ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Бешто Зэкий и адыгэ хьэпшыпхэр

2020-08-13

  • Ди лъэпкъым и тхыпхъэщIыпхъэ гъуазджэр илъэс мин куэдым къапхыкIащ. Гъуаплъэм, гъущIым, бдзапцIэм, дыжьыным, дыщэм, фэм, пхъэм тхыпхъэ телъыджэхэр тращIэрт, къыхащIыкIырт. А IэщIагъэм ноби ирилажьэ, хамэ щIыпIэ куэдым къыщацIыху IэщIагъэлI щэджащэхэр диIэщ. Зи гугъу сщIыр хэкурысхэращ. Абыхэм я IэдакъэщIэкIхэм къыпхалъхьэ гушхуэныгъэм и инагъыр къэлъытэгъуейщ. Лъэпкъ IэщIагъэжьхэр мухьэжырхэм я щIэблэм къыщагъэIурыщIэм деж щэ?! ПсалъэкIэ къэIуэтэгъуейщ абы къыуит гурыщIэр. Псэм щыщ Iыхьэ гуэр хамэ щIыпIэ ущыщрихьэлIэкIэ зыхэпщIэ гуапагъэр пщалъэ гуэркIэ къыпхуэлъытэнукъым.

  • Бешто Зэкийрэ НэщIэпыджэ Замирэрэ

    Апхуэдэ гурыщIэ къызитащ Тыркум щызэзгъэцIыхуа модельер-дизайнер цIэрыIуэ, зи Iэпэм дыщэ къыпыщ, дыщэми, дыжьынми, фэми, щэкIми адыгэ хьэпшып дэгъуэхэр къыхэзыщIыкI, адыгэм и цIэр зыIэт, и пщIэр зыгъэлъагэ, сыт хуэдэ лъэпкъ Iуэхуми хуэIэкIуэлъакIуэ, зи анэдэлъхубзэм хуэшэрыуэ, усэбзэм зи къалэмыр хуэжан, IуэхурыIуатэм куууэ хэзыщIыкI Бешто Зэкий и творчествэм. Истамбыл зы пщыхьэщхьэ дыщызэбгъэдэсати, телъыджэ сщыхъуащ: абы и Iэм имыщI, адыгэ теплъэ зримытыф зы хьэпшыпи щыIэкъым. Ахэр и щхьэ, и унагъуэ щхьэкIэ къигъэсэбэпыжым и закъуэкъым, Зэкий талантышхуэ зыбгъэдэлъ модельеру къэрал куэдым къыщацIыху, зыми щымыгъхэр ирагъэщIу, гъуазджэм, щэнхабзэм хэт цIыху цIэрыIуэ куэд къыкIэлъокIуэ. ЖыIэни хуейкъым абы щыгъ джани, гъуэншэджи, кIэстуми, вакъи, бгырыпхи езым и IэкIэ зэрищIыжар, абыхэм Бештохэ я лъэпкъ дамыгъэр екIурэ дахэу зэрыхилъхьэфар.

  • Зи IэрыкIхэр къэрал куэдым щызэбграх цIыху щэджащэм бгъэдэлъ зэчийр плъыфэбэу зэтопщIыкI. Аращ абы и IэдакъэщIэкIхэр щIэщыгъуэ зыщIыр, и щхьэр зыгъэлъапIэр. Iэмал гъэщIэгъуэн къыщегъэсэбэп абы и лэжьыгъэм, нэгъуэщIу жыпIэмэ, зы унэтIыныгъэ къыхихыу абы тету аракъым. Адыгэгу зыкIуэцIылъ цIыхухъум дежкIэ лъапIэщ къызыхэкIа лъэпкъыр, абы и къекIуэкIыкIар. Куэдым къацIыху модельер Iэзэм дежкIэ нэхъапэщ нобэ цIыхухэм я зэхэтыкIэр, зыхуэпэкIэр, гупсысэкIэр. Мис а зыкIи зэмыкIуалIэ IуэхугъуитIыр зэрипхыу телъыджэу дунейм къытезыгъэхьэ IэщIагъэлIым и творчествэр гъунапкъэншэщ. И лъэпкъым папщIэ зи псэр зытыну хьэзыр Зэкий иукъуэдийркъым адыгэ тхыпхъэщIыпхъэхэр дуней псом зэрахьэн хуейуэ, апхуэдэ дыдэуи нобэ цIыхухэм ягу ирихьыр мыращ жиIэу, купщIэ зимыIэ, гупсысэ зыщIэмылъ хьэпшып къигъэщIыркъым. Абы ипкъ иткIэ, щэнхабзэ лъагэр зи дуней цIыхум ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэм къыдекIуэкI хьэпшыпхэмрэ абыхэм я теплъэмрэ нобэрей гъащIэм зэрекIуным хуэдэу хепщэф. Ахэр цIыхухэм щIызэбграхым, щIыпIэ куэдым щыщхэр къызэрыщIэупщIэм и щэхур къэщIэгъуейкъым: и гури и псэри етауэ къыхиха IэщIагъэм пэрыт щIалэм и Iэдакъэм къыщIэкI псоми и лъэпкъ гупсысэмрэ и псэ Iыхьэмрэ хелъхьэфри, ар къару нэрымылъагъу хуохъу.
