ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

«Уэ дадисыр узотри, сэ IэрышкIэр къызощтэ»

2020-05-13

  • ХьэтІохъущыкъуей  Ипщэм  и  псалъалъэ
  • «Адыгэ псалъэ» газетым щIэх-щIэхыурэ адыгэбзэм хэкIуэдыкIыж е щIагъуэу щызэрамыхьэж псалъэу къытеддзэхэр зэхуэтхьэсыну яужь дыщIихьам тхакIуэ цIэрыIуэ Нало Ахьмэдхъан и фIыщIэ хэлъщ. Зэгуэрым, уэршэр дахэм хэту, къуажэкIэ ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ (Зеикъуэ) сыщыщу къыщищIэм, Налом къызыкъуихри, «Фызэрыпсалъэ диалектыр къызжепIэмэ, лэкъумлыку пхуезгъэщIынущ», жиIащ пыгуфIыкIыу. И жыIэкIам гушыIэ жьауэ къищIырт, ауэ сыгупсысащ. Къуажэр Бахъсэн щIыналъэм зэрыхыхьэр, адыгэ тхыбзэм лъабжьэ хуэхъуари бахъсэн псэлъэкIэу зэрыщытыр жысIэнут, ауэ «лэкъумлыкум» зыгуэр зэрыкъуэлъыр къызгурыIуэрти, арат Iэнкун сызыщIыр. Ахьмэдхъан абы гу щылъитэм, зэрихабзэу, ину икIи гухэхъуэу дыхьэшхащ. «Хъарзынэ хъуащ зыри зэрыжумыIар, ущыуэ нэхърэ ар нэхъыфIщ, — пищащ Ахьмэдхъан, фIыуэ дыхьэшха нэужь. — «СщIэкъым» жыпIэмэ, гъэщIэгъуэн куэд зэбгъэщIэну Iэмал уиIэщ, ари щIэныгъэ ирикъункIэ зэрыхъунури зыщумыгъэгъупщэ. АтIэ, адыгэбзэм и кIадащхьэр Зеикъуэ дэкIэрэхъуауэ зэрыдэ-лъым ущыгъуазэ?», — жиIэри къыщIигъужащ.

  • Хьэрэкхъуэрэ лъабжьэм щIэсщ Зеикъуэр.

  • Ахьмэдхъан бгъэпсэлъэну уасэ иIэтэкъым, и къегъэжьэкIари гум дыхьэрт, жиIэри зэрыщыту гум къинэн защIэти, си тхьэкIумэр тезгъэхуащ.
  • «Мамрэш КимкIэ еджэу зы щIалэ бэлыхь диIащ», — къригъэжьащ Ахьмэдхъан, — хуабжьу щIэныгъэшхуэ бгъэдэлъу, зэхэщIыкI лъагэ иIэу. Пасэу дунейм ехыжащ, армыхъумэ къэзыгъэуIэбжьыгъауэ щыта зеикъуэ псэлъэкIэм къэхутэныгъэ купщIафIэ трищIыхьыфыну щытащ. И кандидат лэжьыгъэр щитхым, ар зытеухуар бахъсэн псэлъэкIэрати, абы ирипсалъэ къуажэхэр, ТIуащIэкIэ зэджэ Бахъсэн икIи Шэджэм псыхъуитIым къедза жылэхэр, къанэ щымыIэу зэщIигъэхьэгъат. ЩыIат Зеикъуи. Ауэ, зыхуихьынур къыхуэмыщIэу, я псэлъэкIэм зэи зыщIыпIи щызэхимыха жыIэкIэхэм щыIууащ. И зекIуэр къызэрехъулIэм дыщыщIэупщIэм, «Уэлей, Ахьмэдхъан, псори хъарзынэтэм, сытми и щхьэусыгъуэр къысхуэгъуэтыртэкъым, ауэ схузэмыгъэзахуэу зеикъуэдэсхэм я бзэр си Iуэхум хэтым», — жиIэгъат Ким.
  • Мамрэшым хуэмыухыжу игъэщIагъуэрт псыхъуэм дэлъ мывэхэм я фэмрэ я теплъэмрэ ехьэлIауэ зеикъуэдэсхэм жаIэ псалъэхэр, телъыджэ дыдэ щыхъурт адыгэбзэм иIэнкIэ фIэщ щIыгъуейщ жыхуэпIэнум псалъитI-щы хуэзэу мы къуажэм зэрыщызэрахьэр. Псори здигъэщIагъуэм къыщынэжащ… Уэ, щIалэ, зыгуэр пхузэхуэхьэсыжмэ, умыгъэкIуэду тхыж».
