ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Дзэлыкъуэ щIыналъэм и тхыдэ-лъахэхутэ музей

2021-11-11

  • Куэд щIакъым Дзэлыкъуэ щIыналъэм тхыдэ — лъахэхутэ музей къызэрыщызэIуахрэ. Абы и хъыбар куэдрэ зэхыдох, Iуэхугъуэ дахэхэр къыщызэрагъэпэщ, цIыхухэм яфIэгъэщIэгъуэнщ, щIэупщIэ иIэщ. Дэри, музейм теухуауэ упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ абы и унафэщI Мэкъуауэ Хьэлимэт.

  • Хьэлимэт, къызэрыунэхурэ илъэс зыбжанэ нэхъ дэмыкIа музейр куэдым къацIыхуащ. И къежьэкIам, къызэрызэвгъэпэщам и гугъу уэзгъэщIынут.
  • — Музейр Дзэлыкъуэ щIыналъэм и администрацэм и унафэщI Джатэ Руслан и жэрдэмкIэ яухуащ. 2018 гъэм жэпуэгъуэм и 12-м къызэIутхащ ар. Тхыдэ къулей зиIэ, цIыху щэджащэхэр зи куэд Дзэлыкъуэ щIыналъэм и хъугъуэфIыгъуэхэр музей уимыIэу зэрыпхуэмыхъумэнур къилъытащ абы. Музейр къызэгъэпэщыным республикэ мылъкуи текIуэдакъым, езы щIыналъэм иIэ Iэмалхэр къигъэсэбэпыжри зэфIигъэуващ.
  • — Сыт хуэдэ Iуэхугъуэхэр влэжьрэ, сытхэр фи мурад?
  • — Дзэлыкъуэ щIыналъэм теухуауэ щыIэ архивыр, тхыдэ хъыбархэр, щIыпIэ телъыджэхэм теухуа тхыгъэ щхьэхуэхэр, сурэт гъэтIылъыгъэхэр, хьэпшып зэхуэмыдэхэр зэхуэхьэсыныр, хъумэныр, цIыхухэм егъэлъагъуныр — аращ музейм и мурадыр. Республикэм, щIыналъэм, дуней псом цIэрыIуа щыхъуа цIыхухэм я япэ лъэбакъуэр щачащ мы щIыналъэм. Хэт гъуазджэм хэлъхьэныгъэ хуищIащ, хэт литературэм хэлэжьыхьащ, хэт щIэныгъэм гъуэгу щыпхишащ, хэт Хэку зауэшхуэм лIыхъужьу хэтащ. Абыхэм я гъащIэр джыжынымрэ щIэблэм щапхъэу едгъэлъагъунымрэ гулъытэ щхьэхуэ худощI. ЩIэх-щIэхыурэ цIыху щэджащэхэм ятеухуа пшыхьхэмрэ зэIущIэхэмрэ къызыдогъэпэщ, Iуэхур зытедухуэхэм я благъэ-Iыхьлыхэр къыдогъэблагъэ. Ахэри гукъэкIыжхэмкIэ къыддогуашэ. Ди музейм щIэлъщ адыгэ хабзэм, тхыдэм, IуэрыIуатэм теухуа гъэтIылъыгъэ къулей. Ахэр, псалъэм папщIэ, егъэджакIуэхэми еджакIуэхэми я лэжьыгъэхэм къыщагъэсэбэп хъунущ. ЩIэныгъэ лэжьыгъэ ятхыу куэд къокIуалIэри, сэбэп дахуохъу. НэгъуэщI щIыналъэхэми къыщипсэлъыкI е къыщикI щыIэщ цIыхухэр. Мыбдеж щытхъумэхэм ящыщ гуэрхэр зырагъэлъагъу, къагъэщхьэпэ. Тхыдэм, лъахэхутэ щIэныгъэм, адыгэбзэмкIэ дерсхэм къыщыбгъэсэбэп хъуну литературэ ди фондым и куэдщ.
