ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Август, 2020

Къэбэрдей-Балъкъэрыр  ящыщщ  бжьыпэр  зыIыгъхэм

2020-08-04

  • УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Голиковэ Татьянэ видеоконференц мардэм тету иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ социальнэ IэнатIэм хыхьэ IуэхущIапIэхэм зыхузэфIэмыкIхэм зэрызыщIагъакъуэ щIыкIэр зи нэIэ щIэт Советым и зэIущIэр. Абы щытепсэлъыхьащ яхуэмыгъэхъуж узыфэ зыпкърыт-хэм ядэIэпыкъун Iуэхум зегъэужьыным, апхуэдэу коронавирусым зэрызиубгъуам къыхэкIыу цIыхухэм зэрызыщIагъакъуэ Iэмалхэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

КъэкIуэжахэм  яхуоупсэ

2020-08-04

  • Хабзэ зэрыхъуам тету, шыщхьэуIум и 1-м Адэжь хэкум къэзыгъэзэжа адыгэхэм я махуэр щагъэлъэпIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДАХ

«Жьынэпсри» аргуэру къытхохьэ

2020-08-04

  • Адыгэ зэрыс хэгъэгухэм къыщыдэкI лъэпкъ газетхэм я 125-нэ къыдэкIыгъуэ зэхэтыр шыщхьэуIум и 1-м дунейм къытехьащ. Ар теухуащ зи адэжь хэку къэзыгъэзэжа ди къуэшхэмрэ щыпхъухэмрэ, абыхэм нобэ яIэ псэукIэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Лъэпкъ Iуэху

Нарт хьэблэр дяпэкIэ гугъу ехьыжынукъым

2020-08-04

  • Нарт жылэм псыр зэрашэну, къагъэсэбэпар къызэрыдашыну бжьамийхэр дэлъхьэным ехьэлIа лэжьыгъэхэм мы гъэм щIадзэнущ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Фыдогъэблагъэ!

2020-08-04

  • Урысей Федерацэм футболымкIэ и
  • кубокыр къэхьыным теухуа зэIущIэ
  • Финалым и 1/256-нэ Iыхьэ
  • «Спартак-Налшык» — «ЕсэнтIыгу»
  • Налшык. «Спартак» стадион.
  • ШыщхьэуIум и 5.
  • Сыхьэт 18-м.
  • Гу зылъытапхъэ:
  1. Стадионым ихьэхэм нэкIупхъуэ яIулъын хуейщ.
  2. Я Iэхэр дезинфекцэ ящIу Iэлъэ зыIэратIэгъапхъэщ стадионым щихьэкIэ.
  3. Стадионым исхэр метрэ 1,5-кIэ мынэхъ мащIэу зэпэIукIуэтауэ щытын хуейщ.
  4. ЦIыху куэд щызэхуэс щIыпIэхэм зыпыIуадзыну чэнджэщ зратахэр (зэрыхабзэщи, ахэр зи ныбжь хэкIуэтахэрщ) стадионым ирагъэхьэнукъым.

Зыхыхьэхэр: Футбол

«Адыгэ псалъэр» къезыгъэхьхэм захудогъазэ

2020-08-04

  • 2020 гъэм и етIуанэ илъэс ныкъуэм цIыхухэм яIэрыхьэну газетхэмрэ журналхэмрэ Iэ щыщIадз зэманыр иухащ.
  • «Адыгэ псалъэ» газетыр зыIэрыхьэну хуейхэм хъыбар фыдогъащIэ — фокIадэм (сентябрым) щыщIэдзауэ ар къевгъэхьын папщIэ Iэ щыщIэвдз хъунущ Урысей пощтым и дэтхэнэ IуэхущIапIэми.
  • Мази 4-м «Адыгэ псалъэ» газетым и уасэр сом 464-рэ кIэпIейкIи 2-рэщ.

Зыхыхьэхэр: Гу зылъытапхъэ

«Щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм я бжыгъэр вгъэмащIэ хъунукъым»

2020-08-04

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и коллегием и зэIущIэ зэхэтащ иджыблагъэ. Абы щыхэплъэжащ щэнхабзэ, гъуазджэ, хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэр 2020 гъэм и япэ мазихым зэрылэжьам, апхуэдэуи къэнэжа илъэс ныкъуэм я гулъытэ нэхъыщхьэр зыхуэунэтIауэ щытыну къалэнхэр яубзыхуащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Югославием  и   лIыхъужь

2020-08-04

  • Илъэс заулкIэ узэIэбэкIыжмэ, си нэм езгъэIэзэу сымаджэщым сыщIэлът. Мыгувэу къагъэгъуэлъащ и зекIуэкIэкIи, и псэлъэкIэкIи, и увыкIэкIи адрейхэм къащхьэщыкI лIы тIорысэ Iэбыдэлъэбыдэ. Зэуэ ар зыгуэркIэ езгъэщхьат куэд щIауэ си ныбжьэгъуфI, зи лIыгъэр жыжьэ нэса, Абазакт къуажэ мыиным щыщ Хьэжым Iэдэмей.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТекIуэныгъэ

Студентхэр  трагъэгушхуэн   папщIэ

2020-08-04

  • «Россельхозбанк»-м ди щIыналъэм щиIэ къудамэм Къэбэрдей-Балъкъэр мэкъумэш университетым щеджэ студент зэчиифIэхэм я стипендием хигъэхъуащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъыбар гуапэ

Нобэрэ пщэдейрэ

2020-08-04

  • ШыщхьэуIум и 4, гъубж
  •  ГъущI гъуэгу лэжьакIуэм и махуэщ
  •  1662 гъэм Москва цIыхухэр къыщызэрыIэтащ домбеякъым къыхэщIыкIа ахъшэ къызэрыщIагъэкIыр ямыдэу. Ар дыжьын ахъшэм хуагъадэрт, я сомым къыщIэкIыр нэхъ мащIэ, ят налогыр нэхъыбэ хъуати, цIыхубэм ар ягу техуакъым икIи цIыху минипщIым нэблагъэ пащтыхьым и деж тхьэусыхакIуэ кIуэну зэрехьэжьащ. Я Iуэхум хэплъэну Романов Алексей пащтыхьымрэ абы и блыгущIэтхэмрэ цIыхубэр къагъэгугъэри, ахэр пIалъэкIэ — дзэр къэсыхукIэ зэтрауIэфIащ. Бжэгъурэ Iэдакъэсэрэ фIэкIа зымыIыгъ цIыхухэм дзэр ятегуплIащ икIи а зэпэщIэтыныгъэм къалэдэс 900 абдежым щыхэкIуэдащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Къэбэрдей-Балъкъэрым

2020-08-04

Балъкъэр Ипщэ къуажэр щIыпIэ дахэм щопсэу.Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.

Зыхыхьэхэр: Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр

Уафэбгыкъу  и нэлат

2020-08-04

  • МэшбащIэ Исхьэкъ
  • Тхыдэ роман
  • (КIэлъыкIуэр.
  • ПэщIэдзэр №№37 — 39, 41 — 48, 50 — 51, 54 — 57, 62, 65 — 68, 70 — 72, 74, 77, 79,
  • 81 — 83, 85 — 86, 90-хэм итщ).
  • — Хэт? Уэра сакъыIэщIэзыудыжынур хьэмэрэ… Мэрем?
  • — Хьэуэ, Налмэс. Ди щIалэхэм…
  • — Сэ сымыщIэ гуэрым ущыгъуазэу къыщIэкIынщ, Елэн, — жиIэурэ, пщащэр маплъэри: — Мо топыр бгым къыщIрагъэжэхыр сыту пIэрэ? — щIэупщIэ хуэдэурэ, псалъэмакъыр абы трешэ.
  • — Я щхьэхэр топщ абыхэм. Езыхэм ящIэжу пIэрэ ар къыщIрагъэжэхыр? — жеIэри, Елэн, ари фIэмащIэу, кIэлъогушыIэж: — Дэбгъэжей нэхърэ, къебгъэжэхыр — нэхъ тыншщи, арагъэнщ. Я хьэпшып зэщIакъуэжу къыщIэкIынщ кърымхэм.
  • — Арагъэнщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

АБЕИКЪУЭ Шухьэиб:  Хэку  уиIэнырщ  гъащIэм  щынэхъыщхьэ  дыдэр!

2020-08-04

  • Урысей пащтыхьыгъуэм 1763 — 1864 гъэхэм Кавказым щригъэкIуэкIа зауэ политикэм адыгэхэм къытхуихьащ лъапсэрыхыр. Ди лъэпкъым къыкIэлъызэрахьа леймрэ залымыгъэмрэ я лъэужьщ адыгэхэм тщыщ куэд нобэ дунейм щызэбгрыдза зэрыхъуар. Лъэпкъ тхыдэм щыщ а напэкIуэцI фIыцIэм куэд-мащIэми щыгъуазэ, Хэкум теухуа хъыбархэр я адэхэм, нэхъыжьхэм я нэпсыр къекIуэу зэгуэр къызыжраIэжа щIэблэхэр, шэч хэмылъу, щIохъуэпс адэжь щIыналъэм къагъэзэжыну, абы и щIыгум тету и хьэуа къабзэмкIэ, IэфIымкIэ хуиту бэуэну.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

БЕЗЫР Чэмал Константин и къуэр

2020-08-04

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэм хэщIыныгъэ игъуэтащ. Дунейм ехыжащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, республикэм и Къэрал саугъэтыр зрата, Кавказ Ищхъэрэм и Кинематографистхэм, УФ-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэхэм хэта, тхакIуэ, режиссёр, телепублицист Безыр Чэмал Константин и къуэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Урысейпсо  утыкум  пщэдей  йохьэж

2020-08-04

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым топджэгум щыдихьэххэр мазиплIым щIигъуауэ зыпэплъэ Iуэхугъуэр пщэдей къэхъунущ — «Спартак-Налшыкыр» урысейпсо зэхьэзэхуэм хыхьэжынущ. Урысей Федерацэм футболымкIэ и кубокыр къэхьыным теухуауэ зэхаублэ зэпеуэм и 1/256-нэ Iыхьэм ипкъ иткIэ абы ди стадионым къыщригъэблэгъэнущ «ЕсэнтIыгур».

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Футбол

« Раньше