ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

КъБР-м  къикIуа  щэнхабзэ  гъуэгуанэр

2021-09-01

  • Щэнхабзэм и лэжьакIуэу къалъытэ щэнхабзэм, гъуазджэм, кинематографием, полиграфием, тхылъ къыдэгъэкIыным, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм, спортым, туризмэм пыщIа цIыхухэр.

  • Щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я лэжьакIуэхэм пщIэ хуащI, абыхэм къэралым и хъугъуэфIыгъуэхэр зэрахъумэр, зэрагъэбагъуэр, а IэнатIэм зэрызрагъэужьыр, зэрырагъэфIакIуэр къалъытэу.
  • Республикэм и щэнхабзэм зегъэужьыным хэлъхьэныгъэ нэхъ ин дыдэ хуэзыщIахэм ящыщщ цIыхухэм я гукъыдэжыр къэзыIэт, ди лъэпкъ гъуазджэм и хъумакIуэ нэс, ди щIыналъэм и мызакъуэу, дуней псом къыщацIыху «Кабардинка» ансамблыр. Абы тхыдэ гъуэгуанэ дахэ къикIуащ.
  • 1933 гъэм жэпуэгъуэм и 1-м ЛУГ-м хыхьэу Налшык къыщызэIуахауэ щытащ Художественнэ лъэпкъ студие, къэфакIуэхэр, уэрэджыIакIуэхэр, цIыхубэ макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэхэр, адыгэ, балъкъэр театрым я артист хъунухэр щагъэхьэзыру. Абы хыхьэрт Къэбэрдей-Балъкъэрым Къафэмрэ уэрэдымкIэ и къэрал ансамблыр, иужькIэ «Кабардинка» хъуар.
  • Сыт хуэдэ художественнэ, творческэ гупми я къежьапIэу къалъытэр ахэр япэу цIыхухэм я пащхьэ щихьарщ. Ауэ зи гугъу тщIы ансамблым апхуэдэ махуэ пыухыкIа иIэкъым, гупу зэкъуэувэн ипэкIи ар цIыхубэм яхэIуауэ зэрыщытам къыхэкIыу. ЗэгурыIуауэ къащта унафэм ипкъ иткIэ, абы и махуэу ягъэуващ Художественнэ лъэпкъ студиер къыщызэрагъэпэща жэпуэгъуэм и 1-р.
  • 30 гъэхэм цIыху 14 фIэкIа мыхъуу къежьа гупым зиужьащ. Ди республикэм иджы зы гуфIэгъуи щекIуэкIыркъым «Кабардинка»-р хэмыту, утыкур имыгъэдахэу. Абы и дамыгъэхэм, саугъэтхэм, цIэ лъапIэхэм къахэхъуэ зэпытщ. Лъэпкъым и блэкIари, и нобэри наIуэу уи нэгу къыщIэзыгъэувэ къэфакIуэ ансамблым ехъулIэныгъэхэр дяпэкIи иIэну, утыкур сытым дежи игъэдэхэну ди гуапэщ.
  • Адыгэхэм я театр гъуазджэм и лъабжьэр жыжьэ къыщежьэми, Къэбэрдей драмэ театр дызэриIэрэ илъэс 80-м щIигъуауэ аращ. Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, япэ дыдэ адыгэ спектаклхэр Псыгуэнсу къуажэм щыщ егъэджакIуэ Гуанэ Сохъутэрэ (арат «Неграмотный, что слепой» пьесэр зэзыдзэкIари зыгъэувари) Старэ Шэрэдж къыдэкIа Борыкъуей ТIутIэрэ («Одолели» пьесэр) курыт еджапIэхэм я япэ самодеятельнэ гупхэм щагъэувауэ щытащ.
  • 30 гъэхэм я пэщIэдзэм Шортэн Аскэрбий ЛУГ-м и театрым папщIэ зы акт фIэкIа мыхъуу «Бэнэныр иухакъым», «Гъавэм щIэбэнын», «Кулак Абазэ», «Мэзым и цIыхухэр» пьесэхэри итхащ.
  • ВКП(б)-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым художественнэ гупхэр зэхэшэным теухуа унафэ къищтауэ щытащ икIи 1933 гъэм театреплъ ныбжьыщIэм и театррэ Ленинскэ еджапIэ къалэ цIыкIум актёрхэр щагъэхьэзыр къудамэрэ къызэрагъэпэщащ. Абы щIагъэтIысхьахэм ящыщщ Шэрий Азрум, Жыгун Тимэ, Сибэч Быхуэ, Къумахуэ Хужьэ, Балъкъэр Калисэ сымэ, нэгъуэщIхэри.
  • 1937 гъэм накъыгъэм и 1-м Къэбэрдей колхоз-совхоз театр къызэIуахащ. Абы и художественнэ унафэщIуи режиссёр нэхъыщхьэуи ягъэувар Станиславский Николайщ. А театрым щылэжьэн щIадзащ Тубай М., ДыщэкI КIу., Шортэн Д., Къардэн Хь., Гуо А., Гъуэныбэ Л., Къамбий Т., Нартыжь С., Сэхъу Къ., Къэбэрдокъуэ А. сымэ.
  • Корнейчук Александр и «Платон Кречет» спектаклымкIэ къызэIуахащ япэ театр сезоныр. А спектаклыр щагъэхьэзырым набдзэгубдзаплъэу кIэлъыплъащ иужькIэ театрым зи цIэр фIащыжа ЩоджэнцIыкIу Алий. Лъапэ махуэ ежьа гупым 1939 гъэм «Мэжидрэ Мэрятрэ» (Тубай Мухьэмэд) пьесэр ехъулIэныгъэшхуэ иIэу игъэуващ.
  • Тубай Мухьэмэдрэ Шортэн Аскэрбийрэ я пьесэхэр къэбэрдей драматургием зегъэужьынымкIэ хэлъхьэныгъэфIт. «Къэбэрдей драмтеатрым иужьрей зэманым зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэр дамэ зыхуэхъуа гупым къэбэрдей театрым и лъабжьэр ягъэтIылъ», — псалъэ пэжхэр итхауэ щытащ Станиславскэм а гъэхэм.
  • 1939 — 1940 гъэхэм «Партизанхэр» (Къэбэрдокъуэ А.), «Гуащэхъан и гъащIэр» (Мэшыкъуэ Хь.), «Жамбот», «Iэюб» (Елмэс Хь.) пьесэхэр дунейм къытехьащ.
  • Актёрхэмрэ режиссёрхэмрэ гъэхьэзырынымкIэ къалэнышхуэ игъэзэ-  щIащ ГИТИС-м. Абы и доцент Ефремовэ Аннэрэ РСФСР-м и цIыхубэ артист Судаков Ильярэ я нэIэ щIэту Москва щрагъэджэну адыгэ, балъкъэр студентхэр 1935 гъэм къыхахащ. Ахэращ ди республикэм икIа актёр гупхэм я унафэщIу щытари.
  • 1940 гъэм бадзэуэгъуэм и 15-м актёр IэщIагъэмкIэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ яIэу республикэм цIыху 60-м къагъэзэжащ. Къэбэрдей театрым и актёр ныбжьыщIэхэм я художественнэ унафэщIу ягъэувар нэхъапэми абыхэм ядэлэжьа Ефремовэ Аннэщ. НыбжьыщIэхэм республикэм къагъэзэжат театр гъуазджэмкIэ еджагъэшхуэхэм къыхалъхьа Iэзагъэр — ягъэлъэгъуэну я гуращэу.
  • ГИТИС-р къэзыухахэм Бомарше и «Женитьба Фигаро»-р япэу ягъэлъэгъуащ. Ар зыгъэува Ефремовэмрэ абы и нэIэ щIэт гупымрэ наIуэ ящIащ а илъэситхум зыхурагъэджар зэрамыгъэкIуэдар.
  • Ипэ ита спектаклхэмкIэ театреплъыр къызэщIагъаплъэри, КъардэнгъущI Зырамыку и «Къанщобийрэ Гуащэгъагърэ» пьесэр утыку кърахьащ. А япэ профессиональнэ спектак-лыр адыгэ щэнхабзэм и дыщэ фондым хагъэхьащ. ГИТИС-р къэзыуха щIалэщIэм и творческэ ехъулIэныгъэм а пшыхьым кърихьэлIахэу ЩоджэнцIыкIу Алийрэ Елбэрд Хьэсэнрэ псом хуэмыдэу щыгуфIыкIат.
  • Республикэм и щэнхабзэ гъащIэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэт драмтеатрым и унэщIэ къызэрызэIуахар. Абы япэу щагъэлъэгъуар Акъсырэ Залымхъан и «Дахэнагъуэ» пьесэрщ. Ар утыку къыщрахьащ РСФСР-м гъуазджэ IуэхухэмкIэ и управленэм къызэригъэпэща Лъэпкъ театрхэм я урысейпсо выставкэм.
  • Зауэ зэманым Къэбэрдей театрым артист- хэр къемэщIэкI зэрыхъуам къыхэкIыу, СССР-м и СНК-м деж Гъуазджэ IуэхухэмкIэ щыIэ комитетым хуит ищIри, илъэсищкIэ щрагъэджэну лъэпкъ драмэ студие 1944 гъэм къызэрагъэпэщащ. 1946 гъэм щIышылэм и 15-м абы щеджахэм я диплом лэжьыгъэу «Къанщобийрэ Гуащэгъагърэ» (КъардэнгъущI Зырамыку), «Нэхур къыщыщIэнэм щыгъуэ» (Шортэн Аскэрбий), «На бойком месте» (Островский Александр) спектаклхэр ягъэлъэгъуащ.
  • Къэбэрдей театрыр творческэ балигъыпIэ иувауэ къалъытащ Гоголь Николай и «Ревизор»-р щагъэувам. Абы хэт лIыхъужьхэм я «хьэлыр» къызэкIуэцIыхыным хуабжьу егугъуат артистхэр, цIыхухэр гуапэу къызэрыпэджэжам тепщIыхьмэ — къайхъулIат.
  • Къэбэрдей театрым и зэфIэкI лъагэр ди щIыналъэм и мызакъуэу хамэ къэралхэми щигъэлъэгъуащ. Ар щыIащ Тыркум, Сирием, Иорданием, США-м, къищынэмыщIауэ, Дон Iус Ростов, Псыхуабэ, Сыхъум, Сочэ, Элиста, нэгъуэщI къалэхэм.
  • ТЕКIУЖЬ Заретэ.