  • — Псом нэхърэ нэхъыбэу сыдэзыхьэхыр, си гулъытэр зыхухэсхыр адыгэ, дунейпсо щэнхабзэм щIэуэ къыхыхьахэрщ, ижь-ижьыж лъандэрэ си лъэпкъым зэрихьа Iэщэ-фащэмрэ хьэпшыпхэмрэщ, — къыддогуашэ Зэкий. — А псори «модэкIэ» зэджэ пщалъэм изгъэзэгъэфыныр аращ си къалэн нэхъыщхьэр. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, дунейм къэралыгъуэу тетым ягу ирихьу щатIэгъэн хуэдэу сщIын хуейщ зиужь ситыр, абы щыгъуэми адыгэ щэнхабзэм ижь къызэрыщIихуар къапщIэу, зэ IуплъэгъуэкIэ цIыхум гу лъитэу щытын хуейщ. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, зи фIагъыр лъагэ фэм къыхэщIыкIа вакъэм шым пщIэхалъхьэ шхуэр къытещынкIэ мэхъу, е уанэр цIыхубз щыгъын гуэрым дэплъагъункIэ хъунщ.
  • Ар Iэмал хъарзынэу къысщохъу ди лъэпкъыр адрей къомым къегъэцIыхунымкIэ. Уи щхьэм, уи лъэпкъым, уи лъахэм я закъуэ утелажьэкIэ, уи хъыбар зыми зэхихынукъым, зыми укъицIыхунукъым. Ауэ уи хьэпшыпхэмрэ къыбдекIуэкI хабзэмрэ Iэмал гуэрхэр къэбгъэсэбэпрэ утыку къипхьэмэ, хамэхэр къридэпхьэхыфмэ, мис итIанэ уи Iуэху къикIынущ, уи щэнхабзэми нэхъ зиужьынущ, уи цIэри нэхъ жыжьэ Iунущ. Аращ модэмрэ адыгэ Iуэхумрэ зы щIэсщIар.
  • Зэкий дуней псом къызэрацIыху и IэщIагъэм зэрыцIыкIурэ дехьэх. ЩIалэщIэу щыщытам и щыгъынхэм ящыщ зыгуэр къэтIэпIамэ, и анэм зыхуигъазэртэкъым, атIэ езым идыжырт. Апхуэдэ щIыкIэкIэ къежьа хъуащ дэн-бзэным зэрыдихьэхар. ЦIыхухэм щыгъынхэр яхуиду хъуа нэужь, ар зигу ирихьыр куэдти, абыхэм трагъэгушхуэурэ фэилъхьэгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр, вакъэхэр, къэлътмакъхэр, бгырыпххэр, бохъшэхэр (цIыхухъухэми цIыхубзхэми яйуэ), нэгъуэщI куэди ищIу щIидзащ.
  • ГъэщIэгъуэнщ Зэкий и лэжьыгъэм зэрыбгъэдыхьэ щIыкIэр. Хьэпшыпыр занщIэу етIысылIэу ищIу аракъым абы. АтIэ IэпщIэлъапщIагъэм и мызакъуэу, зэчий зэрыбгъэдэлъым къыхэкIкIэ, япэщIыкIэ «шыпсэ» зэхелъхьэ, иужькIэ абы нэхъ екIуну щэкIхэкIыр е фэхэкIыр къегъуэт, итIанэ абы трищIэну тхыпхъэр къегупсыс, апхуэдэурэ зэи зыми имылъэгъуа щыгъын телъыджэ дунейм къытохьэ. Абы и закъуэ?
