|
Апрель, 2022
2022-04-02
- Рэмэдан мазэр къызэрихьамкIэ гурэ псэкIэ сынывохъуэхъу муслъымэн псо- ми!
- НэщI мазэ лъапIэм дэтхэнэ зы муслъымэнми Iэмал ирет гъащIэм нэхъыщхьэу хэлъым егупсысыну, цIыхухэм гуапагъэрэ гулъытэкIэ захуигъэзэну, нэхъ тэмакъкIыхь, гумащIэ хъуну, псапэ нэхъыбэ илэжьыну.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу
«Налшык насыпым и дамыгъэщ»
2022-04-02
- Апхуэдэ фIэщыгъэ иIэу гъатхэпэм и 25 — 28-хэм Налшык щекIуэкIащ XIII дунейпсо Арт зэпеуэр. Ар хуэунэтIауэ щытащ Урысейм, хамэ къэралхэм щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр хъумэнымрэ яку дэлъ зэныбжьэгъугъэр, зыхуащI дзыхьыр гъэбыдэнымрэ, ди республикэм дунейм псом къыхуаIэ щытыкIэм фIы и лъэныкъуэкIэ зрагъэхъуэжыным.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Ухуэныгъэхэр къызэтрагъэувыIэркъым
2022-04-02
- КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек видеозэпыщIэныгъэ Iэмалхэр къигъэсэбэпу хэтащ ЩIыналъэ зыужьыныгъэмкIэ Правительствэ комиссэм и президиумым хэтхэм я зэIущIэм. Ар иригъэкIуэкIащ УФ-м и Правительствэм и унафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Гулъытэ щхьэпэ
2022-04-02
- КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Прохладнэ къалэм щыIущIащ ар зи хэщIапIэ 31681-нэ дзэ пакIэм хэт дзэлIхэм.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм
Сабийхэр зыщыгуфIыкI тхыгъэхэр
2022-04-02
- Сабий тхылъым и дунейп-со махуэр илъэс къэс ягъэлъапIэ Данием щыщ псысэрытх цIэрыIуэ Андерсен Ганс Христиан къыщалъхуам — мэлыжьыхьым и 2-м — ирихьэлIэу. Ар 1967 гъэм игъэувауэ щытащ Сабий тхылъымкIэ дунейпсо советым, нэмыцэ тхакIуэ Лепман Иелле къыхилъхьэри.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
АфIэунэ Рае и вагъуэр ноби маблэ
2022-04-02
- ЦIыхугъэ лъагэмрэ зэхэщIыкI куумрэ сыт хуэдэ IэщIагъэми Iэмал имыIэу епхауэ щытын хуей хьэл-щэнхэм ящыщкъым, атIэ зыхэлъым и псэукIэмрэ дуней тетыкIэмрэ ахэр я лъабжьэ хъууэ аращ. А щэнхэр и гъуэгугъэлъагъуэу, и пэжыгъэмрэ псэ къабзагъэмрэ гъащIэм щызыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэм, щигъуэта унагъуэ насыпым лъабжьэ яхуищIу дунейм тетащ ди республикэм и мызакъуэу, къэралым и щIыпIэ куэдми щыцIэрыIуэу щыта журналист Iэзэ, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ АфIэунэ (ТекIуий) Рае (1932 — 2013). Кавказ Ищхъэрэм щыяпэ, СССР-м щыебгъуанэ Къэбэрдей-Балъкъэр телецентрым и япэ дикторым зыми емыщхь и макъ щабэр, гуапэр зымыцIыхуа, ноби зымыщIэж куэд яхэткъым нэхъыжьхэм. Ди республикэм исхэм ящыщу журналист IэщIагъэм япэу хуеджахэм яхэтащ АфIэунэр. Урысыбзэри адыгэбзэри зэхуэдэу зыгъэшэрыуэу щыта теле-радио журналист IэкIуэлъакIуэм хуэфащэ дыдэу къыфIащат а IэнатIэм и отличник цIэ лъапIэри.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ
ФызыхущIемыгъуэжын IэщIагъэ къыхэфх
2022-04-02
