Джонсон Рэйчел и адыгэ къежьапIэр къелъыхъуэж
2021-11-11
- Куэдым ящIэ Инджылызым и премьер-министр Джонсон Борис урыс-кавказ зауэм иужькIэ Тыркум гъэру къыщыхута адыгэ пщащэм къызэрытехъукIар. И лъэпкъым и къуэпсыр къилъыхъуэжу, ар Тыркум зэрыщыIам и хъыбари «Адыгэ псалъэм» къытеддзауэ щытащ. Борис и шыпхъу Рэйчел унагъуэм и тхыдэр иджыри зы лъэбакъуэкIэ ипэкIэ игъэкIуэтащ. ЦIыхубз гумызагъэр Тыркум кIуэщ, и адэшхуэхэмкIэ и благъэхэм яхуэзэри, пщылIыпIэм къраша и анэшхуэм щегъэжьауэ езым деж нэсу, лъэпкъым и къудамэр зэфIигъэувэжащ. Уеблэмэ адыгэу щыта я анэшхуэм и сурэт къигъуэтыжащ. Зи гугъу тщIы хъыбарыр жэпуэгъуэм и 31-м къытрадзащ Инджылызым къыщыдэкI «Times», «Daily mail» газетхэм.
- Къэралым и хэхыныгъэхэр щекIуэкIым щыгъуэ, Борис и хьэрхуэрэгъу Ливингстон Кен: «Уэ уи адэшхуэм цIыху игъэпщылIу щытащ», — жиIэри, къещауэ щытащ. Абы и щхьэусыгъуэр нобэ зи гугъу тщIыну Фаридэ Хьэнифэ и лIым тырку бэзэрым къыщищэхуауэ зэры-щытарт. Армырами ехьэкI-нехьэкI зимыIэ щIалэ жьэнахуэм и псалъэр пщIэ зыхуэфащэ жэуапщ: «Ди адэшхуэр гъэпщылIакIуэтэкъым, атIэ пщылIыпIэм ит цIыхубзыр щхьэгъусэу къишэу, хуит зыщIыжа цIыхущ».
- Дауэ ящIами, езыхэр ягъэлъэхъшэн папщIэ къагъэсэбэп хъыбарым зэдэлъхузэшыпхъум щIэгушхуэн щхьэусыгъуэ къыхащIыкIыфащ.
- «XIX лIэщIыгъуэм Урысейм Кавказыр иубыда нэужь, мелуан 1,5-м нэс адыгэхэр Тыркум щхьэхуимыту Iэпхъуауэ щытащ. Абыхэм язт ди анэшхуэри, — етх Рэйчел. — Абы теухуауэ зэхэсха хъыбархэм къызэрыхэщымкIэ, хъыджэбз цIыкIур илъэс 13 е 15 ныбжьым итащ. Илъэс 43-рэ ирикъуа Хьэмди Ахьмэд ар езыщар езым и адэрщ».
- Адыгэ хъыджэбзхэр «пщылI хужьхэр» щащэ бэзэрым игъащIэми уасафIэу щащэу зэрыщытар Рэйчели ещIэ. Зэрыдахэм и фIыгъэкIэ, абыхэм сытым щыгъуэми унагъуэм ихьэну Iэмал ягъуэтырт. И псалъэхэм и щыхьэту Рэйчел къехь «Лондон Пост» газетым 1856 гъэм къытрадзауэ щыта тхыгъэм и пычыгъуэ: «ИгъащIэм иджы хуэдэу адыгэ пщащэхэр пудакъым. Лири 100-кIэ мынэхъ мащIэкIэ ящэу щымытахэр иджы лири 5-кIэ уогъуэт».
- «Зи цIэ къудей пэжу дымыщIэ си анэшхуэм къыщыщIами дызэреплъыр езым и Iуэхур нэхъ тынш зыщIа къэхъукъащIэущ, — зрегъэубгъу Рэйчел и гупсысэм. — Аращ абы и тхыдэм си гъын къыщIимыгъакIуэр. Езыр бэзэрым пщылIу къытрашами, къэралым и лIыщхьэ хъуа щIалэ къытехъукIащ».
- Джонсон Рэйчел и къуэхутэныгъэхэм занщIэу пэджэжащ Тыркум къыщыдэкI «Индепендент» газетым и журналист Эрдем Али Кемал. Абы псалъэмакъым къыхишащ «Сэ си цIэр 1864 гъэщ» тхылъыр зи IэдакъэщIэкI тхакIуэ, зи магистр диссертацэр Рэйчел зи гугъу ищI «пщылI хужьхэм» я Iуэху зыIутам тезыухуа Аксой Эльбрус.
- «Рэйчелрэ Борисрэ я анэшхуэр мыадыгэнкIи хъунущ, — жеIэ Аксой. — Сыту жыпIэмэ, а зэманым цIыху зыщэхэм я хьэпшыпыр нэхъ уасэшхуэ иIэу икIын щхьэкIэ, «адыгэ пщащэ» зыфIащыр нэхъыбэт».
- Аксой Эльбрус укъуэдияуэ топсэлъыхь адыгэхэм я тхыдэм, ахэр Тыркум къызэрыщыхутами къыщIыщыхутами. ГуIэфIтещIэжу, сурэтыщI цIэрыIуэ Да Винчи Леонардо, Джонсонхэ ещхьу, и анэр пщылIыпIэ къикIа адыгэ пщащэу зэрыщытари жеIэ. Зэгуэр «пщылI хужьу» щыта я адэшхуэ-анэшхуэхэм къатехъукIауэ ди зэманым Тыркумрэ Мысырымрэ мелуанитIым нэс ису зэрыхуагъэфащэри къыхегъэщ.
- Дигу къинэжауэ иджыри зы гъэщIэгъуэн. ЗэрыбыниплI хъууэ къэхъуа Джонсонхэ, я тырку-адыгэ адэшхуэ Кемал Али ещхьу, псори журналист, политик IэщIагъэм епхащ. Рэйчел зэрыжиIэжымкIэ, нэхъыщIэхэм «дыгъэджэгу» жаIэурэ, хагъэзыхьыху, сабийхэм я нэхъыжь Борис: «ИIэ, деджэу доджэгу», — яжриIэрти, тхылъ IэщIэлъу яхэтIысхьэрт.
- Чэрим Марианнэ.