ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Адыгэшым и къежьапIэмрэ и нобэмрэ

2022-04-16

  • Адыгэхэр фIыкIэ мы дунейм теIуарэ ящымыгъупщэжауэ щытмэ, ар зи фIыщIэр езы адыгэхэм я закъуэкъым, абыкIэ фIыщIэшхуэ иIэщ адыгэшым, адыгэ шум. Ди блэкIам уриплъэжмэ, щIыпIэ жыжьэ щыпсэу лъэпкъхэр, нэхъ ди гъунэгъухэри «шыфI» хуеймэ, «адыгэш» лъыхъуэрт. Апхуэдэу, уанэу щыIэм я нэхъыфIу ялъытэм «адыгэ уанэ», шууей нэхъ IэкIуэлъакIуэ дыдэм щхьэкIи «адыгэм хуэдэу шым тесщ» жаIэрт. Мы псэлъафэхэр хэтщ балъкъэр-къэрэшейхэми, осетинхэми, шэшэнхэми, сонэхэми, къэжэрхэми, тыркухэми, урысхэми, нэгъуэщI куэдми я бзэм.

  • Мы щIыпIэ телъыджэм и цIэр Иналщ. Мыбы сытым дежи шы къыщагъэхъуу щытащ икIи Кавказ псом зы къуапэ щыIэкъым шы гъэхъунымкIэ Инал пащIу щыта. Ар къызыхэкIри мырат: Инал щIыпIэр лъагэ дыдэщ — километр мини 3-м щIегъу. Мыпхуэдэ лъагапIэм и псым къаруушхуэ хэлъщ, и удзым къэуат щIэлъщ, и хьэуари къызэрымыкIуэу къабзэщ. А псом къищынэмыщIа, мы щIыпIэм къыщыхъуа шыр адрейхэм нэхърэ куэдкIэ нэхъ губзыгъэщ. Ар къыхокI губгъуэм къыщыхъуа шыр шынагъуэ куэдым зэрырихьэлIэм. Псом япэрауэ, дыгъужьым е мыщэм. Апхуэдэхэм деж шыр мэгупсысэ, абыхэм дауэ яIэщIэкIа хъунуми, дауэ япэлъэщынуми, зихъумэжынуми.
  • Мы щIыпIэм ущыпсэуну гугъущ. Апхуэдэ гугъуехьхэм еса, ар зышэчыф шым и Iэпкълъэпкъым фIыуэ зеузэщIри, ямылейуэ бэшэч мэхъу.
  • Тхьэмахуэ къэс мы щIыпIэхэм дыкъакIуэурэ, шым я псэукIэр, я зэхэтыкIэр, здэщыIэхэр зыдогъэлъагъу. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, ахэр жэщи махуи губгъуэм итщ, мэхъуакIуэри. Дэ абыхэм я псэукIэм зыкIи дызэрыхэмыIэбэным иужь дитщ. Сыту жыпIэмэ, цIыхур абыхэм яхэмыIэбэу щыпсэуа зэман жыжьэм ещхьу, хуиту догъэпсэу. Дэри гъатхэр къызэрихьэу Инал дыкъокIуэри, шыхэм я щытыкIэм, зэхэтыкIэм дакIэлъоплъ, щэхуу дохъумэ. Апхуэдэурэ мы щIыпIэхэм мази 8 — 9 щыдогъакIуэ, ауэ, зэрыжытIащи, шыхэм я гъащIэм зыкIи дызэрыхэмыIэбэным дыхущIокъу.
  • Адыгэхэм шым и ныбжьыр илъэси 5 — 6-м нэмысауэ ягъасэу я хабзакъым. Iэмал имыIэу, а ныбжьым нэсыху шыхэр мы губгъуэм итын хуейт. Псыр — псэщ, жаIэ. Ар пэжщ. Псым къару къует, мыухыжынщ. Мыухыжынми и нэщэнэщ. Илъэситху-хыкIэ шыхэр щхьэхуиту губгъуэм щиткIэ, дауи, псым пэгъунэгъут IэпкълъэпкъкIи псэкIи. Мы щIыпIэ хьэлэмэтым щыхъуэкIуа, псы къабзэхэм зыщызыгъэпскIа, ар хуиту изыфа шым къыхохьэ къурш удзым и къарур, псым и IэфIагъыр, и лъэщагъыр.