- Гъэ еджэгъуэр и кIэм ноблагъэ. ДяпэкIэ цIыкIухэр зрагъэгъуэта есэныгъэхэр къыщапщытэж гъэунэхуныгъэхэм хыхьэнущ, IэщIагъэрэ щIэныгъэрэ къызыщIахыну еджапIэхэм нэхъ траубыдэу хуежьэнущ. Балигъ гъащIэм хыхьэну ныбжьыщIэхэр, зы лъэныкъуэкIэ, къапэщылъ Iуэхугъуэхэм егъэпIейтей, Iэнкун ещI, я гъуэгур здаунэтIынум егъэчэнджащэ, ар гъащIэм къазэрыщыхуэщхьэпэжыну псори щызэрагъэзахуэ щытыкIэ ирегъэувэ. НэгъуэщI лъэныкъуэкIэ, «ущIалэху уи дунейщ» жыхуиIэм ещхьу, цIыкIухэр мэпабгъэ щIэх адэ-анэм я абгъуэм къилъэтыкIыну, студентыгъэр зищIысыр къащIэну, цIыхущIэхэм нэIуасэ зыхуащIыну. Арыххэуи, гугъэмрэ щIалэгъуэмрэ я Iэпэгъуу ныбжьыщIэхэр гъащIэщIэм хуокIуэ. Абыхэм щIалэгъуэм хуэзышэ гъуэгум хэлъынкIэ хъуну лъэпощхьэпохэр яхуэгъэмэщIэным, щыщIэтIысхьэкIэ зыIууэнкIэ хъуну гугъуехьхэр къызэрызэранэкIынум теухуауэ депсэлъылIэну «Адыгэ псалъэм» ди хьэщIэщым къедгъэблэгъащ а лэжьыгъэр нэхъыбэу зи пщэ къыдэхуэ, Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым ЩIэтIысхьэным епха Iуэхугъуэхэр къызэгъэпэщынымкIэ и къудамэм и унафэщI, педагогикэ щIэныгъэхэм я кандидат Табыщ Тимур.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
ГушыIэр Тхьэм и щIасэщ
2022-04-02
- Удыхьэшхыныр узыншагъэм хуэщхьэпэу къэзылъы-та пасэрейхэм ар ауэ сытми зэрыжамыIар наIуэщ. ГушыIэмрэ дыхьэшхымрэ цIыхур гъащIэщIэм хузэщIагъэушэу фIэщхъуныгъэ щыIащ. Къэзыухъуреихь дунейм гуэх имыIэу пыщIауэ къекIуэкI цIыхум ар къызэригъэIурыщIэр псалъэрэ щытыкIэрэт. Абы и фIэщ хъурт и псалъэми щIыуэпсым зэрыхущыт щIыкIэми мэгъу къа- ру яIэу. Арагъэнущ пасэрей дунейм и щэху къэтIтIэщIыжхэм а IуэхугъуитIри нэхъыщхьэу къыщIыхэщыр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Зыгъэпсэхугъуэ махуэм
2022-04-02
- Зы сыхьэтым къалъхум и бжыгъэр
- ЦIыхухэм я бжыгъэм псынщIэ дыдэу хохъуэ. Зы сыхьэтым къриубыдэу дунейм къытохьэ цIыху 5400-рэ.
- * * *
- КъызэрабжамкIэ, илъэсипщI къэс тхылъхэм я бжыгъэм хуэдитIкIэ хохъуэ.
- Ди къэралым и закъуэу тхылъ томм зы мелардрэ ныкъуэрэ щахъумэ. Ахэр псори щIэхуэн папщIэ, библиотекэ мин 400-м щIигъу ящIащ…
- * * *
- Иужьрей илъэси 100-м къриубыдэу дуней псом щIыдагъэу къыщыщIахуащ тонн мелард 13.
- Шыпш Даянэ.
-
- И хьэлым текIуэдэжа
- Инджылыз пащтыхь гуащэ Аннэ (1665 — 1714) хуабжьу ныбжьэгъу пэж хуэхъуат и фрейлинэ Дженнингс Сарэ. Ахэр зэрыцIыкIурэ зэныбжьэгъуу къызэдэхъуат. Аннэ и блыгущIэт пщащэм хуидэрт миссис МорликIэ къеджэу.
- Сарэ пащтыхь гуащэм зэриныбжьэгъур къигъэсэбэпри, абы и щхьэгъусэ герцог Мальборэ политикэ къулыкъуфIхэр зыIэригъэхьащ.
- Ауэ зэман дэкIри, Сарэ и Iуэхухэр зэIыхьащ. Пащтыхь гуащэм игу иримыхь хьэл гуэрхэр къыщызыкъуихым, а тIур зэфIэнащ. ИкIэм-икIэжым, Аннэ блыгущIэт пщащэ ищIар хьэл нэхъ зэпIэзэрыт, нэхъ щэху зиIэ Маршэм Абигайлщ. Езы Сарэ пащтыхьыгъуэм къыдахужри, къэралри ирагъэбгынауэ щытащ.