  • Музейм щыдогъэкIуэкI республикэмрэ къэралымрэ щагъэлъапIэ махуэшхуэхэм хухэтх пшыхьхэр, дыщыжыджэрщ зэпеуэхэм. Иджыблагъэ дыхэтащ «Шедевры Территории Победы» дунейпсо зэпеуэм икIи «Щэнхабзэ щIэин» Iыхьэм дыщытекIуащ.
  • — Музейм щыфхъумэ хьэпшыпхэм къахэвгъэщхьэхукIыу, къызэрымыкIуэу лъапIэныгъэ яIэу сытхэр яхэт?
  • — Нэхъ тIорысэху и лъапIагъыр нэхъ ин хъууэ си гугъэщ хьэпшыпым. Сыту жыпIэмэ, ар зэманыжьым къыпхыкIащ — блэкIам теухуа хъыбар гуэри Iэмал имыIэу дыщIыгъущ. Музейм щыдохъумэ Къармэхьэблэ деж къыщыщIатIыкIыжа хьэпшып тIорысэ дыдэхэр: мывэ уадащхьэр (мывэ лъэхъэнэм и зэманщ), илъэс миниплIрэ ныкъуэрэ зи ныбжьу хуагъэфащэ пасэрей кхъуэщыныжьхэр.
  • Илъэсищэрэ ныкъуэрэ и ныбжьщ сэ езгъэджа Гындыгъу Резуан къыдита фащэ Iэщхьэпылъым, и анэшхуэм и анэр унагъуэ щихьэнум щыгъуэ тхыпхъэкIэ хидыкIауэ щытар. Къармэхьэблэ щыщ Гувэжыкъуэ Анатолэ къытхуихьа быргуэ-быргуэри яфIэгъэщIэгъуэнщ цIыхухэм. Жьы дыдэ хъуа гуэншэрыкъыр, шыгун етур, псы къызэрахьу щыта гуэгуэныжьхэр, жыр пыIэхэр. Дэтхэнэ хьэпшыпми хъыбар иIэщ. Адыгэм и псэукIэу щытар, IуэхущIафэу зэрихьахэр, щIым зэрытелажьэу, гъавэ зэращIэу щыта Iэмалхэр, Iэщым зэрыкIэлъыплъу щытахэр — куэд къаIуатэ. Зауэ зэман лъандэрэ яхъума сэлэт письмо щимэ цIыкIухэри щIэлъщ мыбы.
  • — ЦIыхухэм уакъытеувыIэмэ-щэ…
  • — ЦIыхухэм сакъытеувыIэмэ, япэу сызытепсэлъыхьынур Хэку зауэшхуэр зи нэгу щIэкIахэрщ. Дзэлыкъуэкъуажэ зэрыпхъуакIуэхэм щаубыдам щыгъуэ, Бабыгуей Жан къуажэ советым фIэлъ нып плъыжьыр къыфIихри, и унэ пкIэунэм щигъэпщкIуащ. Къуажэр хуит къэхъужыху ихъума ныпыр нэмыцэхэм къагъуэтамэ, езыри и унагъуэри ягъэкIуэдынут. А шынагъуэм ебакъуа бзылъхугъэр лIыхъужьу къызолъытэ. Тэшло Мурадин! Ар илъэс  14 фIэкIа хъуртэкъым, зэрыпхъуакIуэхэм Малкэ къуажэр щаубыдам. Нэмыцэ офицерым Малкэ шэщым адыгэшу щIэтыр Германием яхуну унафэ ищIат. Мурадин щIалэ цIыкIуитI и гъусэу ди зы партизаным щэхуу зыбгъэдишэри къелъэIуащ: шэщыбжэр ямылъагъуу Iуахыу, шыхэр яутIыпщыну. Мурадин щIыгъу щIалэ цIыкIуитIым дзыхь ящIакъым — шынащ. Мурадиным шыхэр жэщым игъэкIуасэри, Куржым ихуащ. Мазитхум нэблагъэкIэ (нэмыцэхэр дахужыху) абы шыхэр щигъэхъуащ. ЩIалэм къигъэзэжа нэужь, шы спортым хыхьащ, спортсмен хъуащ.