  • «Зы унагъуэ гуэрым дашат Ким, — Мамрэшым и нэгу щIэкIауэ къызэ-рыдэгуэшауэ щытахэр игу къигъэкIыжырт Налом. — ПщIантIэку дыдэм хуэзэу ит жыг жьауэм щIэс нанэм къызэрилъагъуу сэлам кърихри, здихьынур къыхуэмыщIэу зэхэзежэ хъуащ. Унэм щIэлъэдэжри, езым зы шэнт къыщIихащ, зы щIалэ цIыкIу гуэрым Iэнэ лъакъуищыр къыкIэлъыщIихащ. «Мыдэ мо къэтIыс, си щIалэ, нысэри щIэх къипщэфIыкIынкъэ…», жиIэри игъэтIысащ, езыри бгъурытIысхьэжри, щIэупщIащ. Кими кIыхь зримыгъэщIу щIэкIуар щыхуиIуатэм, «Догуэ, нысащIэм лэкъумлыку тIэкIу хидзащи, узыIурымыууэ хъунукъым», жиIащ, жи, нанэм. ЗдэкIуа нанэм и псэлъэкIэм зыIэпишауэ куэд къригъэуэршэращ  а махуэм Ким, ауэ дыщэ налъэу къыщыхъуар абы къипсэлъым хэпхъа жыIэгъуэхэмрэ псэлъафэхэмрэт. Ауэрэ щысурэ хьэблэ нанэхэри къызэхуэсащ. А махуэр игу къигъэкIыжурэ жиIэрт: «А махуэм къэзлэжьам хуэдэ зыщIыпIэ къыщызэхъулIауэ жыпIэ-мэ, пцIы супсынущ». Зи ныбжьыр фIыуэ хэкIуэта цIыхубзхэр щыпсалъэкIэ гу зылъитахэм трищIыхьырти, къуажэ зэпэщхьэхуэхэм къикIауэ къыфIэщIырт, ауэ псори а жылэм щыщт, уеблэмэ щIагъуэрэ Зеикъуэ дэмыкIахэр яхэтт. Я псэлъэкIэр щхъуэкIэплъыкIэт. Мис арат Ким зыгъэгуфIэри и жагъуэ зыщIри. ЩIигъэгуфIэр — щIэ гуэр къигъуэтати арат, и жагъуэ щIэхъури — а щIэр къызыхэкIыр зрипхынум и щхьэр хуэкIуэртэкъыми аращ. Сыт къикIыну щытами, зеикъуэдэсхэм я бзэр бахъсэн псэлъэкIэ дыдэкъым, жиIэри абы триубыдауэ щытащ Ким, ар тэмэму къихутэу утыку кърихьэну игу ирилъхьэри. Хунэсакъым… Ким игъэщIэгъуа адыгэбзэм дыхуэныкъуэщ. Тхыж!»
  • Пэж дыдэу, Мамрэш Ким и лэжьыгъэм ущыкIуэцIрыплъкIэ, бахъсэн псэлъэкIэр зыIурылъхэм Зеикъуэр яхилъытакъым, абы и гугъуи зыщIыпIи щищIыркъым. Ахьмэдхъан зэрыжиIауэ, Мамрэшым лэжьыгъэ щхьэхуэ зэрыхуигуращэу щытар абы къегъэлъагъуэ. Ауэрэ Нало Ахьмэдхъан IуэрыIуатэщыпэ практикэр едмыгъэкIуэкIынкIэ Iэмал имыIэу ди пщэ къыдилъхьэри, къуажэдэс нэхъыжьхэр дгъэуэршэрыну къытхуихуащ. Абы къыщегъэжьауэ нобэр къыздэсым зэхудохьэс-ри, щхьэихауэ жытIэпэнщи, и            гъунэ итлъауэ къытщыхъуркъым. Ауэ хьэкъыу тпхыкIащ Мамрэ-  шым гу зылъитахэм пэж зэрыхэлъыр.
