ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Багъ Марьям: Адыгэ щIэблэр лъэпкъыпсэу къэтэджын папщIэ

2021-09-04

  • Адыгэбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэу илъэс куэдкIэ лэжьа, журналистикэми зи зэфIэкI щеплъыжа Багъ Марьям зыхуэдгъэзащ щIэблэр лъэпкъыпсэу, я бзэм пщIэ хуащIу, фIыуэ ялъагъуу къэтэджыным теухуа и Iуэху бгъэдыхьэкIэхэмрэ иужьрей илъэситIым къыдигъэкIа тхылъхэмрэ тедгъэпсэлъыхьыну.

  • — Марьям, илъэс зыбжанэкIэ курыт еджапIэм анэдэлъхубзэр щебгъэджащ. Адыгэ сабийр лъэпкъыпсэу къэтэджын папщIэ лэжьыпхъэхэм, ныбжьыщIэхэм къызыхэкIар, я бзэр Iумпэм ямыщIу, лъэпкъым зэрыхуэщхьэпэным я гупсысэр хуэгъэзауэ къэгъэхъуным теухуауэ къэбгъэсэбэпа уи Iэмалхэм я гугъу къытхуэщIыт.
  • — Курыт еджапIэм сызэрыщыIа лъэхъэнэм къриубыдэу си псэм нэхъыфIу къилъытэ Iэмалу хъуар къэзгъэсэбэпащ. Нэхъ щхьэпэ хъуауэ къэслъытахэм сыкъытеувыIэнщ. Егъэджэныгъэм къыдэкIуэу гъэсэныгъэ дерсхэри сыт щыгъуи къызэзгъэпэщащ. Адыгэ хабзэм ехьэлIауэ нэхъ гу зылъытапхъэу къэслъытэхэр театр теплъэгъуэу, зэпеуэу, джэгукIэ зэмылIэужьыгъуэ защIэу къызэзгъэпэщащ. Апхуэдэщ адыгэ хабзэм щыщ Iыхьэхэр — адыгэ нысашэ, гущэхэпхэ, кхъуей- плъыжькIэрыщIэ, адыгэ шхыныгъуэхэм, хъуэхъухэм, таурыхъхэм нэхъ удихьэхыу къеджэхэм, екIуу къафэхэм, псалъэзэблэдзхэм я зэпеуэхэр, адыгэм хьэкум зэрырагъэкIуэкIыу щытар, утыку итыкIэр, акъыл жаныр, Iущагъыр къыщагъэнаIуэ зэхыхьэхэр, нэгъуэщIхэри. АдыгэбзэмкIэ дерсхэм псалъэухауэ щызэпкърытххэм я нэхъыбэр адыгэ хабзэм къыхэсхырт. Япэрауэ, хабзэр зэдгъащIэрт, и мыхьэнэм дытепсэлъыхьырт, иужькIэ псалъэхэм я зэхэлъыкIэм, псалъэухам я зэпкърыхыкIэм дыкъытеувыIэрт.
  • Нэхъ цIыкIухэм къахузэзгъэпэщ адыгэбзэ дерсхэм я иужьрей дакъикъипщIыр Iэмал имыIэу къафэкIэ зэхуэсщIыжырт. Мо езэша цIыкIухэм я Iэпкълъэпкъым абы зригъэгъэпсэхурт икIи я гукъыдэжыр къиIэтырт. Езыхэми яфIэфI дыдэт. ЩIалэ цIыкIухэми пщащэ цIыкIухэми я увыкIэр, Iэгу еуэкIэр, утыкум зэрихьапхъэр, зэблэкIыкIэр – псори дахэу езгъэлъагъурт, нэхъ балигъ хъуа нэужьи утыкум екIуу ихьэфын хуэдэу.
  • Я цIэ-унэцIэр, зыщыщыр, къызыхэкIа лъэпкъыр, я адэ-анэр, адэшхуэ-анэшхуэхэр, къыдалъхуахэр, щыпсэу жылэр, зытес уэрамыр, зыщIэс унэр – Iэмал имыIэу адыгэбзэкIэ ящIэу езгъасэрт. УеупщIамэ, псори къэмыувыIэу къыбжиIэрт дэтхэнэ сабийми.
  • Гъэм и дэтхэнэ лъэхъэнэми — щIымахуэми, бжьыхьэми, гъатхэми, гъэмахуэми губгъуэм, тафэхэм, бгыхэм, псыхъуэхэм, джабэхэм, мэзхэм сшэрт. ЗыплъыхьакIуэ, мэракIуэщыпэ, бдзэжьеящэ, Iэжьэ къежэх – псори гукъинэжу едгъэкIуэкIащ. НыбжьыщIэм и къэухьым абы хуэдэу зезыгъэужь куэд щыIэкъым. Зригъэужьым и мызакъуэу, и лъахэр, и щIыналъэр, и Хэкур фIыуэ ирегъэлъагъу. Абы щалъэгъуа псор, я нэгу щIэкIар, къазэрыщыхъуар дыкъекIуэлIэжа нэужь дапщэщи езгъэтхыжырт. ДыздэщыIа щIыпIэхэм ехьэлIауэ тхыдэм къыхэщыжхэми дытепсэлъыхьыжырт. Губгъуэм уиту, мэзым ущIэту, псы Iуфэм уIусу, цIыху гуп бгъэхьэщIэн хуей хъумэ, нэхъыжь-нэхъыщIэкIэ зэрыбгъэтIысыну щIыкIэхэр, Iэнэр зэрекIуэкIыпхъэр — ахэри зэдгъащIэрт. ЩIыпIэм узыщрихьэлIэ псэущхьэхэм, къэкIыгъэхэм, абыхэм я цIэхэр къызытекIар – къапщтэмэ, куэд гъэщIэгъуэну зэпкърытхырт. Жьы къабзэм хэту ебгъащIэхэр: хабзэр, тхыдэр, георгафиер, биологиер, щIыуэпсыр зэи ящымыгъупщэу цIыкIухэм ягу ираубыдэ.
  • НэхъыжьыфIхэр къезгъэблагъэурэ еджакIуэхэм зэIущIэхэр къахузэзгъэпэщащ. Ахэр цIыкIухэм сытым хуэдэу тхъэгъуэ ящыхъурэт! «ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ» жыхуиIэ псалъэжьым дытету, «Уи лъэпкъым и тхыдэр пщIэну къыптохуэ» лэжьыгъэшхуэри къыдэхъулIэу едгъэкIуэкIащ. Езы сабийхэр абы иригуфIэу сытым хуэдиз къыщатIэщIыжат дэфтэр хъумапIэхэм.
  • УрысыбзэкIэ ди лъэпкъым теухуауэ ятхауэ щыIэхэр адыгэбзэкIэ зэддзэкIыжу, абыхэм дерсхэм дыкъыщеджэжу, дыщытепсэлъыхьыжу лэжьыгъэфIхэр къыдэхъулIащ. Абыи бзэхэм хуэIэрыхуэу ирегъасэ, анэдэлъхубзэри лъэпкъ тхыдэри фIыуэ зрагъэщIэным хуэщIауэ…
  • Грамматикэ лэжьыгъэ едгъэкIуэкIрэ, адыгэ тхакIуэхэм я гъащIэмрэ я тхыгъэхэмрэ дытепсэлъыхь къудей мыхъуу, лъэпкъым епха дэтхэнэ зы лъэбакъуэми щыдгъэгъуазэу, адыгэ хабзэр, бзэр, щIыуэпсыр зэкIэрымыхуу едгъэцIыхуу, едгъащIэу дахэтмэ, ди щIэблэр лъэщу гъэса хъунущ. Нобэрей ди щIэблэр Iущ цIыкIухэщ, акъылыфIэхэщ – узэхахынущ. Ауэ, лъэпкъым и цIыху дыхуеймэ, гъэсэныгъэ ядезыгъэкIуэкIын къэтлъыхъуэмэ, ныбжьыщIэхэм яхэбгъэхьэ хъунури егъэджакIуэ адыгэпсэхэрщ.
  • — Адыгэ IуэрыIуатэм щыщ хъыбарыжьхэр щызэхуэхьэса тхылъхэр къызэрыдэвгъэкIар гуапэщ. Апхуэдэхэм икъукIэ дыхуэныкъуэщ.
  • — IуэрыIуатэр зыфIэгъэщIэгъуэну класс нэхъыжьхэм щIэс си ныбжьыщIэхэм я гъусэу къуажэм дэс нэхъыжьхэм я деж дыкIуэурэ купщIэшхуэ зиIэ хъыбарыжьхэр илъэсищым къриубыдэу зэхуэтхьэсыжащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и къэрал институтым адыгэ IуэрыIуатэмкIэ и секторым и щIэныгъэлI нэхъыжь, филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор Гъут Iэдэм и деж тхьыри, ар си рецензенту схухэлэжьыхьыжри, 2001 гъэм япэу «Щхьэлыкъуэдэсхэм я IуэрыIуатэр» къыдэзгъэкIащ. Сыхэлэжьыхьыжри, ар 2019 гъэм етIуанэу дунейм къытезгъэхьэжащ.
  • КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ, щIэныгъэлI цIэрыIуэ, си егъэджакIуэу щыта Нало Ахьмэдхъан и ныбжьыр илъэс 80 щрикъум ирихьэлIэу, курыт еджапIэми «Адыгэ псалъэ» газетми зэуэ сыщылажьэу, интервью къеIысхыну пщэрылъ къысщащIащ. Абы щыгъуэ сытегушхуэри, «Щхьэлыкъуэдэсхэм я IуэрыIуатэ» си тхылъыр Нало Ахьмэдхъан естащ, ар къызэрыщыхъуар иужькIэ жезгъэIэжыну. Зы тхьэмахуэ дэкIри, Ахьмэдхъан редакцэм къэкIуат зы хъуржынышхуэ из IуэрыIуатэ къысхуихьри, и нэIэм щIэт студентхэм зэхуахьэсыжауэ щыта IуэрыIуатэр зэзгъэзэхуэжу къыдэзгъэкIыжыну къалэн къысщищIри. Абы щыгъуэ Ахьмэдхъан чэнджэщ къызитат: «Уэ утхэфынущи тхэ, газетым уигъэгъущынущ. Абы зэман щумыгъакIуэ!». ЗэрыжиIам хуэдэу, студентхэм зэхуахьэсыжа IуэрыIуатэр зэзгъэзэхуэжри, 2019 гъэм къыдэзгъэкIащ «Нало Ахьмэдхъан и еджакIуэхэм зэхуахьэсыжа IуэрыIуатэ» тхылъыр.
  • Абы къыкIэлъыкIуащ хэкурысхэм, кIахэм щыпсэухэм, хамэ къэралхэм щыхэхэс ди лъэпкъэгъухэм къаIуэтэжа пасэрей адыгэ хъуэхъухэр щызэхуэсхьэсыжа «Пасэрейм пэджэж нобэрей хъуэхъухэр» тхылъыр, ди республикэм къищынэмыщIауэ, «Жьэгужь мафIэ» фIэщыгъэр иIэу кIахэми диаспорэми къыщыдэзгъэкIар. Абы хэзгъэхьащ гуфIэгъуэ дауэдапщэ зэмылIэужьыгъуэхэм ехьэлIа хъуэхъу 200-м нэблагъэ. Лэжьыгъэм и кIэм къыщызгъэлъэгъуащ нобэ къэдмыгъэсэбэпыж пасэрей псалъэхэм я псалъэгъэнахуэр. Ари егъэджакIуэхэмрэ еджакIуэхэмрэ яхуэщхьэпэну къызолъытэ.
  • Ди щIыпIэцIэхэр (къуажэхэм, псыежэххэм я цIэхэр) щызэхуэхьэса лэжьыгъэ адыгэбзэрэ урысыбзэкIэ, щхьэхуэу адыгэбзэкIэ къыдэзгъэкIащ «Шыхулъагъуэ», «Гъуэгугъэлъагъуэ» топонимие тхылъ цIыкIухэр. КъыдэкIыгъуэхэм къыщызгъэлъэгъуащ ди щIыналъэм щыIэ жылэхэм, къалэхэм, бгыхэм, джабэхэм, къуэхэм, псыхъуэхэм пасэм зэреджэу щытахэр. КъуажэцIэхэр къызэрыщIидзэ хьэрфхэм щIызгъужащ зы псэущхьэрэ зы къэкIыгъэрэ я цIэхэр. А лэжьыгъэхэм фIэщыгъэ 500-м нэблагъэ къызэщIаубыдэ. Псом хуэмыдэу гулъытэ хуэсщIащ адыгэхэр пасэм щыпсэуа щIыпIэцIэхэм.
  • — Марьям, сабий IыгъыпIэхэм щыIэ цIыкIухэм къыщыщIэдзауэ курыт еджапIэм и еплIанэ классым щеджэхэм яхуэгъэзауэ иджыблагъэ дунейм къытехьа уи лэжьыгъэхэм укъытхутепсэлъыхьамэ ди гуапэт.
