Адыгэ къамылым и щIэнгъуазэ
2022-04-16
- Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и сурэтыщI, ХудожествэхэмкIэ Урысей академием и дипломат ГъукIэ Замудин и «Адыгэ къамыл» тхылъышхуэм лъэтеувэ щращIэкIащ Сэралъп Мадинэ и арт-центру Налшык дэтым. Тхылъыр къаIэрыхьэну хуейуэ дунейм къытехьэн ипэ и уасэр хэзылъхьахэм щIэныгъэлIыр щаIущIэ пшыхь гуапэт ар. Фигу къэдгъэкIыжынщи, мы нэхъапэIуэкIэ Замудин и Iэдакъэ къыщIэкIащ адыгэхэм я лъэпкъ гъуазджэр лъабжьэ зыхуэхъуа лэжьыгъэ зыбжанэ: «Искусство адыгской циновки» (1991), «Учимся играть на шичепшине» (2014), «Атлас черкесского (адыгского) шичепшине» (2016).
- Къамылым (бжьамийм) теухуа лэжьыгъэрэ сурэту нэхъыбэ дыдэ къызэщIэзыубыдэ щIэнгъуазэ-къыдэкIыгъуэщ Замудин иджырей и IэдакъэщIэкIыр. Абы итщ ижь-ижьыж лъандэрэ щыIэ къамылыр дунейм зэрытетам, щIэныгъэлIхэр зэрелэжьам, къамылапщэ-джэгуакIуэхэм, къамыл епщэкIэм, нобэрей гъащIэм ар къызэрыхэувэжам, нэгъуэщI куэдми ехьэлIа тхыгъэхэмрэ ахэр наIуэ пщызыщI сурэтхэмрэ. БзищкIэ (адыгэбзэкIэ, урысыбзэкIэ, инджылызыбзэкIэ) къыдэкIа тхылъым къызэщIикъуащ ГъукIэм и гуащIэу илъэс 30-м къриубыдэр. Абы редактору елэжьащ филологие щIэныгъэхэм я докторхэу Гъут Iэдэмрэ Унэрокъуэ Раерэ, зэдзэкIакIуэхэу Теувэж ФатIимэрэ Беренковэ Виалетэрэ, чэнджэщэгъуу Увыж Анзор, лэжьыгъэм и теплъэр, макетыр зыщIар, ит сурэтхэм елэжьар Щоджэн Жаннэщ.
- «Адыгэ къамыл» тхылъыр къызэIуех Гъуазджэхэм я тхыдэмкIэ Урысей институтым (Санкт-Петербург) макъамэ IэмэпсымэхэмкIэ и секторым и щIэныгъэрылажьэ нэхъыжь, искусствоведенэмкIэ кандидат Болэт Динарэ и пэублэ псалъэм. Зи IэщIагъэмкIэ щIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъ бзылъхугъэм гупсэхуу и гугъу ищIащ ди лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ къамылым, бжьамийм и зэхэлъыкIэм, зэманкIэрэ абы иIа мыхьэнэм, нэгъуэщIхэми.
- Тхылъым итщ сурэт 373-рэ.Абыхэм ящыщу 72-р къамыл зэмылIэужьыгъуэхэм (удзым, жыгым, гъущIым, пластикым, н. къ. къыхэщIыкIахэм) я теплъэщ. Къамылапщэу 101-м, ахэр зыхэта гупу 50-м ехьэлIа тхыгъэхэри къыщыбгъуэтынущ.
- Лэжьыгъэм и гуэдзэну къокIуэ XIX — XX лIэщIыгъуэхэм псэуа композиторхэмрэ макъамэрылажьэхэмрэ, этнографхэмрэ зыплъыхьакIуэхэмрэ къамылкIэ ягъэзащIэ макъамэхэм хуатха нотэу 87-рэ, ижь-ижьыж лъандэрэ къэгъуэгурыкIуэ Iэмэпсымэм ехьэлIауэ сурэтыщIхэм ящIахэр езы ГъукIэ Замудин 1988 гъэм щегъэжьауэ лIыжьхэм яхуэзэурэ зэхуихьэсыжахэр, итхыжахэр. Псори зэхэту тхылъыр напэкIуэцI 478-рэ мэхъу.
- Апхуэдэуи щIыгъущ «Антология черкесских (адыгских) наигрышей на камыле, 1949 — 2021» зи фIэщыгъэ CD-альбомыр. Абы тетщ къамылапщэ 32-м ягъэзащIэ макъамэу 207-рэ.
- Сэралъп Мадинэ и арт-центрым мы тхылъым етIуанэу пшыхь щращIэкI. Япэм Замудин къеблагъэри, гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ я лэжьакIуэхэм, республикэм и къулыкъущIэхэм захуигъэзат тхылъым Iэ щIадзыну. «Ар къызыхэкIар лэжьыгъэр зэрыиным, уасэшхуэ зэрытехьэм къыхэкIыу си за- къуэу сызэрыпэмылъэщынурат, — жеIэ Замудин. — Си гуапэ зэрыхъунщи, къыкъуэкIащ си мурадыр къыздэзыIыгъахэр, щIыпIэ Iэджэм щыIэ IуэхущIапIэхэм, библиотекэхэм, цIыху щхьэхуэхэм щIатхыкIащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу цIыху 50-м Iэ щIадзат тхылъми, ахэр къаIэрызгъэхьэжащ». Къыхэбгъэщмэ, мы къыдэкIыгъуэр нэсащ Кембридж, Берлин, Баварием, Японием, нэгъуэщI щIыпIэхэми.
- Тхылъхэр зейхэм щаIэщIыхьэжа зэIущIэр я псалъэкIэ, макъамэкIэ нэгузыужь ящIащ щIэныгъэлIхэм, гъуазджэм и лэжьакIуэхэм, хьэрычэтыщIэхэм, къамылапщэхэм. ГъукIэ Замудин абы зыкърезыгъэхьэлIахэми и гуащIэр къэзылъытэхэми фIыщIэ яхуищIащ.
- ГъукIэм и гуапэ хъуауэ къыхигъэщащ мылъкукIэ зыкъыщIэзыгъэкъуахэр. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, хэхэс адыгэхэу Бажэ Нурсрэт, Нэгъуей Яшар, Едыдж Мэмэт сымэ, Ерджэнокъуэ (ХьэхъупащIэ) Ксеня, Адыгейм и Правительствэр, нэгъуэщIхэри.
- Тхылъыр зыIэрыхьахэм дехъуэпсэн фIэкIа къытхуэнэжIакъым. Апхуэдиз къызэщIэзыкъуэ лэжьыгъэ зэман благъэм дунейм къызэрытемыхьэнур хьэкъщи, абы и уасэр хуагъэза сом мини 2,5-ракъым, атIэ уасэншэщ. Ар зи IэдакъэщIэкI ГъукIэ Замудин къызыхэкIа лъэпкъым иджыри илъэс куэдкIэ хуэузыншэну, хуэлэжьэну ди гуапэщ.
- ИСТЭПАН Залинэ.
- Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.