ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зи  псэр  дахэ  цIыху

2020-07-28

  • УсакIуэ  КIуащ  БетIал  къызэралъхурэ  илъэси  100  щрикъум  ирихьэлIэу
  • Долинск и мэзхэр, и удз гъэгъахэр, и чыцэ баринэхэр… Уэгум уэрэд къыщизыш бзухэр… Махуэ хуабэм щыгуфIыкIыу ежэх псы къабзэр…
  • Мыбдеж гумрэ псэмрэ зыщагъэпсэху.
  • Мы жэнэт щIыпIэм срехьэ зэман блэкIам и уэгум. Мыбы ехъумэ си сабиигъуэ мытыншам и зы Iыхьэ.

  • Си ныбжьыр илъэсипщIым иту сэ сыщIэхуащ сабий санаторэу Долинск дэтым. Ар къыщыхъуар 1952 гъэм мэлыжьыхь мазэм икуращ. Ауэ сэ санаторэм сыгъуэлъын ипэ тхьэмахуитIкIэ «Налшык» хьэщIэщым сыщIэсын хуей хъуащ. ХьэщIэщыр къалэ парк ихьэпIэм деж щытт.
  • Сэ къалэм дохутыр къызигъэIэзэну сыкъишат зыпэсщI щымыIэ си анэ дэлъху нэхъыщIэ, журналист, тхакIуэ Дудар Хьэу-тий. Ар «Къэбэрдей пэж» газетым (иджы «Адыгэ псалъэм») щылажьэрт. Абы фэтэр иIэтэкъыми, а хьэщIэщым пIалъэкIэ щыпсэууэ арат. ЛэжьапIэри жыжьэтэкъым, Лениным и проспектымрэ Лермонтовым и уэрамымрэ я зэблэкIыпIэм дежт редакцэр здэщыIэр, унэ гъуабжэшхуэ зэтетым и ещанэ къатырт.
  • Хьэутий лэжьыгъэм зэман къыдигъэкIыурэ къалэ поликлиникэм сишэрт, анализ сигъэтырт.
  • Зэгуэрым, пщыхьэщхьэ хъуауэ, Хьэутий лIищ и гъусэу къэкIуэжащ. Зыр композитор цIэрыIуэ Вано Мураделит, етIуанэр тхакIуэ Нало Ахьмэдхъант, ещанэр усакIуэ КIуащ БетIалт.
  • Вано Мурадели лIышхуэт, бжьыфIэт, нэгу зэлъыIухат. Нало Ахьмэдхъани лъагагъкIэ абы зыкIи къыкIэ-рыхуртэкъым, бжьыфIэт, хуабжьу зэкIужт. Хьэутии и инагъкIэ, бжьыфIагъкIэ а тIум къакIэрыхуртэкъым. КIуащ БетIал лIы лъахъшэт, лъагъугъуафIэт, нэхъу-нэшхуэт, набдзэ Iувт, щхьэц фIыцIэт. БетIал гушыIэрти, псори дыхьэшхырт, ар сэ къызбгъэдэтт, и IэмкIэ сызришалIэу. Ахэр нэхъыбэу, Вано и хьэтыркIэ хъунт, зэрыпсалъэр урысыбзэт, сэ ар фIыуэ къызгурыIуэртэкъым, фIыуэ дэнэ къэна, къызгурымыIуэххэу жыпIэ хъунут — сэ сщIэртэкъым урысыбзэ.
  • Мурадели Вано и гъуэншэдж быхъушхуэм и жып куум, щIэ зимыIэу къыпщыхъухэм, къриунэщIыкIащ пщIий дэ цIыкIухэр. Ахэр самэу стIолым телът, пэгун из хъуну къыпфIэщIу. Вано дэхэм еплъщ, си дежкIэ зыкъигъазэри, гуфIэу къызжиIащ:
  • «Кушай!»
  • Иджыри зытIэкIурэ Iэуэлъэуэжхэри, абыхэм зрачыжащ и лъабжьэм щIэт рестораным, сэри сыкъыздащтащ. А плIым сурэт ятепщIыкIыну уасэ иIэтэкъым!
