Пщэдейм хуэкIуэ гъуэгу
2020-11-17
- Аращ зэреджэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм курыт щIэныгъэ щызрагъэгъуэту ит IуэхущIапIэхэр зыхэша хъуа, 6 — 11-нэ классхэм щIэс еджакIуэхэм нэхъ пасэу IэщIагъэ къыхэхыным хуэгъэпса урысейпсо проектым. Абы ипкъ иткIэ ди щIыналъэм къыщызэрагъэпэща IэщIагъэхэм я гъэлъэгъуэныгъэм хыхьащ еджакIуэ ныбжьыщIэ минитхум щIигъу. ЩIэупщIэ зыгъуэта Iуэхугъуэр, и фIэщыгъэм къызэрыхэщщи, зыхуэгъэзар къыдэкIуэтей щIэблэр IэщIагъэ къыхэхыным ехьэлIауэ щыIэ хэкIыпIэхэм, бгъэдыхьэкIэхэм щыгъэгъуэзэнырщ, абыхэм есэныгъэ пыухыкIахэр ябгъэдэлъхьэнырщ.
- Мыхьэнэшхуэ зиIэ проектыр гъэзэщIа хъуным и нэIэ трегъэт «IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэр» («WorldSkills Russia») урысейпсо зэгухьэныгъэм, абы хуэгъэзауэ пщэрылъ зыщищIыжхэри «ЩIэныгъэ» лъэпкъ проектым зыхуигъэувыжа къалэнхэм къотIасэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым мы Iуэхугъуэм и щыпэхыхьэщ. Мы гъэм ар йокIуэкI шыщхьэуIу мазэм щегъэжьауэ щэкIуэгъуэ мазэ пщIондэ. Проектыр зыхуей хуэзэу зэфIэха хъун папщIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм и унафэкIэ ар иджырей техникэм и жыпхъэм ит Iэмэпсымэ ехьэжьахэмкIэ къызэгъэ- пэща курыт еджапIипщIым щрагъэкIуэкI.
- «Пщэдейм хуэкIуэ гъуэгу» проектым зыщигъэлъэгъуэнуи хэтынуи хуитщ 6 — 11-нэ классхэм щIэс дэтхэнэри. Абы щхьэкIэ и адэ-анэм языхэзыр и гъусэу абы зыщитхын хуейщ bilet.worldskills.ru сайтым. И цIэмрэ и унагъуэцIэмрэ сайтым иритха нэужь, еджакIуэм лъэбакъуищ ичыну къыпэщылъщ: къыхихыну IэщIагъэм ехьэлIа упщIэхэм жэуап иритыну, IэщIагъэмкIэ екIуэкI хэдэрыхэплъэхэм зыщигъэлъэгъуэну, IэщIагъэм ехьэлIауэ кърат чэнджэщхэм зыщигъэгъуэзэну. Проектым хыхьэпщIэ иIэкъым.
- Япэ бэкъуэгъуэр зыча ныбжьыщIэхэм тест минихрэ ныкъуэ хуэдиз ящIэкIащ. КъызэгъэпэщакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, тестхэр хуэунэтIащ еджакIуэм къыхих IэщIагъэм зэрыхуэхьэзырыр нахуэ щIыным, абы теухуауэ иIэ щыпэ есэныгъэхэр къыщIэгъэщыным. Проектым и онлайн-утыкум тест щэ ныкъуэм щIигъу илъщ. Къыхэгъэщын хуейщ а тестхэм зи узыншагъэкIэ хуэмыщIа сабийхэм жэуап зрат хъунухэри зэрыхэтыр. ЕджакIуэм тест нэхъыбэ ищIыжыху, упщIэ нэхъыбэм я жэуап итыжыху лэжьыгъэр щигъэзащIэ купсэм (системэм) абы и зэфIэкIыр здынэсыр, къыхиха IэнатIэм зэрыхуэхьэзырыр нэхъ зэхэхауэ и пащхьэ кърелъхьэ.
