ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Апрель, 2022

«Лэгъупыкъум» — лъагъунлъагъу

2022-04-16

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым лэжьыгъэ IуэхукIэ иджыблагъэ къэкIуащ УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэ Чайкэ Юрий. Ар яхуэзащ Донецк ЦIыхубэ Республикэм кърашауэ узыншагъэр щызэтрагъэувэж «Лъэгъупыкъу» («Радуга») республикэ сабий центрым зыщызыгъэпсэху ныбжьыщIэхэм. КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и гъусэу, къэрал къулыкъущIэм ныбжьыщIэхэм я щыIэкIэ-псэукIэм щыгъуазэ зыхуищIащ, сабийхэм я гъусэ гъэсакIуэхэм, центрым и IэщIагъэлIхэм епсэлъылIащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

КъыхэтхыкIым кърикIуахэр

2022-04-16

  • КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щиIэ управленэм и унафэщIым и къуэдзэ Гъащтэ Аурикэ. Ахэр тепсэлъыхьащ статистикэмкIэ республикэ IэнатIэм нэгъабэ иригъэкIуэкIа лэжьыгъэм кърикIуам.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ЗэIущIэхэр

Хущхъуэхэм гулъытэ хэха хуащI

2022-04-16

  • КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ иджыблагъэ иригъэкIуэкIа зэIущIэм, «правительст-вэм хухах сыхьэтым» хыхьэу, щытепсэлъыхьащ цIыхухэр хущхъуэхэмкIэ къызэрызэрагъэпэщым зэрыкIэлъыплъ щIыкIэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Парламентым

Дахагъэмрэ  мамырыгъэмрэ  зи джэлэс

2022-04-16

  • МахуэгъэпсымкIэ гъатхэм ику дыдэм — мэлыжьыхьым и 15-м — хуозэ Щэнхабзэм и дунейпсо махуэр. Ар гъэувыныр къыхилъхьауэ щытащ урысей сурэтыщI, философ, тхакIуэ, зыплъыхьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, цIыху гущIэгъулы Рерих Николай.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Щэнхабзэ

Адыгэ къамылым и щIэнгъуазэ

2022-04-16

  • Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и сурэтыщI, ХудожествэхэмкIэ Урысей академием и дипломат ГъукIэ Замудин и «Адыгэ къамыл» тхылъышхуэм лъэтеувэ щращIэкIащ Сэралъп Мадинэ и арт-центру Налшык дэтым. Тхылъыр къаIэрыхьэну хуейуэ дунейм къытехьэн ипэ и уасэр хэзылъхьахэм щIэныгъэлIыр щаIущIэ пшыхь гуапэт ар. Фигу къэдгъэкIыжынщи, мы нэхъапэIуэкIэ Замудин и Iэдакъэ къыщIэкIащ адыгэхэм я лъэпкъ гъуазджэр лъабжьэ зыхуэхъуа лэжьыгъэ зыбжанэ: «Искусство адыгской циновки» (1991), «Учимся играть на шичепшине» (2014), «Атлас черкесского (адыгского) шичепшине» (2016).

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ

ЩIалэгъуэмрэ хъуапсэмрэ

2022-04-16

  • Утыку зэрихьэр лъапэщи, къызэрикIыжыр напэщ, жеIэ адыгэм. ЦIыхур къызэращIэр и IуэхущIафэрщ, и цIэ зэрыIури и щэнхабзэрщ. Зи щIалэгъуэ дахэм дунейм и фIыгъуэ псори зыIэригъэхьэну щIохъуэпс, я нэхъ гугъури къигъэIурыщIэну хущIокъу. Псэм кърит лъэщагъыр къэзыгъэщIыр хъуапсэращи, абы хуэдэу къарууфIэ щыIэу фIэщ щIыгъуейщ. Арыххэуи, цIыхум и псэр къабзэмэ, зыхуеIэр дахагъэмэ, и хъуапсэм лъэкIынур къыпхуэмылъытэну инщ: абы и Iэужьыр щысэтехыпIэ хъунущ, цIыхущIыж лъагъуэ теувэнущ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди псэлъэгъухэр

Адыгэшым и къежьапIэмрэ и нобэмрэ

2022-04-16

  • Адыгэхэр фIыкIэ мы дунейм теIуарэ ящымыгъупщэжауэ щытмэ, ар зи фIыщIэр езы адыгэхэм я закъуэкъым, абыкIэ фIыщIэшхуэ иIэщ адыгэшым, адыгэ шум. Ди блэкIам уриплъэжмэ, щIыпIэ жыжьэ щыпсэу лъэпкъхэр, нэхъ ди гъунэгъухэри «шыфI» хуеймэ, «адыгэш» лъыхъуэрт. Апхуэдэу, уанэу щыIэм я нэхъыфIу ялъытэм «адыгэ уанэ», шууей нэхъ IэкIуэлъакIуэ дыдэм щхьэкIи «адыгэм хуэдэу шым тесщ» жаIэрт. Мы псэлъафэхэр хэтщ балъкъэр-къэрэшейхэми, осетинхэми, шэшэнхэми, сонэхэми, къэжэрхэми, тыркухэми, урысхэми, нэгъуэщI куэдми я бзэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2022-04-16