  • Рестораным узэрыщIыхьэу ижьырабгъумкIэ бу-фетыр щытт, а лъэныкъуэмкIэ абы пэмыIэщIащэу оркестр зэхэст. Ахэр, дыкъызэралъагъуу, къэтэджри, нэ-фIэгуфIэу щхьэ къытхуащIащ.
  • Залыр дахэт, уардэт, нэхут, цIыхухэри къакъэ-пщIыпщIу щIэзт. Зэ зы лъэныкъуэмкIэ, зэ нэгъуэщI щIыпIэкIэ Iэ къащI, сэлам кърахыу, хэти «фыкъэтIыс» — жыхуаIэ щIыкIэу, мыдрей плIыми зыгуэрхэм щхьэ хуащI, Iэр драдзейуэрэ сэлам ят. Апхуэдэурэ дыкIуэцIрыкIри, оркестрым пэмыIэщIэу детIысэхащ. ДытIысаи-дымытIысаи жыпIэу, оркестрым къыщIидзащ макъамэ еуэн. Макъамэхэр хуэмурэ, нэщхъейуэ ежьащ, ар гум хыхьэрт, гуакIуэт, ауэ щыхъукIи, псэр ихузырт. Сэ сщIэртэкъым макъамэр зытеухуар, ауэ си пкъым къыхыхьэрт, си Iэпкълъэпкъми абы пэджэжу щIидзащ. Макъамэм зиIэту хуожьэ, пхъашэ мэхъу, толъкъуным хуэдэу мэукъубей, гужьеигъуэу къыпIуроуэ. Апхуэдэурэ нэщхъеягъуэр къыхохьэжри, хуэму мэужьыхыж.
  • Нобэми а макъамэр си щхьэм итщ, сикъузу. КъызэрыщIэкIамкIэ, а макъамэр БетIал фIыуэ илъагъурти, рестораным зэрыщIыхьэу, оркестрым еуэн щIидзауэ арат.
  • ЗэманыфIи дэкIыжауэ сэ къэсщIащ а макъамэ дахэр икIи гущIыхьэр Польшэм я композитор, Тадеуш Костюшкэ къиIэта зэщIэхъееныгъэм хэта революционер Огинский Михаил (1765-1833 гъ. гъ.) зэритхар. Макъамэр абы и фортепьянэ пьесэ полонезкIэ зэджэу щытахэм ящыщ зыт, ар теухуат Хэкум зэрикIым, фIищари арат — «Прощание с Родиной».
  • А пщыхьэщхьэ дыдэм сэ зэхэсхащ уэрэдыщIэ, щIэ щхьэкIэ ар псоми хэIуакIэт икIи фIыуэ ялъэгъуат. Уэрэдыр зытхар композитор Вано Мураделирэ усакIуэ КIуащ БетIалрэт.
  • Сэ а тIуми зы Iэнэ сащыбгъэдэст! Гухэхъуэтэкъэ-тIэ ар?! Оркестрыр щеуэм, залым щIэс гуэрхэм дежьууэ щIадзащ урысыбзэкIэ:
  • Шли на нас с войной
  • султаны,
  • Наш народ терзали ханы.
  • Сколько мы сложили
  • сказов
  • О страданиях Кавказа.
  • Макъамэр маршым хуэдэу шэщIат, уигъэгушхуэрт, уиIэтырт. Макъамэ лъэ-щым залыр хуэIэзэв-лъэзэву къыпщигъэхъурт. Уэрэдым зиубгъурт:
  • Поджигателей войны
  • Песня обожги…
  • Апхуэдизу лъэщу Iу уэрэдым зэреджэр «Песня Кабарды о мире»-т. Оркестрыр зэрыувыIэу, залым щIэс псори IэгуауэшхуэкIэ зэрылъэлъащ, уэрэдыр зи Iэужь щIалитIым замыIэту хъуакъым.
  • Абы иужькIэ сэ КIуащ БетIал щыслъэгъуар Долинск санаторэрщ. Ар Хьэутий и гъусэу щIэупщIакIуэ  си деж накIуэрт. Санаторэм щыIэхэм къакIэлъыкIуэхэр щIамыгъэхьэу, щхьэгъубжэкIэ дызэпсалъэрт. ЩыкIуэжхэм деж БетIал Iэ къысхуищIырти, «Живи и здравствуй!» — жиIэрт.
  • Зэгуэрым, а тIур къэкIуауэ дыздэпсалъэм, пщыхьэщхьэм радиом седэIуэну Хьэутий къызжиIащ. БетIал апхуэдэ гугъу ищIакъым.
  • ДызыщIэлъ пэшым репродуктор щIэтти, пщыхьэщхьэр къызэрысу седэIуэну сетIысылIащ. Дикторым урысыбзэкIэ хъыбар къитащ, нэгъуэщI гуэрхэми тепсэлъыхьри, Урысеймрэ Украинэмрэ зэрызэгухьэрэ илъэс щищ зэрырикъум теухуауэ усакIуэ КIуащ БетIал и тхыгъэщIэ къызэреджэнур жиIащ.
  • БетIал усэм къеджэн щIидзащ урысыбзэкIэ. Усэр, сызэригугъэмкIэ, езым зэридзэкIыжауэ къыщIэкIынт. Ауэ мы сатырымкIэ къы-щIидзащ: «Салам, Украина! Россия, салам!» Къыхэзгъэщыну сыхуейт, сатырым усакIуэр къызэреджар «салам» псалъэр хэтущ, иужькIэ ар «привет» — жиIэу зэрадзэкIауэ щытащ, апхуэдэуи тхылъым итщ. Сэ сызэреплъымкIэ, апхуэдэу ящIын хуеякъым, ар езы усакIуэми щIызэримыдзэкIам художественнэ щхьэусыгъуэ иIэу къысщохъу. «Салам» псалъэм усэр щIэщыгъуэ ищIырт, нэхъри гу къабзагъэ, псэ хьэлэлагъ, фIэщхъуныгъэ хилъхьэрт.
  • БетIал къыпеуэн умыгъуэтыну усэ къеджэрт, абы макъ дахэ зэпIэзэрыт иIэт, усэ сатырхэм я ритмикэр, псалъэ нэхъ мыхьэнэ зиIэхэр едаIуэм деж гум хыхьэу нихьэсырт, уи псэр игъэпIейтейрт.
  • А пщыхьэщхьэращ а усэр япэ дыдэу щыIуар, а пщыхьэщхьэращ сэри япэ ды-дэу усакIуэр и усэм къеджэу щызэхэсхари.
  • 1953 гъэт ар, гъатхэм и кIэу сигугъэжщ. Санаторэм сыкъыщIэкIыжа иужьи слъэгъуащ БетIал зэзэмызэ. Ауэ сэ иджыпсту нэгъуэщI зы хъыбар, ари усакIуэм епхауэ, си гум къинащи, къэсIуэтэнущ. Абы къегъэлъагъуэ БетIал цIыху къызэрыгуэкIхэм къыхуаIа лъагъуныгъэр.
