ЕфIэкIуэныгъэм и нэщэнэу
2021-09-04
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек зи пашэ гупыр фокIадэм и 1-м щыIащ республикэм промышленностымрэ мэкъумэш хозяйствэмкIэ и предприятэхэм ящыщу зыбжанэм, гъуэгуухуэхэм я лэжьыгъэр языныкъуэ щIыпIэхэм зэрыщекIуэкIми щыгъуазэ зыхуащIащ.
- КъБР-м и Iэтащхьэм мы иджырей и зекIуэм дэщIыгъуащ республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Говоров Сергей, мэкъумэш хозяйствэмкIэ, транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ министрхэу Сыжажэ Хьэсэнрэ ДыщэкI Аслъэнрэ, щIыпIэ администрацэхэм я тхьэмадэхэр.
- Гупыр япэщIыкIэ Старэ Шэрэдж къуажэм кIуэри, «Агро Плюс» ООО IуэхущIапIэм и хадэхэкIыр къыщрахьэлIэж губгъуэм щыIащ. Предприятэм и IэмыщIэ илъ щIы Iыхьэхэм мы зэманым щIэгъэхуэбжьауэ къыщрахьэлIэж бэву къащыхуэхъуа помидорыр, нащэр, шыбжийр, къуэнтхъурейр (нащэгъэфIэIу). Щылажьэхэм къызэрыхагъэщамкIэ, «Агро Плюс» IуэхущIапIэм и продукцэр ди къэралым и щIыналъэ куэдым Iэрагъэхьэ.
- Къыхэгъэщыпхъэщ, зи гугъу тщIы зэгухьэныгъэр щIым къытраха хадэхэкIыр, иужькIэ щэхуакIуэхэм я деж зэрынагъэсыфыным теухуауэ, консерв щытыкIэм изыгъэувэжыф предприятэ нэхъ лъэрызехьэхэм зэращыщри. IуэхущIапIэм мы зэманым цIыхуи 180-рэ щолажьэ.
- Дызэрыщыгъуазэщи, «Ленинцы» зи фIэщыгъэ мэкъумэш хозяйствэм и хэщIапIэр Май щIыналъэм хыхьэ Ново-Ивановскэ къуажэм щыIэщ. Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек дзей зэдэлэжьэкIэм тет а IуэхущIапIэм и гъавэ щIапIэхэри къиплъыхьащ. Мы махуэхэм хуэзэу, хозяйствэм хьэцэпэцэр щызэщIакъуэжащ, хьэдзэ зыщI нартыхум и къехьэлIэжынми щыщIадзащ.
- Зи гугъу тщIы предприятэм дызэрыт лъэхъэнэм цIыху 313-рэ щолажьэри, и губгъуэхэм нэхъыбэу къыщагъэкIыр гуэдз, хьэ, зэнтхъ, джэшцIыкIу (горох), дыгъэгъазэ (сэхуран), соя лъэпкъыгъуэхэрщ, апхуэдэ дыдэуи, силосым хуахах нартыхур, удз лIэужьыгъуэхэм ящыщу илъэс фIэкIа зи мыпIалъэхэри, илъэс бжыгъэкIэ къыщызэщIэувэхэри ехъулIэныгъэ яIэу щыIуахыж. ДызыщыгуфIыкI хъуну къыхэгъэщыпхъэр аращи, IуэхущIапIэм мы лъэхъэнэм цIыху 313-рэ Iутщ. Ар, дауи, мащIэкъым зы къуажэм дежкIэ.
