Сабиймрэ таурыхъымрэ
2021-11-16
- Лъэпкъым пщэдей иIэкъым, абы кIуэну нобэрей щIэблэм уадэмылажьэмэ, я зэхэщIыкIымрэ дуней лъагъукIэмрэ зумыгъэужьмэ, лъэпкъыпсэ яхыумылъхьэмэ. Абы и IуэхукIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ, ХьэцIыкIу Рае къыхилъхьа гупсысэм адэкIэ къыпыдощэ.
- Хамэ къэрал мультфильмхэм я зэран мымащIэу къалъос хъыджэбз цIыкIухэм. Адыгэм и гурыIуэныгъэмкIэ, ахэр укIытэхыу, я нэ ирахьэхыу, щабагъэ яхэлъу, Iэдэбу псалъэу щытын хуейщ. Таурыхъ-хэм сыт щалъагъур? Хъыджэбз цIыкIуу щытын хуейхэм я Iэпкълъэпкъыр балигъ Iэпкълъэпкъщ, щIыкIэ яхэлъкъым, я нэгум укIыти фIэлIыкIи къищыркъым, щыпкъагъ жыхуаIэм хуэхейщ. Психологхэм зэратхымкIэ, апхуэдэ мультфильмхэр зытращIыхьыр еплъхэм цIыху тэмэмым и хьэл-щэнрэ щытыкIэрэ ямыIэнырщ, акъылыншэу, щIыкIэншэу къэхъунырщ. Ари къэралым, абы ис лъэпкъхэм зэрезауэ Iэщэу мэув. Еплъахэм я нэгу къыщIрегъэхьэж «Шрек» хэт Фионэ и зэуэкIэр: щысхьыншэу, Iэзэу, фIэфIыпсу. Дэтхэнэ сабийра апхуэдэ дыдэу а Iуэхур къехъулIэну щIэмыхъуэпсынур? ЗыпащIыжынущ, яужь ихьэнурэ загъэсэнущ, гупсэхуу принцессэм кIэлъыплъынущ, и зэуэкIэм и щэхухэм гу лъатэу.
- Хъыджэбз хущытыкIэкъым Шрек, къэпыжь хуэдэу, Фионэ и плIэм илъу щихьыр. «Зыкъыпригъэхыурэ» жьэхоуэIуэри егъэлъей, принцессэр къуацэ-чыцэм хохуэ, адрейми ар игу ирохь.
- Псом хуэмыдэу хъыджэбз цIыкIухэр лIыхъу щытыкIэм хуэзыгъасэр фантастикэ жанрым иту Амери-кэм щызэхалъхьа мультфильмхэращ. Абыхэм щалъагъумрэ щызэхахымрэ щапхъэ зы-хуэхъу сабийхэм я балигъ гъащIэм зэраныгъэшхуэ хэзылъхьэн Iуэху еплъыкIэ ягъуэт. ЦIыхубзри цIыхухъури къызыхуигъэщIам темыту, къызыхуимыгъэщIам щIытехьэм ари дэIэпыкъуэгъу хуэхъуу психологхэм къагъэлъагъуэ. Сабий психологхэм къызэралъытэмкIэ, мультфильмхэм сабийр балигъ зэхущытыкIэм тезышэ, езыгъэгупсыс теплъэгъуэхэр щыхэтым деж, а ныбжьым итым и гупсысэр, зэфIэкIыр зыпэмылъэщын къыпагъэуву аращи, абы и псантхуэр ныкъуэдыкъуэ ещI. Балигъ хъууэ унагъуэ иухуэным Iуэхур нэса иужь, ар къехъулIэжыркъым, насыпыншэ мэхъу.
