ХьэтIохъущыкъуей Ипщэм и псалъалъэ
2020-07-21
- Аргуэжь — цІыху зэхуэсыпІэ.
- Бэдадэ — дэ хьэжа. Шхынхэлъхьэу зэрахьэу щытащ, нэхъыбэм шыпс щащІкІи халъхьэрт. Бешкъэзакъхьэблэм и нэхъыжьхэм нобэми жаІэж я анэшхуэхэм дэшыпс ящІу зэрыщытар. Дэшыпсыр шхыныгъуэ лІэужьыгъуэу но-бэ къыщызэтенар шапсыгъхэм я дежщ.
- Гуэгуэн ныбэф — гуэгуэн лІэужьыгъуэщ, и Іур бгъузэрэ и кур ину. Бешкъэзакъхьэблэм 1940 гъэхэм пщІондэ зэрахьащ.
- ГублыцI І — къамылылъэ.
- ГублыцІ ІІ — гъужа хьэзыру къэкIыгъэ щыкI, щыбэ шэдылъэ.
- ГъэплІэжын — зи псэ хэкIагъащIэр щызэрагъэзэхуэжкІэ, апхуэдэу жаІэ. Дунейм ехыжам и жьэпкъыпэр щIапхэри, и нэгум мыхъуу и щхьэм щэкIыщхьэ щабэ гуэр къытрапхъуэ. ПIалъэ-пIалъэкIэрэ къытрагъэзэжурэ, дунейм ехыжам и лъэм йоIусэ. ТхьэмыщкIэр дийуэ щыхуежьэкIэ, и нэгум нэхъыжьхэр йоплъэ. Зы медан гуэрым хуэзэу ар жаIэуи зэхыбох: хьэдэ нэпсыр щIокI, жаІэу. Мыбы иужь хьэдэм и нэгум тепхъуэ пІащІэ гуэр къытрапхъуэ, нэхъ Iуву зыгуэр телъами, ари трахри, и кIыхьагъым тещIыхьауэ щэкIыпхъэ хужь къытрапхъуэ, малъхъэдис и гущIыIум тралъхьэ. Хьэдэр ягъэплІэж, жаІэмэ, аращ къикІыр.
- Гъэплъэхъун — гъэжэкъуэн.
- ДжэдыкIэ фампIэ — джэдыкIэм телъ фэ. ХьэтІохъущыкъуейхэм «джэдыкIампIэ» жаІэ.
- Дурмэчаучэ — делэIуделафэ. Бешкъэзакъхьэблэм я бзэм щыщщ.
- Дурмэчач — дурмэчаучэм къикI дыдэр къокI. Щоджэнхьэблэхэм я къэпсэлъыкІэщ.
- Дэкурэ — дэ ущыкъуея.
- Зэбын — унагъуэм щыщ гуэр зыІэщІэукІам хуигъэгъурэ бын хьэкъкІэ ар зыфІэкІуэда анэм щищтэжкІэ, щхьэхуимыту лІыукІ хъуар а анэм зэрыхущытым апхуэдэу йоджэ. «Зэбын зэхуэхъуащи, къилъхуари ІэщІэмыхуауэ пІэрэ жыпІэну зэхущытым», жаІэ.
- ЗэщIасэ — къэзыщIэ щымыIэу щэхуу зэкIэлъыкIуэ, зи яку щIасэ щэху дэлъ цIыхуитI.
- И цеикIэ къуащIэр гъуэнэн — сыт къыхэхъуэми зыми имыщхьэпэу зыфIэкIуэдыжым, кърихьэлIэр зэмыхъулIэм щхьэкIэ и цеикIэ къуащIэр гъуанэщ, жаIэ.
- КурэпцІырэ — къыпцІэ гъэгъупцІа, мыгъуа-мыцІынэу щыту.
- Къэбыхъу матэ — къэб жылэращ, дэкурэм халъхьэу щытащ.
- Къуажэдэс — пхыдзауэ псэу, зи псэукІэрэ зи щытыкІэ хэхарэ зи-Іэж хьэблэм щхьэкІэ жаІэ. ЛампІэжьыкъуэ дэсхэм нобэр къыздэсым апхуэдэу йоджэ.
- КъуэтІыхь — лъагапІэхэм, быдапІэхэм я хъуреягъкІэ щызэтетхъуа шытхым аращ зэреджэр.
- Къулкъэш — пщым ІэщІэкІыу хыхьэжа унэІут. ХьэтІохъущыкъуейхэм псалъэр «къулъкъэшгъэн»-у къапсэлъ.