  • Джэдыл гъэбэкхъа
  • Абы щхьэкIэ нэхъ къащтэр джэдыжьщ. Джэд гъэкъэбзар Iыхьэ-Iыхьэурэ зэпкърах, псы щIыIэкIэ ятхьэщIыж. Джэдыл Iыхьэхэр шынакъ мыулъийм иралъхьэ, шыгъу, губгъуэпхъ, мыцIыкIу дыдэурэ упщIэта бжьыныщхьэ, бурш мыхьэжа, IупщIэ цIыкIуурэ упщIэта шыбжий сыр мыхьэжа халъхьэ. Псы щIыIэ тIэкIу хакIэри, фIыуэ зэIащIэ, бжьыныпсыр фIыуэ къыщIахуху. Шынакъыщхьэр трапIэжри, нэхъ зэхэшыпсыхьын щхьэкIэ щIыIапIэм ягъэув сыхьэти 8 — 10-кIэ е нэху кърагъэкI. А зэманым къриубыдэу джэдылыр зэ-тIэу зэIащIэ. Щагъэжьэнум деж джэд Iыхьэхэм кIэрыпщIахэр къыкIэрахри, езы джэдылыр ягъэгъущ, тебэ куукIэ тхъу къагъэплъ, джэдыл Iыхьэ гъэгъущахэр абы халъхьэ, мафIэр ину блэуэ, зэрагъэдзэкIыурэ ягъажьэ тхъуэплъ дахэ хъуху. ИужькIэ псывэ щIакIэ, мафIэр цIыкIу ящIри, тебащхьэр тепIауэ ягъэбэкхъ, псыр щIэвэщIэным нэсыхукIэ. ИтIанэ, зэIащIэурэ, шатэпс щIакIэ, бжьыныху уба халъхьэ, тебащхьэр трапIэжри, мафIэ щабэ дыдэм тету хьэзыр хъуху ягъэбэкхъ, тебэр къытрахыж, джэдгын траудэри, и щхьэр тепIауэ дакъикъи 5 — 6-кIэ щагъэт. ЗэрызэщIэлъу Iэнэм пщтыру трагъэувэ. Дашх пIастэ хуабэ, мырамысэ.
  • Халъхьэхэр (цIыхуитху Iыхьэ):
  • джэдылу — г 1000,
  • тхъууэ — г 180-рэ,
  • бжьыныщхьэ укъэбзауэ — г 100,
  • псывэу — г 300,
  • бжьыныху укъэбзауэ — г 30,
  • шатэпсу — г 300,
  • шыгъуу, шыбжийуэ, губгъуэпхъыу, джэдгыну — узыхуейм хуэдиз.
  • Къубатий Борис.
  •  
  • Пэж
  • Гум пэж щыпсэурт. ГуфIэу, пIейтейуэ, хахуэу, щабэу е жану. Хэхъуэм-хэхъуэурэ, гум имыхуэж хъуащ. КъыщыпкIырт. Хуейт зиIэтыну, лъэтэну, зиплъыхьыну. Ар гум идэнут?! ЕупщIакъым… Гум изэгъэжыртэкъыми, гъуэгу хишыну ежьат. Жылэ трисэурэ ирикIуэнут. Жылэр къикIыкIынут, гъуэгур гъэгъэнут. Пэж защIэ хъунут и хъуреягъыр. Арат и гугъэр. Гум къызэрикIыу, гъы макъ зэхихащ. ИтIанэ кIий макъ… дыхьэшх макъ… фий макъ. Псори зэщIовууэ. Пэжыр мэкIэзыз. Зызэтреубыдэри, мэбакъуэ. Уаем, псыдзэм, мафIэсым хобакъуэ. КъыщыувыIэкIэ кIиину мурад ещI — зэхахын хуейщ… Дауэ мыхъуми, зэхахын хуейщ. Iэмал имыIэу! Зэ мэкIийри, уафэр къыподжэж — мэхъуэпскI. ЕтIуанэу жиIэнIауэ зыщигъэхьэзырым, и макъ къикIыжыркъым.
  • «Гум сыщыпсэужатэмэ!» — жи пэжым. Къабзэу къэнэнут, щыму гугъэ иухуэнут, дзапэ уэрэд хъунут. ЗэхэзыхынуIатэкъым. Пэжым къригъэуэнут гур… Щым зищIыжащ. Зыри щыдымкъым гу лъахэм.
  • Пэжыр зэрыщымыр зыгуэрым зэхех. Ари гущ. Абыи пэж гуэр илъщ. Ари уIащ, пцIанэщ, щIыIэрысщ. Зиухыжыну хуеят. Ауэ нэгъуэщI зы пэжым и дуней щымыр зыхищIащ. Аращ къезыгъэлар. Гухэм я пэжхэр зэхуэзащ. Дунейр умэзэхри, гупсысащ. Егупсысащ уафэр зэрыкъабзэм! Пэжхэр зэрыщIэри, къару къахыхьащ. Къару къахыхьащ щыму гухэм щыпсэуну.
  • Гугъуэт Заремэ.
  •  
  • МафIэмытэ
  • МафIэр ягъэлъапIэу щыщыта зэманым и лъэужьщ. МафIэр унагъуэм куэдрэ ипхмэ мыфIу къалъытэрт, абы мафIэс, уз къыдэкIуэнкIэ шынэу. МафIэс къызыщыщIа унагъуэм е мафIэм иса цIыхум, мафIэм къищынэмыщIауэ, нэгъуэщIхэри иттэкъым. Псалъэм папщIэ, джэдкъаз къуртым щIалъхьэ джэдыкIэр. Ар имыту мыхъумэ, мастэ хиIурти итырт. Бжьахъуэхэм бжьэ къэпщIыгъуэм деж мафIэ ятыртэкъым, бжьэр бэгъуэнукъым, жаIэрти.
  •  
  • КIэлъыгъэхуабэ
  • Гъуэгу техьам, зекIуэ ежьахэм кIэлъызэрахьэу щыта хабзэщ. Унэм икIа нэужь, шхын ягъэхуабэрт, зэхэтIысхьэрти, яшхырт, ежьам и Iуэхур къыдэхъункIэ хуэлъаIуэхэрт.
