ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Август, 2020

КIуэкIуэ Казбекрэ Мутко Виталийрэ тепсэлъыхьащ цIыхухэр псэупIэкIэ къызэгъэпэщын и лъэныкъуэкIэ КъБР-м и Iуэху зыIутым

2020-08-15

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ­Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ ДОМ.РФ ­компанием и унафэщI нэхъыщхьэ Мутко ­Виталийрэ шыщхьэуIум и 13-м Москва лэжьыгъэ IуэхукIэ щызэIущIащ.
  • ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ ипотекэкIэ нэхъ пуду цIыхухэм унэ къащэхуным хуэу­нэтIа программэхэр КъБР-м гъэзэщIа зэ­рыщыхъу щIыкIэм. Псалъэм папщIэ, къыхагъэщащ 2020 гъэм и щIышылэм къы­щы­щIэдзауэ мэкъуауэгъуэ пщIондэ апхуэдэ щIыхуэ лIэужьыгъуэу 253-рэ республикэм зэрыщатар. Ар проценти 10-кIэ нэхъыбэщ 2019 гъэм и апхуэдэ лъэхъэнэм елъытауэ. Ахъшэу а Iуэхум хухахар процент I4-кIэ нэхъыбэщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэр Урысейм и хъумапIэ банкым и унафэщIхэм яIущIащ

2020-08-15

  • КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек шыщхьэуIум и 12-м IущIащ Урысейм и ­хъумапIэ банк акционер зэгухьэныгъэм и вице-президент — къэрал IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымкIэ департаментым и уна­фэщI Чачин Михаил.
  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республи­кэмрэ Урысейм и хъумапIэ банкымрэ унэтIы­ныгъэщIэхэм дяпэкIи щызэ­дэ­лэ­жьэным щы­тепсэлъыхьащ зэIущIэм. ­Къапщтэмэ, и гугъу ящIащ туризм IэнатIэм ехьэлIа проектхэр щIыналъэм щыгъэзэщIэным.
  • Банкым и лIыкIуэхэм республикэм и Iэтащ­хьэр щыгъуазэ ящIащ IэнатIэ зыбжанэм къапэщыт къалэнхэр дэгъэкIынымкIэ щыIэ хэкIыпIэхэм.
  • КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ Урысей ахъшэ хъумапIэм дэлэжьэным Къэбэрдей-Балъкъэрым IэмалыфIхэр къызэрыритынур туризм IэнатIэм зегъэужьыным хуэгъэпса инфраструктурэ проектышхуэхэр республикэм и щIыналъэм щыпхыгъэ­кIы­нымкIэ.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ

Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Зыхыхьэхэр: Хэха

Псы хущхъуэ къыщIэжыпIэхэр зыхуэзэр ягъэбелджылы

2020-08-15

  • Къэрал мыхьэнэ зиIэ, ятIэхэмкIэ щыIэзэ «Налшык» курортымрэ зэрыщыту Къэ­бэр­дей-Балъкъэ­рымрэ я псы хущхъуэ къы­щIэ­жыпIэхэр зыхуэзэ щIыпIэхэр къыщыгъэлъэгъуа картэр илъэсым и кIэм ирихьэлIэу хьэзыр хъунущ. Апхуэдэу жиIащ республикэм курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр ЩоджэнцIыкIу Мурат зи унафэщI къулыкъущIапIэм и коллегиер щекIуэкIым.

  • «КъБР-м Курортхэмрэ туризмэмкIэ и ми­нистерствэм зэпкърихащ Налшык курортым хыхьэ санаторэ-­зыгъэпсэхупIэ IуэхущIапIэхэм республикэм и ятIэхэмрэ псы хущхъуэхэмрэ къагъэсэбэпынымкIэ яIэ Iэмалхэмрэ а лэжьыгъэм фIагъыу къыдэкIуэмрэ. Мы зэманым министерствэмрэ «Урысейм щIэныгъэхэмкIэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центр» федеральнэ щIэныгъэ центрым» Географие къэху­тэ­ныгъэхэмкIэ и центрымрэ зэгурыIуэныгъэ зэращIы­лIащ КъБР-м и псы ­хущхъуэ къыщIэжыпIэхэр зыхуэзэр убзыхуным, бжыгъэр зи лъабжьэ картэ-схемэ зэхэлъ­хьэным теухуауэ. Зи гугъу сщIы лэжьыгъэхэр мы гъэм и кIэм ирихьэлIэу зэфIэдгъэкIыну ди мурадщ», — къыхигъэщащ ЩоджэнцIыкIум.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ХэкIуэдахэр ягу къагъэкIыж

2020-08-15

  • ШыщхьэуIум и 14-м Куржы-абхъаз зауэр щы­щIидза махуэщ. А зауэр къызэрыхъейрэ илъэс 28-рэ щри­къум  Налшык къалэ Абхъазым и утыкум щызэхуэсащ ди ­къуэш лъахэм щызэуа­хэмрэ къу­лыкъущIэхэм­рэ.
  • ЗэIущIэм хэтахэм Аб­хъазым и Хэку зауэшхуэм хэкIуэда ди щIалэхэр ягу ­къагъэкIыжащ, зэныбжьэгъугъэмрэ зэкъуэшыгъэм­рэ я джэлэс хъуа махуэри зэрызэдагъэлъапIэр жа­Iащ.
  • Нобэ, шыщхьэуIум и 15-р, Абхъазым щагъэуващ Зи фIэфIыныгъэкIэ абы щы­зэуахэм я махуэу. Ар Сыхъум Iэтауэ щагъэ­лъэпIэнущ.
  • Налшык щызэхуэсахэм фэеплъ сы­ным удз гъэ­гъахэр тралъхьащ икIи хэ­кIуэдахэм яхуэщыгъуащ.
  • НэщIэпыджэ Замирэ.

Зыхыхьэхэр: Хэха

Iэмэпсымэхэм къахохъуэ

2020-08-15

  • Республикэ сабий клиникэ сымаджэ­щым узыфэр къыщахутэ и къудамэм МРТ аппаратыщIэр щагъэувыну пэшыр ягъэхьэзыр.

  • Iуэхур зэрекIуэкIыр къипщытащ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам. Министрымрэ Республикэ сабий клиникэ сымаджэщым и дохутыр ­нэхъыщхьэ Гущэл Людмилэрэ тепсэ­лъы­хьащ зэман гъунэгъухэм къриубыдэу IуэхущIапIэм игъуэтыну зыужьыныгъэхэм, ахэр къызэрызэрагъэпэщынум теухуа еплъыкIэ щхьэхуэхэр къагъэлъэгъуащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

КIыщокъуэ алим и усэ дызыщымыгъуазэр

2020-08-15

  • Дэтхэнэ усакIуэшхуэм и зы тхыгъэми и мыхьэнэр пхужымыIэну инщ. Ауэ илъэс пщIей дэкIауэ абы и Iэдакъэ къыщIэкIар къэбгъуэты­жыныр насып тIуащIэщ, ущымы­гуфIыкIынкIи Iэмал иIэкъым. Ар ­нэ­мытхысыпауэ къыщIэкIынкIи ­хъунщ, нобэрей тхылъеджэхэм гу­нэс ящымыхъунри хэлъщ, тхэн щIэзыдзэ дэтхэнэ зы усакIуэ ныбжьыщIэми и IэдакъэщIэкI псори ­нэгъэса зэ­рымыхъуми шэч хэлъкъым, абы щхьэкIэ ар бгъэкъуэн­шэнри къезэгъыркъым. Апхуэдэу щыт пэтми, тхыгъэ къыкъуэкIыжхэм къытху­зэIуах, ягъэбелджылы уса­кIуэр зыгъэпIейтея гурылъ-гуры­щIэхэр, гъащIэ екIуэкIыр зэрилъагъур, абы къыщыхъу-щекIуэкIхэм зэрахущы­тыр.
  • Куэд щIауэ гу лъыдмытэу къэ­гъуэгурыкIуами, ди архивым иджы дыдэ къыщыдгъуэтыжащ КIыщокъуэ Алим и зы усэ, «Тарас Шевченкэ» зи фIэщыгъэр. ЗэрыхуэбгъэфэщэнкIэ, ар абы щитхар 1938 гъэрщ, зытригъэдзэну и мурадари Украинэм щыщ усакIуэ телъыджэр къызэралъхурэ илъэси 125-рэ щрикъум ирихьэлIэу адыгэбзэкIэ къыдагъэкIыну ягъэхьэ­зыр тхылъырщ. ПыухыкIауэ я цIэ ­къидмыIуэми, лъэпкъ усакIуэ зыбжанэ елэжьащ абы.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Мазэм и ныбжьыр

2020-08-15

  • Германием и Мюнстер къалэм дэт университетым и къэхутакIуэхэмрэ Кёльн щыIэ Нэмыцэ аэрокосмос центрым уафэщIхэр джынымкIэ и геофизикхэмрэ математикэ щIэныгъэм и IэмалыщIэу къагупсысам иригъуэза иужькIэ, ЩIы Хъурейм къыдэгъуэгурыкIуэ Мазэм и ныбжьыр алъандэрэ къызэралъытэу щытам нэхърэ илъэс мелуан 85-кIэ нэхъ мащIэу къыщIрагъэдзыжащ. Абы теухуа тхыгъэ къыщыхьащ Science Advances журналым.

  • АтIэми, зи гугъу тщIы IэщIагъэлI­хэм зэхъуэкIыныгъэ гуэри халъ­хьакъым Мазэм и къэунэхукIэ хъуам зэреплъу щытам. Нэхъапэхэми хуэ­дэу, мы зэманми щIэныгъэлIхэр зэрегупсысыр аращи, ди планетэм ещхьу, абы къыдэгъуэгурыкIуэ уа­фэ­щIри ткIуаткIуэ щытыкIэм икIыу, жыпхъэ быдэ иIэу щызэпцIар илъэс меларди 4,51-кIэ узэIэбэкIыжмэщ, къыщыунэхуари а лъэхъэнэ жыжьэ­хэм къыпэгъунэгъурэ хуабжьагъэш­хуэ зэрихьэу хьэршым къыщы­зы­лъэтыхьа Тейя уафэщIыр ЩIы Хъурейм узижагъуэну къыщыжьэхэуа иужькIэщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

1 КъБР * «Мир» канал

2020-08-15

  • Блыщхьэ, шыщхьэуIум и 17
  • 6.00 «Республикэ: тхьэмахуэ  зэхуаку хъыбархэр»  (16+)
  • 6.30 «УзэщIакIуэхэр». Жумабаев Магжан (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
  • 7.00 «ТВ-галерея». КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Зеущэ Iэуес (12+)
  • 7.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэ­хуаку хъыбархэр» (16+)
  • 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, ­Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+)
  • 8.20 «Ди хъуэпсапIэ» (адыгэбзэ­кIэ) (12+)
  • 8.55 «Жыг щIагъым». Сабийхэм папщIэ нэтын (адыгэ­бзэкIэ) (12+)
  • 9.15 «ЩыIащ-псэуащ…» (балъ­къэрыбзэкIэ) (6+)

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ОТР Общественное Телевидение России

2020-08-15

  • Блыщхьэ, шыщхьэуIум и 17
  • 6.00 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
  • 6.30 «Нэхъ лъапIэ дыдэр» (12+)
  • 7.00 «Кавказым папщIэ екIуэкIа за­- уэр». Телефильм (12+)
  • 7.25 «Уигу сигъэлъ». Къэшэж Иннэ. Япэ нэтын (12+)
  • 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+)
  • 8.20 «ФIыуэ тлъагъу макъамэхэр» (12+)
  • 17.00 «ХъуэпсапIэм дамэ къызы­тригъэкIахэр». Бэгъуэт Анзор (12+)
  • 17.25 Дыкъэзыухъуреихь дунейр ­хъумэным теухуауэ (балъкъэ­рыбзэкIэ) (6+)
  • 17.50 «Щхъухь зыпылъ Iугъуэ». Тутын ефэным къишэр (12+)
  • 18.10 «Уигу сигъэлъ». Къэшэж Иннэ. ЕтIуанэ нэтын (12+)
  • 18.45 «ХъыбарыщIэхэр» (16+)

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

КъБР-м и РАДИО

2020-08-15

  • Блыщхьэ, шыщхьэуIум и 17
  • 00.00 — Макъамэ 99,5-FM (урысыбзэкIэ)
  • 1.00 — Макъамэ 99,5-FM (адыгэбзэкIэ)
  • 1.35 — «Фэр папщIэ» (адыгэбзэкIэ)
  • 2.00 — «Макъамэ» (адыгэбзэкIэ) 
  • 2.30 — «Жэщыбг нэужьым» (адыгэбзэкIэ)
  • 3.00 — «Орайда» (балъкъэрыбзэкIэ)
  • 4.00 — «Сахна» (балъкъэрыбзэкIэ)
  • 5.00 — Макъамэ 99,5-FM (урысыбзэкIэ)
  • 6.35 — «ПщIэну щхьэпэщ» (урысыбзэкIэ) (12+)
  • 6.45 — 7.00 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ) (12+)

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Къущхьэ CулътIан и лъэужь хэмыгъуэщэжыр

2020-08-15

  • Къущхьэ Розэ и ныбжьхэр я унэ щIэ­сыж хабзэщ. Илъэс пщIейм щхьэдэха цIыхубзыр и закъуэу «Адыгэ псалъэр» зытес епщIанэ къатым къэсын ­папщIэ, щхьэусыгъуэшхуэ иIэн хуейтэкъэ? А щхьэу­сыгъуэм илъэс тхущI хъуауэ кърехуэкI Розэ. Абы зэре­джэр «къызэрыхъуар зэхамыгъэкIа Iуэхущ» — и дэлъху нэхъыщIэр дунейм зэрехыжа щIыкIэрщ.
  • ГъащIэ мащIэр кIэ зымыгъуэт гукъеуэщ
  • ЩоджэнцIыкIу Алий, КIуащ БетIал, Пушкин Александр, Мандель­штам Осип, Гарсиа Лоркэ Федерико — а къедбжэкIахэм яхэтщ Къущхьэ ­СулътIан и цIэри. Зи лъэпкъыр къэ­кIуэну дахэкIэ къэзыгъэгугъэ а цIыху къызэрымыкIуэхэм я ­гъащIэ гъуэгур, нэр зымыгъаплъэ уэздыгъэр зэ­рагъэункIыфIым хуэдэу, Iэ щIыIэ гуэрым зэпичат. АрщхьэкIэ дахэу псэуам и щымыIэныгъэри дахэщ: и гъащIэм хэлъа купщIэр и лъэужьми къыхонэ.
  • ИтIани, хамэм и дежкIэ апхуэдэ цIыхур цIэ­рыIуэу тхыдэм хэтхэм язми, зи Iыхьлым дежкIэ гъащIэ мащIэр кIэ зымыгъуэт гукъеуэщ. Аращ Рози ди редакцэм къыщIэкIуар.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Къущхьэ CулътIан ЩIакIуэ щIагъым

2020-08-15

  • Iуэтэж
  • Мы гъэм къэзуха школымрэ иджы сызыщылажьэ, сызыщалъхуа колхозымрэ теухуауэ газетым статья езгъэхьу щыта фIэкIа, рассказ е нэгъуэщI художественнэ произведенэ стхыну зэикI ручкэ къэсщтакъым. Ауэ нобэ си Iэр къызэмыдаIуэу тхы­лъымпIэмкIэ мэIэбэр… Си гум жеIэр псори къэсIуэтэн хуейуэ.
  • Зи жьакIагъуэ пIащIэм лермонтовскэ шэрджэсыр гум къэзыгъэкIыж Мудар, Линэ, сэ Къуратышхуэ дыкъикIыжырт. ­Iэнкуну сыщытт, зыри жызмыIэу тхьэры­къуэф тхьэмпэ хуэлам хуэдэу, Мудар лIыжьым щхьэрыгъ упщIэ пыIэ хужьым си нэр тедияуэ сеплъырт. Япэми, Линэ зыхэт гуп сыхэхуамэ, Iэнкун сыкъэхъурт, иджы… зыгу дису гъуэгу дытетти, си гурылъыр ­мыхъуу, гушыIэ зыхэлъ псалъэ IэфI, псалъэ губзыгъэ жысIэн хуейт, ауэ… схузэ­фIэ­кIыртэкъым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Япэу институтыр къэзыуха адыгэ тхакIуэ

2020-08-15

  • Къэбэрдей прозэм тематикэкIи жанркIи нэхъ укъуэ­дияуэ зыужьын щы­щIи­дзар лIэщIыгъуэ блэ­кIам и тхущI гъэхэрщ. Зэманым и нагъыщэу щыт Iуэхухэр, цIыху гуа­щIа­фIэ­хэм я дуней тетыкIэр, я гурыгъу-гурыщIэхэр гуп­сысэ жанкIэ узэщIауэ, акъыл хэлъу, пэжу цIыхум я деж нэзыхьэс тхыгъэ куп­щIафIэхэр зи Iэдакъэ­-щIэкI тхакIуэ щIалэу зыбжанэм я цIэ а лъэхъэнэм сэтей къохъу. Абыхэм ящыщ зыщ игъуэ нэмысу дунейм ехыжа Къущхьэ ­СулътIан.

 

  • КЪУЩХЬЭ СулътIан 1930 гъэм мэкъуауэгъуэ мазэм Бабыгуей къыщалъхуащ. Къуажэ школыр къиуха нэ­ужь, ар Къэбэрдей-Балъкъэр педагогикэ институ­-тым щеджащ. 1951 гъэм къыщыщIэдзауэ ар Мэзкуу Горький Максим и цIэр зезыхьэ Литературнэ институтым и студентщ. Мис а илъэсырщ сэ япэ дыдэу ­СулътIан щысцIыхуар.
  • Мэзкууи, нэгъуэщI къалэ­шхуэхэми щеджа адыгэ щIалэхэм ящыщу нэхъыфI ды­дэу еджауэ, къыхаха Iэ­-щIагъэм теухуауэ щIэныгъэшхуэ ягъуэтауэ, куэдкIэ узыщыгугъ хъунхэу адэжь хэкум къихьэжахэм ящыщ зыт СулътIан. Зыгуэр мурад ищIарэ, ар Iуэху щхьэпэмэ, Къущхьэр къы­щIикIуэтын дунейм теттэкъым. Телъы­джэт абы хэлъ ерыщагъыр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Дыщалъхуа щIыналъэм

2020-08-15

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыпIэ дахэхэм ящыщщ Былым къуажэм дэт гуэл щхъуантIэ дахэр. Абы зэреджэр Гижгитщ. Ар гъэмахуи щIымахуи зи дахагъ зиIэж гуэлщ. Щыхуабэм деж и хъуреягъыр зэщIэгъэгъарэ удз щхъуантIэ дахэхэм къаухъуреихьу апхуэдэщ. ЩIымахуэм псыр зэщIощтхьэри, Байкалым ещхь мэхъу. Гуэл щхьэщыщтыкIар къэча нэужь, сурэтыщI Iэзэ гуэрым и IэдакъэщIэкI хуэдэ уIуоплъэ.

Зыхыхьэхэр: Хэха

Акъыл зиIэм имыIэ щыIэкъым

2020-08-15

  • Бжьэ зыдэсым фо дещIэ.
  • Зым и мыгъуэ зым и махуэщ.
  • ЗыхуащIэ нэхърэ — зыщIэф.
  • Бзум и лым хуэдэщ и лэпсри.
  • Дзэм хамэ хэткъым.
  • Iуэху мыублэ блэ хэсщ.
  • ЛIым я нэхъ мыгъуэм Iуэхугъуибгъу зэпеч.
  • Зы гъэр тIэу къакIуэркъым.
  • Ер вы бжьакъуэм къокI.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

« Раньше