-
- Къэб хьэлыуэ
- Къэбри абы и жылэри цIыхум и дежкIэ сэбэпышхуэщ. Къэб жылэм хэлъщ белок, каротин, аскорбиновэ кислота, микроэлементу магний, гъущI, калий, кальций, фосфор нэгъуэщIхэри. Езы къэбым хэлъщ витамину С, В1, В2, РР, А. Абы къыхащIыкI шхыныгъуэхэр сэбэпщ зи кIэтIий, жьэжьей, тхьэмщIыгъу узхэмкIэ.
- Къэбыр ятхьэщI, гъущэу ялъэщIыж, IупщIэурэ яупщIатэ, и жылэхэри и лъэхъыцхэри и кум кърах, и фэр пIащIэ цIыкIуу трагъэж, езыр цIыкIу-цIыкIуу зэпаупщIри, лыхьэжым щIагъэкI. Шыуаным тхъу иракIэри, и пщтырагъыр градус 35-рэ хъуху къагъэплъ, абы къэб хьэжар халъхьэри, бэлагъкIэ зэIащIэурэ дакъикъи 5 — 6-кIэ ягъажьэ. ИтIанэ, абы хакIэ фошыгъупс, зэIащIэурэ дакъикъэ 20 — 25-кIэ ягъавэ. Абы гуэдз хьэжыгъэ гъэжьа хакIутэри, бэлагъкIэ зэпымыууэ япщурэ Iув хъуху ягъажьэ. Хьэзыр хъуа хьэлыуэр шыуаным кърахри, тхъу зыщыхуа Iэнэм тралъхьэ, я Iэм дагъэ щахуэри, ар фIыуэ яубэ. Ямыубэу дэ хуэдиз IэшкIэ цIыкIухэри ящI. Ахэр тIэкIу дияуэ вазэм иралъхьэ, яубар мыупщIыIущэ щIыкIэ IупщIэурэ сэкIэ зэпагъэж. Къэб хьэлыуэ хуабэм шэ докIу. Мыр нэхъ щащIу щытар щIымахуэмрэ гъатхэмрэщ. Къэуатщ, гъэткIугъуафIэщ.
- Гуэдз хьэжыгъэр зэрагъажьэр: гуэдз хьэжыгъэ ухуэнщIар тебэ гъущэм иракIутэри, мафIэ щабэм тету чымчыркIэ зэIащIэурэ, тхъуэплъ дахэ, мэ гуакIуэ къыхихыу хъуху ягъажьэ.
- Фошыгъупсыр зэращIыр: псывэ къэкъуалъэм фошыгъур хакIутэри, зэIащIэурэ ткIуху къагъавэ, бинткIэ языж.
- Халъхьэхэр:
- тхъууэ — г 100,
- къэб хьэжауэ — г 300,
- псыуэ — г 240-рэ,
- фошыгъуу — г 240-рэ,
- гуэдз хьэжыгъэ гъэжьауэ — г 160-рэ.
- Къубатий Борис.
-
- ШыIэныгъэмрэ къарумрэ
- ЦIыхум куэдрэ ущымытхъу, абы Iуэху мыщхьэпэ кърикIуэнкIэ хъунущ.
- Гугъэр бгъэфIэн, пхъумэн хуейщ. Ар гум и щIэгъэкъуэн къызэрымыкIуэщ.
- Лъагъуныгъэм и щэху псори зыщIэр зыгуэр фIыуэ зылъагъурщ.
- Хэхъуэм и Iэмал нэхъ тыншыр пщIэншэу умыгъэкIуэдынырщ.
- Зэдауэм и хеящIэ нэхъыщхьэр зэманырщ.
- УкIытэр цIыхум напэ зэриIэм щыхьэт техъуэ Iуэхущ.
- ШыIэныгъэр къарум нэхърэ нэхъ лъапIэщ.
- Къаруракъым пэжымрэ захуэмрэ зыхэлъыр, атIэ пэжымрэ захуэмрэщ къару хъужыр.
- ШыIэныгъэм губзыгъагъэмрэ хахуагъэмрэ я гъуэгур къыпхузэIуех.
- ЗыхыумыщIыкI Iуэхум упэрымыхьэ.
- Щыуагъэр акъылым и япэ дерсщ.
- Щэнхабзэр жылагъуэм и зыужьыныгъэр цIыхухэм я фIэщ зыщI Iуэхущ.
- Делэм зэрызыщыпхъумэнур шыIэныгъэщ.
- ФэрыщIагъэм гуапагъэ къудей мыхъумэ, зы сэбэпынагъ къыпэкIуэркъым.
- Ди щхьэ дзыхь зэрыхуэтщIыжыр нэхъ мащIэху, нэгъуэщIым жиIэр нэхъыбэу ди фIэщ мэхъу.
- Уи IэщIагъэм хуиIэ лъагъуныгъэм узыхуишэр Iэзагъырщ.
- Гуапагъэм нэхърэ нэхъ къару лъэщ щыIэкъым.
- Iэзагъыр, лэжьыгъэр, лъагъуныгъэр зэхыхьа нэужь зэчий къагъэщI.
- ЩIэныгъэ зыбгъэдэлъыр ищIэр мащIэу къыщыхъужу сытым дежи еджэрщ.
- Зыгуэрым пэжу гу лъитащ: псори куэдрэ псэуну хуейщ, ауэ жьы хъуну зыри хуейкъым.
- ЦIыхум и хьэлыр аращ, арэзы къыдэхъуращ гулъытэ нэхъыбэ зыхуищIыр.
- Хъурей Феликс.
-
- Iуащхьэмахуэ и адэ
- Шэджэмыпсымрэ Кестантэрэ щызэхэж щIыпIэм дежщ Шэджэмыщхьэ вулканыр здыхуэзэр. КъызэрыщIэкIамкIи, ар дуней псом щыцIэрыIуэ ди Iуащхьэмахуэ нэхърэ куэдкIэ нэхъыжьщ, Кавказым и налкъутыр къызытекIари аращ!
- А вулканыр куэдым яцIыхуркъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, Iуащхьэмахуэ нэхърэ куэдкIэ нэхъ лъахъшэщ икIи мэщэщэж. Ауэ ар апхуэдэу сытым дежи щытакъым. ЩIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, Шэджэмыщхьэ вулканыр 8 нэхърэ мынэхъ мащIэу къикIащ икIи и еянэ къибыргъукIыгъуэр илъэс щитхукIэ узэIэбэкIыжмэ, псэуа цIыхухэм ягъэунэхуащ! Географ цIэрыIуэ Страбон и тхыгъэхэм (ди эрэм и пэщIэдзэм Кавказ Ищхъэрэм и географием нэхъ щыгъуазэу щыта, абы теухуауэ тхыгъэ куэд къызэзынэкIа алыдж географщ) дызытепсэлъыхь вулканыр белджылыуэ къахощыж. А вулканыр егъэлеяуэ абрагъуэу щытащ, и зы къикIыгъуэ къэс и лъабжьэр ехым-ехыурэ, Iуащхьэмахуэ нэхърэ куэдкIэ нэхъ цIыкIу хъужащ.
- Хэт ищIэнт зы зэман Шэджэмыщхьэ вулканым и зы къикIыгъуэм и Iэужьу къэунэхуа Iуащхьэмахуэ къэзыгъэщIам нэхъ лъагэ хъуну?!
- Вулканым и хъуреягъыр бгыщ, дэнэкIэ уплъэми. А лъагапIэм щыIа цIыху закъуэтIакъуэхэм зэрыжаIэмкIэ, зы макъи щызэхэпхыркъым, зы псэущхьи бзуи щыплъагъуркъым, къапщтэмэ, хьэуари и пIэм ижыхьауэ къыпщохъу, апхуэдизкIэ даущыншэщи. Зыгуэр къыпкIэлъыплъ хуэдэ, уи щхьэщыгум ныбжь гуэрхэр къиувэу къыпщохъу. Нэхъ гъэщIэгъуэнращи, хьэршым къикIыу, зищIысыр къамыхута гуэрхэр мы щIыпIэхэм къыщхьэщыхьэу, тэлайкIэ заIэжьа нэужь бзэхыжу жаIэ.
- Дохъушокъуэ Синэ.
-
- И лъэIур хуащIащ
- «Алиса в стране чудес» таурыхъ цIэрыIуэр зэхэзылъхьар Оксворд университетым математикэмкIэ щезыгъэджа Кэррол Льюисщ. Ар и лэжьыгъэм къыщыдэхуэхэм деж итхауэ щытащ щIэныгъэлIым.
- Инджылызым и пащтыхь гуащэ Викторие а таурыхъым къеджа нэужь, хуабжьу игу ирихьащ икIи Кэррол и Iэдакъэ къыщIэкIа адрей тхылъхэр икIэщIыпIэкIэ къыхуахьыну унафэ ищIащ.