  • — Дуней псом щыцIэрыIуэ уэрэджыIакIуэ, артист куэдым утыку къызэрихьэну щыгъынхэр яхуэсщIащ сэ, — къыддогуашэ адэкIэ Бештор. — Езым фIэкIа нэгъуэщIым зыми щымыгъ вакъэхэр, фэилъхьэгъуэхэр куэдым яIэщ, ар адрей псоми къащхьэщегъэкI, зэрыжысIащи, адыгэ теплъэ зэриIэм. Ауэ мыпхуэдэ зы хьэли сиIэщ, цIыху гуэрым хьэпшып щызигъэщIым деж и теплъэр слъагъун, и псэлъэкIэр зэхэсхын, и гупсысэкIэр Iэмал имыIэу зэзгъэцIыхун хуейщ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, а псори хызолъытэ сэ сызыпэрыт лэжьыгъэм. ИтIанэ а цIыхум хуэсщIар игуми и псэми дыхьэ мэхъу, зыхилъхьэ щымыIэу зэрехьэ. Къэбгъэлъагъуэмэ, сэ блажьэурэ хыфIэбдзэжын щыгъын сщIыркъым. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, хьэпшыпым и нэхъыбэр IэкIэ сощI, машинэ къыщызгъэсэбэпыр зэзэмызэххэщ, апхуэдэуи си псэм щыщ Iыхьэрэ ар зейм и хьэлрэ дыщIызогъу.
  • А псом къадэкIуэу Бешто Зэкий и IэщIагъэм лъабжьэ хуэхъур адыгэ щэнхабзэращ. Модэр къигъэсэбэпурэ, адыгэм и цIэр щIыпIэ куэдым щызэхригъэхыну аращ зыпылъыр. И щхьэм ахъшэ къыхуилэжьыж мыхъуу, адыгэ зыхэщIыкI зиIэ, адыгэгу зыкIуэцIылъ щIалэм и лъэпкъ щIыхьыр япэ ирегъэщ. Абы и хъуэпсапIэщ и IэщIагъэм ирилажьэу хэкум исхэр зригъэцIыхуну, абыхэм ядэлэжьэну. Апхуэдэуи зыхунэмыса Iуэхухэмрэ и щхьэм илъ гупсысэхэмрэ куэдщи, и къалэным хуэмыщхьэхыу, жыджэру и Iуэху иужь итщ. АтIэми сытым дежи дэпыншэу къызэщIэплъэ гурыщIэ иIэщи, абы иригъэтIысэхыркъым, блэкIам къыщыхъуа мыгъуагъэхэр ди нобэм зэрыщигъэзэкIуэжыным и къарур етащ.
  • — Си IэщIагъэм, зэфIэкIым си закъуэ насыпыфIэ сищIкIэ зэфIэкIынукъым, — жеIэ абы. — Ар лъэпкъ псо Iуэхуу зэрыщытыр, сэ сщIэм сыкъызыхэкIахэм яфI зыхэлъ гуэр къыдэкIуэн зэрыхуейм срителъхьэщ. Дунейм щекIуэкIа зауэжьхэм я нэхъ гуащIэм тхьэмыщкIэ ищIа лъэпкъхэм дащыщщ дэ. Дуней псом дыщызэбгрыпхъауэ допсэу, хэкурысхэр мащIэрэ, нэхъыбэр хамэщIхэм ипхъауэ. Мис апхуэдэ лей къызытехьа ди лъэпкъым сыдэIэпыкъуну сыхуейщ. Си щхьэ закъуэкIэ а псори зэрызэзмышэлIэжыфынур фIыуэ къызгуроIуэ, ауэ си IэдакъэщIэкIхэмкIэ нэхъ зэпэгъунэгъу схуэщIыну пIэрэ, хамэ щIыпIэхэм щыхэхэс адыгэхэр гурэ псэкIэ зэрызгъэщIэфыну пIэрэ, жысIэу согупсыс.
  • «ЦIыхум сыадыгэщ жиIэу дэткIэ, ар адыгэ хъунукъым, псом нэхърэ нэхъыщхьэр адыгэбзэр пIурылъынырщ. Ар пфIэкIуэдмэ, зыри уимыIэжу аращ», — жеIэ Зэкий. Езым Iурылъ адыгэбзэм и беягъыр щызгъэщIагъуэм жиIащ, ирипсалъэ къудей мыхъуу, уси зэрыритхыр. «Си усэхэр зытеухуам укъыщIэупщIэмэ, мыпхуэдэу бжесIэнущ: сэ си IэрыкI щыгъынхэм усэ яхузотх, хьэпшыпу сщIам усэ яIэщ».
  • Апхуэдиз къарурэ зэчийрэ зрихьэлIэ щыгъынхэр, дауи, адрейхэм нэхърэ нэхъ лъапIэщ, ауэ апхуэдэ нэгъуэщI щIыпIэ ущрихьэлIэнукъым, уи хьэлым, уи дуней тетыкIэм ещхьу зы тыкуэни къыщыпхухэхынукъым.
  • УмыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым Бешто Зэкий и творчествэм и куууагъымрэ и къарум и инагъымрэ. Ар си мызакъуэу куэдым ягъэщIагъуэ, и цIыхугъэхэми лэжьыгъэ IуэхукIэ къыкIэлъыкIуэхэми. Езым а псор Тхьэм къыбгъэдилъхьауэ къелъытэри, мыпхуэдэ зы хъыбар цIыкIуи ди псалъэмакъым и кIэухыу къыхелъхьэ:
  • — Тыркухэм мыпхуэдэ зы нэщэнэ яIэщ: «МелыIычыр уафэм къохри, и кумбыгъэм итым щыщ цIыхухэм яхуегуэш – хэт бжэмышхкIэ, хэт шынакъжьейкIэ». Иджы ар си щхьэм изохьэлIэри срогушыIэ, а мелыIычыр джэгу кIуэну пIащIэрт, игуэшыху гувэнути, сэ къыщызихьэлIам кумбыгъэм итыр псори къызитри, игуэша хуэдэу дэкIуеижащ, — мэдыхьэшх Зэкий.
  • Пэж дыдэу лъэпкъым къыдекIуэкI фIыгъуэ мылъытэхэр уи IэрыкIыу, уи анэдэлъхубзэр пщIэжу, уи хабзэр зепхьэжу, уи цIэр дуней псом щаIуатэрэ фIыуэ плъагъу IэщIагъэр уи Iэпэгъуу упсэуныр Тхьэм къыббгъэдилъхьэ насыпышхуэщ.
  • Бешто Зэкий Тхьэр къызэрыхуэупсахэм ящыщщ мылъку къызыхих, и псэр зыгъэтынш, и дунейр зыгъэдахэ IэщIагъэ зэриIэр. Истамбыл дыщызэхуэзам и мурадхэм я нэхъыщхьэм сыщыщIэупщIэм, абы къызжиIат и IэдакъэщIэкIхэр Налшык щигъэлъэгъуэну зэрихъуэпсапIэр, хэкужьым исхэр зригъэцIыхуным зэрыхуэпабгъэр. Ари зригъэхъулIащ Бештом, илъэс зыбжанэ дэкIа нэужь. ЦIыху куэдым яфIэтелъыджэу Зэкий и гъэлъэгъуэныгъэ щекIуэкIауэ щытащ Налшык къалэ дэт Сэралъпхэ я уардэунэм.
  • Абы щагъэуват пхъэм къыхэщIыкIа шы лъагэ, и пкъыр тхыпхъэщIыпхъэхэмкIэ гъэщIэгъуэну гъэдэхауэ. Псом хуэмыдэу узыIэпашэрт щэкI бзыхьэхуэ цIыкIухэм къыхэщIыкIауэ шым и теплъэр къызытещ сурэтхэм. Лъэпкъ дамыгъэхэми увыпIэ хэха щаубыдащ Зэкий и гъэлъэгъуэныгъэм. Апхуэдэуи Бештом Налшык утыку къыщрихьащ бзылъхугъэм зэрызигъэдахэ хьэпшыпхэр — Iэлъынхэр, Iэпщэхъухэр, вакъэхэмрэ чысэхэмрэ, дэтхэнэми екIупс адыгэ нагъыщэхэр якIэрылъу.
  • Псом нэхърэ нэхъыщхьэрати, абы и дэтхэнэ IэдакъэщIэкIми и лъэпкъым хуиIэ лъагъуныгъэр щынэрылъагъут, и IэпщIэлъапщIагъэм псэ зэрыхэтыр зыхэпщIэрт.
  • НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.