ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Быщтэ Азэмэт и вагъуэ

2021-11-16

  • Адыгэ Республикэм, КъБР-м щIыхь зиIэ я артист Быщтокъуэ (Быщтэ) Азэмэт цIыхубэм фIыуэ ялъэгъуа уэрэджыIакIуэхэм ящыщщ.

  • Азэмэт Адыгейм къыщалъхуащ. ЩIыналъэм и къалащхьэ Мейкъуапэ дэт гимназиер ехъулIэныгъэкIэ къиухащ. ЗэрыцIыкIурэ къафэр, макъамэр зи псэм хэлъ щIалэм и уэрэд жыIэкIэр, утыку итыкIэр, зыми хэмыгъуащэ и макъ жьгъырур куэдым ягу ирохь, пшыхь зэмылIэужьыгъуэхэм Iэгуауэшхуэ щыхуаIэт. «Мейкъуапэ пшэплъхэр» ансамблым илъэс 15-кIэ хэта щIалэр пшынэ, бэрэбан еуэным хуэхамэкъым, уэрэд жыIэнми хуэIэзэщ.
  • — «Мейкъуапэ пшэплъхэр» ансамблым сыхэту япэу Налшык сыкъыщыкIуам гуапэу къытIущIащ «Нал цIыкIу» гупым и художественнэ унафэщI Куэшей Аликрэ сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ папщIэ къызэрагъэпэща «Нал цIыкIу» псапащIэ фондым и унафэщI Борсэ ХьэIишэтрэ. Абы лъандэрэ дызэроцIыху, дызэкIэлъокIуэ. Къафэм и мызакъуэу, Алик сабийхэр хабзэм, нэмысым, утыку ихьэкIэм, гуп хэтыкIэм хуегъасэ. Къэфэным гугъуехьу пыщIамрэ дэрэжэгъуэу къуитымрэ фIыуэ сыщыгъуазэщ. АбыкIэ фIыщIэ яхуэфащэщ икIи сахуэарэзыщ сыщысабийм къафэм сыхуэзыгъэса Къул Мухьэмэдрэ Ныныжь Айдэмыррэ. Уэрэд жыIэнымрэ къафэмрэ зыр зым къыгуэсхыркъым. КъэфакIуэ ныбжьыщIэхэм ехъулIэныгъэфIхэр яIэну, абыхэм я гъэсакIуэхэм узыншагъэрэ гуфIэгъуэрэ якуэдыну сахуохъуапсэ, — жеIэ Быщтэ Азэмэт.
  • Быщтэр Кавказ Ищхъэрэм и республикэхэми Урысейми щыцIэрыIуэщ. УэрэджыIакIуэм и Интернет сайтым ущрохьэлIэ Астрахань, Москва, нэгъуэщI щIыпIэхэм щыпсэухэр абы и концертхэм къыщIэупщIэу. Макъамэр фIыуэ зылъагъухэм я гур къэзыхьэхуфа, зэчиишхуэ зыбгъэдэлъ щIалэ лъагъугъуафIэр мыгувэу Урысей псом цIэрыIуэ зэрыщыхъунум шэч къытетхьэркъым.
  • Азэмэт игъэ защIэ уэрэдхэм («Си дахэ, уей», «Узмылъагъуу махуэр блокI», «Лъагъуныгъэ», «Си дахэкIей», «Си дахэ цIыкIу», «Потанцуй», «Нас судьба связала», «Лилии», «Сто причин», «Я не стану», «Скучаешь», «Горький чай», «Моё сердце», «Украду тебя», нэгъуэщIхэми) цIыхухэр щIыпэджэжым и щхьэусыгъуэр гурыIуэгъуэщ. Ахэр лъагъуныгъэм, насыпым, зыгъэгумэщI Iуэхухэм ятеухуащ, жыпIэнумэ, а уэрэдхэр цIыхухэм я псэм пэгъунэгъущ. ГуфIэгъуэ зэхыхьэхэр, пшыхьхэр, хьэгъуэлIыгъуэхэр ягъэдэхэн папщIэ Быщтэр зэпымыууэ ирагъэблагъэ. КъыжыIапхъэщ, Азэмэт утыку ихьамэ, уэрэд зыбжанэ жимыIауэ къызэрырамыгъэкIыжыр, щIалэм и макъ щымыIу зэхыхьэхэри зэшыгъуэ хъууэ къалъытэ. КъищынэмыщIауэ, Мэремыкъуэ Резуан, Лилу, НэщIэс Анжеликэ, Тхьэгъэлэдж Светланэ, Тхьэгъэлэдж Мурат, Лауритэ, нэгъуэщIхэм ящIыгъуу Азэмэт игъэзащIэ уэрэдхэри цIыхухэм япхъуэтащ. «9 волна» макъамэ телеканалымкIэ екIуэкI хит-парадым Быщтэ Азэмэт зэпымыууэ пашэ щохъу.
  • — Иджыпсту нэхъыбэу зиужь ситыр си псэм нэхъ пэгъунэгъу адыгэ уэрэдхэращ. Си уэрэдхэр щызэхуэхьэса дискыщIэр дунейм къызэрытехьэрэ куэд щIакъым. Концертхэр Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Осетие Ищхъэрэ — Алание республикэхэрщ нэхъыбэу щыстыр. Хабзэ хъуауэ, ИлъэсыщIэм ирихьэлIэу концертхэр стырт, иужьым коронавирусым къыхэкIыу къызэдгъэпэщыну къыдэмыхъулIэми. Дунейр тIэкIу нэхъ зэтеувэжмэ, а Iуэху дахэм иджыри пысщэну си мурадщ, — жеIэ Азэмэт.
  • И ныбжьыр илъэс 23-рэ фIэкIа мыхъуауэ «Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и артист» цIэ лъапIэр зыхуагъэфэщар закъуэтIакъуэщ. А ехъулIэныгъэр къыпэкIуащ и гур етауэ, и къаруи зэмани емыблэжу Азэмэт и лэжьыгъэм зэрыпэрытым. Ди гуапэщ и зэфIэкIым хигъахъуэ зэпыту ар иджыри куэдрэ утыку итыну, цIыхухэм я гукъыдэжым пэджэж уэрэдыщIэхэмкIэ дигъэгуфIэну.
  • ТЕКIУЖЬ Заретэ.