- Телевизорым «кIэрыпха» сабийм и хьэлым зэрызидзым, сыт и лъэныкъуэкIи мыадыгэ псэлъэкIэм зэрытехьэм япэ дыдэу къигъэуIэбжьын хуейр унагъуэм исхэращ. Я жьэм къыжьэдыхьэр жаIэмэ, укIытэ ямыIэу зызэкIэщIашмэ, гущIэгъу зэрахэмылъыр къозыгъащIэ щытыкIэ нэхъ цIыкIухэм, псэущхьэхэм хуаIэмэ, балигъхэм жаIэнущ: зэщхь хъуар къытхуэщIэркъым, дэ апхуэдэ едгъэлъагъуркъым икIи зэхедгъэхыркъым. Зэщхь хъуар аращ — яфIэфIыпсу зрагъэплъа хамэ къэрал мультфильмхэм я лIыхъужь зыкIи ди лъэпкъым и щхьэхуэныгъэхэм къытемыхуэм техьащ. Къытепшыжыфыну?
- Сыт хуэдизкIэ еса мыхъуами, сабийр жэщи махуи мультфильм еплъыркъым. Абы къыбгъэдэзыш щхьэусыгъуэхэр щыIэщ. Сабий садым макIуэ, хьэблэ цIыкIухэм щадэджэгуи къыхуохуэ. Нэхъыщхьэу сабийр зыхуэныкъуэри Iэмалыншэу къэуври адэ-анэм зэман дагъэкIуэнырт, уэршэрэгъу къыдэхъунырт, ауэ нэхъ мащIэ дыдэу абы и гъащIэм хэтыр адэ-анэрщ. Ахэр хунэсыркъым быным дэщIыгъуну. Я Iуэху хуэкIуэркъым: лэжьапIэ, унагъуэ къалэн, хабзэ щIэн, ныбжьэгъу-жэрэгъухэм зэман яхухэхын. Сабийращ мыдауэр, мыбиер. ХуащI и унафэщ. Нэхъ цIыкIуху.
- Сабий садым кIуа цIыкIухэм я щытыкIэм, псэлъэкIэм сабий зэхэтыкIэ-зэхущытыкIэм хэмызагъэ гуэрхэр къыхэпшэхъуауэ гу щылъатэкIэ, гъэсакIуэхэр яужь йохьэ епсалъэурэ, а ныбжьым фIэхьэлэмэтын хуей Iуэху гуэрхэм хашэурэ тэмэмыпIэм ирагъэувэжыну. Къару ирахьэлIэм ехъулIэныгъэ лъэпкъ къызэрыпэмыкIуэр ялъэгъуа нэужь, адэ-анэм зыхуагъазэ сабийм дохутыр къыкIэлъагъэплъын хуейуэ чэнджэщ ирату. Сыт щIрагъэлъагъунур? Сабийм зыри и лажьэкъым. КъэгубжьыгъуафIэу, псалъэ дыдж къыжьэдэкIыу ара? Арамэ, гъэсакIуэр, егъэджакIуэр кIэлъреплъ и жагъуэ къамыщIыным, фIэмыфI кърамыщIэным. Лей къылъысмэ, къэгубжьурэ жимы-Iэн жеIэ, зызэримыщIын зещI. АдыгэбзэкIэ мыпсалъэу ара? ФIэфIкъыми псалъэркъым. «Я ненавижу этот ваш кабардинский язык», — жеIэ. Хуейкъым адыгэбзэм, къызэралъхурэ зэрыпсалъэр урысыбзэщ. Инджылызыбзи къыщыхыхьэ щыIэщ. Сыт абы щхьэкIэ специалистым щIезгъэлъагъунур? Арыншами абы адыгэбзэр зыкIи къигъэсэбэпынукъым.
- Мис апхуэдэ къулейсызыгъэ мымащIэу ущрихьэлIэнущ ди нобэрей адыгэ къуажэхэм. Апхуэдэ сабийр щыпсэур мы дэ дызытет дунейр аракъым. ТелевизоркIэ зэплъ таурыхъхэм зыхаша виртуальнэ дунейм къыхэнащи, мыдэкIэ къыщинахэм жаIи ящIи къыгурыIуэжыркъым. Гущэм щыхэлъам къыщыщIэдзауэ илъэгъуа, зэхиха бзэр къищтащи, абы текIыжын хуейуэ ищIэркъым икIи елIалIэ егъэджакIуэм е гъэсакIуэм я зэфIэкIыр хурикъуркъым сабийм игъуэта гупсысэкIэри псэлъэкIэри яхъуэжыну. Таурыхъхэм яхузэфIэкIащ адыгэ сабийр адыгэ лъэпкъым щымыщ щIыныр, зейхэм ягурымыIуэжыныр, щхьэхуещагъэр и гъащIэм щытепщэ хъуныр.
