Сэбаншы Розэ и махуэ лъапIэр
2020-08-13
- Къэбэрдей-Балъкъэрыр ефIэкIуэным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа, хуэфащэу республикэм и нэхъыжь жьантIэр зылъыса Сэбаншы Розэ Къаншумас и пхъум и илъэс 90-р егъэлъапIэ.
- Сэбаншы Розэ 1930 гъэм Тэрч къыщалъхуащ. Лэжьэн щыщIидзар Къэбэрдей-Балъкъэрым и хабзэхъумэ IуэхущIапIэрщ — КъБР-м и МВД-м. 1951 — 1953 гъэхэм хъыджэбзыр щылэжьащ Iуащхьэмахуэ щIыналъэм и комсомол комитетым, 1953 гъэм ар Налшык къалэ и комсомол комитетым и етIуанэ секретару хахащ.
- 1954 гъэм Сэбаншы Розэ Бжьэдыгъукъалэ (Краснодар) дэт парт школым еджакIуэ ягъакIуэ. Ар къиуха нэужь, КПСС-м и къудамэ зэмылIэужьыгъуэхэм инструктору щолажьэ.
- 1959 гъэм Розэ КъБКъУ-м и тхыдэ факультетыр къиухащ. 1960 — 1963 гъэхэм ар лэжьащ КъБР-м и ВЛКСМ-м и обкомым и япэ секретару. 1963 гъэм щегъэжьауэ пенсэм кIуэху Розэ республикэм и профсоюз IуэхущIапIэм и унафэщIу щытащ. 1987 гъэм щегъэжьауэ абы къыхэхъуащ республикэм тхылъ фIыуэ щызылъагъухэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI къалэныр.
- Розэ сыт хуэдэ зэмани ди щIыналъэм щекIуэкI Iуэху щхьэпэхэм щыжыджэру къекIуэкIащ. Зэкъым, тIэукъым ар дунейпсо утыку ди хэкум и цIэкIэ зэрихьар.
- Бзылъхугъэ гуащIафIэм и ехъулIэныгъэ нэхъ ин дыдэу къэплъытэ хъунущ абы 1993 гъэм «Горянка» газетыр езым къызэригъэпэщу и редактор нэхъыщхьи зэрыхъужар. Нобэр къыздэсым абы и напэкIуэцIхэм республикэм исхэр щызэдогуашэ унагъуэ зехьэкIэм, сабий пIыным, цIыху хэтыкIэм, гъэсэныгъэм теухуа гупсысэ щхьэпэхэмкIэ.
- Сэбаншы Розэ и ехъулIэныгъэхэм къыпэкIуащ абы къыхуагъэфэща дамыгъэ лъапIэхэри. Республикэм бзылъхугъэ куэд ис къыщIэкIынкъым «ГуащIэдэкIым и Бэракъ Плъыжь» ордени «ЩIыхьым и Дамыгъэ» орденитIи къратауэ. Абыхэм къакIэлъыкIуащ медалхэр, цIэ лъапIэхэр, саугъэтхэр. Псом нэхърэ нэхъыщхьэращи, Розэ цIыхухэм фIыуэ къалъагъу.
- Лъэпкъым и жьантIэм хуэфащэу дэс гуащэ нэхъыжьым гурэ псэкIэ ехъуэхъу республикэ цIыхубэм ядэщIыгъущ «Адыгэ псалъэм» и лэжьакIуэхэри. ИлъэсищэрзыгъэлъэпIэнТхьэмищI!