- Кхъаблэпэрыжэ — еплъ хьэдэпэрыкІуэм.
- Кхъуауэ — псыкъуийм псыр кърырахыу джэрэзу щхьэщыт пкъожьейм хьэтІохъущыкъуейхэр зэреджэр аращ.
- Кхъужьымэ — кхъужь гъэгъуа. Нэхъыбэрэ зэхэпхынур «кхъужьомэ» къэпсэлъыкІэращ.
- КІэщэфэщэн — Іэбэнлъэбэн.
- ЛашкІэ — ІэкІэ япІ, къыщалъхум зи анэр зыфІэкІуэда шкІащІэм щхьэкІэ жаІэ.
- Лэмастэ — мастэ лІэужьыгъуэщ, и Іуданэ иупІэр ину.
- МафІэстхъу — дэп жьэражьэ.
- Мэчэхъан, Мэчэр — КъурIэн Iыхьлы хъуну зыхуэхъуапсэ, дин щIэныгъэкIэ зыхуэупсэ хъыджэбз цIыкIухэм апхуэдэцIэ фIащу щытащ.
- Ныр — сабиибзэм щыщщ, бгъуэнщІагъым щхьэкІэ жаІэ. Щоджэнхьэблэм зэрахьэ пса- лъэщ.
- Пщыдадэкъуэ хъуам нэхъей — зыкъызыфIэщIыжа щIалэжь цIыкIум щхьэкIэ гушыIэу нэхъыжьхэм къапсэлъ.
- ПІыргъыш — зыми щымыщ, мыхьэнэншэ.
- Санащхьэ гъэгъуа — чыщмыщ. Бешкъэзакъхьэблэм щыщ цІыхубз нэхъыжьхэм ноби жаІэу урихьэлІэнущ.
- Тахътыр — шууейм и куафэр уанэм тримыхын щхьэкІэ абы кІэращІэу щыта фэ бгъуэшхуэм аращ зэреджэр.
- ТІарыкъуэ — бжыхь. Къалэдэсым я псалъэщ.
- ТхъущIэж — тхъуцIынэр щагъэвэжкIэ, къыкIэщIэнэ вэжахуэм щхьэкIэ аращ жаIэр. «Тхъувэжахуэ» псалъэри зэрахьэ.
- УэскІапщІэ хэтын — махуэ псом емыкІуэлІэжу уэскІэ щызэдэджэгум деж апхуэдэу жаІэ. ЕджапIэм къыщыгува е Iуэхутхьэбза-щIэ ягъэкIуауэ щIэх къэмысыжа сабийм щхьэкIэ «Узыхэтар уэскIапщIэ, дэнэ ущыкІуэдар?» жа- Iэ.
- Уэстыку — уэсыр щатхъукІэ, дэнэ лъэныкъуэкІи къыщратхъулІэу ягъэнахуэ щІыпІэ.
- ФаІэ — узыфэ лІэужьыгъуэщ, щІыфэм ІэпапІэ-ІэпапІэурэ хужьыгъэ къытридзэм аращ зэреджэр.
- Фотэгъэгъу — пхъэщхьэмыщхьэ гъэгъуа зэмылІэужьыгъуэ зыкъом цІыкІу-цІыкІуу зэхаупщІатэрэ фокІэ зэІахыжмэ, аращ зэреджэр.
- ФIыцIэру — фIыцIабзэ, фIыцIэ дыдэ.
- Хабзауэ — цІыхум къызэдащта унафэм емыувалІэм, ебакъуэм щхьэкІэ апхуэдэу жаІэ.
- Хэбзэуэн — жылэм къызэдащта унафэр щакъутэм деж «хэбзэуащ» жаІэ.
- Хьэдагъэ тIэкIу — дунейм ехыжам кІыхьу бгъэдэсыну ар зы-щІэлъ унэм щІыхьэ цІыхухъу гупым щхьэкІэ «хьэдагъэ тІэкІу ящІыну щІыхьащ» жаІэу псэлъафэ щыІэщ. Хьэдагъэ тІэкІу зыщІыр шэнт цІыкІу тесу хьэдэм щхьэщысщ.
- Хьэдагъэ удж — игъуэ нэмысу дунейм ехыжахэм я хьэдащхьэм къеуджэкIыу щытащ адыгэр пасэм. Мыбы и хъыбарыр мыпхуэдэм иращІэкІащ жаІэу куэдрэ Щоджэнхьэблэм къаІуэтэжу зэхэпхынущ. Абы къыщхьэщы- кІыу ХьэтІохъущыкъуейхэм «Удж епщIэкI хъунущ, и уэредадэщ» жаІэу нэгъуэщІ жыІэгъуэ яІэщ.
- Хьэдагъэ шхын — гуIэ шхыни жаІэ. Гуауэ зиIэ унагъуэм исхэр, къадинауэ къабгъэдэсхэр гъунэгъухэм ягъашхэу щытащ. Унащхьэ чэзукIэрэ махуибл ирикъуху апхуэдэу ящIырт. Жьэрымэр махуибл нэужьращ ягъэун щыщІадзэу щытар, къакІуэ-накІуэр зэпыууэ унагъуэр и Iуэху хыхьэжа нэужь.
- Хьэдамэ — хьэдэгъэпскI гупым щыщу сабыныр зытхъунщIым аращ зэреджэр.
- Хьэдэ гъуо — дунейм ехыжам щIыхуэ телъмэ, ипшынын хуейуэ зыгуэр къытенамэ, лIам и цIэкIэ и анэшым щыщ дыуэщIым къахоувэри, «мы тхьэмыщкІэр иужьрей гъуэгуанэ темыувэ щІыкІэ, зи щІыхуэ телъым къыжыфIэ, е хуэвгъэгъу, е дывгъэпшын», жери. Абы хьэдэ гъуощ зэреджэр.
- ХьэдэгуIэ хъун — дунейм ехыжам и напIэ лъэныкъуэр щахузэтемыпIэжым деж апхуэдэу жаІэ. «Зыгуэр игу къоуэ е илъэгъужынуІауэ хуейщ, тхьэмыщкІэ, хьэдэгуІэ хъуа мыгъуэщ», жаІэ.
- Хьэдэгуажэ — дунейм ехыжам и хьэдэгъэпскIым далъэгъуар ирамыгъэIуэтэн щхьэкIэ, «хьэдэгуажэ фымыхъу, Тхьэм и гуажэм фыщыщтэ» жаIэрт. ХабзэкIи къекIукъым, динкIи гуэныхьщ, жаIэрт. Ноби зэрахьэ псалъэщ.
- ХьэдэпсэгъэгуфIэ — хьэдагъэр зэхэмыкIыж щІыкІэ унагъуэм хэхъуэ ягъуэтамэ, дунейм къыте- хьа цІыкІум ехъуэхъурт апхуэдэу зыхуагъазэурэ. Узун-Яйла ноби ит Бешкъэзакъхьэблэм «ХьэдэгъэгуфІэ ухъу!» жаІэу хъуэхъуфэ зэрахьэ. ПсалъитІри зэподжэж.
- Хьэдэпхыж — хьэдэр шыкхъаблэ ящIу зейм щыхуашэжым деж, къызэрашэжа щІыкІэм елъытауэ, апхуэдэу жаІэрт. Зы нэхърэ нэхъыбэмэ, шыкхъаблэ зеуалэм пхъашэу имыгъэсысын щхьэкIэ, хьэдэр зыкIуэцIылъ щIакIуэр зэрапхырт. Аращ хьэдэпхыж жыхуаІэр.
- ХьэдэпэрыкIуэ — кхъаблэм телъу дахым ипэ къиувэм щхьэкІэ жаІэ. Адыгэм ягъэдахэу щытакъым, «ХьэдэпэрыкІуэ фымыхъу, хьэдэпсэр зэхэзежэ фощІ», жаІэрт.
- Хьэжрэт хьэдэ — зыщыщыр ямыцIыхуу, къыздикIар ямыщIэу, зи хэтыр яхузэхэмыгъэкIауэ щIы-пIэ зэгъуэкIхэм, губгъуэхэм къыщагъуэта тхьэмыщкIэм арат зэреджэр. Къыщагъуэта щIыпIэм щыщIалъхьэу щытащ, и кIуапIэ зыщIэу щытахэр къежьэмэ, зыгуэрурэ зэхагъэкIынщ, жьуджалэрэ пэт мэхашэ, жаIэрти.
- ХьэкIырэ — къуэрылъхухэм ящыщу нэхъыщIэ дыдэм адэшхуэр зэреджэ.
- ХьэкIэ-хукIэ — бзаджагъэ-хьилэшагъэ хэлъу зи сэфэтым икI, зи щытыкIэм текI, зы щIыкIэм ебакъуэм хужаIэ.
- Хьэкхъужьэ — хьэкум пэралъхьэу ягъажьэ кхъужь. Тебэм илъу ягъажьэ кхъужьыр плъыжь дахэ хъуа нэужь, фом халъхьэрти, яшхырт. Дэкурэ хэлъуи яшхырт.