  • «Победа» кинотеатрым и гупэкIэ, Къэбэрдей уэрамымрэ Грибоедовым и цIэр зезыхьэ уэрамымрэ я плIанэпэм деж, тету щытащ будкэ тIорысэ фэншэ цIыкIу. Абы вакъэ игъэкъабзэу хьэмшэрий лIыжь цIыкIу щылажьэрт. ЛIыжьым и цIэр Щэмелт. Гугъуехь зэрилъэгъуар къищу, абы и нэгур зэрыщыту ушкIумпIат, зэлъат, фагъуэт, и нэхэри плъыжь-кхъуэщыныфэт, щыхуаби щыщIыIи зы щIымахуэ пы-Iэ укъуеижа щхьэрыгът, псэлъэрейтэкъым, и щхьэ хуэгурымыжу уэрэдрэ мыуэрэдрэ къыпхуэмыщIэну щэхуу макъамэ гуэр къришырт. А лIыжьым деж Хьэутийрэ БетIалрэ сащIыгъуу дыщыкIуэ щыIэт…
  • Гъэхэр блэкIащ. БетIал мыгъуэри дунейм ехыжащ. Сэри школыр къэзухри, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым урысыбзэмрэ литературэмрэ сыщыхуеджэну сыщIэтIысхьащ. Абы щыгъуэ ди факультетыр паркым и гъунэгъуу, щIыпIэ щхъуантIэ       дахэм итт (иджыпсту ме-           дицинэ факультетращ). ЕджапIэм дыкъыщикIыжым Къэбэрдей уэрамымкIэ дыкъехыжырт. Зэзэмызэ а лIыжьым деж сыщIыхьэт, вакъэр слъэщIыну. СыщIыхьэхункIи дызытепсэлъыхьыр зыт, зы дакъикъэ хуэдизт ар зэрекIуэкIри. Зэрыщытам хуэдэу сотхыж.
  • Щэмел и щхьэр къимыIэту къызоупщI:
  • — Кабардин?..
  • — Кабардин! — изотыж жэуап.
  • — Откуда?
  • — Куркужин.
  • — А-а-а… — щIэгурымыкIырт ар. ТIэкIурэ щымти, пищэжырт:
  • — Бетал знаешь?
  • — Знаешь!
  • — Хороший чэлэвек…
  • Арат зэрыхъури.
  • Сэ згъэщIагъуэрат: блэкIа зэманым иту урысыбзэкIэ «хороший был» — жиIэу зэи къызэрыжьэдэмыкIырт. БетIал зэрымыпсэужыр ищIэ пэтми. ЛIыжьри дунейм зэрехыжрэ куэд щIащ, ауэ сэ сегупсысыжри, иджыщ къыщызгурыIуар, Щэмел захуэу зэрыщытар икIи ар зэрыщымыуэр. БетIал дежкIэ блэкIа зэман щыIэкъым, щыIэр нобэрэ къэкIуэнумрэщ. БетIал апхуэдэ усакIуэщ. Апхуэдэу къыщIэкIынут къызэрыгуэкI лIыжьыр абы зэрегупсысыр, усакIуэр, дауи, лIыжьым и гум IэфIу къинэжат.
  • Зэман екIуэкIым, махуэ къэс Iуэхугъуэ къэхъухэм дыщыхэтым деж гу лъыттэркъым цIыхур зэрыуардэм, зэрылъагэм. Куэдрэ къохъу цIыхум и псэукIэм, и лэжьыгъэм и мыхьэнэр къыщыдмылъытэф. Ауэ къыщыдгурыIуэр езы цIыхур щыдимыгъусэжым, щIытIэщIэкIам дежщ.
  • Культурологием и щIэныгъэлI цIэрыIуэ Баткин Л. М. КъэщIэрэщIэжыныгъэ лъэхъэнэм псэуа цIыхушхуэ-хэм я гугъу щищIым жиIащ ахэр я псэукIэкIэ, я гупсысэкIэкIэ гумащIэу зэрыщытар.
  • Мы тхыгъэм си гум къыщызгъэкIыжахэу КIуащ БетIали, Вано Мурадели, Нало Ахьмэдхъани, Дудар Хьэутии дунейм ехыжахэщ. Ауэ ахэр я дуней тетыкIакIэ, я дуней еплъыкIэкIэ, я акъылкIэ, я щIэныгъэкIэ, я лэжьыгъэкIэ, я цIыху хэтыкIэкIэ гуманисту щытащ. Абыхэм лъэпкъыр ягъэбжьыфIащ.
  • КIуащ БетIал псэ хьэлэлт, жумартт, гумащIэт.
  • Абы и усэхэм щызэхэжыхьащ талант къарууфIэрэ цIыхугъэ дахэрэ.
  • Щокъуий Къадир,
  • критик, философ-культуролог.