  • Гъуэгу техьар псым икIыху кIэлъыпхъанкIэртэкъым, кIэлъыжьыщIэртэкъым, пхъэнкIий кIэлъырадзыртэкъым.
  •  
  • Дыгъужьыхуэ
  • Дыгъужь къаукIа нэужь, абы и хуэр къыхахырти, ягъэгъурт. Зыгуэрым Iэщ е нэгъуэщI фIадыгъуамэ, гурыщхъуэ зыхуащIым и Iэгум иракухьырти, дыгъужьыхуэр мафIэм пэрадзэжырт. Хуэр зэлъэмэ, дыгъум и Iэр, и Iэпкълъэпкъыр зэлъэу, и хуэр зэщIишэу жаIэрт, абы Iэзэгъуэ иIэжтэкъым.
  • Гурыщхъуэ зыхуащIым гу зылърамыгъэтэн папщIэ, гурыщхъуэ зыхуамыщIхэри дагъакIуэу я Iэгухэм иракухьырт. Щримыгъахуэмэ, «сызэлъэнущ» жиIэу шынэмэ, абыкIэ къаумысырт. Дыгъур ирырагъэшынэну дыгъужьыхуэр зэрахьэрт.
  •  
  • ХьэщIэм сыщежьэм деж
  • Франджы тхакIуэ нэхъ цIэрыIуэхэм ящыщ Мериме Проспер гуфIэу е дыхьэшхыу зэи зыми илъэгъуакъым. Зы хьэл мыхъумыщIи зыхэмылъ, теплъэ дахи зиIэ Мериме и Iуэтэжхэри дахэу, екIуу жиIэжырт. Абыхэм я нэхъ дыхьэшхэн дыдэри тхакIуэм къызэриIуэтэжыр псы стэчан къратыну щIэлъэIу цIыхум и макъым ещхьут.
  • Мериме, езым зэрыжиIэмкIэ, ищIэн щимыгъуэтхэм деж тхэуэ арат.
  • — ХьэщIэ къэкIуэн хуейуэ сыщыпэплъэхэм деж сытIысырти, зы балладэ стхырт, — жиIэрт абы.
  •  
  • Флобер и хьэлыр
  • Франджы тхакIуэ Флобер Гюстав и хьэлыр нэгъуэщIт. Абы и романхэр щитхкIэ тхыгъэм хэт лIыхъужьхэм я гъусэу дыхьэшхынут, гъынут, и пэшыр пIащIэу къызэхикIухьырт, иужьрейуэ итха псалъэхэр ину жиIэу. Бовари Эммэ зэрызиукIыжар къыщигъэлъагъуэм щыгъуэ Флобер тхьэусыхэрт, дзыгъуэгъалIэм и мэр и Iум иту жиIэу.
  •  
  • IункIыбзэкIэ игъэбыдэрт
  • «Юмористическая энциклопедия всей американской жизни» тхылъыр зи IэдакъэщIэкI О,Генри и хьэлт щытхэ стIолым пэрытIысхьэн и пэ къихуэу пэшыбжэр IункIыбзэкIэ игъэбыдэу.
  • Ар щIэбгъэщIэгъуэн Iуэхум хэлътэкъым — цIэрыIуэ хъуа тхакIуэм япэу къалэмыр къыщищтар Колумбус къалэм (Огайо штат) и лъэхъуэщращ.
  • Дохъушокъуэ Синэ.
  •  
  • Псалъэзэблэдз
  • ЕкIуэкIыу: 2. Щхьэхынэ, жьажьэ. 6. Зи шы гуартэ ирахужьам кIэлъыщIэпхъуа гуп. 7. Пасэрей шыгу, щхьэ телъу. 8. Адыгэ псалъэжьым зэрыжиIэмкIэ, ар лъакъуэншэщ. 9. Гагариныр здэлъэта щIыпIэ жыжьэ. 11. Псалъэ дахэм … гъуэмбым къреш. 12. Ди IуэрыIуатэм къыхэщыж цIыхубз пелуан. 15. Гъэгъа хужь Iэрамэхэр куэду къызыпыкIэ жыг. 17. Адыгэш. 18. Уэшхышхуэм и лъэужь псы ина. 19. УнафэщIым и IэнатIэр, хабзэм къемызэгъыу, … хэхыпIэ ищIащ. 21. Къуажэ, псыежэх. 22. АбыкIэ хьэм уеуэкIи гъынукъым.
  • Къехыу: 1. Район зыбжанэм чэзууэрэ я Iэтащхьэу щыта, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь. 2. Диным зэрыжиIэмкIэ, зи щIалэгъуэр зэи имыкIыу жэнэтым ис тхьэIухуд. 3. Губгъуэ хьэсэхэм IисрафыпцIэ хэзылъхьэ, пкIауэм ещхь хьэпIацIэ къэзылъэтыхь. 4. ПIастапхъэ. 5. КъурIэн цIыкIу. 10. Германием я лIыщхьэ. 11. Банэ куэду къызытекIэ, зи гъэгъар гъуэжь удз. 13. Адыгей Республикэм и япэ президент. 14. Пасэрей фоч е унэцIэ. 16. Къэрэшей-Шэрджэсым щыпсэуа усакIуэ цIэрыIуэ. 20. ПкIэлъейм и IэдиитIыр зэзыпх, зэрагъэбыдэ. 21. Уафэм къех мыл тыкъыр жьгъей.
  • Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ.
  •  
  • Мэлыжьыхьым и 9-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
  • ЕкIуэкIыу: 1. Убых. 3. Къэхъун. 6. ЛэпIанкIэ. 7. КIуж. 9. Бдзы. 10. Нэ. 13. Дарий. 14. Пыпхэ. 16. Акъ. 17. Умэ. 18. Лы. 19. Мухьэрэб. 21. Бзий. 22. Ныджэ.
  • Къехыу: 2. Бел. 4. Хъушэ. 5. Вабдзэ. 8. Жырыкъ. 10. Непал. 11. «Адэ». 12. Гъуэгу. 15. Iумпэм. 19. Мэз. 20. Бэдж.

Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис

Гур зыхуеIэм  Iэр лъоIэс

2022-04-16

  • Бухгалтер АфэщIагъуэ Джамилэ дэрбзэр IэщIагъэм езыр-езыру зыхуигъэсэжащ, уеблэмэ «SaiJamin» зыфIища и фэилъхьэгъуэхэр цIэрыIуэ хъуащ. Абы цIыхубз бостейм хьэзырхэр тету игъэхьэзыра лэжьыгъэхэр щигъэлъэгъуэну хунэсащ Mercedes-Benz Fashion Week Russia выставкэм. Абы утыку кърихьа щыгъынхэр къытрадзэжащ L’Officiel (урысей), Vogue (итальян) журналхэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Москва зыкъыщагъэлъэгъуэнущ

2022-04-16

  • Налшык и Макъамэ театрым щекIуэкIащ «Хрустальные звёздочки-2022» урысейпсо фестиваль-зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Зэпеуэхэр

Тхьэкъуахъуэм и зэфIэкI лъагэ

2022-04-16

  • УФ-м и къалащхьэм щекIуэкIащ пауэрлифтингымкIэ Европэм и чемпионат зэIуха. Абы хэтащ къэрал 19-м къикIа троеборьемкIэ, двоеборьемкIэ, армлифтингымкIэ, стритлифтингымкIэ, штангэр Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ къэIэтынымкIэ спортсменхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт