ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Август, 2020

КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ Стратегие зыужьыныгъэмрэ лъэпкъ проектхэмкIэ советым и зэIущIэ

2020-08-01

  • КIуэкIуэ Казбек дыгъуасэ иригъэ­кIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм деж Стратегие зыу­жьыныгъэмрэ лъэпкъ проектхэмкIэ щыIэ советым и зэIущIэр.

  • Абы щызэхалъхьэжащ 2020 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм лъэпкъ проектхэр гъэ­зэщIэным хуэунэтIауэ зэфIагъэкIахэм, COVID-19-м зэрызиубгъум пэщIэтыным хуэгъэза лэжьыгъэм кърикIуахэм, ап­хуэдэуи макроэкономикэ, социальнэ политикэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэу зэман гъунэгъуми 2030 гъэм нэсыхуи ятещIыхьауэ зрагъэхъулIэн хуейхэр яубзыхуащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Лъэпкъ гуращэм я нэхъ дахэ

2020-08-01

  • Нобэ фи пащхьэ идолъхьэ адыгэ газетхэм я 125-нэ къыдэкІыгъуэ зэхэтыр. ХамэщІ къикІыжу зи хэку къэзыгъэзэжахэм я Махуэм ирихьэлІэу «Адыгэ псалъэ», «Адыгэ макъ», «Черкес хэку», «Жьынэпс», «Шапсугия», «Нарт», «Хасэ», «Хэхэс адыгэхэр» лъэпкъ газетхэм зэ­гъусэу ягъэхьэзыра мы къыдэкІыгъуэм фэ фыщрихьэлІэнущ адэжь лъахэм къихьэжа ди лъэпкъэгъухэм ятеухуа тхыгъэхэм, абыхэм я гурыгъу-гурыщІэхэмрэ хъуэпсапІэхэмрэ къызыхэщхэр.
  • ШыщхьэуІум и 1-м илъэс 22-рэ ирокъу Адэжь Хэкум къэзыгъэзэжахэм я махуэр лъэпкъ махуэгъэпсым зэрыхэувэрэ. Абы ублапІэ хуэхъуари 1998 гъэм зауэм и мафІэ лыгъейм зэщІищта Югославие къэ­ралы­гъуэм, нэхъ пыухыкІауэ жыпІэмэ Косовэ щІыналъэм, ди лъэпкъэгъухэр кърашыжу я адэжьхэм я щІыгужь къыщрашэжа махуэращ. Абы щыгъуэ цІыху 99-рэ хъууэ япэ адыгэ гуп зэрыІыгъыр Хэкум къихьэ­жауэ щытащ. А лъэхъэнэрщ Адыгэ Республикэм и япэ президент Джарым Аслъэн къы­хилъхьэу Къэзыгъэзэжахэм я Махуэр щыхигъэунэхукІари.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

БЫРМАМЫТ Фоаз

2020-08-01

  • Дунейр къутэжыху
  • И тыгъэ лъапIэт ар си лъахэ дыщэм:
  • Жьэгу пащхьэ мафIэ, гукъыдэж,
  • насып…
  • Иджы хамэщIым щикъухьа си
  • лъэпкъым

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ЛУ Джихьэн

2020-08-01

  • Iуащхьэмахуэ, сынолъэIу!
  • Нобэ зыхызох, жьгъырууэ уи уэрэдыр,
  • Уи щхьэ тхъуари солъагъу гуапэу,
  • Си хэку лIакъуэ.
  • Еруубэ цIыхухэм зэпэIэщIэ дыдэ
  • ДащIын ялъэкIынкъым —
  • Уи Iэр къызэт закъуэ!

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Нобэ Адэжь хэкум къэзыгъэзэжа адыгэхэм я махуэщ

2020-08-01

Нэрыбгейхэмрэ Хэку-анэмрэ.

  • Сурэтхэр Уэхъутэ Александр трихащ.

Нарт Сосрыкъуэ.

Зыхыхьэхэр: Хэха

Мы махуэхэм

2020-08-01

  • ШыщхьэуIум и 1,
  • щэбэт
  • ШыщхьэуIум и 1 — 7-хэр Сабий цIынэхэр анэ бы­дзышэкIэ пIыным къы­хуеджэным и дунейпсо тхьэмахуэщ
  • УФ-м IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм я тылым и махуэщ
  • Урысейм и Инкассаторым и махуэщ
  • Япэ дунейпсо зауэм хэкIуэда урысей сэлэтхэм я фэеплъ махуэщ
  • Азербайджаным щагъэ­лъапIэ я алыфбеймрэ я бзэмрэ я махуэр
  • Зи хэку къэзыгъэзэжа адыгэхэм я махуэщ
  • 1885 гъэм япэ дыдэу уэгум зиIэтащ Можайский Александр ищIа кхъухь­лъатэм.
  • 1914 гъэм Урысейр Япэ дунейпсо зауэм хыхьащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Хьэл-щэн нэхъыщхьэм къытекIыркъым

2020-08-01

  • Дызэрыщыгъуазэщи, 2011-2013 гъэхэм Сирием адыгэ куэд къиIэпхъукIыжащ. Абыхэм ящыщу цIыху 600-м щIигъум Къэбэрдей-Балъкъэрым къагъэзэжащ.

  • Гъыш Ануар и ныбжьыр илъэс 77-м ит пэтми, а лIым жыджэрагъэу къигъэлъагъуэр зыхуэдизыр дымыгъэщIэгъуэн тхузэфIэкIакъым. Уегупсыс зэрыхъунумкIи, ар къызэрыддекIуэкI щэным лъабжьэ нэхъыщхьэу хуэхъур зрихьэ и адыгагъэрщ, абы къызэщIиубыдэу цIыхум хэлъын хуей хьэлхэм ящыщу зэпIэзэрытыгъэ, нэшхуэгушхуагъэ, нэщхъыфIагъэ хуэдэхэращ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Дыщэ фащэ къытщитIэгъат а ныуэм

2020-08-01

  • Сирием къикIыжахэм къахэкIыу Крем-Константиновкэ къыдэтIысхьэжа псоми а зы махуэм да­зэрыхуэмызэфынум дэ шэч къытетхьэртэкъыми, СтIащ Сабри делъэIуащ езым нэмыщI иджыри цIыху зытIущым даIуигъэщIэну. АбыкIэ арэзы щыхъум, СтIащым и хьэ­щIэщым исахэм зыкъы­зэщIэткъуэри, пщIантIэм дызэрыдэхащ. Абдежым къыIухьауэ къы­щIэкIащ дыIущIэну дызэры­хуейм­кIэ хъыбар зрагъэщIа нэгъуэщI зы щIали. Ар Кушухэ ящыщ Зигъут.

  • Гъусэ тхуэхъуар зэрыс машинэр ди япэ иту, дэ абы дыкIэлъежьауэ дыздеIэм, куэд дэмыкIыу дынэсащ дызыхуаша щIапIэм. Абдежым къыщыдэжьэрт бы­сымыр. ФIэхъус зэхыным къыдэкIуэу, гушыIэмрэ сэ­мэркъомрэ къыдэбэкIрэ дыб­зэрэбзэжу, дэ ахэр зэ­рытлъагъум дригушхуэу, езы­хэри дазэрыхуэкIуам щыгуфIыкIыу, къытIущIам я пщIантIэм дыдыхьащ.
  • ЩIыбым дэт Iэнэшхуэм дыбгъэдэтIысхьащ. Дакъикъэ бжыгъэ дэкIагъэнтэкъым, унэгуащэм Iэ­фIы­кIэхэмрэ пхъэщ­хьэ­мыщ-­хьэ­кIэ узэда Iэнэр къы­щиу­хуам, мыIэрысэм къыщIа­пIы­тIыкIа псы гуры­хьыр зэрыт кхъуэщы­ныш­хуэри абы дэ­щIыгъуу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Анзорей щыщ ХьэпащIэхэр

2020-08-01

  • Сирием къиIэпхъукIыжа уна­гъуэ зыбжанэ Лэскэн щIыналъэм и къуажащхьэ Анзорей дэсщ ­щыжаIэм, абыхэм я Iуэху зыIутыр зэдгъэщIэн мурадыр диIэу гъуэгу дытехьащ.

  • А жылэм дыщынэсым, дэ ды­Iухьащ ХьэпащIэхэ Тайсир и уна­гъуэр зэрыс лъапсэм. ХьэпащIэ Тайсир 2011 гъэм къэкIуэжахэм ящыщщ. И щхьэ­гъусэр Ту лIакъуэм къыхэкIащ, и цIэр Бусайнэщ. Сирием къыщы­хута Хьэ­пащIэхэ я адэжьыр, Исхьэкъ, 1867-1868 гъэхэм Хэкужьым икIахэм ящыщщ.
  • Сирием щыпсэу адыгэхэм хьэщIэ я унэ къихьэмэ, етIысэхыну хунэ­мыс щIыкIэ, кофе е шей къы­хутрагъэувэу я хабзэщ. Мыбдежми аращ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Зи хъуэпсапIэ нахуапIэ хъуахэр