  • Шыхъуэхэмрэ мэлыхъуэхэмрэ иджыри зы дэIэпыкъуэгъу яIэщ — хьэхэр. Нэхъ тэмэму жыпIэмэ, мэлыхъуэхьэхэр. Ахэр икъукIэ дэIэпыкъуэгъу щхьэпэщ икIи, гъэщIэгъуэныракъэ, а псэущхьэхэр (шыхэмрэ хьэхэмрэ) фIыуэ зэтозагъэ, зэныбжьэгъущ. ГъэщIэгъуэнщ, хьэхэм я къару псори шыхэр хъумэным зэрырахьэлIэр, жэуаплыныгъэшхуэ зэрахэлъыр, я лэжьыгъэр къазэрыгурыIуэр. Апхуэдэ зы хьэм и зэфIэкIхэр цIыху зытIущым я лэжьыгъэм покIуэ.
  • Шыхэм деж дгъэзэжынщи, абыхэм мы щIыналъэхэм щахъуэкIу удзым къищынэмыщIа, нэгъуэщI зыри яIухуэркъым, ауэ иныкъуэхэм деж шыгъу идот. Кавказ щIыналъэр сытым дежи шыгъукIэ къулейсызу щытащ. Абы къыхэкIыу, шыхэр апхуэдизу зыхуэныкъуэ шыгъур къахудэдмыхьейуэ хъуркъым. Адрей псори мыбы щагъуэт.
  • КъуакIэбгыкIэхэм хуиту ущызекIуэн папщIэ, шым адыгэ уанэ телъын хуейщ. Тхыдэми IуэрыIуатэми IупщIу къыхощ уанэр шы и уасэу зэрыщытар, ар шыми шуми хуэфэщэн зэрыхуеяр. Уи шымрэ уанэмрэ зыгуэрым гу къылъитамэ, узищIысри ищIэрт. Ноби аращ.
  • Ди щIыналъэхэм уанэ щызэрахьэхэм уахэплъэмэ, ахэр 5-уэ ягуэш. Япэр — Инджылызым къикIа, шы къызэрагъажэ уанэращ. ЕтIуанэр — испаниолэ — Америкэм нэхъ щызэрахьэ, ауэ ди щIыпIэхэми ущрохьэлIэ. Ещанэр — драгун — Франджым нэхъ щызекIуэу щытащ икIи лIэщIыгъуитI ипэкIэ Урысейм куэду къыщагъэсэбэпырт. Ди гуапэ зэрыхъунщи, дунейм лъэпкъыу тетым я уанэхэм зыкIи емыщхьщ ди адыгэ уанэ, адыгэ щхьэнтэ зытелъыр. Апхуэдэ уанэм шур быдэу иIыгъщ, шым хуиту тезэгъауэ. Къапщтэмэ, илъэс мин бжыгъэ тхыдэ иIэщ абы — ар нэхъри зэрырагъэфIэкIуэным пылъащ ди адэжьхэр.
  • Инал шы лъэпкъ пIащэхэр, инхэр щыпсэуфынукъым. Абы зезыгъэзэгъыфыр шы IэмащIэ-лъэмащIэхэращ. Апхуэдэшхэр дзэм куэду къыщагъэсэбэпырт, Тыркуми Урысейми щIэупщIэшхуэ щаIэт. Тхыдэми къыхощыж Мысыр мамлюкхэр адыгэшым къыщIэупщIэу зэрыщытар. Ари гурыIуэгъуэщ, мыпхуэдэ адыгэ щIыпIэм, зэрызехьэм вэгъзэгъыу къыщыхъуа шыр зыми щышынэркъым, и акъылыр нэхъ узэщIащ, шынагъуэм есэжащ, сыт хуэдэ дыркъуэ къытехуэми, тыншу ирехьэкIыф, ешэч.