- Куэд мэхъу адэ-анэхэм я тыншыгъуэм тыхь хуащIа сабийр зыIууэ лъэпощхьэпор. И закъуэ дыдэу зыри псэуфыркъым. Зыгуэр уиIэн хуейщ псэлъэгъуу, дэджэгуэгъуу. Зи дунейр хъуэжа хъуа сабийр езым хуэдэхэм яхэзэгъэжыркъым. Джэгун хъумэ, абы ищIэр «уи щхьэр пысчынщ», «успIытIынщ», «узукIынщ» псалъэхэращ. Езым гушыIэу щигугъэжми, къыжьэдэкIыр и дэджэгуэгъухэр къэзыгъэгубжь, къызэщIэзыгъаплъэщ. Ауэрэ зыхамыгъэхьэу, зыдагъэджэ-гун ямыдэу щIадзэри, Iумпэмым Iуэхур хуокIуэ.
- Псалъэмакъ щхьэхуэ ещIылIапхъэщ а урысыбзэкIэ къэпсэлъа адыгэ сабийм и урысыбзэр здынэсым. Абы къигъэсэбэпыр таурыхъхэм «къыхикъузыкIа» псалъэ гупщи, абы текIыу литературэм щызекIуэхэр къыхуэщтэжыркъым. Зэпымычу зэплъа мультфильмхэм хэта псалъэхэр зыщIишащ, и къэпсэлъыкIэкIи, щыпсалъэкIэ и Iэ, и нэкIу гъэлэжьэкIэри зэса таурыхъ лIыхъужьхэм ятриха сурэтыращ. Литературэбзэр абы дежкIэ хамэщ, и нэгу щIэкIа гуэр а и урысыбзэмкIэ къиIуэтэжыфынукъым, удихьэхауэ узригъэдаIуэу махуэ къэс гъащIэм хиубыдэ Iуэхухэм тепсэлъыхьыфынукъым, сабийхэм зэрахабзэу, зыгуэрхэр и нэгу къыщIигъэхьэу, къызыфIигъэщIу, ар уэри зыхыуигъащIэу къиIуатэу къыббгъэдэсыфынукъым. И нэгу зыгуэр къыщыщIигъэхьэми, зауэ-банэм пыщIарэ адыгэ щIыкIэм къимытIэсрэщи, абыи щызгъэужащэрэт, жозыгъэIэщ.
- Апхуэдэ IэнатIэ Iуува адэ-анэхэр тIэкIуи ирогушхуэ я сабийм анэдэлъхубзэм и пIэкIэ урысыбзэр къызэрищтам. Ауэ а бзэр урысыбзэ тэмэмуи зэрыщымытыр, а тэмэмым тепшэжын щхьэкIэ дохутыр къеIэзэн зэрыхуейр а адэ-анэхэм къагуригъаIуэу еIэзэн дэнэ къитхыну?
