Уи дуней тетыкIэм дропагэ
2020-07-21
- Мы хъуэхъур зыхуэгъэзар Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш академием и студенткэ пажэхэм хабжэ, гъэсэныгъэ дахэ зыхэлъ адыгэ пщащэ Щоджэн Ланэ Артур и пхъурщ. Абы и ныбжьыр илъэс 20 ирокъу мы махуэхэм.
- ДЫХУЕЙЩ а хъыджэбз губзыгъэм, хьэл-щэн дахэ зыхэлъым и махуэшхуэмкIэ дехъуэхъуу, мыпхуэдэ псалъэхэмкIэ зыхуэдгъэзэну:
- «Ланэ, ди хъыджэбз гъэфIэн! Уи гумащIагъэм, пхэлъ хэлъэтымрэ гулъытэмрэ я щыхьэтщ уи анэшхуэм, адрей нэхъыжьхэм, узыхэт псоми уазэрыхущытыр. Уи псэ къабзагъэм хуэфэщэн насып дахэ Алыхьым къыпхуигъэфащэ! АтIэми, «насып» псалъэм псори къызэщIеубыдэ — абы хохьэ узыншэу гъащIэ кIыхь цIыхум къигъэщIэнри, гуфIэгъуэри, унагъуэ дахэри, Iыхьлы-благъэхэм я зэIузэпэщыгъэри. Дыхуейщ а псори уи Iэпэгъуу дунейм утетыну.
- Дропагэ уи дуней тетыкIэм, бдэтлъагъу хабзэм, нэмысым. Гуапагъэу цIыхум уазэрыдэгуашэр хуэдэ минкIэрэ бэгъуауэ къыпхэхъуэжу, уи ехъулIэныгъэхэм уи нэхъыжьхэр иригушхуэу, щIэблэм уращапхъэу, мы дуней дахэм гу щыпхуэу Тхьэм уигъэпсэу!»
- Уи унагъуэр, уи Iыхьлы-благъэхэр,
- уи гъунэгъухэр, уи ныбжьэгъухэр.