  • Ди адыгэ щIыналъэхэм хъыбар гъэщIэгъуэнхэр яIэщ. Псалъэм папщIэ, Тызыл аузым узэпрыкIыу щытмэ, Къэнжал уолъагъу. Псоми дощIэж илъэс 300 ипэкIэ абдеж щекIуэкIауэ щыта зэхэуэ гуащIэр. А зауэм адыгэхэм я дэIэпыкъуэгъу нэхъыщхьэу хэтар шыхэращ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, апхуэдэ лъагапIэм дэкIуеифын шы лъэпкъ куэд дунейм теткъым. Ди текIуэныгъэри зи фIыщIэр адыгэлIхэм я закъуэкъым, атIэ а лъагапIэ задэм дэзыша шыхэми ядэлъагъупхъэщ.
  • Тхыдэм ухэплъэу щытмэ, япэ дыдэу узрихьэлIэ шы лъэпкъыр «хуарэ» жыхуаIэращ. Нарт эпосым къыхощ ар IупщIу, Бэтэрэз и шыр хуарэщ, жиIэу. Хуарэ шы лъэпкъыр гупиплIу ягуэшу щытащ икIи зэманыр кIуэху абыхэми захъуэжырт. Хуарэм и ужьым иту «щолэхъу» шы лъэпкъыр къэунэхуащ. Щолэхъум теухуауэ хъыбар хьэлэмэти уэрэди щыIэщ, КъардэнгъущI Зырамыку итхыжауэ.
  • Шы гуартэр куэд хъуа нэужь, зэхэмызэрыхьын папщIэ, Iэмал имыIэу дамыгъэ трагъауэрт. Дамыгъэр шым и куафэм шэсыпIэ лъэныкъуэмкIэ трагъауэу щытащ. А тегъэуэкIэми хабзэ иIэт. Хуабэ хъуауэ, ауэ иджыри бадзэр къэмыхъеяуэ, къуажэм дэс цIыхухъухэр зэхуэсырт, ныш яукIырти, джэгу ящIырт. ЩызэхэкIыжкIэ, шыхэм дамыгъэ трагъауэрт.
  • Адэм и ныбжь нэсарэ, и шы гуартэр и къуэхэм ятригуэшэжын хуей хъумэ, лъэпкъ дамыгъэм хуабжьу ещхьу, ауэ зыр зым тIэкIу къытещхьэхукIыу зэшхэм къалъыса шыхэм дамыгъэ трагъауэрт. Абы къыхэкIыу, зы шы лъэпкъым и дамыгъэм зэхъуэкIыныгъэ игъуэтырт, теплъэ зытIущ, уеблэмэ зыплIытху иIэу. Къапщтэмэ, Егъэнхэ дамыгъэу щы къадогъуэгурыкIуэ.
  • Адыгэшым и щытыкIэу, и шыфэлIыфэу щытын хуейм теухуауэ щIэныгъэ мащIэ дыдэщ дбгъэдэлъыр. Ауэ, къызэрытхутамкIэ, мыпхуэдэ къырым къыщыхъуа шыхэр Iэ псыгъуэ-лъэ псыгъуэу щытщ, нал щIэмылъми, гугъуехьыншэу мывэхэм пхокIыф. Апхуэдэшхэр кIуэ пэтми нэхъыфI мыхъумэ, зыкIэ нэхъ Iей хъуркъым. НобэкIэ диIэ лъэпкъыр, илъэс мин бжыгъэкIэ узэIэбэкIыжмэ щыIахэм нэхърэ куэдкIэ нэхъыфIу жыпIэми, ущыуэну къыщIэкIынкъым. Ди щIыналъэхэм къыщыхъуа шыр лъакъуэ кIыхь хъункIэ Iэмал иIэкъым. Адыгэхэм апхуэдэшхэм щхьэкIэ «бжэIупэш, хьэгъуэлIыгъуэш» жаIэу щытащ икIи щIэупщIи апхуэдэу иIэтэкъым. Нэхъыбэу щIэупщIэ зиIар гъуэгуанэ кIыхь зэпызычыф, жэрыгъэ кIыхь кIуэфхэрат. Иджыпсту ди къырхэм къыщыдгъэхъур апхуэдэщ.