- Зи гугъу тщIы щытыкIэ шынагъуэм ихуа зы сабий и хьэл-щэн хъуар тегъэщIапIэ тщIынщ балигъхэм я зэранкIэ сабийм къыщы-щIыр наIуэ хъуным папщIэ. Япэ псалъэу къыжьэдэкIар урысыбзэщ. Таурыхъхэм хэт лIыхъужьхэм ещхьу, зэпишу, абы хуэкIуэу и Iэ-и лъэр, и нэкIухэр ищIу, и макъыр хъуэжауэщ зэрыпсалъэр. Балигъхэм ящыщу зригъэпсалъэри зыбгъэдигъэхьэри и анэмрэ пэщIэдзэ классым щезыгъаджэмрэщ. ЕгъэджакIуэр Iэмалыншэу и гъащIэм зэрыхэтынур къыгурыIуащи, ешэч, ауэ классым щIэс адрей сабийхэм и чэнджэщхэр къызэращтэм хуэ-дэу мы цIыкIур щытыфкъым. ЕджапIэм къыщыщIэтIысхьагъащIэм и еджэгъу хъуахэм яфIэхьэлэмэтт зыми имыщIэ урысыбзэмкIэ а зыр зэрыпсалъэр, нэхъ нэ лейкIэ еплъхэрт. Ауэрэ гу лъатащ абы и дунейр нэгъуэщIу зэрыщытым. Я джэгухэм хэмызагъэ, я псэлъэкIэм темыхуэ, я гушхуэкIэм лъэщIэмыхьэ ныбжьэгъур ямыгъэныбжьэгъуж хъуащ. «Уэ усабий цIынэщ, садым ущыIэн хуейщ», — щыжраIэ къохъу. Гупым хэтми, мы сабийм и закъуэ дыдэщ. Иджыпсту дэIэпыкъуэгъу игъуэту виртуальнэ дунейм къыхамышыжмэ, и балигъ гъащIэр зэрыхъунум уегъэгузавэ. Абы щыгъуэми диIэ апхуэдэ IэщIагъэлIрэ щIэныгъэлIрэ, зыхуэбгъазэмэ къыбдэIэпыкъуфыну? Мыпхуэдэ щытыкIэм ит сабийхэр иджыпсту ныбжькIэ зыхиубыдэр сабий садымрэ пэщIэдзэ классхэмрэщ. Насыпыншагъэр къызэрытхыхьэрэ илъэс бжыгъэшхуэ хъуакъыми, хуеджарэ хуэхьэзыру IэщIагъэлI диIэкъым. Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, щыдиIэнур зы щIэблэр тIэщIэкIрэ, къэхъуамрэ къыщIэхъуамрэ, абы узыхуишэмрэ узришалIэмрэ нэгум щIэкIа нэужькIэщ. Абыхэм якIэлъыплъурэ, зэгъэпщэныгъэ, къэхутэныгъэхэр ирагъэкIуэкIыурэ, узэреIэзэ хъуну Iэмал гуэрхэр къахутэну къыщIэкIынщ. Ауэ быныракъэ дыкъызыдэмыхуэ лэжьыгъэри унагъуэри щIызетхьэр? Нэхъыбэрэ даригъусэныр, псэлъэгъу дахуэхъуныр, я гъащIэм ирикъуу дыхэтыныр зэрынэхъапэр хьэкъыу тпхыкIыныращ а Iуэхум и хущхъуэгъуэ нэхъыщхьэр. Хущхъуэ лъапIэми, а зыращ Iэмалыр. Апхуэдэ гуэрщ адыгэм «цIыху зыпI цIыху уасэ хон», щIыжиIар.
- ЗэкIэ яхузэфIэкIынур аращи, ди сабийм я узыншагъэр тхъумэжыну, цIыхум яхэзагъэу къэдгъэхъуну дыхуейр пэжмэ, IэщIагъэлIхэм чэнджэщ къыдат. Псом япэрауэ, илъэситI иримыкъуа сабий телевизор ебгъэплъ хъунукъым. Илъэсищ иримыкъуа сабийм хузэфIэкIыркъым зэуэ дэIуэнри, зэхэхынри, зыгъэхъеинри. Аращ экраным етIысылIа нэужь псалъэмакъи, Iэуэлъауи зэхамыхыу, мыхъейуэ щIыщысхэр. Апхуэдэ щытыкIэм зэкIэлъыпыту ит сабийм зигъэхъеин и жагъуэу, и псэлъэкIэр зэкIэлъымыкIуэу, и нэ жанагъым кIэрыхуауэ, и пIащагъым хэхъуауэ, и псантхуэмрэ губзыгъагъымрэ я зыужьыныр хуэм хъуауэ, бэлыхь хохуэ.
