Хэгъэгухэм щылажьэ журналист нэхъыфIхэр къыхах
2020-08-13
- Мы махуэхэм къагъэнэIуащ ОНФ-м и «Пэжымрэ захуагъэмрэ» фондым и жылагъуэ советым иригъэкIуэкIа, журналист лэжьыгъэхэмкIэ VI урысейпсо зэпеуэм щытекIуахэр.
-
Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щIыхь зиIэ и журналист, «Черкес хэку» газетым жэуап зыхь и секретарь, ди лэжьэгъу Абидокъуэ (Щохъужь) Лусанэ иджы етIуанэу (2017, 2019 гъгъ.) текIуэныгъэр къыщихьащ а зэпеуэм.
- IыхьитIу екIуэкIа урысейпсо зэпеуэм и лауреат хъуащ хэгъэгухэм щылажьэ журналист 437-рэ. Абыхэм я лэжьыгъэр зыхуэдэ жанрым елъытауэ сом мини 100 зырыз (хъыбарыщIэ репортаж) е сом мин 200 зырыз (репортаж-къэхутэныгъэ щхьэхуэ) иратынущ. Лусанэ республикэм ис цIыхухэр зыгъэпIейтей зы Iуэху иужь ихьэри, гугъуехьым и лъабжьэм деж щегъэжьауэ хэкIыпIэхэри хэтыжу зэпкърихащ.
- Урысейм и хэгъэгу 85-м щыщу журналист минитIым лэжьыгъэ 6327-рэ ирагъэхьащ зэхьэзэхуэм. Ахэр нэхъыбэу зытеухуауэ щытар лъэпкъ проектхэр гъэзэщIа зэрыхъумрэ Iулъхьэ зэIэпыхыным и Iуэхумрэщ. КъищынэмыщIауэ, 2020 гъэм иджыри зы унэтIыныгъэщIэ къыхыхьауэ жыпIэ хъунущ: «ОНФ: дэIэпыкъуныгъэ щыхуэныкъуэ щIыпIэм дэ дыщыIэщ». Жылагъуэ фронтым хэт цIыху жыджэрхэр зыхыхьа Iуэху куэд зэфIэха хъуащ икIи абы IэщIагъэлIхэр тетхыхьащ мы гъэм.
- Ди лэжьэгъу бзылъхугъэ цIыкIум дохъуэхъу и насып нэхъыбэ хъуну, и IэщIагъэм и хъер куэд илъагъуну, и зэфIэкIхэмкIэ иджыри дигъэгушхуэну.
- ШЫПШ Даянэ.