  • Лъабжьэшхуэ иIэщ адыгэбзэм. Телъыджэщ. Апхуэдэщ адыгэшри. Ахэр хьэтхэм деж къыщежьауэ къалъытэ. Хьэтхэм хуэдэу а зэманым къэралыгъуэ лъэрызехьэ зыбжанэ щыIащ. Псалъэм и хьэтыркIэ, Бабылей, Мысыр, Ащыр, Шумер. Абыхэм шым мыхьэнэшхуэ ирату, бгъэдыхьэкIэ зырыз яIэу щытащ. Сэ щIыналъэ куэд къызэхэскIухьащ, ди адыгэшхэр утыку къисшэу, зэпеуэхэм хэсшэу. ГъэщIэгъуэныракъэ, зи гугъу сщIа кIуэдыжа къэралыгъуэхэм къащIэна шыхэмрэ ди адыгэшхэмрэ куэдкIэ зэщхьщ, зэтохуэ. Ар телъыджэщ. Псом хуэмыдэу, Испаниеми Андалузием шы хьэлэмэт дыдэхэр щыIэщ. Ахэри, ди адыгэшым хуэдэу, лъэрызехьэщ, гуащIэщ, я щхьэр къэрэкъэшщ. КIэщIу жыпIэмэ, я шыфэлIыфэкIэ ди шы лъэпкъхэм хуабжьу ещхьщ. Андалуз лъэпкъыр нэхъ жьы дыдэхэм хабжэ. Абы и къежьапIэр Мавритание къэралыгъуэм и зэманрауэ ябж. Андалуз шы лъэпкъыр Берберхэмрэ Испанием и шы лъэпкъымрэ яку къыдэкIауэ ябж, ауэ аракъым Iуэхур. Хьэлэмэтыр Берберхэм я шым дамыгъэ зэрытрагъауэ щIыкIэращ. Ар дэ ди тегъэуэкIэм зыкIи къыщхьэщыкIыркъым — куэм и курыкупсым шэсыпIэ лъэныкъуэмкIэ трагъауэ. СызэреплъымкIэ, ар Месопотамием къыщежьа хабзэщ, зы Iэмал гъэщIэгъуэн гуэркIэ нобэм къэсауэ. Зы псалъэкIэ си гупсысэхэр жысIэмэ, зи гугъу тщIа шы лъэпкъхэм я къежьапIэр зыуэ си гугъэщ.
  • Адыгэбзэм хэтщ лъабжьэшхуэрэ мыхьэнэ инрэ зиIэ псалъэ дахэ — «шыфэлIыфэ». «Шымрэ» «лIымрэ» зэгъусэу щхьэ псалъэ къагъэхъурэ? Ахэр зэпхауэ, а тIур зым хуэдэу, лIым зыгуэр и щхьэм къихьамэ, шым псэкIэ къищIэрэ, игъэзащIэу щытащ. ЛIыр пщэдджыжьым жьыуэ шым шэсрэ, пщыхьэщхьэ хъуху зэгъусэу махуэр кIуамэ, а тIур зэгурымыIуэнкIэ, зэмысэнкIэ Iэмал иIэтэкъым. Шым и тхьэкIумэхэм фIы дыдэу зэхах, жыжьэу къэIу макъыр цIыху тхьэкIумэм къимыцырхъэ щIыкIэ, шым къеубыд. Абы и зыщIыкIэмкIэ, и зыгъэхъеикIэмкIэ куэд дыдэ къыбгуригъэIуэфынущ. Псалъэм папщIэ, мэзым ущыщIэткIэ, шым и тхьэкIумэ сэмэгур мащIэу игъэхъеймэ, а лъэныкъуэмкIэ Iэуэлъауэ гуэрхэр щыIэу аращи, а щIыпIэр бгынэн зэрыхуейм ар и нэщэнэщ.
