ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Жьы дыдэ хъуа псэупIэхэм цIыхур къыщIэгъэIэпхъукIыным нэхъ хуэхьэзыр щIыналъибгъум ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэрыр

2020-11-17

  • Ущыпсэуну къемызэгъыж, уеблэмэ шынагъуэ хъуа унэхэм цIыхухэр къыщIэгъэпхъукIыным яужь нэхъ пасэу ихьэным Урысейм щыхуэхьэзырщ щIыналъибгъу, — «Урысей зэкъуэт» партым иригъэкIуэкIа селектор зэIущIэм апхуэдэу щыжиIащ УФ-м ухуэныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Егоров Максим.

  • «А Iуэхум теухуа программэр псынщIэ дыдэу ягъэзащIэ, ауэ нэхъри щIэпкъузэ хъуну къыдолъытэ. Абы хухаха ахъшэр дэ 2022 гъэм къагъэсэбэпыну ягъэувам щыщу къыхэтхащ — ар сом мелард 50 мэхъу. Мы зэманым ирихьэлIэу УФ-м и щIыналъибгъу хьэзырщ цIыхухэр тыншыпIэ псори зиIэ псэупIэхэм гъэIэпхъуэным хуэунэтIа лэжьыгъэм мы гъэм щегъэжьауэ щIадзэну», — жиIащ Егоров М. Б.
  • Абы къыхигъэщащ Iуэхур апхуэдэу щызэтеухуа щIыналъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэр, Сахалинскэ, Саратовскэ, Липецкэ областхэр зэращыщыр.
  • «Сом мелуан 50 зэрытрагуэшам Iэмал къитынущ 2022 гъэм и мэкъуауэгъуэм и 1-м ирихьэлIэу метр зэбгъузэнатIэ зы мелуанрэ мини 160-м щыпсэухэр гъэIэпхъуэнымкIэ. Абы къикIыращи, жьы дыдэ хъуа унэхэм щIэсхэр псэупIэ тыншхэм зы илъэс, илъэсрэ ныкъуэкIэ нэхъ пасэу Iэпхъуэжыфынущ», — къыхигъэщащ Егоров Максим.
  • КъБР-м и Iэтащхьэмрэ
  • Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.