- Пащтыхь гуащэм и лъэIур псынщIэ дыдэу хуагъэзэщIащ. Абы хуабжьу игъэщIэгъуащ Кэррол и адрей тхылъ псори математикэм теухуауэ къызэрыщIэкIар.
-
- Псалъэзэблэдз
-
- ЕкIуэкIыу: 2. ЦIыху жумарт, гупцIанэ. 6. ЦIыху хахуэ е лIы пхъашэ. 7. Зиусхьэн лъэпкъ. 8. Адыгэ театрым и джэгуакIуэ Iэзэ, КъБР-м и цIыхубэ артисткэ. 10. Зи суд ящIэм къыщхьэщыж цIыху. 13. Хамэ унагъуэм щапIу щыта щIалэ цIыкIум зэреджэ. 14. Выр гум зэрыщIащIэ пхъэ. 15. Унэ яухуам и бжэ-щхьэгъубжэр зэрагъэдахэ ткIуаткIуэ. 16. Теплъэншэ, фэншэ. 18. Щхьэусыгъуэ гуэркIэ жылэр зыбгынауэ мэзым, къуршым зыщызыгъэпщкIу. 22. « … Мурат» — ПащIэ Бэчмырзэ и псалъэхэр зыщIэлъ уэрэд цIэрыIуэ. 23. ТхъуцIынэ щIахуа иужь къанэ псыр. 24. Зи гъэгъар щхъуэ-хужьыфэ, гъэмахуэпэм къэгъагъэ удз: хущхъуэгъуэу къагъэсэбэп, Iэщми фIыуэ яшх.
- Къехыу: 1. Псыхьэ щыкIуэкIэ пэгунитIыр абы фIадзэ. 2. Дин IуэхукIэ Саудей Хьэрып къэралым щыIа цIыху. 3. Улажьэмэ, … пшхынщ, умылажьэмэ, лажьэ бгъуэтынщ. 4. Тутын щащэр иракIутэурэ абыкIэ йофэ. 5. Удын зэхэдзэ нэхърэ — … зэхэдзэ. 9. «ЩIыхь» орденым и нагъыщищри зыхуагъэфэща зауэлI Мусэ … 11. Iуащхьэмахуэ щыгу япэ дыдэу къэзыгъэIурыщIа Хьэшыр … 12. Хьэкум къинэ пхъэ сахуэ. 16. Шым и фэ, и теплъэ. 17. ЩIалэ цIыкIум и … къикIри, анэм дэIэпыкъуащ. 19. ПщIий къызыпыкIэ жыг. 20. Щыгъын. 21. Жьым щытхъуи, … къащтэ.
- Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ.
- Гъатхэпэм и 26-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
- ЕкIуэкIыу: 1. ПэщIэIуантIэ. 5. Псапэ. 6. Дурэш. 9. Жэмы-жьыгу. 11. Гъунэ. 12. Щхьэ. 13. Псынабэ. 14. Лъэуей. 16. Киров. 19. Тхъуэбзащхъуэ.
- Къехыу: 2. ЩIэп. 3. Iуэ. 4. Нау. 5. ПцIэгъуэплъ. 7. ШыгъэцIыв. 8. ЩIыунэ. 9. Жэп. 10. Гущэ. 15. Ефэ. 17. Изщ. 18. Уз.
Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис
МафIэгу-хьэщIэщыр Налшыки къыдохьэ
2022-04-02
- «Урысейм и гъущI гъуэгухэм» и гъусэу уи нэгу зегъэужь» проектым нэгъабэ лъандэрэ цIыхубэр дихьэхауэ, щIэупщIэр нэхъыбэ хъу зэпытщ. Абы къыхэкIыу 2022 гъэм зрагъэубгъури, «Жемчужина Кавказа» мафIэгу-хьэщIэщым и гъуэгум хагъэхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Адыгеймрэ. Шэрхъ зыщIэт хьэщIэщыр махуиблкIэ нэгузегъэужьыпIэ къызэрымыкIуэу къыфхущIэкIынущ. Абы мэлыжьыхьым и 30-м лэжьэн щIидзэнурэ фокIадэм и 24 пщIондэ тхьэмахуэ къэс гъуэгу техьэнущ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
«Дыгъэшырхэм» я юбилей
2022-04-02
- Нарткъалэ ЩэнхабзэмкIэ и унэм щекIуэкIащ къалэм гъуазджэхэмкIэ и «Лэгъупыкъу» сабий школым лъэпкъ къафэхэмкIэ и «Дыгъэшыр» ансамблыр илъэсипщI зэрырикъуам траухуа пшыхь гукъинэжыр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Щэнхабзэ
|