  • Псом япэрауэ, Ким игъэпсэлъа нэхъыжьхэр «къуажэ зэпэщхьэхуэ-хэм къикIауэ къызэрыфIэщIам» щыуагъэшхуэ хэлътэкъым. Нобэрей Зеикъуэм апхуэдизу къыхэмыщыжми, нэхъапэIуэкIэ хьэблэ-хьэблэу зэхэсу, хэт дэнэ щыщми занщIэу къащIэу щытащ. А хьэблэхэр езыхэр зэгуэр къуажэ щхьэхуэу ТIуащIэм и щIыпIэ зэхуэмыдэхэм щыпсэуащ. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, Бедыдж къехыжа Щоджэнхьэблэр, Фэндыкъуэ къыдэкIыжа Бешкъэзакъхьэблэр, Ищхъэрэ къуажэм къыхэкIа ХьэтIохъущыкъуейр, нэгъуэщIхэри. «ЗэгъунэгъуитI я мэл бжыкIэ зэхуэдэкъым» жаIэ, хэти и псэлъэкIэ иIэжт, хэти и хабзэ зэрихьэрт, зы къуажэу зэхыхьэжа нэужьи, а псор и хъугъуэфIыгъуэу зыкъомрэ къекIуэкIащ. ЕтIуанэрауэ, «зы адыгэбзэ иIэнкIэ фIэщ щIыгъуейщ жыхуэпIэнум псалъитI-щы хуэзэу мы къуажэм щызэрахьэ» жыхуиIэми пэж хэлът. Зы унагъуэ кIуэцIым зы хьэпшыпым е зы Iэмэпсымэм и цIэр зэтемыхуэу къыщраIуэныр зыхуэIуа щыIэтэ-къым. Щоджэнхьэблэм щыщ цIыхубзыр ХьэтIохъущыкъуейм яшэрт, абы пщащэ кърашырти Бжьэхъуэкъуейм къашэрт, апхуэдэурэ къуа-жэр зэхэжыхьырт, я бзэри зэхэпхъа хъурт.
  • ХьэтIохъущыкъуей псэлъэкIэм хэлъ гъэщIэгъуэнагъхэм гу лъитат адыгэбзэмрэ литературэмрэ илъэс куэдкIэ езыгъэджа, тхакIуэ Джэдгъэф Хъусени. Аращ псом япэ яужь ихьауэ щытар зеикъуэдэсхэм я псэлъэкIэр зэхуэхьэсыжыным. Куэди итхыжат, зыкъоми «Адыгэ псалъэ» газетми къытехуауэ щытат. Дэри Нало Ахьмэдхъан гу зылъыдигъэта мы Iуэхум и ужьым ноби дрокIуэ, нэхъ мащIэ хъуми, щIэщыгъуэ гуэрхэр къыкъуэкIыурэ псалъалъэм хыдогъэувэ. Адыгэбзэр зэрылъащIэншэр къэзыгъэлъагъуэ дыщэ кIанэщ къызэкIэлъеттхыхыну псалъэхэр. Ахэр нобэ зыщIэж, зезыхьэ щIагъуэ щымыIэми, ди тхыдэм и лэр къыдрагъэзейри, теплъэгъуэ гъэщIэгъуэнхэр къытхуагъэщIыж. Дыдихьэхауэ зэхуэтхьэсыжахэр щыIам и мащIэ дыдэщ. Ахэр зэгъэуIуауэ газетеджэхэм я пащхьэ къитлъхьэмэ, дэри игъуэу къыдолъытэ.
  • Арыхъу — жраIэ псоми арэзы техъуэ, зыми мыхъун къыхэзымыгъэкI цIыху.
  • Бапщэ — зи жьы Iурыхьэгъуэр хузэтемыубыдэу кIыхьу, хьэлъэу бауэм щхьэкIэ аращ жаIэр, «бапщэ-папщэ хъуащ», жари.
  • Бзутокъу — гуащэ пыIэр ирагъэщIэращIэу и щыгум хагъэзагъэ бзуущхьэ сурэт.
  • Бэтеущэ — пэмыплъауэ хьэщIэшхуэ зыхуепсыхыр зэрыхуэ щытыкIэ. «Бэтеущэ сыхъуащ, хьэщIэшхуэ сиIэщ, схубгъэдэс», жаIэ.
