ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Апрель, 2022

«Лэгъупыкъум» сабийхэр зыхуей зэрыщыхуэзэм зыщагъэгъуазэ

2022-04-08

  • КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, «ЩIыналъэхэм зегъэужьынымкIэ фонд» компание зэIухам къыхуаутIыпщ мылъкур зыхухэхахэм ятегуэшэныр зи нэIэ щIэт советым и унафэщI Степашин Сергей, «ЩIыналъэхэм зегъэужьынымкIэ фонд» компанием и генеральнэ унафэщI Цицин Константин сымэ щыIащ Донецк ЦIыхубэ Республикэм кърашауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ сабийхэм я деж. НыбжьыщIэ 35-м я узыншагъэр щызэтрагъэувэж «Лъэгъупыкъу» сабий цент-рым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Узыншагъэм ухуэзышэ лъэбакъуэ минипщI

2022-04-08

  • Узыншагъэм и дунейпсо махуэм ирихьэлIэу Налшык къалэм щекIуэкIащ «Узыншагъэм ухуэзышэ лъэбакъуэ 10000» жылагъуэ-хэзыгъэгъуазэ акцэ. Абы и къыхуеджэгъэ нэхъыщхьэу щытащ «ЩIы Хъурейм и узыншагъэр — дэ ди узыншагъэщ!».

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ЗыгъэпсэхупIэхэр къызэрагъэпэщ

2022-04-08

  • КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ видеоконференц IэмалкIэ хэтащ УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ, социальнэ IуэхухэмкIэ хабзэгъэувхэм я советхэм я комиссэхэм я зэIущIэм. Абы щытепсэлъыхьащ сабий зыгъэпсэхупIэхэмрэ узыншагъэр щрагъэфIакIуэ IуэхущIапIэхэмрэ я зыужьыныгъэм, 2022 гъэм и гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэ зэманым зэрызыхуагъэхьэзырым ехьэлIа Iуэхухэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Парламентым

Куэдрэ щыпсэу щIыпIэхэр

2022-04-08

  • ЦIыхухэр нэхъыбэ дыдэрэ щыпсэу щIыпIэхэм хабжащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм хыхьэ хэгъэгуиплI. Илъэс етIуанэ хъуауэ урысей рейтингым япэ увыпIэр щеубыд Ингуш Республикэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Дызэрыгушхуэ щIэныгъэлI

2022-04-08

  • Критик, литературэхутэ Тхьэгъэзит Юрэ и ныбжьыр илъэс 75-рэ ирокъу
  • Зи дуней еплъыкIэ гъащIэм хузиIэж, литературэхутэ цIэрыIуэ, критик, щIэныгъэлI, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор Тхьэгъэзит Юрэ Мухьэмэд и къуэр Тэрч щIыналъэм хыхьэ Дей къуажэм 1947 гъэм мэлыжьыхьым и 9-м къыщалъхуащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Юбилей

Псэм щыщIэр наIуэ къэзыщIыфыр

2022-04-08

  • Къэралым и къалащхьэ Москва иджыблагъэ къыщыдэкIащ ди лъахэгъу адыгэ щIэныгъэлI, бзэм и философ, филологие щIэныгъэхэм я доктор Семэн Iэмырхъан ТIутIэ и къуэм и къалэмыпэм къыпыкIа «Ecce homo, или Жизнь вопреки» тхылъ гъэщIэгъуэныр. «Scripta manent» тхылъ тедзапIэм щытрадза, зи купщIэкIэ усыгъэ-философие жыпхъэм ит къыдэкIыгъуэр экземпляр мин хъууэ дунейм къытехьащ. Абы щызэхуэхьэсащ гъащIэм и зэхэлъыкIэхэм ятеухуауэ еджагъэшхуэм иIэ гупсысэхэр зи лъабжьэ жыIэгъуэхэр, усэ кIэщI зэмылIэужьыгъуэхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Дахагъэм и пщалъэхэр

2022-04-08

  • Дахагъэм лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэр зэхуэдэу еплъыркъым. Псалъэм папщIэ, Пасэрей Индием бзылъхугъэр зэрыдахэр жаIэну хуеймэ, абы и куэр пылым ейм ирагъэщхьынут. Ижь-ижьыж зэманым япон цIыхубзхэм я дзэхэр фIыцIабзэу ялэрт, дахэу загъэлъэгъуэныр я гуращэу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ЩIыналъэми къэралми я быдапIэ лъэщ

2022-04-08

  • Дэтхэнэ цIыху зэпIэзэрытри хущIокъу езым и лъэужь дахэ дунейм къытринэным. А псалъэ зэпхар и мыхьэнэкIэ хуо-кIуэ уи IэнатIэр, дзыхь къыпхуащIа къалэным епха лэжьыгъэр гурэ псэкIэ, хьэлэлу, пэжу епхьэкIыным, и инагъ-цIыкIуагъ емылъытауэ, цIыхухэм къахуэщхьэпэн гуэр гъащIэм щызэфIэбгъэкIыным. Апхуэдэу, зыпэрыт IэнатIэм сэбэпынагъ къызэрыщихьыным и гупсысэхэри и IуэхущIафэхэри хуэгъэпсауэ, и гъащIэ гъуэгур купщIафIэу, Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ гъэнщIауэ къикIуащ Хьэмыкъуэ Ахьмэд Цацу и къуэм. НэхъыжьыфIым пщэдей игъэлъэпIэнущ и илъэс 80 юбилейр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2022-04-08

  • Шылъэгу
  • Шылъэгухэр зыхэбгъэгъуэщэн псэущхьэ щыIэкъым. Абыхэм хуэдэу фэ Iув зытелъ зыри дунейм теткъым. Ар къупщхьэм хуэдэу быдэщи, шылъэгур и бий куэдым ящехъумэ. Ауэ ари сэбэп къащыхуэмыхъуи щыIэщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис

КъегъэлакIуэхэм  зыгъэсэныгъэхэр  ирагъэкIуэкI

2022-04-08

  • Налшык дэт «Гидрометаллург» заводым щекIуэкIащ мафIэсым пэщIэтыным теухуа зыгъэсэныгъэхэр. Гулъытэ хэха хуащIащ шынагъуэ зыпылъ химие пкъыгъуэхэр икIутмэ, абыхэм я лъэужьхэр гъэкIуэдыжынымрэ щIыдагъэхэкIхэм мафIэ щIэнэмэ, гъэункIыфIынымрэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

АдэкIэ къапэплъэр сыт?

2022-04-08

  • «Спартак-Налшык» (Налшык) — «Биолог-Новокубанск» (Прогресс) — 0:1 (0:0). Налшык. «Спартак» стадион. Мэлыжьыхьым и 6-м. ЦIыхуи 150-рэ еплъащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Футбол