2020-08-01

  • Джэйхьун Гумуш: Илъэс 17 си ныбжьу, Мейкъуапэ зы илъэс сыдэ­сынщи, урысыбзэ зэзгъэ­щIэнщ, университетым сы­кIуэнщ жысIэри, сыкъэкIуэжат. Зы гугъуехьи симыIэу сыщыпсэурт Истамбыл, ауэ си гур ХэкумкIэ щыIэт.
  • КАФФЕД-м адэжь щIыналъэм щеджэну хуейхэр къигъэкIуэну хуитыныгъэ къыщыдихым, сэри абы зыхэзгъэхуащ. ЩIэныгъэ зэзгъэгъуэтын хуей щы­хъум, къыхэсхар медицинэращ. Абы сыхуе­джэ­ри, дохутыр сыхъуащ. Иджыпсту Мейкъуапэ къэ­рал технологие университетым доктор диссертацэр щызогъэхьэзыр.
  • Дохутыру Мейкъуапэ сы­щолажьэ, си Iуэхухэри хъарзынэу докI.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Адыгэм илъ Iэлыр щожэхри си лъынтхуэм…

2020-08-01

  • И бзийхэм сагъафIэу сесакъым Хэку дыщэм,
  • Хэку-анэм и жьыбгъи нэкIущхьэр къимыст…
  • Зигъэщхъыу Хэку-анэр къиплъакъым си гущэм,
  • Бзэрабзэу Хэку-анэр пIэ лъапи темыст.
  • Сэ нэкIэ згъэвакъым уи бгыжьхэм я уэси,
  • Сисакъым Бахъсэни Тэрчыжьи я куэщI.
  • КъэзмыщIэу хъыджэбзхэм я плъэкIэм и уаси,
  • Псэр хуэлIэу си лъахэм, илъэсхэр мэкIуэщI.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Уэрдым Зекай: ЗыкIи сыхущIегъуэжакъым

2020-08-01

  • — Зекай, япэщIыкIэ зыкъэдбгъэцIыхуамэ, ди гуапэт.
  • — 1976 гъэм Къайсэр сыкъыщалъхуащ. КъуажэкIэ Къарэкъуий (Къундетей) сыщыщщ, Уэрдым Хьэжы-Ихьсан и къуэ Ариф срикъуэщ.
  • Къалэм сыкъыщыхъуа­ми, сыщыпсэуами, насып си­Iэ­ти, гъэмахуэхэм къуажэм сыщыIэурэ адыгэбзэми, хабзэми, адыгагъэми щыгъуазэ сыхъуащ.
  • Курыт еджапIэр къыщызуха гъэм ирихьэлIэу «Нал­мэс» къэфакIуэ гупым, илъэс дэкIауэ «Кабардинка»-м Тыркум концертхэр щатащ. Дэри джэгу­хэм дыхыхьэ щы­хъуа зэманти, хуабжьу сыдихьэхат.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Адыгэм и дунай зэхэт арап Эмиратхэр

2020-08-01

  • Адыгэхэр зэрымыс къэралыгъо щыIэжьэпщтын. ЧIыгужъым егъэзыгъэкIэ зылъапсэ щизычыгъэ силъэпкъэгъухэр дунаим щы­хэтэкъуагъэх. Илъэс 15 хъугъэшъ, IэкIыб хэгъэгухэм ащыпсэурэ, адыгэ­хэм якъэбар гъуазэ сы­зы­фэхъурэр, лъэпкъ зэфэс инхэм сызахэлажьэрэр, къэралыгъуа­кIэ къызэIусэхы зэпыт.

  • ЕтIани ахэм зырыз-тIурытIоу уна­гъохэр арысхэп. IофшIапIэ, еджапIэ, аужыпкъэрэм, шъхьэегъэзыпIэ лъыхъухэу нэбгырэ зытIущэу мэкощыхэшъ, ахэм нэмыкIхэр а­кIэлъэкIожьых. Куп иныкIаехэу, зы лъэпкъ Хасэ зэхаугъоягъэми икъунхэу нэужым зыдэкIогъэхэ къэралыгъуакIэм щэтIэмых. Ащ фэдэу зигугъу къэсшIымэ сшIоигъор Зэхэт Арап Эмират ары. Сыдэущтэу адыгэхэр мы къэралыгъом кощыгъэха? Нэбгырэ тхьапша исыр? Бзэр, хабзэр къаухъумэн алъэ­кIа?

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Хэхэс лъэхъур исхыжащ

2020-08-01

  • Тхъэгъуэщ сэркIэ,
  • Си щIыгужь къэзгъэзэжащи.
  • Тхъэгъуэщ сэркIэ,
  • Хэхэс лъэхъур зисхыжащи.
  • Си Iум щызу жьэдызошэ уи жьыр,
  • Си пкъыр ныхоткIухьыр уи дунейм.
  • Уэрыншам зэшыгъуэт сэ къызэжьэр,
  • Си гур пхъэрт уэр папщIэ, Адыгей!

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

2020-08-01

Косовэ (Югославие) къикIыжа ди лъэпкъэгъухэм я деж къеблэгъащ Адыгэ Республикэм и Правительствэм и УнафэщI Тхьэркъуахъуэ Мухьэрбий. 2002 гъэ

Зыхыхьэхэр: Хэха

« Раньше