- Илъэсищ нэужьми хэплъыхьурэ къыхухаха таурыхъхэм еплъу фIэкIа, зэман кIыхькIэ бгъэдэс хъунукъым. Зы махуэм нэхъыбэ дыдэу телевизор еплъыным сабийм тригъэкIуэдэн хуейр сыхьэтрэ ныкъуэрэщ. Ари узыншэмэ. Сымаджэу щытмэ, емыплъыххэныр е нэхъ мащIэжу еплъыныращ тэмэмыр.
- Нэм и узыншэным теухуауэ Iуэхум убгъэдыхьэмэ, сабийр нэхъ гувауэ телевизор еплъыным пэрыхьэху, нэхъыфIщ.
- ИкъукIэ зэраныгъэ къэзышэщ сабий цIыкIур и закъуэу телевизорым пэрагъэтIысхьэу балигъхэм лъэныкъуэ зрагъэзыжыныр. А зэплъым и гъусэу утепсэлъыхьмэщ щекIуэкIыр зэхэхауэ къыщыгурыIуэр. Илъагъум теухуауэ сабийм игъэув упщIэхэм жэуап нэс игъуэтыпхъэщ. Таурыхъыр иуха нэужь абы тепсэлъыхьыжыпхъэщ. Сыт къыщыхъуа, тэмэмт лIыхъужьхэм я щытыкIэр, ялэжьа Iуэхухэр, я псэлъэкIар? Дауэ ящIам нэхъыфIт? Абы щыгъуэхэми адэ-анэр а таурыхъым сабийм япэ еплъауэ, зытеухуамрэ хэт лIыхъужьым я шыфэлIыфэмрэ ищIэущ зэрыщытын хуейр. Уоплъри, зэхыбогъэкI: си сабийм и зыужьыныгъэмкIэ сыт и сэбэпынагъ е и зэранагъ мыбы? КъыгурыIуэну? Сэ сыхуей мыбы хэт лIыхъужьхэм я хьэл-щэным щыщ зыхилъхьэну, я псэлъэкIэр къищтэну?
- Иджыпсту сабийм щIэныгъэ къызыхихын, дыкъэзыухъуреихь ду-нейм щызыгъэгъуэзэн, зэхущытыкIэ тэмэмхэм гу лъезыгъэтэн мультфильмхэр щыIэщ. Апхуэдэщ «Смешарики», «Барбоскины», «Лунтик» сериалхэр, сабий Iущыцэ Джимми Нейтрон теухуар, нэгъуэщIхэри.
- Иджырей мультфильмхэмрэ сабиймрэ пыщIа проблемэхэм тогузэвыхь дуней псом псантхуэм елэжьу тетыр. Зыгъэгузэвэни ялъагъу. Псалъэм папщIэ, «Покемоны» мультфильм сериалым и Iыхьэу щэщI хуэдизым еплъа сабийхэм ящыщу щитху хуэдизыр сымаджэщым щIэхуащ эпилепсие узыфэ бзаджэм и нэщэнэхэр яIэу.
- «Симпсоны», «Гриффины» мультфильмхэр сабийм я узыншагъэм зэран хуэхъуу къалъытэри, адэ-анэ гупым ахэр къэзыгъэлъэгъуа урыс каналыр судым иратащ. Психологхэр къэуващ 2х2 каналым къигъэлъагъуэ мультфильмхэм сабий ебгъэплъ мыхъуну, укIытэ ямыщIэжу игъасэу къалъытэу. Абыхэм зэрыжаIэмкIэ, сабий къэгъэнауэ, нэхъ къэжэпхъахэри а каналым щыхъумэн хуейщ.