- КIуэкIуэ Казбек зи пашэ гупым а махуэм щыгъуазэ зыхуащIащ Герменчик дэт «ЭРПАК» ЗАО IуэхущIапIэм и лэжьэкIэр зыхуэдэми. ЩыIахэм къызэрыхагъэщамкIэ, зи гугъу тщIы предприятэм къыщIигъэкI продукцэр арэзы укъэзыщIщ. Псом хуэмыдэжу, промышленностымрэ хьэрычэт Iуэхумрэ къыщагъэсэбэп, и уасэкIи, хьэлъагъыу къишэчымкIи, экологие и лъэныкъуэкIэ шынагъуэншэу къызэрыщIэкIымкIи зихуэдэ щымыIэу зыщэхухэм къалъытэ гофрокартотнымрэ ар зэрызэпкъралъхьэ, зэрызэхагъэувэ тхылъымпIэ упIэщIамрэ ди къэралым и щIыпIэ куэдым щIэупщIэшхуэ щаIэщ. Щапхъэ щIыкIэу къэдгъэлъэгъуэнщи, мазэ зэхуакум къриубыдэу, зи гугъу тщIы продукцэм хуэдэу мыбдежым къыщыщIагъэкI, псори зэхэту, тонн мини 4-м щIигъу къэзышэчын. Абы щыгъуэми IуэхущIапIэм Iутыр цIыху 300-м нэблагъэ къудейщ. А псом къыдэкIуэуи, картоным хэлэжьыхьыж предприятэхэм ящыщу хужь зытегъэлъэда тхылъымпIэ зыгъэхьэзыру Урысей Федерацэм и ипщэ лъэныкъуэмкIэ щыIэр «ЭРПАК» ЗАО зэгухьэныгъэм и закъуэщ.
- КъБР-м и Iэтащхьэм а махуэ дыдэм къиплъыхьащ «ВоенТекстильПром» ООО-м ди республикэм щиIэ «Авангард» дэрбзэр IуэхущIапIэм и хэщIапIэ нэхъыщхьэу Налшык къалэ къыщызэIуахари. И гуэдзэн фабрикэхэу Бахъсэн къалэрэ Дзэлыкъуэкъуажэрэ дэтхэри яхэту, мы IуэхущIапIэм, псори зэхэту, цIыху 600-м нэблагъэ щолажьэ. Къэплъытэ зэрыхъунумкIи, зэгухьэныгъэр ящыщщ инвестицэ зыхалъхьа проект нэхъ ин дыдэу ди республикэм къыщыунэхуахэм.
- Махуэ лъапIэм теухуауэ ирагъэкIуэкIа зекIуэм къриубыдэу, КIуэкIуэ Казбек зи пашэ гупым хэтхэм къаплъыхьащ Старэ Шэрэдж — Жэмтхьэлэ — Сукан-Суу автомобиль гъуэгум и зы Iыхьэу километрих зи кIыхьагъри. КъулыкъущIэхэм къызэралъытамкIэ, абы и зэгъэзэкIуэжыным пыщIа лэжьыгъэ псори къызэгъэпэщакIуэхэм и чэзум зэфIагъэкIащ. Къэдгъэлъагъуэмэ, иджырей мардэхэм къитIасэу асфальт-бетон «тепIэныщIэр» тралъхьащ, машинэ зекIуапIэм и Iуфэхэр ягъэбыдащ, гъуэгугъэлъагъуэ нагъыщэхэр здэщытыпхъэхэм щагъэуващ, лъэс зэпрыкIыпIэхэр щагъэнэIуащ. Мы щIыпIэр зыхуей хуэзыгъазэ гъуэгуухуэхэм къызэрыхагъэщамкIэ, 2022 гъэм къриубыдэу абыхэм я мурадщ ищхьэкIэ зи гугъу тщIа гъуэгум щыщу, Жэмтхьэлэ, Зэрэгъыж къуажэхэр зэпызыщIэ и Iыхьэр зэрыщытыпхъэу зэрагъэпэщыжыну, уеблэмэ, и гъунэхэм къэзыгъэнэху уэздыгъэхэр зыпылъыну пкъохэр щагъэувыну.
- КъБР-м и Iэтащхьэм гъуэгуухуэхэм фIыщIэ яхуищIащ, дунейм и щытыкIэм, зэрыпэмыплъауэ, щIэх-щIэхыурэ зэрызихъуэжыр зэран зыхуамыгъэхъуу, я лэжьыгъэр пIалъэу зыхуагъэувыжам къитIасэу зэрызэфIагъэкIамкIэ. КIуэкIуэ Казбек а псом къыдэкIуэуи къыхигъэщащ республикэм и автомобиль зекIуапIэхэр адэкIи егъэфIэкIуэным ехьэлIа лэжьыгъэм, УФ-м и Правительствэр я щIэгъэкъуэну, зэрыпащэнур. Iуэхум нэхъри зиубгъунущ «ФIагъ лъагэ зиIэ шынагъуэншэ гъуэгухэр» лъэпкъ проектым ипкъ иту.
- КЪУМАХУЭ Аслъэн.