  • ГуартIэ — цIыкIухэр трагъэун папщIэ ятIагъуэмрэ хьэуазэмрэ зэхапщэри, къыхащIыкI гуащэ лIэужьыгъуэм аращ зэреджэр. Ар мафIэкIэ ягъажьэрти, бзыхьэхуэкIэ яхуэпэжу щытащ. ГушыIэ хуэдэу «и гуартIэм дыжьыныгъуэр и лъыхъущ» жаIэ, ар екIуу яхуэпамэ, дахэу ягъэщIэрэщIамэ.
  • ГуащэбэщI — IэщIагъэцIэу пIэрэ жыпIэну зы псалъэщ, цIыкIухэм щхьэкIэ гуащэ зыщIырейм хужаIэу. Зеикъуэ хуэдэу гуащэбэщI цIэрыIуэ куэд зыдэса щыIэкъым, гъунэгъу жылэхэм къикIыурэ гуащэ хьэпшыпхэр ирагъэщIу щытауэ яIуэтэж.
  • Гуащэнэ — унагъуэ имыхьауэ пщIантIэм дэс тхьэмадэ шыпхъум нысащIэр зэреджэ псалъэщ. «Гуащэми сеплъат, гуащэнэми сыкъеплъыжат» жаIэ, нысащIэм деж тIури зэрыщызэхуэдэр кърагъэкIыу.
  • Гуащэпсынэ — икIушхуэ щымыIэу псышхуэм хэлъэдэж псынэ.
  • Гудэш — бампIэдэх.
  • Гужьпыз-гужьпыу — зи губжьыр ужьых-къызэщIэхъеежу щыт цIыхум щхьэкIэ жаIэ. Тыркум щыIэ Iузнейлэ (Узун-Яйла) ис адыгэхэми мы псалъэр яхъумащ, мызэ-мытIэу жаIэу дрихьэлIащ.
  • Гунзазу хъун — езыр хуейуэ и нэр зэблэзыгъэплъым щхьэкIэ «гунзазу ухъуа» жаIэ. КъызытехъеикIар тхузэхэгъэкIакъым.
  • Гурэшарэ — цIыху хьэлэл, зэбли зыщысхьи щымыIэ, цIыхум егуапэ зэпыт, псоми гу къабзэ-псэ къабзэкIэ ябгъэдэт цIыхум аращ Бешкъэзакъхьэблэхэр зэреджэр. «Нэгъэсауэ гурэшарэщ, иш щысхьынукъым», жаIэ.
  • Гущэгъагъ — дунейм ехыжам тегъэ-тебжэшхуэр зы тэлай щыщагъэткIэ, хьэдагъэр зэпымыупэн щхьэкIэ гуащэм щабэ цIыкIуурэ къыдришей гъым апхуэдэу йоджэ.
  • Гуэф — жыгым къеуалIэ уз лIэужьыгъуэщ.
  • Гуэфтех — гузэвэгъуэм иубыдауэ иIыгъ цIыхум хъыбар дахэ къыхуэзыхьым апхуэдэу йоджэ. «Зы щIалэжькIэ гуэфтехщ», жаIэ лIыжьхэм ар зыхужаIэр ягъэгушхуэу.
  • ГъукIэ тур — мэкъупIэр щагуэшкIэ, гъукIэр дэкIыу щытакъым, жылэм зэрыхухахынур ищIэрти. Къуажэдэсхэр мэкъупIэ гуэшыным хуемыжьэ щIыкIэ гъукIэм и Iыхьэр ягъэнахуэти, мывэ Iуащхьэ лъагуэкIэ тур тращIэрт. Аращ гъукIэ туркIэ зэджэри.
  • ГъукIэ щай — гъукIэм цIыхум яхуищIэ Iуэхутхьэбзэм пщIэ щIимыхыу ауэ яхуищIэн хуей хъумэ, и Iэгъуапэ къиплъа мыхъун щхьэкIэ зы щай нэхъ мыхъуми къыхуагъанэу щытащ. Адыгэ псапэ щIэкIэм щыщщ.
  • ГъукIэкъан — гъукIэм и гъукIэгъэсэн дыдэм нэмысауэ, ауэ зэзэмызэ Iуэху псынщIэ гуэрхэмкIэ Iэпыдзлъэпыдз хуэхъуу щIалэщIэщ. «Ущауэкъан, угъукIэкъан, укъанщокъуэ?» жаIэри псалъэ щыIэщ, зыхуэмыIуэхутхьэбзащIэ щымыIэ щIалэ цIыкIуу псоми нэсым щхьэкIэ.
