ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зи сурэтхэр щIэщыгъуэ

2021-11-16

  • Тэрч щыщ, а къалэм щIыхь зиIэ и цIыху, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, сурэтыщI Iэзэ Гъыдэ Валерэ и сурэтхэр щIэщыгъуэщ.

  • Гъыдэ Валерэ Курп Ищхъэрэ (Къаншыуей) къуажэм 1945 гъэм къыщалъхуащ. Ар зыхуеджэну IэщIагъэр пасэу къыхихат. Курыт школым щыщIэсми Валерэ дахьэхырт тхылъхэм ит сурэтхэм, языныкъуэхэм дежи фIэгъэщIэгъуэну абыхэм къатрищIыкIырт и лэжьыгъэхэр. ЖыпIэнуракъэ, сурэт щIыным Валерэ зэрыцIыкIурэ хуэнэхъуеиншэт. А IэщIагъэмкIэ щIэныгъэ зыбгъэдэлъ егъэджакIуэ курыт школым щимыIами а Iуэхум зэрыдихьэхыр зы-лъагъу и гъэсакIуэхэм трагъэгушхуэрт, чэнджэщ щхьэпэхэр къратырт.
  • Школыр къиуха нэужь, Валерэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм сурэтыщIу лэжьэн щыщIидзащ. Тхьэмахуэм щыIэну пшыхьым е кином теухуауэ плакат ищIырт, ахэр зэбгригъэхырт. Апхуэдэ лэжьыгъэхэм гупсысэ куу хилъхьэрт сурэтыщI ныбжьыщIэм: кино щыIэнумэ — абы щыщ зы кадр гуэр а плакатым трищIыхьырт, цIыхухэр нэхъ къыдихьэхын папщIэ, концертхэри зэрыхьэлэмэтынур тхылъымпIэм къыщигъэлъагъуэрт.
  • Валерэ сурэт щIыным зыщыхуигъэсащ Пионерхэм я унэм (иджы Сабий творчествэмкIэ унэрщ). А еджапIэм абы щыгъуэм щыIащ СурэтыщI гъуазджэмкIэ студие, художник гъуэзэджэ Ткаченкэ Андрей игъэлажьэу. Валерэ абы щеджащ, нэхъыжьым и IэпщIэлъапщIагъэм кIэлъыплъащ. «Хуэфащэ дыдэу а цIыху гуащIафIэм и цIэр фIащыжащ СурэтыщI гъуазджэмкIэ музей Налшык къалэм дэтым. Къапщтэмэ, сэ сурэт щIынымкIэ лъабжьэ быдэ сэзыгъэгъэтIылъар а художникырщ. Сызэрыригъэджар зэман мащIэми, къысхилъхьар сэркIэ лъапIэ дыдэщ», — жеIэ Гъыдэм.
  • 1964 гъэм и бжьыхьэм Валерэ дзэм къулыкъу щищIэну ираджэри, Германием илъэсищкIэ щыIащ. Абы щыгъуэми зэман къыщыхудэхуэкIэ и IэщIагъэм хигъахъуэрт. ИлъэситIым къриубыдэу абы игъэщIэрэщIащ сэлэтхэм я «Красный уголок»-р, стендхэр ищIащ. Апхуэдэу ещанэ илъэсым Офицерхэм я унэм щхьэкIэ сурэтхэмрэ плакатхэмрэ ищIащ.
  • И лъахэм къигъэзэжа нэужь, Гъыдэр Налшык дэт Автотранспорт комбинатым сурэтыщIу щылэжьащ. ИужькIэ гупыж ищIащ и щIэныгъэм хигъэхъуэну. Ар щIэтIысхьащ Дагъыстэным и художественнэ училищэм, Кавказым щынэхъыфI дыдэу къалъытэм. КъыжыIапхъэщ, Валерэ и лэжьыгъэхэр зылъэгъуа егъэджакIуэхэм ар занщIэу етIуанэ курсым зэрагъэкIуар. Абы еджапIэр щытхъурэ ехъулIэныгъэрэ иIэу къиухащ. А зэманым къриубыдэу Валерэ и лэжьыгъэхэр мызэ-мытIэу зэпеуэ зэхуэмыдэхэм хигъэхьащ, Санкт-Петербург щекIуэкIа выставкэри хэту.
  • Налшык щылэжьэну зи мурада Валерэ Тэрч къалэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм хэт лъэщапIэр къратри, и къалэнхэм къызыхуэтыншэу пэрыхьащ. Мы зэманым ЩэнхабзэмкIэ управленэм щолажьэ. Абы и лэжьыгъэхэр нэхъыбэу триухуащ цIыхухэм я сурэтхэр щIыным, щIыуэпс къулейм и теплъэ дахэр къэгъэлъэгъуэным, музейхэр гъэщIэрэщIэным. Къэгъэлъэгъуапхъэщ Дей къуажэм и курыт школым хэту къызэрагъэпэща, Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ музейр, абы екIуу зэригъэщIэрэщIар. Апхуэдэуи екIуу зэригъэпэщащ Инары-къуей къуажэм Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, Лениным и цIэр зезыхьэ колхозым и тхьэмадэу щыта Пэнагуэ Азэмэтджэрий и цIэр зыфIаща музейр. Тэрч районымрэ къалэмрэ я гербхэр зыщIар Гъыдэ Валерэщ.
  • Гъыдэм и IэдакъэщIэкIхэмкIэ гъэдэхащ ар щылажьэ Тэрч къалэм тхыдэмкIэ и музейр. Апхуэдэщ «Нартхэр къызэрыунэхуар» сурэт щIэщыгъуэр. А лэжьыгъэр Валерэ, Хьэцым Мурадин, Хъуэст Анатолэ сымэ зэдащIащ. Налшык СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ и музейм ар щагъэлъэгъуащ нарт эпосыр илъэс минищ щрикъум ирихьэлIэу.
  • ТЕКIУЖЬ Заретэ.