- Ди гъащIэм сабийр гъуэгу пэжым тезышу хэтыр куэд мэхъу. Ауэ абы къикIыркъым, дэтхэнэм пхущыхъумэн, жытIэу дакIэлъыплъурэ насыпыншэ тщIыну хуитыныгъэ диIэу. Къалэну щыIэм япэ итыр сабийм и узыншагъэр хъумэнымрэ гъэсэныгъэ тэмэм етынымрэщ. АбыкIэ зэран хъууэ къэувхэм щыщу телевизорымрэ компьютерымрэ уна-фэ зытумыщIыхьыфыххэну щыткъым. Къэхъур сыт? Сабийми фIэфIу, балигъми ар абы зэрыфIэфIыр имыжагъуэу таурыхъ кIэншэу къагъэлъагъуэм бгъэдагъэтIысхьэри, зыр абы хохьэж, адрейм пэрыуэ имыIэу и унагъуэ Iуэху ещIэ, хэбгъэзыхьмэ, сабийр телевизорым къызэрыпэрымыкIынур хьэкъыу пхыкIауэ, и закъуэу къыщIинэу, Iуэху здиIэм кIуэфынущ.
- Зи гугъу тщIы сабий узыфэщIэр зыпкърытыр адыгэ сабийм я закъуэкъым, дэнэкIи щызэлъэщIыса насыпыншагъэщ. Лъэпкъ къэскIэ зихъумэжыну щIэхъуэпсын, хущIэкъун хуейщи, адыгэ лъэпкъым, ди бзэм, ди хабзэм, ди нэмысым, зэхэтыкIэ, зэхущытыкIэ къыддэгъуэгурыкIуэм кIэ езытыфыну къару шынагъуэщ къытщIэIуари, дызыIуува IэнатIэр хэмытIасэу зыгурыдгъаIуэрэ дыщIэпсэу ди сабийхэм драгъусэмэ, псэлъэгъу дахуэхъумэ нэхъыфIщ. Адыгэ таурыхъхэм, сабийхэм папщIэ ятха хъыбар цIыкIухэм, усэхэм дакъыхуеджэурэ, деуэршэрылIэурэ адыгэбзэм и IэфIагъыр зыхедгъэщIэфын хуейщ, гупсысэ яIэрэ ар зэгъэпэщауэ къызэраIуэтэн псалъэр яхурикъуу зедгъэужьыныр ди къалэн нэхъыщхьэщ. Зэраныгъэ къишэн къэгъэнауэ, я псэр нэхъ къулей ищIынущ нэгъуэщI лъэпкъхэм я таурыхъ къыхэщыпыкIахэми дакъыхуеджэмэ. Ар зи пщэ дэлъри зыхузэфIэкIынури сабийр къызэрыхъуа унагъуэм щIэс нэхъыжьхэр аращ — адэ-анэр, адэшхуэ-анэшхуэр. Абыхэм чэнджэщкIэ дэIэпыкъуэгъу яхуэхъупхъэщ психологхэр, гъэсакIуэхэр, егъэджакIуэхэр. Сыт хуэдэ Iуэхуми ехъулIэныгъэ ущыщиIэр узэкъуэтмэщ, узэакъылэгъумэщ, узэдэIуэжмэщ.
- Сабийхэм мафIэр фIыуэ ялъагъу, ауэ хэдгъэIэбэркъым, мафIэдз яIэрыдгъэхьэркъым. Псыр яфIэфIщ куэдым, ауэ куум хэдгъэхьэнукъым. Зы адэ-анэ щыIэкъым и сабийр, лъаIуэ пэтми, кIыхьлIыхьу уэсым хэту игъэджэгуну. Сыт-тIэ таурыхъым, фIэфIщ жаIэу, кIэншэу щIыбгъэдагъэсыр? Зы щхьэусыгъуэщ иIэр: зэрыдихьэхынур ящIэу, телевизорым «кIэрапхэри», адэ-анэр щхьэхуит мэхъу, я Iуэху ныкъуэ хъуркъым, сабийми и упщIэ мыухыжхэмкIэ игъэбампIэркъым.
- Адыгэр дымащIэ тIэкIущ. Сабий къэс дытегужьеикIауэ адыгэ дывгъэщI. НэгъуэщIыбзэхэри ящIэу, нэгъуэщI лъэпкъхэм я дунейми щыгъуазэу, ауэ зэ уадыгэныр куэд зэриуасэр тщымыгъупщэу.
- ХЬЭЦIЫКIУ Рае.