ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Ди  щIыхьыр  лъагэу зыIэта спорт  лIэужьыгъуэхэр

2021-09-01

  • Адыгэхэр нэхъапэм дэзыхьэхыу щыта бэнэкIэ лIэужьыгъуэхэм, шыгъажэм, бжы дзыным, шабзэрэ фочрэ гъэуэным, нэгъуэщI куэдми нэхъри заужьу щIадзащ 1921 гъэм къэралыгъуэ ягъуэтыжа иужькIэ. Абыхэм къахыхьащ иджыри къэс зыщымыгъуэза топджэгур, къызэдэжэр, хьэлъэ къэIэтыныр, лъагэу дэлъеиныр, волейболыр, баскетболыр икIи ехъулIэныгъэфIхэр зыIэрагъэхьащ.

  • Шым хуигъадэ псэущхьэ адыгэм иIакъым. Езыри хуэфэщэну къыхуэпэжыжт. Шыгъажэхэр ди лъэпкъэгъухэм я гъэхутапIэ нэст. Къэбэрдей шы заводым къыщагъэхъуа псэущхьэ Iущхэм, жэрхэм, бэшэчхэм текIуэныгъэ куэд ди республикэм къыщыхуахьащ къэралпсо, дунейпсо ипподромхэм. Шууей гъуэзэджэхэу ПщыукIхэ Жамботрэ Сэрэбийрэ, Сыжажэхэ Борисрэ Тимуррэ, Къуныжь Мухьэрбий, Шыд Лолэ, ПщыхьэщIэ Ахъед сымэ, адрейхэми я цIэр дыщэпскIэ иратхащ шы спортым и тхыдэ къулейм.
  • Шыгъажэм иужькIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэр къэралпсо утыку нэхъ зэрихьар куэд дыдэ дэзыхьэхыу хуежьа топджэгуращ. 1959 гъэм мэлыжьыхьым и 18-м, СССР-м футболымкIэ «Б» классым щекIуэкIа зэхьэзэхуэм Налшык и «Спартак»-м япэ лъэбакъуэр щичащ. Абы лъандэрэ налшыкдэсхэм зэIущIэ минитIым щIигъу ирагъэкIуэкIащ икIи нэхъыбэм щытекIуащ.
  • Хуабжьу узэрыгушхуэнщ адыгэхэм ящыщу япэ дыдэу Iэпщэ Александр футболымкIэ 1964 гъэм Совет Союзым и чемпион зэрыхъуар. Тбилиси и «Дина-мо»-р къэралым щынэхъ лъэщ дыдэ зыщIахэм ари ящыщащ. КъищынэмыщIауэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр лъагэу яIэтащ футболист ахъырзэманхэу Туаев Къазбэч, Наурзокъуэ Юрэ, Ещтрэч Владимир, Лъэрыгу зэкъуэшхэу Викторрэ Къазбэчрэ, Мирзоев Виталий, КIурашын Олег, Хьэпэ Заур, Биджиев Хьэсэнбий, Исаев Щамил, Гъубж Вячеслав, Бэч Руслан, Саркисян Альберт, Дзэмыхь Анзор, Мырзэ Резуан сымэ, нэгъуэщI куэдми.
  • SONY DSC

    Ди «Спартак»-м текIуэныгъэ ин дыдэхэри иIащ. Къапщтэмэ, сыт и уасэ 1965, 1970 гъэхэм етIуанэ лигэм хэт командэхэм я зэхьэзэхуэм псоми щефIэкIыу РСФСР-м и чемпион зэрыхъуар?!