  • ГъукIэхуэхьэжэ — мэкъумэш щIэгъуэм гугъу къадехьа гъукIэм щхьэкIэ, гъавэ кърахьэлIам щыщ зэхалъхьэрти, ар хурагъэхьэжу щытащ, гъукIэхуэхьэжэ жаIэри. ГъукIэ фадэри щIагъужырт.
  • Гъулыбжь — зызышхыхьыж зэпыт цIыхур зэрыт щытыкIэм апхуэдэу йоджэ.
  • Гъунажэ — Iэхъушэм щымыщу хаутIыпщхьэ мэлыр яхэзэгъэхункIэ щхьэхуэу ехъуэрэхъуэкI хабзэщ, аращ гъунажэ жыхуаIэр.
  • Дадис — къупщхьэм къыхащIыкI зэрыджэгу гуащэ лIэужьыгъуэщ.
  • Джэгуэщ — театр; мы псалъэр гушыIэ хуэдэу зэрахьэми, техуэрабгъуу жыIа хуэдэщ.
  • ДжэдыкIэнэз — къэфэкIэ хабзэм щыщщ, щIалэм ислъэмей щищIкIэ, зидзурэ и щауэгъухэм къащыхуилъкIэ, ебакъуэ мыхъуу джэдыкIэ нэз хуащIырт, «Ислъэмей щыпщIыфкIэ, зызэрыпIыгъыфми деплъынкъэ», жаIэу. ДжэдыкIэнэзыр гушыIэщ, псоми хуащIу щытакъым. Ислъэмей къещIэ щIалэм джэдыкIэнэз щыхуащIыр къызыдещIэ хъыджэбзым гугъэ пыухыкIахэр зэрыхуиIэр ныбжьэгъухэм щызэдащIэм дежт.
  • Дзэлъ — дзэ зэхуакум дихьа шхы- ныр драгъэхыжын щхьэкIэ ягъэ-   ныщкIу къэкIыгъэ лъабжьэщ. КъэкIыгъэ лIэужьыгъуэр къытхуэцIыхуакъым.
  • ЕкIуу бгъурыжькуиин — къэфэкIэ хабзэм щыщщ; щIалэр къафэм здытетым зэ щхьэкIэ къызэкъуипхъуэтрэ къигъафэ хъыджэбзым техуарзэ хуэдэу зищIмэ, екIуу бгъурыжькуиящ, жаIэ.
  • ЕхурэсыкIыу къэфэн — хъыджэбзым и къэфэкIэм теухуа псалъэщ; и лъакъуэм фIэкIа къэмынэу зэрыIэпкълъэпкъыу зэпIэзэрыту, и IэблитIри щIимыдзу, лъагэуи имыIэту, жьым хэсыкIыу фIэкIа умыщIэну къафэ хъыджэбзым щхьэкIэ апхуэдэу жаIэ.
  • Жакъ — жиIами ищIами яхутемыкI цIыху ерыщым аращ зэреджэр. «Жакъ дауэ ещI», жаIэ имыкIуэтыххэм щхьэкIэ.
  • Жангъэзэш — гушыIэ къэфэкIэ лIэужьыгъуэщ; хамэ жылэ къикIа хъыджэбзыр къуажэ щIалэхэм зэблэкIыу къыщагъафэм деж «жангъэзэшыр къызэрехьэжьащ» жаIэ. Хэку зауэшхуэм къыкIэлъыкIуа илъэс зыбгъупщIым иджыри джэгухэм щыплъагъуу щытащ жангъэзэшыр.
  • ЗилъэсыкIыжын — къэфэкIэ хабзэм щыщщ; хъыджэбзым щIалэр къыщыбгъурыжькуийм дежкIэ, абы зыкъыIэщIихыж хуэдэу зигъэджэрэзурэ къызэрыбгъурыфыкIыжым щхьэкIэ «зыкъыIэщIилъэсыкIыжащ», жаIэ
  • КIуагъэжь — къыщич; зи ныбэр из хъуауэ шхыным зыкъомрэ зигу хуэмыкIуэж.
  • КIуэрыбэ — лъэсу куэд къэзыкIухь, лъэсу къэкIухьын зыфIэфI.
  • КIыщпэхь — жылэм дэсхэм Iуэхутхьэбзэ яхуэзыщIа гъукIэр ягъэфIэжын гухэлъкIэ зэрыхуэупсэм аращ зэреджэр. Ауэ тыныр гъукIэм ираттэкъым, атIэ кIыщыбжэм деж ягъэтIылъырти, къыщанэрт. КIыщпэхьыр нэхулъэр къызэкIэщIимытхъ щIыкIэ зыхуэщIапхъэм хуэщIэн хуейуэ апхуэдэут зэралъытэр. Псалъэр Iузнейлэ иса адыгэхэми яхъумащ.
  • КIэпхынтеж — нысашэ джэгу хабзэхэм ящыщщ. Куэбжэдэнэм къыфIэкIа пхъужьхэр пщафIэ цIыхубзхэм къагъафэу хабзэ щыIэщ, абы щхьэкIэ гуфIапщIэу кIэпхын бла ирату. ТемыкIыжу пхъужьхэр зэблэкIыу къытезышэ пщафIэм ират кIэпхын блахэм аращ зэреджэр. Ноби зэрахьэ хабзэрэ псалъэщ.
  • КIэпыш — кIэIунэ зратыжа псалъэм псалъэмакъыр мыувыIэжу къыщыпыувэ-къыщыщIэрыуэжым деж «псалъэр кIэпыш хъуащ» жаIэ.
  • КIэустэ — зыхуейр жиIэрэ къазэрыщыхъуар зыуи къримыдзэу ежьэж цIыхум аращ зэреджэр. Нэхъыбэу мы псалъэр зыхуагъэфащэри зи мыхъумыщIагъэр нахуэ хъуа, ауэ ар къазэрыщыхъуну-
  • ми имыгъапэ цIыхуращ.
  • Курмэз — губгъуэ, тафэ, хуей хуэдэхэм зэгъэуIуауэ ит жыг Iэрамэ. Дунеижьыр Тхьэм къыщигъэщIам, зэщIилъэщIэжри игъэдахэжат, жи. Илэжьам щыгуфIыкIыжу здеплъым, пщIэнтIэпс къекIуахэр щIым хэткIуэри, курмэзхэр къэунэхуауэ аращ нэхъыжьхэм яIуатэр. ЖьауапIэ хъу-  рэ цIыхум гупсэхугъуэ къызэрыри-тым къытехъеикIагъэнщ мы еплъыкIэ дахэр.
  • Курмэщырэ — къэб жылэ, чыщмыщ хуэдэу зэхэпхъауэ зыкъом зэхэлърэ, ар тхьэвым хапщэжамэ, апхуэдэу жаIэ. «КурмэщырэкIэ гъэнщIа тхьэлъэIу мэжаджэ» и гугъу ящIыж нобэр къыздэсым зеикъуэ нанэхэм.
  • Курымэ//курмэ — зыгуэр щызэрапхкIэ, зэпхыпIэм и кум хуэзэ зэрыдзапIэ.
  • КуэщIидзэ — унагъуэм къихьагъащIэ нысащIэр япэ дыдэу щытIыскIэ (щетIысэхкIэ), и куэщIым ирадзэ щэкIыпхъэ хужьым апхуэдэу йоджэ. Хабзэр нобэр къыздэсым зэрахьэ.
  • Къакъылыш — джэдэщым ихьэрей, абгъуэм иIэбэрей щIалэ цIыкIухэм щхьэкIэ жаIэ.
  • Къафэбжьэ — нысащIэр унэ щрашэкIэ, уэредадэм хэту унэ бжэщхьэIум нэс къакIуэ щIалэхэр ягъэгушхуэ-ялъытэ хуэдэурэ фадэбжьэ блакIэ, шхыныгъуэ щIэщыгъуэкIэ ягъэгуашэурэ ахэр нысэр зрашэ унэм ит хъыджэбзхэм къагъафэу хабзэ щыIэщ, ноби хъума хъуауэ. Абы зэреджэр къафэбжьэщ.
  • Къафэкъан — къытехьэу къэфэну зыхуагъэфэщам щхьэусыгъуэ гуэркIэ тэучэл имыщIмэ, и пIэкIэ езым зыхуигъэлъагъуэр къытрашэ хабзэщ, абы къафэкъанщ зэреджэр.
