Дуней псом тIэунейрэ и чемпион
2020-05-13
- БлэкIа лIэщIыгъуэм и бгъущI гъэхэм Псыгуэнсу къуажэм хуабжьу зыщиубгъуащ спорт лIэужьыгъуэ зыбжанэм. Абыхэм щIэуэ къахыхьащ а щIыпIэм щыщ ныбжьыщIэ куэд дэзыхьэха кикбоксингыр. Аращ зи фIыгъэр дуней псом тIэунейрэ и чемпион, Европэмрэ ЩIы хъуреймрэ я кубокыр къэзыхьа, спортымкIэ дунейпсо класс зиIэ мастер Жьанэ Мурат а жылэм къызэрыдэкIар.
- 1995 гъэ. Канадэм и къалащхьэм дэт, цIыху мини 8 зыщIэхуэ спорт комплексым тIысыпIэ дэнэ къэна, увыпIэ къудей иIэжтэкъым. Абы къыщызэхуэсахэм я макъ лъэщхэмкIэ дунейр ягъэву икIи кикбоксингымкIэ дунейпсо чемпионатым и финалым щызэIущIахэр зэралъэкIкIэ трагъэгушхуэ. А зэрыгъэкIий къомым къахоIукI «Псыгуэнсу! Псыгуэнсу! Псыгуэнсу!» псалъэхэр. Нэхъыбэм абыхэм къарыкIыр ящIэркъым, ауэ ар къытезыгъэзэжу ерыщу жызыIэхэр езыхэр хъийм икIащ, зэзауэу рингым итхэм яхыхьэну фIэкIа умыщIэу. Щхьэусыгъуэр гурыIуэгъуэщ — Канадэ жыжьэм къэралми, лъэпкъми, езыми я щIыхьыр щехъумэ псыгуэнсудэс Жьанэ Мурат.
- Илъэс пщыкIубгъу фIэкIа зи мыныбжь щIалэщIэм апхуэдэ ехъулIэныгъэ пасэ иIэну хуэзыгъэфэщар мащIэ дыдэщ. ТекIуэныгъэм щIэбэныну нэхъ зыхуагъэфэщар адрей я къуажэгъу нэхъыжьхэу Вэрокъуэ СулътIан, Црым Аслъэн, Амщокъуэ Анзор сымэщ. АрщхьэкIэ, спортым езым и хабзэ иIэжщ икIи ехъулIэныгъэр зыIэрыхьэр зэхьэзэхуэр щекIуэкI дакъикъэхэм нэхъ зыкъызыкъуэзыхыфырщ, тегушхуауэ утыку итыфырщ. Абы щыгъуэми, зи насып къикIырщ.
- ЗэIущIэ къэс Iэмал имыIэу щытекIуэн хуейуэ къалэн зыщищIыжауэ зэуа езы Жьанэ Мурат пэплъауэ пIэрэ дыщэм щыщIэбэныну финалым нэсыну? Канадэм и къалащхьэм дэт спорт комплекс абрагъуэм къыщызэхуэсахэм я нэгу щIэкIат щIалэ къамылыфэ хэщIыхьам удын лъэщ и хьэрхуэрэгъухэм зэратридзэр, гъущIым къыхэщIыкIам хуэдэу зэрыбыдэр.
- Япэ дыдэ зэIущIэм абы щыхигъэщIат тырку спортсмен цIэрыIуэр. ЕтIуанэр нэхъ гугъуж хъуащ. Мурат къыпэщIэтащ нэмыцэ зэуакIуэ лъэрызехьэр. Германием къикIам и щIыбагъым къыдэтт фIэлIыкIышхуэ зиIэ и тренерыр — КикбоксингымкIэ дунейпсо федерацэм и тхьэмадэр. Жьанэм и гъэсакIуэ Амщокъуэ Хьэсэн нэхъыбэу зыгъэпIейтейр арат, атIэ и гъэсэным рингым къыщыпэщIэтым и зэфIэкIратэкъым. Мурат текIуауэ къыщалъытэнур и хьэрхуэрэгъур шэч къытрамыхьэн хуэдэу нэрылъагъуу хигъащIэмэт.