  • Нэхъапэм ди футболист къыхэжаныкIхэм хамэ щIыпIэхэм я командэхэр ягъэбжьыфIэурэ къекIуэкIамэ, зэман дэкIри дэ езым апхуэдэ гуп зэкъуэт лъэщ диIэ хъуащ. Гум зэи ихужынкъым ди «Спартак»-р премьер-лигэм зэрыкIуар щызэхэкIа 2005 гъэм щэкIуэгъуэм и 3-м стадионым и джэгупIэ губгъуэм и курыкупсэм адыгэ джэгушхуэ къыщызэIузыха цIыху минхэм я нэгум илъа гуфIэгъуэр. Абы хуэбгъэдэфынур налшыкдэсхэр РСФСР-м и чемпион щыхъуа гъэхэрщ. Илъэсихрэ ныкъуэкIэ ди щIалэхэр яхэтащ къэралым и гуп нэхъыщхьэм икIи дэрэжэгъуэ куэд къыдатащ.
  • Совет Союзым я командэ нэхъыфI дыдэхэм, уей-уей жрагъыIэу, блэкIа лIэщIыгъуэм и 80 гъэхэм япэщIэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым регбимрэ волейболымкIэ и гупхэр. Ахэр нэхъапэм ди деж щымыIа спорт лIэужьыгъуэти, куэдым яфIэтелъыджэт. РегбимкIэ «Университет» командэм хэтым я нэхъыбэр адыгэт, бэнэкIэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ, хьэлъэ къэIэтынымкIэ спортым и мастерхэу, Iэчлъэч защIэу. Щоджэн Олег къызэригъэпэщу премьер-лигэм игъэкIуа цIыхубз волейбол командэри дэтхэнэ щIыналъэри зэрыгушхуэнт. Абы къыщыхэжаныкIахэу Лий Ларисэрэ ЗекIуэрей Эльвирэрэ иужькIэ илъэс зыбжанэкIэ Испанием щыджэгуащ.
  • Гуп зэпеуэхэм ехъулIэныгъэфIхэр щыдиIами, дэрэжэгъуэ нэхъыбэ къыдэзытар щхьэзакъуэ зэхьэзэхуэхэм хэта ди щIалэхэращ.
  • БлэкIа лIэщIыгъуэм и 70 гъэхэм Шыхъуэ Борис и цIэм иримыгушхуэ адыгэ къэгъуэтыгъуейт — арат Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу япэ дыдэу, 1972 гъэм, Олимп чемпион хъуар. Абы ипэжкIэ къэралпсо, дунейпсо лъагапIэхэри мызэ-мытIэу къищтат: СССР-м тхуэнейрэ щытекIуащ (1968, 1971, 1972 гъэхэм командэ зэпеуэм, 1968 гъэм щхьэзакъуэ зэхьэзэхуэм, 1972 гъэм махуэ куэдкIэ екIуэкIа зэдэжэм), дунейпсо чемпионщ (1970 гъэ).
  • И адэ Рабихь къулыкъу щищIэ Уралым къыщалъхуащ Ахэмын Еленэ. Свердловск (иджы Екатеринбург) и «Уралочка» командэ цIэрыIуэм хэту ар къэралым, хамэ щIыпIэхэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэ куэдым щытекIуащ. Совет Союзым и командэ къыхэхам хэту Ахэмын Еленэ зэпеуэ куэдым бжьыпэр щиубыдащ. АрщхьэкIэ псоми я щхьэжу абы къелъытэ Москва щыIа Олимп джэгухэм я дыщэ медалыр.
  • Дэтхэнэ зы спортсменми и хъуэпсапIэ Олимп джэгухэм и зэфIэкI къыщигъэлъэгъуэну налшыкдэс Рогожин Сергей къыхуихуащ икIи 1980 гъэм Мэзкуу щекIуэкIам шы спортымкIэ троеборьем и гуп зэхьэзэхуэм дыщэ медалыр къыщихьащ.