  • КъэфапщIэ — къытехьэу къэфэну зыхуагъэфэщар щхьэусыгъуэ гуэркIэ тэучэл имыщIмэ, «щIалэ Iыхьэщ, къэфапщIэр къызот» жиIэрти, хэкIырт. КъэфапщIэ мэхъу ар къэзытым сыт зыхуигъэфащэми.
  • Лъапэхъынтэ — жьы дыдэ хъуауэ хузэфIэкIыж щIагъуэ щымыIэу, здэкIуэшхуи щымыIэу пщIантIэм къыдэнэжа цIыхум щхьэкIэ жаIэ. Нэхъыбэу зыхуэгъэзар цIыхухъуращ.
  • Лэкъумлыку — адыгэ шхыныгъуэщ, Бешкъэзакъхьэблэм къихьыжауэ; и кум лы хьэжа дэлъу ягъажьэ дэлэн.
  • Мазизэ — мазэм и изыгъуэм хуэзэу дунейм къытехьэ хъыджэбз цIыкIум щхьэкIэ жаIэ. Нобэ куэдым яIэщIэхужа мы псалъэр зэрызэрахьэр цIыхубзыцIэущ.
  • МартIэ — жыг къудамэм ятIагъуэр къраупцIэкIрэ къыхащIыкIыу щыта зэрыджэгу гуащэ лIэужьыгъуэщ.
  • Марэ — уэим жыхуиIэщ.
  • МарэмыщI — уэим зымыщI, къыфIэмыIуэхуу щытми, къызыхэзымыгъэщым щхьэкIэ апхуэдэу жаIэ.
  • МыхъуратI//мыхъуратIэ — хуэделэIу-делафэу щыт щIалэм щхьэкIэ жаIэ.
  • Мэщ — хьэ лъэпкъыгъуэщ, къуажэм дэс дыжьыныгъуэ уэркъ лъэпкъыу Бешкъэзакъхэ зэрахуэу щытащ.
  • Нан(э)гъэтIыс — ноби къэнауэ зэрахьэ джэгу хабзэщ. ХьэгъуэлIыгъуэр щекIуэкIкIэ, щIалэгъуалэм хагъэплъэну пхъу ямышэ, къуэ къэзымышэ (зи гугъу ищIыр къуэрылъху-пхъурылъхухэращ) зиIэ нанэхэр кърагъэтIысэкIыу щытащ. Я къуэрылъху-пхъурылъхухэр къызыдэфэ, къагъафэ ныбжьыщIэхэм нанэхэр кIэлъыплъыныр куэд къызыхэкI Iуэхугъуэт, адэкIэ ныбжьыщIэхэр нэсэIуасэ зэхуэщIынми щыхуэкIуэжи къыхэкIыу.
  • ПIатIэжь — адыгэ джэгу дауэдапщэм щыщ зы Iыхьэщ, пхъужь къафэм хуэдэу лъэпкъым щыщ зи ныбжь хэкIуэта нысэхэм я къафэщ. Къэзыгъафэхэри щIалэ фызкъэмышэхэращ.
  • Пщытепыхьэ — дунейм ехыжа къуажэпщым е лъэпкъым и нэхъыжьым и щыгъуэщI къакIуэм гуауэр зыдэлъ пщIантIэм къыдэмыхьэ щIыкIэ ину иукъуэдий хьэдагъэм арат зэреджэр. Пщытепыхьэр гуп пыхьи, закъуэ пыхьи хъурт. Гуп пыхьэ щыхъукIэ, «егъэлеяуэ ягъэлъэпIащ» хужаIэрт дунейм ехыжам щхьэкIэ.
  • Сыкъыу къэфэн — щIалэм и къэфэкIэ-къещIэкIэм теухуа псалъэщ; и пкъыр мыхъейуэ, и Iэр и лъэм техуэу щIэзыдз щIалэ къафэм щхьэкIэ «сыкъ жиIэу зэфIэту къофэ», жаIэ.
  • Тхьэвгъажэ — хупхъэм и лъэныкъуитIымкIэ иIэ убыдыпIэ.
  • ТхьэгъушцIацIэ — тхьэкIумэр Iууэрэ къыщыIуиудыж меданым зы тэлайкIэ ву макъ зэхэпхым щхьэкIэ жаIэ. Ар мелыIычым и гуфIэ макъыу къалъытэрт. «Уэ мыр зи тхьагъушцIацIэ, зэхэтхынум и фIыр, тлъагъунум и щIагъуэр ди нэгу щIэгъэкI» жаIэурэ нанэхэр тхьэ елъэIуу щытащ.