- Нэмыцэ щIалэр ди лъахэгъум пэщIэтыфакъым. Жьанэ Мурат и IэштIым лъэщхэм ар ираудащ.
- «Апхуэдэу къэхъункIэ Iэмал иIэкъым, мыбы зыгуэр щыщыIэщ!» — жиIэри, абы и ныкъуэкъуэгъум и тренерым зыкъричащ. НапIэзыпIэм къапщытащ удыныр нэхъ лъэщ хъун папщIэ Мурат и бокс Iэлъэм зыгуэрхэр щигъэпщкIуамэ. Ар яфIэмащIэу, и къарухэмрэ зэфIэкIхэмрэ хэзыгъахъуэ хущхъуэ ефамэ зэхагъэкIащ, допинг кIэлъыплъыныгъэм кIуэцIрагъэкIри. Къэхъуар Жьанэм къыгурыIуэртэкъым икIи, зэримыщIэмкIэ зигъэкъуэншэжу, и щхьэр ехьэхауэ щIэупщIащ: «Сыт допингыр зищIысыр?»
- Дауи, Жьанэ Мурат спорт хьэгъэщагъэхэм пэжыжьэт икIи зыри зыщIыпIи къыщагъуэтакъым. Нэмыцэ кикбоксёрым зэрытекIуар судьяхэм я унафэмкIэ щIагъэбыдэжри, адэкIэ зэуэну хуит ящIащ.
- ИужькIэ щыIа зэIущIэри хуабжьу хьэлъэт. Украинэм щыщ спортсменыр егъэлеяуэ Iэчлъэчт икIи ерыщу къыпэщIэтт. Очко бжыгъэкIэщ Мурат абы зэрефIэкIыфар.
- КъыкIэлъыкIуэ зэIущIэм щригъэкъужащ: и хьэрхуэрэгъур апхуэдизу лъэщу икIи шынагъуэу иубэрэжьу щIидзати, франджы спортсменым и тренерым напэIэлъэщI хужьыр рингым къридзэн хуей хъуащ, и гъэсэным ныкъуэдыкъуагъ химыхын папщIэ. Ари текIуэныгъэ дахэ хъуащ.
- Дауи, псори щызэхэкIар кIэух зэIущIэращ. Финалым къыщыпэщIэхуат Финляндием къикIа Ранталэ. Ар Европэм и чемпионт, лъагэт икIи и теплъэ къудейм уигъэшынэрт. Удын хьэлъэ зэриIэри нэхъапэкIэ иIа хьэрхуэрэгъухэм мызэ-мытIэу ягъэват. Псом хуэмыдэу ар Канадэм щызыхищIат Америкэм и Штат Зэгуэтхэм къикIа кикбоксёрым. Финн щIалэм и IэштIым хьэлъэхэр хуэмыхьу лъэгум къыщыхутахэм я бжыгъэм абы хигъэхуат.
- АрщхьэкIэ Мурат и ныкъуэкъуэгъу лъэщым къигъэдзыхакъым. ЗэпэщIэтыныгъэр абы лъэщу икIи тегушхуауэ иригъэжьащ. «Дэ тIум тщыщу зыгуэр чемпион хъун хуеймэ, ар сыщIэармырар сыт?», — и щхьэм илъ гупсысэм Жьанэм нэхъри къару къыхилъхьэрт. КъызэщIигъаплъэрт Владикавказ щыIэу япэу къызэраубэрэжьам ехьэлIа гукъэкIыж хьэлъэхэм, и адэр, Iыхьлыхэр, благъэхэр, ныбжьэгъухэр кърихьэлIауэ. Абы нэхъ напэтех адыгэм и дежкIэ щыIэ?! И гукъеуэр щызыгъэгъупщэжыфынур дунейпсо чемпион хъумэт. Зэи хуэмыдэу ар а лъагапIэ иным пэгъунэгъу хъуат, Iэбамэ, лъэIэсыну.