  • Къардэн Мурат тренер цIэрыIуэ Къалмыкъ Юрэ и деж алыдж-урым бэнэкIэмкIэ зыгъэсэн щыщIидзащ. Дунейпсо кубокым щэнейрэ (1992, 1995, 1997 гъэхэм) щытекIуащ, Европэм и чемпионщ (1998 гъэ). Австралием и Сидней къалэм щекIуэкIа XXVII Олимпиадэм (2000 гъэ) дыщэ медалыр къыщихьащ. Къардэн Мурат илъэс зыбжанэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым Физкультурэмрэ спортымкIэ и комитетым и унафэщIу щытащ, иджыпсту КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэщ, педагогикэ щIэныгъэхэм я кандидатщ.
  • 2004 гъэм Афины щекIуэкIа Олимп джэгухэм Аккаев Хьэжмурат атлетикэ хьэлъэмкIэ зэпеуэм дыжьын медалыр къыщихьащ. ИлъэсиплI дэкIа иужькIэ ар дыщэм хущIэкъуащ. АрщхьэкIэ Пекин щызэхэта Олимпиадэм абы къыщылъысар домбеякъ медалырщ. Килограмм            94-рэ зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм тIэу бгъэдыхьэгъуэм абы къыщиIэтащ килограмм 402-рэ икIи чемпион хъуам къызэрыкIэрыхуар килограммиплI къудейщ. Пэжщ, иужькIэ допинг кIэлъыплъыныгъэм къыщIигъэщри, медалхэр къыIахыжащ.
  • Китайм щекIуэкIа Олимп джэгухэм (2008 гъэм) килограмм 96-рэ зи хьэлъагъхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я зэхьэзэхуэм дыщэ медалыр Хъущт Аслъэнбэч, и хьэрхуэрэгъухэм зы балли яримыту. А гъэ дыдэм Дунейпсо Кубокыр зыIэригъэхьащ, Европэм и чемпион хъуащ. Франджым, Польшэм, Румынием, Финляндием щекIуэкIа зэпеуэшхуэхэм бжьыпэр щиубыдащ.
  • БэнэкIэ хуитымкIэ Махуэ Билал къыпэлъэщын дуней псом зыкъомрэ тетакъым. Абы и щыхьэтщ бэнакIуэ нэхъ хьэлъэ дыдэхэм (килограмми 120-м щIигъухэм) я зэпеуэм 2007, 2009, 2010 гъэхэм щытекIуэу ар щэнейрэ дунейпсо чемпион зэрыхъуар. НэхъапэжкIэ Махуэм апхуэдэ дыдэ ехъулIэныгъэхэр ныбжьыщIэхэм я деж 2005, 2006 гъэхэм щиIащ. Балигъхэм я зэхьэзэхуэм Европэмрэ къэралымрэ мызэ-мытIэу щытекIуащ. 2012 гъэм Лондон щекIуэкIа Олимп джэгухэм дыщэ медалыр къыщыхуагъэфэщащ, япэ къища и хьэрхуэрэгъухэм допинг зэрахьэлIауэ къыщIагъэщри.
  • Рио-де-Жанейрэ 2016 гъэм щекIуэкIа XXXI Гъэмахуэ Олимп джэгухэм хуабжьу дызэрыщIэхъуэпсауэ, гуфIэгъуэшхуэкIэ щIидзащ. Абы и япэ махуэм Урысей Федерацэм дыщэ медалыр къыщыхуихьащ Бахъсэн къалэм щыщ адыгэ щIалэ Мудрэн Беслъэн — дзюдомкIэ килограмм 60-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм ар Олимп чемпион щыхъуащ!
  • ИлъэскIэ гувауэ иджыблагъэ Токио щызэхэта XXXII Гъэмахуэ Олимп джэгухэм цIыхубзхэр лъагэу дэлъеинымкIэ и зэпеуэм псоми щефIэкIащ дуней псом тхуэнейрэ и чемпион (тIур щхьэ зытелъ стадионхэм щызэхьэзэхуэу) Ласицкене (Кучинэ) Марие. Абы Японием и къалащхьэм къыщызэринэкIа метри 2-рэ сантиметри 4-р адрейхэм я хъуэпсапIэ къудейт.
  • БлэкIа илъэсищэм Къэбэрдей-Балъкъэрым физкультурэмрэ спортымрэ лъэ быдэкIэ щыуващ. Шэч хэлъкъым дяпэкIи ди щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ я ехъулIэныгъэхэм лъэпкъми, республикэми, къэралми я щIыхьыр дунейпсо утыкум зэрыщаIэтынум.
  •  
  • Хьэтау Ислъам.