ЩIалэгъуэмрэ хъуапсэмрэ
2022-04-16
- Утыку зэрихьэр лъапэщи, къызэрикIыжыр напэщ, жеIэ адыгэм. ЦIыхур къызэращIэр и IуэхущIафэрщ, и цIэ зэрыIури и щэнхабзэрщ. Зи щIалэгъуэ дахэм дунейм и фIыгъуэ псори зыIэригъэхьэну щIохъуэпс, я нэхъ гугъури къигъэIурыщIэну хущIокъу. Псэм кърит лъэщагъыр къэзыгъэщIыр хъуапсэращи, абы хуэдэу къарууфIэ щыIэу фIэщ щIыгъуейщ. Арыххэуи, цIыхум и псэр къабзэмэ, зыхуеIэр дахагъэмэ, и хъуапсэм лъэкIынур къыпхуэмылъытэну инщ: абы и Iэужьыр щысэтехыпIэ хъунущ, цIыхущIыж лъагъуэ теувэнущ.
- «Си IэнатIэкIэ сэ схуэдэ цIыхум сещхьэпэнщ, и гум дахагъэ гуэр щызгъэушынщ», — жызыIэм гулъытэ хуэфащэщ, гъуэгу етыпхъэщ. Апхуэдэ гуращэ дахэ зиIэр щыныбжьыщIэм деж ущогуфIыкI, лъэпкъым и псэр адэкIэ нэзыхьэсын зэрыщыIэм узэщIиIэ-тэу. Апхуэдэу игури и псэри щIэблэм иритауэ и IэнатIэм пэрытщ Налшык къалэ дэт сабий гъэсапIэ №31-м и лэжьакIуэ, и утыку ихьэкIэрэ и IуэхущIафэкIэ куэдым гурыхь ящыхъуа Ехъутэныдж Iэминэ.
- Гъэсэныгъэ лэжьыгъэм зи фIэщу зезыта Iэминэ пIалъэ кIэщIым къриубыдэу методикэ къэхутэныгъэ зыбжанэ иригъэкIуэкIащ, языхэзми IэнатIэр зэрыхуэныкъуэр IупщIу къыхэщу. Нэхъ щIэупщIэ зыгъуэтахэм ящыщщ «Егъэджэныгъэм и лъэпкъ-щIыналъэ Iыхьэр и лъабжьэу зэхэгъэува, зи еджапIэ кIуэгъуэ мыхъуа сабийхэр хэкупсэу къэгъэтэджыным еп-ха Iэмалхэмрэ хэкIыпIэхэмрэ» зи фIэщыгъэ методикэ лэжьыгъэ купщIафIэр. Iуэху хъарзынэм щыщ Iыхьэхэр Iэминэ хэгъэгупсо зэхьэзэхуэхэм я утыкум ирихьащ икIи мызэ-мытIэу къыщыхэжаныкIащ. Псалъэм къыдэкIуэу къыхэдгъэщынщи, Iэминэ и къэхутэныгъэр КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм ЕгъэджакIуэхэм я IэщIагъэмрэ щIэныгъэмрэ щыхагъахъуэ и центрым и унафэщIым и къуэдзэ, психологие щIэныгъэхэм я кандидат Кравцовэ ФатIимэ и щIэныгъэ унафэщIу мыгувэу дунейм къытехьэнущ.
- Зи IэщIагъэм хуэIэижь гъэсакIуэр «Адыгэ псалъэ» газетым и хьэщIэщым къедгъэблагъэмэ, игъуэу къэтлъытащ.
- — Iэминэ, фIыщIэ пхудощI укъызэрытхуеблэгъам папщIэ. Псом япэу ди газетеджэхэм нэIуасэ закъыхуэпщIамэ, къыхэпха IэщIагъэм узэрыхуэкIуа щIыкIэм укъытхутепсэлъыхьамэ ди гуапэт.
- — «Адыгэ псалъэ» газетыр сыкъыщыхъуа унагъуэм зыхилъхьэ щымыIэу къыдогъуэгурыкIуэ, си гуапэщ нобэ фи деж сыкъызэреблэгъар. Сэ сыкъыщалъхуари сыщеджари Къармэхьэблэщ, Лыхьхэ срапхъущ, Ехъутэныджхэ сахэсщ, Налшык къалэ сыщопсэу. Си адэ Мухьэмэд шофёрщ, си анэ Людэ егъэджакIуэщ, Къармэхьэблэ дэт, Къамбий Мухьэб и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэм илъэс куэд щIауэ щолажьэ, щIэблэм адыгэбзэмрэ литературэмрэ яригъащIэу.
- Ди анэр сыт щыгъуи хуейт, IэщIагъэ къыщыхэсхкIэ, сабийхэм садэлэжьэным нэхъ тезгъэщIэну, а лэжьыгъэр къызэхъулIэну жиIэрт. Курыт еджапIэр къыщызухам, сыздыщIэтIысхьэнум тезубыдауэ щыттэкъым, ауэ КъБКъУ-м егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыр и колледжым Бжэ зэIухахэм я махуэ иригъэкIуэкIыу си анэм щызэхихым, абы дыплъэну сытригъэгушхуащ. СыздэкIуам слъэгъуамрэ зэхэсхамрэ гурыхь сщыхъури, колледжым социальнэ лэжьыгъэмкIэ и къудамэм сыщIэтIысхьащ. Диплом плъыжькIэ ар къэзухри, КъБКъУ-м си щIэныгъэм щыпысщащ, аспирантурэми сыкIуащ, университетми сыщылэжьэну къысхуихуащ.
- Зи узыншагъэм сэкъат иIэ сабийхэм медицинэ икIи психологие дэIэпыкъуныгъэ щрат центрым илъэс зыбжанэкIэ сыщыIащ. Мис а илъэсхэращ сэ къыщызгурыIуар сабийхэм гузыхэщIэныгъэу яIэр зэрыин дыдэр, ар къыбгурыIуэ къудеймэ, дунейм и щэху куэдым узэрылъэIэсынур. И гур етауэ си анэр зыбгъэдэт IэщIагъэм сыхишэн папщIэ къызэрызэлIэлIари, сызыхэта цIыкIухэм я жьауэ сызэрыщIэхуа-ри зэхэплъхьэжмэ, си дуней лъагъукIэм зызэридзэкIащ, сабийхэм садэлэжьэну, абыхэм сахэтыну сыхуейуэ си гур пхъэр хъуащ. Налшык къалэ дэт 31-нэ сабий гъэсапIэм сызэрыуврэ илъэситхум нэблэгъащи, сыхущIегъуэжакъым.
- — СфIэфIщ егъэджакIуэр е гъэсакIуэр а IэнатIэм зэрыхэзэгъа щIыкIэр зэзгъэщIэну…
- — Дэтхэнэ цIыхуми къыхиха IэщIагъэр игу дыхьэу щытын хуейуэ къызолъытэ. ФIэфIу, хуэпабгъэу и лэжьапIэм кIуэм и насыпщ, махуэм кърихьэлIа лэжьыгъэм гупсэхугъуэ къритмэ, абыкIэ арэзы хъуауэ и унэ екIуэлIэжмэ, Тхьэр къетауэ аращ. Сыт хуэдэ лэжьыгъэми ехьэлIауэ жызоIэ мыр. Ауэ сабийм пыщIа IэнатIэр зыми хуэдэжкъым. Абы къыуитын хуей арэзыныгъэм къищынэмыщIауэ, жэуаплыныгъи хэлъыпхъэщ. Сабийм ухуэмыгумащIэмэ, ахэр балигъ хъууэ уи пIэ къызэриувэжынур зыхыумыщIэмэ, уахэмыхьэмэ нэхъыфIщ — уадэлэжьэфынукъым. Ар къэгъэнауэ, псори зэрыщыт дыдэм хуэдэу зыхэзыщIэ сабийхэм узыхагъэхьэнукъым.
- Уегупсысмэ, сабийхэм уахэтыныр икIи гугъущ, икIи тыншщ. Гугъущ илъэситI иримыкъуа нанум игу цIыкIур иумыуду, етIуанэуи-ещанэуи уи деж къытригъэзэжыну хуейуэ зэбгъэсэныр, цIыхур цIыху зы-щIыж есэныгъэ псори хэплъхьэныр. Адэшхуэ-анэшхуэм ягъафIэу, адэ-анэм ябгъэдэсу дыгъуасэ унэм щIэса цIыху цIыкIур зэи здэщымыIа щIыпIэм щашэкIэ, гузэрыдзэ иримыгъэщIыныр гъэсакIуэм и къалэн нэхъыщхьэ дыдэщ. Зэ къыдэпхьэхрэ я гупэр къыпхуагъазэмэ, гъэсакIуэм и лэжьыгъэм нэхърэ нэхъ тынш щыIэкъым. ФIыуэ плъагъу къудеймэ, дауи, IэщIагъэр. Арыххэуи, псалъэ гуапэ, хуабагъэ зыфIэмыфI щыIэкъым. Уи хуабэр зэралъэбгъэIэс хуэдизкIэ езыхэм яйри зыхэпщIэнущ.
- — Сабийр хохъуэ, и зэхэщIыкIым зеужь, и щIыкIэми зехъуэж.
- — Пэж дыдэщ. Сабийр къыдэкIуэтеиху, нэхъыбэ къыгурыIуэ мэхъу. Илъагъур къыбжиIэжыну, зэхихыр къыпхуиIуэтэжыну иужь ихьэ цIыкIум нэхъыби ибогъэщIэф. Сабийхэм я зэхэщIыкIым зебгъэубгъун папщIэ ебгъэкIуэкI лэжьыгъэр апхуэдэ щIыкIэкIэ лъагъуэ зэрытехьэм, ауэрэ гъуэгушхуэм зэрыхуэкIуэжым гу лъыботэ. Пэжщ, зэманышхуэ ехь, къаруи токIуадэ, ауэ къыщохъулIэм деж ущогуфIыкIыж.
- — Iэминэ, гъэсэныгъэм хыхьэ лъэпкъ-щIыналъэ Iыхьэр IэнатIэм къыщыгъэсэбэпын хуейщ, ауэ абы ехьэлIа лэжьыгъэ шэщIа куэд тлъагъуу пхужыIэнукъым. Уэ мы Iуэ-хум хуэгъэзауэ лэжьыгъэхэр уиIэщ.
- — Си анэм куэдрэ жиIэу зэхэсхырт къыдалъхуа бзэмкIэ гупсысэ, щалъхуа хэкумкIэ гумащIэ цIыхур нэгъэсауэ хэкупсэу къызэрыпхуэгъэтэджынур. ЦIыхур цIыху щIыжщ, жаIэ. Си анэм апхуэдизу гугъу зригъэхьу сабийхэм ябгъэдилъхьэ лъэпкъ щIэныгъэм и жьауэ сэри къыстридзауэ къыщIэкIынущ. Сызыхэт цIыкIухэм я бзэкIэ сащепсалъэм деж нэхъыбэ зэрагурызгъэIуэфым, я гур утIыпща, нэхъ жан зэрыхъум гу лъызмытэу къэнакъым. Аращ сэри «Егъэджэныгъэм и лъэпкъ-щIыналъэ Iыхьэр и лъабжьэу зэхэгъэува, зи еджапIэ кIуэгъуэ мыхъуа сабийхэр хэкупсэу къэгъэтэджыным епха Iэмалхэмрэ хэкIыпIэхэмрэ» зыфIэсща Iуэхугъуэм зеспщытыныр къызыхэкIари. Мыр методикэ Iэмалу къапщтэмэ, сабийм и зыужьыныгъэм хуэгъэзауэ пхуэмыщIэн зэрыщымыIэр си фIэщ хъуащ. Япэу къыхэслъхьа проектыр зытеухуари арат — цIыкIухэр зыщыщ къуажэм, Брамтэ жылэкIэ зэджэм, и тхыдэм щыгъэгъуэзэнырт, и къекIуэкIыкIар абыхэм къазэрыгурыIуэн бзэкIэ ябгъэдэслъхьэнырт.
- Иджыпсту согупсысри, си гуращэр къызэхъулIауэ къысщохъу. ЕзгъэкIуэкIа методикэ лэжьыгъэм ипкъ иткIэ къыхэслъхьа лэжьыгъэр IыхьитIу зэхэтт: бзэрэ тхыдэу. Япэ Iыхьэм сабийхэм я бзэр едгъэщIэну дызыхуей текст-хэм «хуэткъутащ». Хуабжьу дыхуейт цIыкIухэм усэхэр, уэрэдхэр, жыIэгъуэхэр шэрыуэу, зэхэщIыкIыгъуэу къапсэлъыну, абы къыщымыувыIэу, къажьэдэкIым къикIыр къагурыIуэу щытыну — абы пIалъэ кIыхькIэ дытелэжьащ. Ди сабий гъэсапIэм къекIуалIэхэр лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм ящыщщ, абы къыхэкIыу мы Iуэхур адыгэбзэкIи, балъкъэрыбзэ-кIи, урысыбзэкIи зэдгъэпэщащ. Абы иужькIэ цIыкIухэр «Вольный Аул» щIыжаIэм, абы ублапIэ хуэхъуам, адыгэбзэкIэ абы БрамтэкIэ зэреджэм теухуауэ тхыдэ дерс мащIэхэр къахузэдгъэпэщащ. Ди насып кърихьэкIри, сабийхэм къедгъэпсэлъылIащ КъБР-м и Лъэпкъ музейм и IэщIагъэлI, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Ехъутэныдж Хьэсэн. Абы хузэфIэкIащ псалъэм фащэ щитIагъэу, жиIэр нэрылъагъу тхыдэ тхылъымпIэхэмкIэ цIыкIухэм ябгъэдилъхьэн, къуажэм къыдэкIа цIыху цIэрыIуэ- хэм я гъащIэм узыIэпишэу яхутепсэлъыхьын, цIыкIухэр зэсэжагъэххэ щIыпIэхэм нэхъ пасэу яIэу щыта фIэщыгъэхэм щигъэгъуэзэн.
- Уи IэщIагъэр гум дыхьэмэ, узыIэпешэ, зэрыхэбгъэхъуэ-ным яужь уиту уролажьэ. Сыт хуэдэ лэжьыгъэ абыхэм ядебгъэкIуэкIми, сабийхэм бгъэдыхьэкIэ зэхуэмыдэхэр къахуэбгъуэтын хуейщ. Лэжьыгъэм лъэпкъымрэ щIыналъэмрэ епха щIэныгъэу хэплъхьэр зэи мащIэ хъунукъым. БжэкIэ зэгъэщIэныр, къэзыухъуреихь дунейм хэгъуэзэныр, урысыбзэм къабзэу ирипсалъэу егъэсэныр къэув къалэнхэм ящыщщ, ауэ хьэкъыу спхыкIащ абыхэм анэдэлъхубзэмрэ лъэпкъ хабзэхэмкIэ есэныгъэ яIэу къэгъэтэджын пщэры-лъыр зымащIэкIи япебдзых зэрымыхъунур.
- Мыбдеж къыщыхэзгъэщыну сыхуейт гупыж тщIауэ дызыпэрыт Iуэхур ди унафэщIхэм къызэрыддаIыгъыр, уеблэмэ жэрдэмыщIэхэр къытхалъхьэу, гупсысэщIэхэмкIэ къыддэгуашэу зэрыщытыр. Ди IэнатIэр къыддагъэпсынщIэу дэ къытщхьэщытщ ди унафэщI Пщыгъусэ Жаннэрэ абы и къуэдзэ Шыгъушэ Хьэлимэтрэ.
- — Сабийм уащыхэткIэ, ебгъэщIэну узыхуейр зы Iуэхущ, езыхэр зыхуеIэр нэгъуэщIщ. Иджырей ныбжьыщIэхэр сыт хуэдэ, Iэминэ?
- — Иджырей сабийхэм я нэIэ зым тету, я гулъытэр зым теубыдауэ зэи пхущыгъэтынукъым. Ахэр щIэщыгъуэщIщ, зы IэнатIэм еубыдылIауэ куэдрэ пхуэIыгъыркъым. Зы джэгукIэм дихьэхащ щыжыпIэм, нэгъуэщI джэгуалъэхэм епхъуэнущ, абы дихьэха уи гугъэурэ, ари къагъэнэнурэ щIэм зрапщытынущ. Арыххэуи, щыцIыкIум деж сабийм шыIэныгъэу, теубыдагъэу хэлъыр мащIэщ. Мы щытыкIэр зэтес зыщIынур зы Iуэхущ — гуп лэжьыгъэрщ. Сабийр зэпхъуэ джэгуалъэр псалъэкIэ къебгъэцIыхуу, цIыкIухэр зэхэпшэрэ зэдэджэгуу бгъасэ хъунущ.
- Нэхъ пасэм сабийхэр зэрыджэгу хьэпшыпхэр гъуэтыгъуейуэ щытащ. Ахэр щызыIэрагъэхьэкIи, сабийхэр абыхэм яхуэсакъырт, яхъумэрт. Иджы псори гъуэтыгъуафIэщи, джэгуалъэр къэзыщэху адэ-анэми къызыхуащэху сабийми абы мыхьэнэ иратыркъым, зэхъуапсэу хъуар Iэрохьэри, пщIэ хуищIыркъым. Зыр къутэмэ, нэгъуэщI и пIэ зэриувэнур ещIэ. Ауэ, гу зылъыстаращи, зэрыджэгу хьэпшыпхэм езы адэ-анэр ириджэгу хуэдэурэ са-бийр драгъэхьэхмэ, ямыужэгъуу, фэ ираплъу мэхъу.