  • Музейм къекIуалIэхэр къыщоувыIэри, куэдрэ зэпаплъыхь Махуэ Джэфар и сурэтхэмрэ абы теухуа дэфтэрхэмрэ зыфIэлъ плIанэпэр — 1920 гъэхэм лъандэрэ яхъумащ ахэр. КIэмыргуейхэ Хьэмидрэ Къэнэмэтрэ. ЩIалитIыр лэжьакIуэшхуэхэт. Хьэмид трактор бригадэм щыбригадирт, Къэнэмэт тракторист нэхъыфIхэм хабжэрт. 1935 гъэм Москва мэкъумэш IэнатIэм пэрытхэм я зэIущIэ щекIуэкIыу, ахэр ираджэри, Лениным и орденыр къратауэ щытащ. Мы хъыбарыр нэхъри гъэщIэгъуэн щIохъукI зы Iуэхугъуэм: зэкъуэшитIыр мафIэгукIэ Москва къикIыжырт орденыбгъэу. МафIэгум деж цIыхугъэ къащыхуэхъуащ сэлэт гуп — я орденхэр ялъагъуу къабгъэдыхьагъэнт. ЗэрыцIыхуа нэужь, сэлэтхэм КIэмыргуей зэшхэм къыжраIащ  дзэм къулыкъу щызыщIэ я къуэш ещанэми, езыхэм Ленин и дамыгъэр къыщыхуагъэфэща махуэм техуэу, лIыхъужьу дзэм къулыкъу зэрыщищIэм папщIэ дамыгъэ лъапIэ къызэрыратар. Дзэлыкъуэкъуажэ сабий сад №1-м и унафэщIу куэдрэ щыта, пенсэ ныбжьым нэса нэужьи абы гъэсакIуэу щылэжьа Наждафовэ Валентинэ и гугъу сщIынут. Жьы дыдэ хъууэ дунейм ехыжыху зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъ сынхэм якIэлъыплъащ ар — игъэкъабзэрт, зыхуей хуигъазэрт. Мис апхуэдэ лIыхъужьхэм я сурэтхэмрэ я дэфтэрхэмрэ дохъумэ.
  • — НэгъуэщI щIыналъэ къикIыу хьэщIэ къыфхуэкIуэмэ, сыт япэ дыдэу евгъэлъагъур?
  • — Дзэлыкъуэ щIыналъэм ди ныпыр, гербыр, гимныр зыфIэлъ блыным бгъэдыдошэ! Урысейм къикIа IэщIагъэлI, щIэныгъэлIхэр къыщыкIуаи къэхъуащ. Абыхэм нэхъ телъыджэ ящыхъури?! Апхуэдизуи мыин дыдэ ди щIыналъэм цIыху щэджащэ куэд зэриIэрщ.
  • — Музейм щIэлъхэр  цIыхухэм евгъэлъагъун папщIэ интернетым и Iэмалыр къызэрывгъэсэбэпым гу лъыттащ…
  • — Пэжщ, къыдогъэсэбэп. Музейр щыдгъэлъагъуэ напэкIуэцIхэр щыдиIэщ «Facebook», «Одноклассники», «Вконтакте»  интернет утыкухэм. Сурэт, дэфтэр, хьэпшып гъэщIэгъуэнхэр сурэткIэ къыдогъэлъагъуэ, ятеухуа хэзыгъэгъуазэ гуэрхэр, хъыбархэр щIыгъуу. ЦIыхухэр зыщIэупщIэнуIамэ, интернетым щыдиIэ напэкIуэцIхэм къытхуотхэ е къеблэгъэнуIамэ, пIалъэмкIэ дызэгуроIуэ. Музейм щытхъумэ псори интернет напэкIуэцIкIэ, дауи, къытхуэгъэлъэгъуэнукъым. Ауэ, ар IэмалыфIщ, псалъэм папщIэ, хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм япыщIа дыхъунымкIэ, ахэр зыщIэупщIэхэм дапэджэжынымкIэ.
  • Епсэлъар Гугъуэт  Заремэщ.