- ЗэIущIэм и Iыхьищми увыIэгъуэ имыIэу и хьэрхуэрэгъум удынхэр тригъэлъалъэу Мурат зригъэсат. Апхуэдэ зэпыу зимыIэ ебгъэрыкIуэныгъэ лъэщхэр финным хуэхьакъым, ауэ, къызэрымыкIуэу къарути, лъэрытету къэнащ. Жьанэм къыгурыIуэрт зэрытекIуар, ауэ сыту пIэрэ жаIэнур судьяхэм? БауэкIэщI хъуауэ ари, адрей къызэхуэса цIыху минийри дикторым и псалъэхэм йодаIуэ: «Килограмм 75-м нэс зи хьэлъагъхэм я финал зэIущIэм 5:0-у щытекIуащ Жьанэ Мурат, Урысей Федерацэм хыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Псыгуэнсу къуажэм щыщыр». Ар щызэхихым, и хьэрхуэрэгъум Мурат къипхъуатэри, сабийм хуэдэу ирихьэжьащ. Дакъикъэ зыбжанэ ипэкIэ а тIум удын хьэлъэхэр зрадзауэ пщIэнтэкъым, уи нэкIэ умылъэгъуатэмэ.
- ПсыгуэнсудэсхэмкIэ зэхагъэува Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ къыхэхар Урысей Федерацэм ейм дэщIымыгъуу езыр-езыру Канадэм кIуэн хуей хъуат. Гъуэгум трагъэкIуэдэну мылъкур гугъуехьышхуэ пылъу фIэкIа зэрызэрамыгъэпэщыфам къыхэкIыу гупыр ежьат дохутыррэ массаж зыщIынрэ ямыгъусэу. Абыхэм ядэщIыгъут а зэпеуэ иным ирагъэблэгъа я къуажэгъу, дунейпсо категорие зиIэ судья БецIыкIу Заур. Ар зэхьэзэхуэм и судья нэхъыфIу иужькIэ къалъытащ.
- Иджы щIалэхэр гуфIэжу къэкIуэжырт, я Iыхьлыхэм, благъэхэм, ныбжьэгъухэм, къуажэгъухэм зэрахуэзэжынум хуэпIащIэу. 1995 гъэм Оттавэ щызэхэта кикбоксингымкIэ дунейпсо чемпионатым абыхэм дыщэ, жэз медалхэр къыщахьат.
- Жьанэ Мурат и ехъулIэныгъэхэм щиухакъым Канадэм и къалащхьэ Оттавэ щекIуэкIа кикбоксингымкIэ дунейпсо чемпионатым зэрыщытекIуамкIэ. КъыкIэлъыкIуа илъэсри хуэугъурлащ. Абы зыIэригъэхьащ Европэмрэ ЩIы хъуреймрэ я кубокхэр. 1997 гъэм лъагапIэ нэхъ ин дыдэр къехъулIащ. Профессионалхэм яхыхьэри, дуней псом и чемпион хъуащ.
- Кикбоксингым лъэужь дахэ къыщигъэнащ Жьанэ Мурат. Ар дуней псом тIэунейрэ и чемпионщ (зэм профессионалхэм я деж), Европэмрэ ЩIы хъуреймрэ я кубокыр къэзыхьащ, спортымкIэ дунейпсо классым и мастерщ. ЯIэщ щIэблэм зыдэплъеин. Ахэр тэмэму гъэса хъун, гъащIэ узыншэ ирахьэкIын папщIэ щIэгъэкъуэн лъэщщ Мурат Нарткъалэ къыщызэригъэпэща «Жанэ» спорт клубыр. Абы ныбжьыщIэхэр куэду йокIуалIэ икIи IэпкълъэпкъкIи псэкIи зыщаузэщI.
- Жьанэ Мурат унагъуэ дахи иIэщ. И щхьэгъусэ Аринэрэ абырэ щIалитIрэ хъыджэбзищрэ зэдапI. Я къуэхэр, я адэр цIэрыIуэ зыщIа боксымрэ кикбоксингымрэ хуабжьу дихьэхащ икIи ехъулIэныгъэшхуэхэр зыIэрагъэхьэнуи яхузэфIэкIащ.
- Жыласэ Заурбэч.