри, зи къэухьыр метри 3 — 4-м щIигъухэри. Зи гугъу тщIы къуэладжитIым мывэ топхэр апхуэдизу «щызэбгрыдзащи», псыр зи жапIэ ныджэри, абы зыкъытезыгъащIэ джабэ нэкIухэри я хэщIапIэщ. Иныкъуэхэм дежи «тхьэ топхэр» Iувыщэу зэхэтщ.
- Зэ еплъыгъуэкIэ къыпщыхъунущ мывэ хъурейхэм я нэхъ абрагъуэхэр иныжьхэм я джэгуалъэу зэгуэрым щытыгъауэ, апхуэдизу ахэр, щIыуэпсым къигъэщIауэ зэрыпщIэн щымыIэу, джафащэщи. Дапхуэдэу щымытми, «тхьэ топхэр» телъыджэщ, «цIыхухэр Iузгъэплъащэрэт» яхужыпIэну. АрщхьэкIэ, ахэр дызытепсэлъыхь мэзым къыIэщIэгъэкIынми, тафэм къилъэфэнми гугъуехь Iэджэ пыщIащ. Сыту жыпIэмэ, япэрауэ къуэладжэхэм укъызэрыдэкIын гъуэгу дэбгъуэтэнукъым. ЕтIуанэрауэ, мывэ хъурейхэр жьыхулъатэкIэ къэпIэтынущи, жыг гуэрэныбэм упхыкIыфынукъым. Ещанэ щхьэусыгъуэу нэхъ Iеижыр мывэ топхэм тон бжыгъэ зэрахьэлъагъырщ.
- Мы щIыпIэм нэгъуэщI «конкрецие» лIэужьыгъуэхэми уащрохьэлIэ. ГъэщIэгъуэнщ, ауэ, щIэныгъэлIхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, абыхэм я къэунэхукIэ хъуар нэгъуэщIщ: пшахъуэ-мывалъэхэр армырауэ, къэкIыгъэхэм я кIэрыху-бжьэрыхухэмрэ нэщIэпкIэ цIыкIуу зэмылIэужьыгъуэхэмкIэщ.
- Ауэ щыхъукIи, ди планетэм геологие и лъэныкъуэкIэ и къекIуэкIыкIар зэрыбдж хъуну ятIагъуэ-карбонат мывэ зэпцIахэр ди республикэм пхрыкI Мэзылъэ шытхым щыкуэдщ.
- Къумахуэ Аслъэн.