  • Гуартэм къыщекIуэкI хабзэхэри гъэщIэгъуэнщ. Псалъэм папщIэ, шыщIэ къалъхуам зэрыгуартэу кIэлъоплъ, яхъумэ. Хамэ къахыхьамэ, зыр адрейм зэрыдэIэпыкъуным хущIокъу, зэкъуэтщ. Псом нэхърэ нэхъыщхьэр гуартэм дыгъужь къызэребгъэрыкIуэр хакIуэм и чэзум гу лъитэнырщ. Абы гу зэрылъитэу, хакIуэпщIэр зэхуехус, щыщIэхэр гуартэм и кум хагъэувэ, шыбзхэр и хъуреягъэм къоувэкI, щхьэж и шыщIэм бгъуроувэри, дыгъужьхэр зыкIэлъэщIамыгъэхьэну, щIопхъуэ. ХакIуэмрэ шыщIэ зимыгъусэ шыбз бгъэхэмрэ иужь зыкърагъанэри, дыгъужьхэмрэ хакIуэпщIэмрэ я зэхуакум блыну доувэ. Дыгъужьхэр гъунэгъу щыхъукIэ, ахэр къызэуэкIыурэ, хакIуэпщIэр фIыуэ япэ ирагъэщ. ИтIанэ, гуартэр жыжьэу ягъэIэпхъуа нэужь, езыхэм зрачыжри, дыгъужьхэр зыкIэрагъэхупэ.
  • Шыхэр икъукIэ псэущхьэ губзыгъэщ. Зэманыжьым абрэджхэмрэ шыхэмрэ щытыкIэ гъэщIэгъуэнхэр ягъэлъагъуэрт. Псалъэм папщIэ, абрэджыр яубыдыну бийм къаухъуреихьарэ, хэкIыпIэ имыIэжмэ, и шым уанэр трихырт, хуит ищIырти, губгъуэм ириутIыпщхьэжырт. Езым уанэр и блэгущIэм щIилъхьэрти, мэзым зыщигъэпщкIурт. Дауи, губгъуэм ит шым и ужь иувэрт пхъэрыр. Мо уанэ зытемылъ, зи щIыбыкум цIыху имыс шыр нэхъ псынщIэу япэ ищырт, зейр здэщыIэ щIыпIэм бийр Iуишырт, игъэгъуащэрти, езым мэзым къигъэзэжырт. Пхъэрыр абрэджым и лъэужьым лъыхъуэу губгъуэм итыху, мыдрейр хуиту бауэу ежьэжырт. Апхуэдэшым зейм фIэкIа нэгъуэщI зы цIыху зыбгъэдигъэхьэртэкъым, къыпхуэубыдынкIи Iэмал щыIэтэкъым.
  • Шы гуартэм уакIэлъыплъмэ, хьэлэмэт куэдым гу лъыботэ. Псалъэм папщIэ, цIыхухэм хуэдэу абыхэми яхэтщ щхьэхынэ, зыбгъэпсэхуну укъызэрыувыIэу занщIэу зезыгъэхуэх, псы щхьэкIэ лIэрэ, зэрыхуэмыхьыжыр наIуэ пщызыщI. Апхуэдэуи гъунэжщ я щхьэр лъагэу Iэтарэ, я фэр лыдыжу, гуартэм и пэ ит зэпытрэ, хъупIэ къилъэгъуамэ, жэрэ ар зищIысыр зригъащIэрэ, къэсыжу. Апхуэдэхэращ гуартэм къыхэбнэу илъэситхукIэ хэгъэтын хуейр. ИпэкIэ зи гугъу сщIа щхьэхынэхэр, Iэмал имыIэу, къыхыдогъэкI.
  • Куэд щIоупщIэ, шым сыт егъэшхын хуейр, жаIэри. Тэмэмыр зыри иумыгъэшхынырщ. Ар губгъуэм ибутIыпщхьэмэ, езым и шхыныр къигъуэтыжыфу щытын хуейщ. Аращ абы сэбэп хуэхъунури зыхуэныкъуэри.
