ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Усен Олег Мусэ и къуэр

2021-09-04

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щэнхабзэмрэ журналистикэмрэ хэщIыныгъэшхуэ ягъуэтащ. И ныбжьыр илъэс 69-м иту дунейм ехыжащ театрымрэ киномрэ я артист, журналист, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Усен Олег Мусэ и къуэр.

  • Усеныр 1953 гъэм къыщалъхуащ Тэрч районым хыхьэ Акъбащ Ипщэ къуажэм. КъБКъУ-р, абы иужькIэ Мэзкуу дэт Театр гъуазджэмкIэ институтыр (ГИТИС) къэзыуха артист щIалэр илъэс 35-кIэ итащ Горький Максим и цIэр зезыхьэ Урыс драмэ театрым и утыкум. Езыр щыпсэу республикэр ефIэкIуэн папщIэ и къару емыблэжа цIыхум и гъащIэ гъуэгущ Усен Олег къызэринэкIар.
  • ЩIалэм и гуащIэр хилъхьащ журналист IэщIагъэми. Усеныр щылэжьащ «Северный Кавказ», «Газета Юга» газетхэм. Республикэм и цIыхубэ гъащIэмрэ абы и политикэ зэхэтыкIэмрэ гунэсу тетхыхь журналистым и тхыгъэхэр газетеджэхэм и езым и лэжьэгъухэми ягу ирихьу, къалъыхъуэу, дихьэхыу апхуэдэт.
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэм зэи ящыгъупщэнукъым зэчиифIэу, хьэл-щэн дахэ къигъэлъагъуэу дунейм тета Усен Олег Мусэ и къуэр.