  • Уэлымэ — шым и лъакъуэм къеуалIэ узыфэ лIэужьыгъуэщ. Уэлмэ жызыIи щыIэщ.
  • Фияпщэ — хьэндрэфийм Iэзэу епщэу, макъамэр дахэу къизыгъэкIыфым фияпщэкIэ йоджэ. «Пщым и шыхэпщыр жыпIэн, пщым и фияпщэр жыпIэн», жаIэ, дэIэпыкъуэгъу куэд, IуэхутхьэбзащIэ куэд зиIэм щхьэкIэ.
  • Фыткъэ — жыгым зэреIэзэ Iэмалщ. Жыгым гуэмыщIыкIыпауэ пыт къудамэр гуагъэкIэжын щхьэкIэ, пкъымрэ къудамэмрэ вэнвей цIынэкIэ зэкIэрашхэжырт. Ар гъупцIэжа нэужь, жыг пхъафэр тримыщIэжу тыкъырыкъыщхьэу къонэ, фыткъэ жыхуаIэри аращ.
  • ХьэкIэс — зэпымыуж хьэкIэ кIыхь. «ХьэкIэсыр къысщыхьащи, псыкIи схутемых» жыIэкIэр щыIэщ.
  • Хьэндэт//хьэгудэт — и Iуэхуи и дэлъи щымыIэу гуауэ е гуфIэгъуэ зиIэ унагъуэм деж кIуэм щхьэкIэ аращ жаIэр.
  • Хьэтрэш — цIыху псапащIэ.
  • ШэщIыдэ — и тхьэмпэхэм трамэ теплъэ яIэу, и гъагъэхэм шакъафэ къыщIыхьэу дыгъафIэ лъагапIэхэм къыщыкI удз лIэужьыгъуэщ. «Зи тхыпхъэ гъагъэхэр шэщIыдэ, дэшхуейм и быдэхэр зи пхъэвакъэ», жеIэ уэрэдым. «ШэщIыдэ псалъэр Тыркум ит Iузнейлэ щIыналъэм щыпсэу адыгэхэм нобэми зэрахьэ.
  • Щхьэл баш — мывэ щхьэл, щхьэл гуэн, щхьэл кхъуафэ хуэдэхэм къуихьа//ирихьа хьэжыгъэр къызэрыдахыж баш папцIэ.
  • Щхьэлкъуэт — щхьэлым щызэрахьэ Iэмэпсымэхэр щахъумэ гъэтIылъыпIэ, щхьэлым и зы къуагъ гуэрым зэрыкъуэтым къытекIа псалъэщ.
  • Щыпашэ — джэгу хабзэхэм щыщ Iыхьэщ, Бешкъэзакъхьэблэхэм къахьыжа псалъэщ. Унэ ирашэ нысащIэр нэхъыжьхэм зэуэ и пащхьэ ирамышэу унэ къызэрихьэрэ куэд мыщIа хьэблэ нысащIэхэм ящыщ зы нэрыбгэ ипэ ирагъэувэрт, «щыпашэкIэ» зэджэри арат.
  • Щэмыхь — хьэ лъэпкъыгъуэщ, къуажэм щыттхыжа IуэрыIуатэхэм къыхэхуэу дрихьэлIауэ аращ, зыхуэдэр тхузэхэгъэкIакъым.
  • IэрышкIэ — Iэпхъуамбэ нэхърэ мынэхъ ину ящI зэрыджэгу хъыдан гуащэ цIыкIухэм арат зэреджэр.
  • Дадисымрэ IэрышкIэмрэ къыхахынур ямыщIэу сабийхэм хэдэгъуейуэ къыхахырт. Зыр цIыкIут, уи жып иплъхьэу, ущыхуейм къипх хъууэ Iэрыхуэт, адрейри нэр щыджылыкIыу дахэт, ауэ зэрыхуэсакъым къыхэкIыу куэдрэ кърахьэкIыртэкъым. Псоми щысхьым и щытыкIэм щхьэкIэ «уэ дадисыр узотри, сэ IэрышкIэр къызощтэ» жаIэ гушыIэу.
  • Табыщ Мурат.
  • Зеикъуэ  къуажэ