- ЕтIуанэ лъэбакъуэр зычхэм ялэжь лэжьыгъэр зымащIэкIи нэхъ кIащхъэ хъуркъым. Къэбэрдей-Балъкъэрым и еджакIуэхэр къыхаха IэщIагъэмкIэ ирагъэкIуэкI хэдэрыхэплъэу 250-м щIигъум хэтащ. Хэдэрыхэплъэхэр зыхуэунэтIар еджакIуэхэм унэтIакIуэхэр къащхьэщыту лэжьыгъэ пыухыкIахэр зэрагъэзащIэм еплъынырщ, есэныгъэ ябгъэдэлъхэр зыхуэдизыр къэлъытэнырщ.
- Ещанэ лъэбакъуэр зыча ныбжьыщIэхэм къыхаха IэщIагъэм хуэзыунэтI икIи тезыгъэгушхуэ чэнджэщхэм зыщагъэгъуазэ. Мыбы къэсахэр зэреджэ программэхэр уней планым зэрыхуагъэкIуэнумкIэ дэIэпыкъуэгъу яхуохъури, IэщIагъэу къыхахам епха дерсхэм гулъытэ нэхъыбэ хухэзых, абыкIэ ябгъэдэлъыпхъэ щIэныгъэр нэхъ куу зыщI лэжьыгъэхэр нэхъ щIагъэхуабжьэ.
- Мы псом ищIыIужкIэ жыIэпхъэщ «IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэр» зэгухьэныгъэм («WorldSkills Russia») VII урысейпсо чемпионатым къриубыдэу «Пщэдейм хуэкIуэ гъуэгу» зэхьэзэхуэшхуэ зэрыригъэкIуэкIынур. Абы хэтыну хуейхэм Iэмал яIэщ щэкIуэгъуэм и 23 пщIондэ къызэгъэпэщакIуэхэм хъыбар иратыну.
- Зи гугъу тщIы Iуэхугъуэм программэ шэщIа иIэщ. Псалъэм папщIэ, абы хыхьэну ныбжьыщIэхэм я зэфIэкIыр здынэсыр IэщIагъэ зэмылIэужьыгъуэ бгъущIым щIигъум щагъэлъэгъуэфынущ. Зэхьэзэхуэр екIуэкIынущ пэIудзауи онлайн Iэмалхэми тету.
- Зэхьэзэхуэм къызэщIиубыдэ Iуэхугъуэхэр унэтIыныгъитIкIэ екIуэкIынущ — онлайн try-a-skill жыхуиIэмрэ IэщIагъэрыгъуазэ дерсу. Абы къищынэмыщIауэ, еджакIуэхэм Iэмал яIэнущ IэщIагъэ зэмылIэужьыгъуиплIым я хэдэрыхэплъэхэм хэтыну.
- Онлайн try-a-skill жыпхъэм ит дерсхэр теухуащ ныбжьыщIэхэм ящыщу гукъыдэж зиIэ дэтхэнэми лэжьыгъэ пыухыкIахэр зыIэрагъэхьэу унэтIакIуэр къыщхьэщыту, абы игъэгъуазэу ар зэрызэфIихынум. IэщIагъэрыгъуазэмкIэ дерсхэр щекIуэкIынур Урысейм и щIыналъэхэращ, дэтхэнэми и экономикэм зиужьынымкIэ мыхьэнэ зиIэ IэщIагъэ 44-мкIи къызэрагъэпэщынущ.
- А псом я IэтащхьэIулIэжу 6 — 11-нэ классхэм щIэс еджакIуэхэм Iэмал яIэнущ IэщIагъэ щызрагъэгъуэт еджапIэхэми щекIуэкIыну гъэлъэгъуэныгъэхэм хыхьэну. Ар, псалъэм къыдэкIуэу жытIэнщи, IэщIагъэ 26-мкIэ къызэрагъэпэщ хэдэрыхэплъэу щытынущ, и кIэм кърикIуэм елъытауэ къыхэжаныкIым къыхиха IэнатIэмкIэ лэжьыгъэ игъуэту.
- ШУРДЫМ Динэ.