  • — Иджыблагъэ къыдэкIа «Ныбжьэгъу цIыкIу» тхылъым ихуа псалъэхэр бзищкIэ – адыгэбзэкIэ, урысыбзэкIэ, инджылызыбзэкIэ – къэдгъэлъэгъуащ. Абы хэдгъэхьа псалъэхэмрэ абыхэм я сурэтхэмрэ зытеухуа елъытауэ зэщхьэщыхащ. Апхуэдэщ щхьэхуэу псэущхьэхэм, къуалэбзухэм, гъудэбадзэхэм, псым хэсхэм, пхъэщхьэмыщхьэхэм, хадэхэкIхэм, мывэ лъапIэхэм, щIыуэпсым, нэгъуэщIхэм ятеухуахэр. КъыжыIапхъэщ, зытеухуа темэ и лъэныкъуэкIэ абы пкъыгъуэ 45-рэ зэрихуар. КъызэщIэпкъуэжмэ, тхылъым псалъэу зы минрэ щэ ныкъуэм щIигъу бзищымкIи къызэщIеубыдэ.
  • Адыгэбзэр гъэлэжьэным, нэхъыбэрэ къэгъэсэбэпыным хуэфащэ гулъытэ хуэтщIмэ, абы къытхуимыгъэтIэсэн, анэдэлъхубзэкIэ тхужымыIэн псалъэ щыIэкъым. Лэжьыгъэм щIэдзапIэ хуэхъуар хамэ къэрал щыпсэу си пхъурылъху цIыкIум адыгэбзэр Iурылъу къэгъэхъунырщ. Сабий IыгъыпIэхэмрэ курыт еджапIэхэм я пэщIэдзэ классхэмрэ гъэр икIыху ирилэжьэфыным тесщIыхьащ ар. Тхылъым и бжыгъэр зэрымащIэм къыхэкIыу иджыри псоми яIэрыхьакъым. КъызэхъулIэмэ, республикэм и школ библиотекэхэмрэ сабий гъэсапIэхэмрэ къыдэкIыгъуэмкIэ къызэзгъэпэщыну си хъуэпсапIэщ.
  • Апхуэдэу иджыри дгъэхьэзыращ сабий IыгъыпIэхэм щыIэ цIыкIухэм яхуэгъэза «Ди фо шырхэм папщIэ» къыдэкIыгъуэ щхъуэкIэплъыкIэр, лъэныкъуитIымкIи псалъэхэр къыщыхьа напэ 340-рэ хъур. Ахэр зытеухуа и лъэныкъуэкIэ зэрызэщхьэщыхар къэдгъэлъэгъуащ зэкIэлъыхьа напэкIуэцIхэм я къуапэхэм я плъыфэхэмкIэ. Абы хэдгъэхьа псалъэхэри бзищкIэ – адыгэбзэкIэ, урысыбзэкIэ, инджылызыбзэкIэ — къэдгъэлъэгъуащ, транскрипцэр щIыгъужауэ. Зытеухуа и лъэныкъуэкIэ зэхэмыгъуэщэн папщIэ гупитхуу зэщхьэщыха языныкъуэ псалъэхэр бзищымкIэ, адрейхэр адыгэ-урыс е адыгэ-инджылыз хьэрфхэмкIэ къэдгъэлъэгъуащ. Иужьрей гупым щыщ псалъэхэм я адыгэ хьэрфылъэхэм дизайнер IэдакъэщIэкIхэр щIыдгъужащ. КъыдэкIыгъуэхэм хэдгъэхьа дизайнер лэжьыгъэхэр зейр сипхъу, а IэщIагъэм хуеджа ГъущIапщэ-Къандур Томэщ. Тхылъхэм инджылызыбзэкIэ ихуа псалъэхэм я редакторыр Къандур Язанщ.
  • Сабийхэм яхуэгъэза а лэжьыгъэ щхьэпэм къызэщIеубыдэ лъэпкъым и цIыху цIэрыIуэхэр, адыгэ дамыгъэхэр, дунейм и зэхэлъыкIэр, бжыгъэхэр, пщалъэхэр, геометрие пкъыгъуэхэр, нэгъуэщIхэри. КъыдэкIыгъуэр и теплъэкIи, и мыхьэнэкIи цIыкIухэр дэзыхьэхыным хуэщIауэ зэрыдгъэхьэзырыным дыхущIэкъуащ. Ахэр дэIэпыкъуэгъу яхуэхъунущ сабий гъэсапIэхэм анэдэлъхубзэ дерсхэр щезыгъэджхэм, адыгэбзэмрэ инджылызыбзэмрэ зэзыгъащIэ цIыкIухэми яхуэщхьэпэну дыщогугъ.
  • Епсэлъар ТЕКIУЖЬ Заретэщ.