ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

«Псыхущхъуэ» — апхуэдэущ зэреджэу щытар

2021-11-11

  • Балъкъ и псыхъуащхьэхэм Iуащхьэмахуэ лъапэ къыщыщIэж псы хуабэхэм я гугъу щащIкIэ, зэгурыIуа фIэкIа умыщIэну, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэми цIыху къызэрыгуэкIхэми  я нэхъыбэм къагъэсэбэпыр къэрэшей-балъкъэрыбзэм къыхэкIа «Джилы-Су» псалъэрщ.

  • Абы къыхэкIыуи упщIэ къоув: «Ярэби, ди лъэпкъэгъухэр псынэ телъыджэхэм зэреджэу щытар дапхуэдэу пIэрэ?». АтIэми, тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, Iуащхьэжь уардэм и лъабжьэм зэкIэлъхьэужьу къыщыщIэж псы хущхъуэхэм къегъэщIылIа къущхьэхъу хъупIэхэр илъэс миным нэблагъэкIэ зи IэмыщIэ илъар къэбэрдеипщхэрщ, а пIалъэ кIыхьым къриубы-дэу а щIыпIэм нэхъ щызэхэзекIуари адыгэхэмрэ абыхэм благъагъэкIэ къабгъэдыхьэ, бзэкIэ япэгъунэгъу абазэхэмрэщ.
  • Куэд щIакъым си деж къызэрыпсалъэрэ Балъкъ псыхъуэ зыдэзыуфэбгъуа Къармэхьэблэ къуажэм къыщыхъуа, си ныбжьэгъу Бышэн Хьэбас. Къыхигъэщащ зэригуапэр щIыуэпсым дызэрытет-хыхьри, щIыпIэцIэхэм я къежьэкIэ хъуар зэхэдгъэкIыну яужь дызэритри.
  • — Зи гугъу тщIы псынащхьэхэм хуэгъэзауэ, сызэрыцIыкIурэ ди адэхэм жаIэу щытар «Псыхущхъуэ» псалъэрщ, — игу къегъэкIыж Бышэным. — Мыдрейуэ. Адыгэ лъэпкъым и тхыдэр, и къекIуэкIыкIар зыфIэтелъыджэ, Къулъкъужын къуажэ щыщ Щокъуий Хьэсэн Балъкъ и псыхъуащхьэхэм щыIэ псы пщтыр къыщIэжыпIэхэм я гугъу щищIкIэ, «Таучэшхэ я псынащхьэ» фIэщыгъэри къегъэсэбэп.
  • Хьэбас и гукъеуэр къыскIэрыхъыжьауэ сыздэщысым, «Иджыпсту сыт узытетхыхьыр, Аслъэн?» — жиIэри, си лэжьэгъу нэхъыжь Шал Мухьэмэд зыкъысхуигъэзащ.
  • — «Джилы-Су» цIэр зыкIэрыпщIа псы хуабэхэм адыгэбзэкIэ зэреджэу щытар къэлъыхъуэным, — естыжащ абы жэуап.
  • — Псыхущхъуэхэра зи гугъу пщIыр? — щIэупщIащ Мухьэмэд.
  • — Iэу, уэри а псалъэр къыбогъэсэбэпри? — згъэщIэгъуащ сэри.
  • — Къущхьэхъу лъэныкъуэмкIэ Iуащхьэмахуэ лъапэ къыщыщIэж псы пщтырхэм, зэрысщIэжрэ, ди Iэщыхъуэхэр зэреджэу щытар апхуэдэущ, — тригъэчыныхьащ Шалми.
  • ЖыпIэнур арамэ, мы тхыгъэр зытхыр, курыт еджапIэр къызэрызухрэ, адыгэ щIыпIэцIэхэм я къежьэкIэ хъуам сыдехьэх, а щIэныгъэм зезыгъэужь цIыхухэм я IэдакъэщIэкIхэми щIэх-щIэхыурэ щыгъуазэ захузощI. Арати, «дызытепсэлъыхьым теухуауэ зыгуэр къизмыгъуэтэну пIэрэ?» — жыхуэсIэу, щIэныгъэлI КIуэкIуэ Джэмалдин 1974 гъэм къыдигъэкIа «Адыгская (Черкесская) топонимия» и тхылъыр къызэгуэсхащ. Абы и 250-нэ напэкIуэцIым згъэщIагъуэу сыкъыщоджэ мыпхуэдэ псалъэхэм: «Псыхущхъуэ (Псыхушхо) — «вода целебная» — у истоков Малки (Горячий ключ)». Зи гугъу ищIар, дауи, къызэрывгурыIуащи, Iуащхьэмахуэ лъапэ и дыгъэмыхъуэ лъэныкъуэмкIэ къыщыщIэж псы хущхъуэхэращ.
  • Ауэ щыхъукIи, зэманыр кIуэтэху нэхъри цIэрыIуэ хъу псынащхьэхэм адыгэхэр зэреджэу щыта псори дэ иджыпсту къытхуэугъуеижынкъым. Арами, мызыгъуэгукIэ дэ нэхъ тегъэщIапIэ тщIыну тфIэигъуэр КIуэкIуэ Джэмалдин къихьа «Псыхущхъуэ» фIэщыгъэрщ. АтIэми, къызолъытэ адыгэхэр а щIыпIэм зэреджэу щыта «Псыхущхъуэ» псалъэр «Джилы-Су»-м нэхърэ мынэхъыкIэу. АбыкIэ, псалъэм папщIэ, щыхьэткъэ, мы щIыпIэцIэм хуэдэхэр кIахэ адыгэхэм, убыххэм, абазэхэм я Хэкужьу щыт КъухьэпIэ Кавказым ноби хъума зэрыщыхъуар?! Апхуэдэуи, жытIам и щапхъэу къыдолъытэ Псыбей, ТIуапсы, Псыдыдж, Псыбэпс, Псыбэ, Псыкъуэ, Псышхуэ, Псынэдахэ, Псэм и Iуащхьэ фIэщыгъэхэр, нэгъуэщIхэри.
  • ИтIани, ди гуапэ зэрыхъунщи, щIыпIэцIэхэр щаIэщIэхуж, щызэрахъуэкIыж мы зэманми, щIыналъэм ижькIэрэ щыпсэуа лъэпкъхэм къагъэсэбэпу щыта фIэщыгъэхэри дунейм къыщытрагъэхьэж щыIэщ. АбыкIи щапхъэхэр гъунэжщ…
  •  ХЬЭТЫКЪУЭ  ЩауапцIэ.