  • ШыщIэ къалъхуар мазих ирикъухукIэ анэм щIыгъун хуейщ. АдэкIэ, ар нэбгъэф мэхъури, шыбзым къыщIач, щхьэхуэу хэкъузауэ ягъашхэу илъэскIэ яIыгъ. Илъэс ирикъуа шыщIэр къунан мэхъу. Абы ирихьэлIэу и кIэр, сокур паупщI, дамыгъэр трагъауэри, гуп щхьэхуэм хагъэхьэ, Къущхьэхъу зэрыдахуным хуэдэу. Къущхьэхъу илъэситI-щыкIэ щыIам «къунажын», итIанэ «дунажын», илъэсиплI-тхум «хакIуэпщIэ» фIащ. Шым щIымахуэм цыбэ къытекIэн икIи ар гъатхэм телъэлъыжын, и цыр джафэу, лыду зилъэщIыжын хуейщ. Аращ шыфIыр къызэрацIыху нэщэнэр.
  • Адыгэшхэр кIасэу зи ныбжь къэсхэм хабжэ. Псалъэм папщIэ, инджылыз шым илъэситIым къэжэн щIедзэри, илъэси 5 — 6-м щегъэтыж. Зэрытлъагъущи, адыгэшым и Iуэхур щхьэхуэщ — а ныбжьым ар гъэсэн щIэдзэн хуейуэ аращ. Илъэсибгъу ирикъуху зыхуей хуагъазэу, кIэлъыплъу, елIалIэу ягъашхэрти, адэкIэ шым и зэфIэкIхэр здынэсамрэ зэман дагъэкIуэдамрэ зэрымыIэужьыншэр зрагъэлъагъурт. Илъэс 15 хъухукIэ шым и къару илъыгъуэт, 20 хъуам апхуэдэу зыри къытрагъэхьэлъэртэкъым. Къапщтэмэ, адыгэшыр илъэс 25-кIэ мэпсэу.
  • ИщхьэкIэ зэрыжытIащи, адыгэшыр зауэлIым и ныбжьэгъу пэжт, сытым дежи и Iуэхур диIыгът. Адыгэшыр кIэбдзкIи уэт, фIалъэкIи уэт, зэзэмызэ щыдзакъи къэхъурт, Iуэхур Iэмалыншэмэ. Ижь-ижьыж лъандэрэ «шыбгъэрыуэ» жаIэу къагъэсэбэпу щытащ. Блыным хуэбунэтIрэ, бгъэдэпхуэмэ, къэмыувыIэу, бгъэгукIэ абы жьэхыхьэу щытын хуейуэ къалъытэрт. Тхыдэми эпосми IупщIу къахощ зауэлIымрэ шымрэ я зэхущытыкIэр, а псэущхьэм пэжынагъыу бгъэдэлъыр. Псалъэм папщIэ, зауэлIыр уIэгъэ хъуарэ, и гуащIэр хэщIамэ, шыр щIым тIысырт, лIыр и щIыбым иригъэгъуалъхьэрти, унэм къишэжырт. Е, шур гъэр хъуамэ, шым унагъуэм къигъэзэжырти, тесар къызэрагъуэтыну лъагъуэм тришэрт.
  • ГъэщIэгъуэнщ зи гугъу тщIа псэущхьэ телъыджэхэм я дунейр, я зэхэтыкIэр, я хьэлыр, я пэжагъыр, ныбжьэгъугъэр. Адыгэшыр адрейхэм къазэрыхэщхьэхукIым нэгъуэщIынэкIи урегъэплъ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, нобэ махуэкIэ ахэр апхуэдэу къэдгъэсэбэпыжыркъым, «гъущIышкIэ» тхъуэжащ. КъикIыу пIэрэ абы цIыхумрэ щIыуэпсымрэ яку дэлъ зэпыщIэныгъэр зэпычауэ?! Дауэ хъуами, мы псэущхьэхэр ди лъэпкъми, ди тхыдэми, ди блэкIами, ди нобэми лъэ быдэкIэ хэтщ. Тхухэхынуи къыщIэкIынукъым.
  • Егъэн Ибрэхьим,
  • «Гуэрэн» ООО-м и унафэщI.