- ХьэтIыхъу — къуэрылъхухэм щыщу къыбгъэдэс быным я нэхъыщIэм адэшхуэр зэреджэ.
- Хьэуцэ—бжьэуцэр къызэрехьэжьэн — гъэр къихьауэ дунейр къыщызэщIищIэкIэ, хьэуцэри бжьэуцэри щIым къыIэщIокIри, зэрыгъэущкъулэу хуожьэ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, къэкIыгъэм езыр-езырурэ зипхъыжрэ и жы- лэр идзмэ, апхуэдэу жаIэ. Хьэуцэ-бжьэуцэу ущкъулэн жыхуиIэр урысыбзэкIэ «опыление» жыхуаIэращ. Иджы мис а жылэкIэ нэрылъагъууи нэрымылъагъууи жьым зэрихьэу тIэпIыр, багъуэр, хэхъуэращ хьэуцэ-бжьэуцэ хъужри.
- Хьэц-шыцу пхъын — бдзэжьейм бдзэжьей хугур щипхъкІэ, жаІэр аращ.
- Хьэчыдэ — дэ цІынэм и фэр трахырти ягъэгъурт. Хущхъуэгъуэу къалъытэу щытащ. Фом хэлъу яшхырт. Хьэч жыхуаІэр дэ зытемылъыж дэ купщІэращ.
- Цыпэн — бэгъуэн, хэхъуэн, зыужьын.
- Цыпэпхъу — зэIусэр пигъэщу жан дыдэ.
- Шэтегъэуэж — жэщщІэс дэкІыу тхьэмахуэ нэблагъэкІэ къуажэм къэмыкІуэжынумэ, губгъуэм къыщыкІ пхъэщхьэмыщхьэхэр къыпачырт, цІыкІуу зэпагъэхурти, дыгъэ жьэражьэм хэлъу махуитІ-щыкІэ ягъэгъурт. Абы шэр хакІэжырти, шэтегъэуэж хъужыр арат. Шэтегъэуэжыр пхъэщхьэмыщхьэм и гуащІэр къыщІыхьэу губгъуэ шхыныгъуэу зэрахьэу щытащ.
- ЩIалабжэ — хьэдагъэм здыхэ-тым пыхьэурэ «сыунэхъужащ» жиIэу е абы ещхьыфэ нэгъуэщI псалъэ нэхъ къыфIэзымыгъэ-кIым щхьэкIэ «щIалабжэ ещI» жаIэ. «ЩІалэ» жыхуиІэр «ныбжьыщІэу» къыбгурыІуэн хуейщ мыбдеж. Псалъэр ноби зэрахьэ.
- ЩауэкIэ — зэпсэлъыхъуитIым щыщу хъыджэбзыр дунейм ехыжмэ, къэна щIалэм апхуэдэу еджэрт. Кхъаблэр зыIэтхэм хагъэувэу хабзэ щыIауэ яIуэтэж.
- Мыбы хъыбар гъэщIэгъуэн куэд пылъщ. Псалъэм и хьэтыркIэ, щIалъхьагъащIэм и хьэдэпсэр япэ махуищым зэхэзехуэн мэхъури, пщэдджыжьыпищкІэ дэкIын хуейщ жаIэрти, дунейм ехыжам и Iыхьлы гъунэгъу дыдэхэм щыщ-хэр кхъэм кIуэхэрт. Дунейм ехыжамкІэ щауэкIэми апхуэдэ хьэкъ къытехуэу къалъытэрт.
- ЩІалэхэдэ — хъыджэбздэс зиІэ анэшхуэхэм ахэр гъусэ ящІрэ джэгу щыкІуэкІэ, мор е мыр къэгъафэ жаІэу щІалэхэр къыхураджэрэ я пхъур кърагъэгъафэмэ, «нанэхэр щІалэхэдэ къежьащ» жаІэу зы псалъэ щыІэщ. Ноби къуажэм щызэрахьэ.
- ІэшкІул — Іэпхъуамбэшхуэмрэ зыгъэлъагъуэ Іэпхъуамбэмрэ я зэхуакум илъ лыфэм аращ зэреджэр.
- Япэнэс — ІуэхутхьэбзащІэу ирагъэжьахэм ящыщу зи Іуэху Іыхьэр нэхъ псынщІэу къезыхьэлІэу къызыхуэтыншэу зэфІэзыхым апхуэдэу йоджэ. Псалъэр Щоджэнхьэблэхэм къахьыжащ, къуажэм ноби щызэрахьэ.
- ТАБЫЩ Мурат.
- Зеикъуэ къуажэ