ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Август, 2020

«Кабардинка»  ансамблыр хэтынущ  Москва  щекIуэкIыну «Спасскэ чэщанэр»  фестивалым

2020-08-13

  • Москва и Утыку плъыжьым шыщхьэуIум и 28 — фокIадэм и 6-хэм щызэхэтынущ «Спасскэ чэщанэр» дунейпсо дзэ-макъамэ фестивалыр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Нобэрэ пщэдейрэ

2020-08-13

  • ШыщхьэуIум и 13, махуэку
  • Зи Iэ сэмэгур нэхъ зыгъэшэрыуэхэм я дунейпсо махуэщ
  • 1913 гъэм Шеффилд (Инджылыз) дунейм щыяпэу щагъэващ мыулъий гъущI лIэужьыгъуэр.
  • 1928 гъэм Лондон дунейм щыяпэу телевизоркIэ къыщагъэлъагъуэу хуежьащ щхъуэкIэплъыкIэу траха нэтынхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ДАХ-м тхылъыщIэ къыдегъэкI

2020-08-13

  • Дунейпсо Адыгэ Хасэм 2019 — 2020 гъэхэм «Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ абы и хэкуэгъухэмрэ: жылагъуэ зэхущытыкIэм гъунапкъэхэр IуегъэкIуэт» проект иныр дахэу игъэзэщIащ. Абы папщIэ ДАХ-м къигъэсэбэпащ Урысей Федерацэм и Президентым и грантыр. А пIалъэм къриубыдэу Урысейм къикIа ахъшэмкIэ ирагъэкIуэкIа Iуэхугъуэ псори щызэхуэхьэса тхылъ иджыблагъэ «Тетраграф» ООО-м къыщыдэкIащ. Ар зэхигъэуващ ДАХ-м и IуэхущIапIэм и унафэщI, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Нанэ Лерэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Щэнхабзэ

Лъэпкъ проектым и  фIыгъэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щагъэуващ Т.7 лIэужьыгъуэм хуэдэ светофорыщIэу 50

2020-08-13

  • «ФIагъ лъагэ зиIэ автомобиль гъуэгу шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ гъуэгухэм бэIутIэIу къыщымыхъуныр къыщызэгъэпэщыныр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

2020-08-13

Мы махуэхэм и ныбжьыр илъэс 75-рэ ирокъу медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик Елгъэр Анатолэ. Щхьэлыкъуэ къуажэм щыщ адыгэлIым хузэфIэкIар мащIэкъым, абы иригъэджахэр нобэ къэрал куэдым щолажьэ, игъэхъужахэм я бжыгъэр къэлъытэгъуейщ. Дохутыр Iэзэм, егъэджакIуэ телъыджэм теухуа тхыгъэ мыгувэу ди газетым тетынущ.

Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ

Пэжыр уи гъуазэмэ

2020-08-13

  • Дунеижьыр къызэригъэщIрэ къызэрекIуэкIыращи, пэжым и гъуэгур дэгъэзеигъуэщ, къыр задэщ, ар къэбгъэIурыщIэн, абы утетын папщIи цIыху къэмылэнджэжу ущытын, лIыгъэ къыпкъуэкIын хуейщ. КъызэринэкIа илъэс 75-м ироплъэжри, Залымджэрий къыхуэщIэжыркъым а гъуэгум дидзыхауэ, и щхьэм мыгъуагъэ хуихьыжын хуэдэу къэлэнджауэ, а пэжым и зэран мызэ-мытIэу къекIа, пцIымрэ пэжымрэ щызэныкъуэкъу гъащIэм и архъуанэ къибыргъукIхэм Iэджэрэ ягъэкIэрэхъуа пэтми. Абы зэи къыхуихуакъым ищхьэкIэ къытетым и Iуэху зехьэкIэм хэлъ мыхъумыщIагъэм акъылэгъу щыдэхъуа, и уэрэд мышыум щыдежьууа…

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Сэбаншы  Розэ и махуэ лъапIэр

2020-08-13

  • Къэбэрдей-Балъкъэрыр ефIэкIуэным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа, хуэфащэу республикэм и нэхъыжь жьантIэр зылъыса Сэбаншы Розэ Къаншумас и пхъум и илъэс 90-р егъэлъапIэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Юбилей

Бешто Зэкий и адыгэ хьэпшыпхэр

2020-08-13

  • Ди лъэпкъым и тхыпхъэщIыпхъэ гъуазджэр илъэс мин куэдым къапхыкIащ. Гъуаплъэм, гъущIым, бдзапцIэм, дыжьыным, дыщэм, фэм, пхъэм тхыпхъэ телъыджэхэр тращIэрт, къыхащIыкIырт. А IэщIагъэм ноби ирилажьэ, хамэ щIыпIэ куэдым къыщацIыху IэщIагъэлI щэджащэхэр диIэщ. Зи гугъу сщIыр хэкурысхэращ. Абыхэм я IэдакъэщIэкIхэм къыпхалъхьэ гушхуэныгъэм и инагъыр къэлъытэгъуейщ. Лъэпкъ IэщIагъэжьхэр мухьэжырхэм я щIэблэм къыщагъэIурыщIэм деж щэ?! ПсалъэкIэ къэIуэтэгъуейщ абы къыуит гурыщIэр. Псэм щыщ Iыхьэ гуэр хамэ щIыпIэ ущыщрихьэлIэкIэ зыхэпщIэ гуапагъэр пщалъэ гуэркIэ къыпхуэлъытэнукъым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гъуазджэ

Хэгъэгухэм щылажьэ журналист нэхъыфIхэр къыхах

2020-08-13

  • Мы махуэхэм къагъэнэIуащ ОНФ-м и «Пэжымрэ захуагъэмрэ» фондым и жылагъуэ советым иригъэкIуэкIа, журналист лэжьыгъэхэмкIэ VI урысейпсо зэпеуэм щытекIуахэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъыбар гуапэ

Адыгэбзэ ныкъуэ фIэкIа зымыщIэ уи быным и быным адыгэбзэ щIагъуэ ищIэнукъым, абы и быныжым адыгэбзэ ищIэжыххэнукъым

2020-08-13

  • IутIыж Борис и гущIагъщIэлъхэр
  • Адыгэ литературэм и классик IутIыж Борис къызэралъхурэ илъэс 80 ирокъу жэпуэгъуэм и 15-м. Абы ирихьэлIэу тхакIуэ цIэрыIуэм и IэдакъэщIэкI нэхъыфIхэм ящыщхэр, абы теухуауэ къытхуатха гукъэкIыж гуапэхэр тедзэн щIыдодзэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Хэкужьыр жьэгу хуабэщ

2020-08-13

  • Щхьэусыгъуэ хуэхъуар Iуэху мыщхьэпэми, узыгъэгуфIэр зыщ — Щамым къикIыж ди лъэпкъэгъухэм Хэкужьым щхьэегъэзыпIэ тынш зэрыщагъуэтырщ. Япэ лъэбакъуэхэм къыщегъэжьауэ мы Iуэхум хэтщ КъШР-м щыщ Али-Бэрдыкъуэ къуажэр. Щамым къикIыжа ди лъэпкъэгъу куэдым иужькIэ нэгъуэщI къуажэхэм псэупIэхэр щагъуэтыжами, япэу къезыгъэблэгъари ядэIэпыкъуари Хьэгъундыкъуей адыгэ жылэжьыр арауэ зэрыщытыр гурыфIыгъуэщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

БыдапIэр къащтэ

2020-08-13

  • Дунейпсо литературэм и хъугъуэфIыгъуэхэр
  • МЕРИМЕ Проспер
  • Си ныбжьэгъухэм ящыщ офицер гуэрым къысхуиIуэтэжыгъащ мы хъыбарыр. Езыр илъэситI-щы ипэкIэ Алыджым щылIащ. Хъыбарыр сигу къинащ, сщыгъупщэжыркъым. Аращ фхуэсIуэтэжынур.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха