Жылагъуэм пщIэшхуэ щызиIэ Бер Мухьэдин
2021-09-01
- Республикэм и тхыдэм зи цIэр фIыкIэ къыхэнахэм ящыщщ 1970 — 1996 гъэхэм КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министру щыта Бер Мухьэдин. ИкъукIэ лэжьыгъэшхуэ щригъэкIуэкIащ абы а IэнатIэм. Апхуэдэуи щIыналъэм и жылагъуэ гъащIэми жыджэру хэтащ.
- Бер Мухьэдин 1934 гъэм Брамтэ (Вольный Аул) жылэм къыщалъхуащ. Абы дэт курыт школыр къиуха нэужь, Налшык и фельдшер-акушер еджапIэм щIэтIысхьащ. А зэманым ар комсомолми хыхьащ. Еджэныгъэм фIыуэ зэрыхэзагъэм къыдэкIуэуи, еджапIэм ще-кIуэкI сыт хуэдэ Iуэхуми и зэфIэкI къыщигъэлъагъуэрт. КъызэгъэпэщакIуэ хъарзынэу зэрыщытым гу лъатэри, студентхэм я профкомым и унафэщIуи хахат.
- 1953 гъэм Берым Налшык и фельдшер-акушер еджапIэр ехъулIэныгъэкIэ къиухащ. АдэкIэ лэжьыгъэм пэрыхьэнми е и щIэныгъэм пищэнми имыщIэу гупсысэгъуэ хэхуа щIалэм щхьэпэ хуэхъуащ зыщIэса еджапIэм и унафэщIым и чэнджэщыр.
- «Дукельский Юрий щылажьэ пэшым сригъэблагъэри, си мурадхэр зригъэщIащ, езым и еплъыкIэри къызжиIэри, сытригъэгушхуащ Ленинград дэт медицинэ институтым сыщIэтIысхьэну. Сигу къэзгъэкIыжащ си анэм мастэ хэслъхьэфын папщIэ фельдшер сыхъуныр си хъуэпсапIэу зэрыщытар. Иджы Iэмал сиIэт дохутыр IэщIагъэр зэзгъэгъуэтыну. Аращи, си анэми сеIэзэфынущ!», — игу къегъэкIыж Мухьэдин щIэныгъэ нэхъыщхьэ зригъэгъуэтыну тегушхуауэ зэрыщытар.
- Апхуэдэу, нэхъыжьым и жыIэм едаIуэ-ри, Бер Мухьэдин 1953 гъэм щIэтIысхьауэ щытащ Ленинград дэт Санитар-гигиенэмкIэ медицинэ институтым. Зэреджэм хуэдэурэ ар институтым и кафедрэхэм ящыщ зым лаборанту щылэжьащ.
- 1959 гъэм Мухьэдин и къэкIуэнур зыхуэдэнур зыубзыху IуэхугъуитI и гъащIэм къыщыхъуащ: ар партым хыхьащ икIи медицинэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ зэриIэм щыхьэт техъуэ дипломыр къыIэрыхьащ.
- Берым и лэжьыгъэ гъуэгуанэр «Налшык» курортым дохутыр-инспектору къыщыщIидзащ. ИлъэсищкIэ абы щыIауэ абы къыхуагъэфэщащ Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ курорт управленэм и дохутыр-инспектор нэхъыщхьэм и къулыкъур. 1963 гъэм ар ягъэуващ курорт поликлиникэм и дохутыр нэхъыщхьэу. ИужькIэ ар лэ-жьащ «Терек», «Эльбрус» санаторэхэм я дохутыр нэхъыщхьэу.
- А илъэсхэм Мухьэдин жыджэру зыкъыщигъэлъэгъуащ КъБАССР-м и жылагъуэ гъащIэм. 1963 — 1969 гъэхэм ар Медицинэ лэжьакIуэхэм я профсоюзым и обкомым и президиумым хэтащ, 1965 — 1967 гъэхэм Налшык къалэ Советым и депутату щытащ.
- IэнатIэ хъарзынэхэр иIэми, Мухьэдин сытым дежи щIэхъуэпсырт и Iэзагъэм, зэфIэкIым адэкIи хигъэхъуэну. Абы медицинэм и унэтIыныгъэ зэхуэмыдэхэмкIэ щыIэ курсхэм, семинархэм и щIэныгъэм щыхигъахъуэрт. Ауэ абыхэмкIи арэзы зыхуэмыхъужу, Ленинград дэт Санитар-гигиенэмкIэ медицинэ институтым и аспирантурэм 1967 гъэм щIэтIысхьэжащ икIи 1970 гъэм и диссертацэр пхигъэкIри, медицинэ щIэныгъэхэм я кандидат хъуащ.
- Сыт хуэдэ IэнатIэ пэрагъэувэми, IэщIагъэлI нэсу, къызэгъэпэщакIуэ Iэзэу, жэуаплыныгъэ зыхэлъ лэжьакIуэу зыкъэзыгъэлъагъуэ адыгэлIым и зэфIэкIхэри жылагъуэм щиIэ пщIэри къалъытэри, 1970 гъэм и мэлыжьыхь мазэм ар ягъэуващ республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и министру. 1971 гъэм Мухьэдин КПСС-м и обкомым хагъэхьащ, иужькIэ куэдрэ а къалэныр пщэрылъ къыщащIащ. А илъэс дыдэм Берыр КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и депутату хахащ.
- Республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и министрым и къулыкъур щрихьэкIа илъэсхэм псом хуэмыдэу наIуэ хъуащ Мухьэдин хэлъ къызэгъэпэщакIуэ хьэлыфIыр. Къэбэрдей-Балъкъэрым и медицинэ IуэхущIапIэхэм я щытыкIэр, цIыхухэм хуащIэ Iуэхутхьэбзэхэр зыхуэдэм зыщигъэгъуазэри, ар адэкIэ зэрыригъэфIэкIуэным, абы зэрызригъэужьыным теухуа хэкIыпIэхэр къилъыхъуэу щIидзащ. Мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэху пыухыкIахэр къы-хилъхьэрти, ахэр гъэзэщIа хъунымкIэ хузэфIэкI къигъанэртэкъым. Апхуэдэ лэжьыгъэхэм къыхишэрт КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм узыншагъэр хъумэным-рэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и комиссэр.
- Бер Мухьэдин министру щылэжьа лъэхъэнэм узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэм я гугъу щыпщIкIэ, абы жеIэ: «Абы и лъэныкъуэкIэ фIыщIэри щытхъури си закъуэ къэзлэжьакъым. Пэжщ, а лъэхъэнэм а унэтIыныгъэм зыужьыныгъэшхуэхэр щекIуэкIащ. Министерствэм и лэжьакIуэхэм пыухыкIауэ тщIэн хуейр къыдгурыIуэрти, дызэгъусэу а Iуэхум ди къарур хуэдунэтIырт. Ауэ ахэр псори къыдэхъулIэн папщIэ республикэм и унафэщIхэм я зэхэщIыкIи дэIэпыкъуныгъи дыхуейт. Абыхэми зэрыхъукIи зыкъытщIагъэкъуащ, къетхьэжьэ Iуэхухэр къыддаIыгъащ».
- Пенсэм кIуа нэужьи зигъэпсэхуу тIысыжакъым Берыр. Маслов Александр, Къардэн Ахьмэд, Щомахуэ Алексей сымэ я гъусэу абы къыдигъэкIащ «История медицины Кабардинского округа: события и лица (1858 — 1899)» тхылъыр. Абы къыщыгъэлъэгъуащ цIыхубэ медицинэм и IэзэкIэхэр, узыфэ зэрыцIалэхэр къызыхэкI щхьэусыгъуэхэр, «Налшык» курортыр къызэрыунэхуам, зэрызиужьам и тхыдэр, зи гугъу ящI лъэхъэнэм цIыхухэм хуащIэу щыта медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр зыхуэ-дар, жылагъуэм я узыншагъэр хъумэным зи гуащIи зи къаруи щымысхьыжу хуэзыгъэпса дохутыр гъуэзэджэхэм я гъащIэр, нэгъуэщI куэди.
- Бер Мухьэдин и зэфIэкI лъагэхэм, республикэм и зыужьыныгъэм жыджэру зэрыхуэлэжьам и щыхьэтщ абы хуагъэфэща дамыгъэ, щIыхьыцIэ лъапIэхэр. Ар РСФСР-м, КъБАССР-м щIыхь зиIэ я дохутырщ, «Лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэ» орденыр», «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденыр къратащ, «Налшык къалэ щIыхь зиIэ и цIыхущ», нэгъуэщI медаль, фIыщIэ, щытхъу тхылъ зэмылIэужьыгъуэ куэдкIи ягъэпэжащ.
- ЩхьэщэмыщI Изэ.