Пхъэхуей 300 хасэ
2021-11-16
- «Мэртэзей» жыг хадэр ящIын зэрыщIадзэрэ илъэсищ хъуами, ирагъэфIакIуэ зэпытщ.
- Джылахъстэнейдэсхэм фIыуэ ялъэгъуа зыгъэпсэхупIэ паркым иджыри куэд иращIэну я мурадщ. Псалъэм папщIэ, аргуэру зы лъэс лъагъуэм плиткэ екIу тралъхьэу тетIысхьэпIэхэр трагъэувэну траухуащ. А лъагъуэм и бгъуитIыр удз гъэгъахэмрэ жыгыщIэ цIыкIухэмкIэ ягъэдэхэнущ. Сабийхэм джэгупIэ щхьэхуэ хуащIынуи къыщыгъэлъэгъуащ проектым.
- Тэрч къалэ администрацэм и унафэ щыIэщ паркым ит жыгыжьхэмрэ хэгъукIахэмрэ ираупщIыкIыу жыгыщIэхэр хасэну.
- ЗэрыжаIэмкIэ, мы бжьыхьэм зыгъэпсэхупIэ паркым пхъэхуей жыгыщIэ цIыкIуу 300 щагъэтIысынущ.
- Зи гугъу ящIа Iуэхухэр дяпэ мазитIкIэ яухыну я мурадщ.
- Щомахуэ Залинэ.