- Сыт хуэдэ зэмани сабийм и Iуэхур Iуэхущ. Ауэ иджырейхэр зыгуэрым дебгъэхьэхыныр, къэбгъэдэIуэныр нэхъ гугъу мыхъуауэ пIэрэ, жызоIэ. ЩIэгугъури жысIэнщ. Си щхьэм изолъытри, дэ адэ-анэми, адэшхуэ-анэшхуэми, хьэблэм дэс нэхъыжьхэми нэхъ ткIийуэ даIыгът, къыдэпсалъэмэ, зы ущииныгъэ е гъэсэныгъэ гуэр зыхэлъ къыджаIэрт. Абы къыхэкIкIэ, сабийр куэдкIэ нэхъ гъэсауэ, гулъытэ иIэу, зэгъэзахуэ хэлъу къэхъурт. Абы фIы дыдэу ищIэрт хъунумрэ мыхъунумрэ, екIумрэ емыкIумрэ. ТкIиягъыр гъэсэныгъэм щымылейуэ къысщохъу. Ауэ щыIэщ апхуэдэ бгъэдыхьэкIэмкIэ арэзы мыхъу адэ-анэхэр. Я быным «щыуагъэ пщIащ» жраIэу ядэркъым. Бетэмал, нэхъыжь псалъэхэмрэ ущиехэмрэ я сэбэпу сабийм къекIыр къагурыIуэу щытамэ…
- — Дунейри нэгъуэщI хъуащ, шэч хэмылъу.
- — Аращ, иджыпсту ди гъа-щIэр къыпхуэмыцIыхужыну куэдкIэ зихъуэжащ. Япэ дыдэу зи гугъу щIыпхъэри цIыкIуи ини малъхъэдисым хуэдэу зыщIэзышэ технологиерщ. Зы лъэныкъуэкIэ щхьэпэми, щхьэрыутIыпщ щыхъум деж, я ягъэшхуэ къокI абы. Адэ-анэ куэдым къагурыIуэркъым Интернетыр сабийм зэран зэрыхуэхъур. ЯпэщIыкIэ сабийр таурыхъ еплъурэ къожьэ, адэкIэ зым адрейр къыкIэлъыкIуэу сытми еплъу хуожьэ. Абы сабийр итхьэкъуа нэужь, нэгъуэщI къыфIэмыIуэхуж мэхъу. Ар хуабжьу гъэсэныгъэми узыншагъэми я зэранщ.
- Пэжщ, телевиденэри Интернетри ди гъащIэм пхухэмыдзыжыну хэухуэна хъуащ. Ауэ сытми я щхьэ Iуэху щыIэщ — ар гъэсэныгъэращ. Быным и япэ лъэбакъуэхэр къыщежьэр унагъуэращи, сытми мардэ иIэу зэрыщытым теухуа гупсысэр хэлъхьэн хуейщ. Абы щыщщ Интернетри.
- Абы къищынэмыщIауэ, нэгъуэщI «интернет» лIэужьыгъуи щыIэщ. Ар унагъуэм исхэм я зэхущытыкIэрщ: зэрызэпсалъэм, зэрызэдэIэпыкъум, зым жиIэм адрейр зэрыпэджэжым мыхьэнэшхуэ яIэщ, абы хуэсакъыни хуейщ. Абдеж щилъагъу цIыху зэхущытыкIэрщ сабийм иужькIэ дунеишхуэм хихьэр.
- НэгъуэщI зы Iуэхуи къыхэз-гъэщыну сыхуейт. Гъэсэныгъэм щыщщ сабийр и бзэкIэ псэлъэфу егъэсэныр. Адыгэ унагъуэм исхэр адыгэбзэкIэ зэпсэлъэныр я хьэкъщ. Быным адыгэбзэкIэ уемыпсалъэмэ, дэнэ абы и бзэр щызригъэщIэнур, сыт хуэдэ псэлъэкIэ абы иIэнур? Сигу къоуэ и адэри, и анэри адыгэу, адыгэбзэ зымыщIэ сабий къыщытхуашэм деж. Аращи, дунейр нэгъуэщI хъуащ, жытIэми, зызымы- хъуэж щыIэщ: цIыхугъэм и джэлэсыр а зэрыщытщ, гъэсэныгъэм и пкъощIэсэхэри а зэрытщIэщ. Дэ къытхуэнэжыр ди лэжьыгъэм и мардэм дытетынырщ.
- Епсэлъар ТАБЫЩ Муратщ.