«Мадинэ» оперэм къикIуа гъуэгуанэр
2020-04-16
- Илъэс 50 ирокъу абы щыгъуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ и министру щыта Ефэнды Джылахъстэн и лъэIукIэ Балэ Мухьэдинрэ Къардэн Хьэсэнрэ адыгэбзэкIэ зэдатхауэ щыта «Мадинэ» япэ лъэпкъ оперэр зэрагъэуврэ. Куэдым я хъуэпсапIэ нэхъыщхьэр — адыгэ оперэ республикэм къыщызэгъэпэщыныр — къехъулIащ икIи нобэр къыздэсым а лэжьыгъэм щIэупщIэ зэриIэр гуапэщ. Япэ дыдэу 1970 гъэм ягъэлъэгъуа а лэжьыгъэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и лъэпкъ оперэм и тхыдэм щIэдзапIэ дахэ хуэхъуащ. Абы партие нэхъыщхьэхэр щагъэзэщIащ Бэгъуэтыж Светланэ, Жылокъуэ Мухьэмэдин, ПащIэ Ахьмэд, Бэрэгъун Владимир сымэ.
- 1946 гъэм унафэ къащтащ адыгэ оперэ къызэрагъэпэщыну икIи абы хагъэхьэнухэр Ленинград консерваторэм макъамэ гъуазджэм щыхурагъэджэну. Консерваторэм и ректорыр зи пашэ къэпщытакIуэ гуп шыщхьэуIум Налшык къакIуэри, макъамэм зэфIэкI щызиIэ щIалэгъуалэр зы мазэм къриубыдэу къыхахащ. Ленинград еджакIуэ ягъэкIуа гупым Къардэнри Балэри яхэхуащ, сыту жыпIэмэ, курыт еджапIэм зэрыщIэс лъандэрэ абыхэм макъамэр я Iэпэгъут, школым щекIуэкI зэхыхьэхэм жыджэру зыкъыщагъэлъагъуэрт. Къардэн Хьэсэн оркестрым хэтт, лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэфу зригъэсат. Балэ Мухьэдин Музыкэ школыр къиухауэ 1937 гъэм Кэнжэ къуажэм езыр-езыру къыщызэрагъэпэща духовой оркестрыми зыкъыщигъэлъагъуэрт. Гупым щыщ студентхэр макъамэ Iэмэпсымэхэм, оперэ уэрэдхэр жыIэным, режиссёр, дирижёр, композитор, хормейстер IэщIагъэхэм хурагъэджащ.
- Республикэм къагъэзэжа нэужь, абыхэм щIыналъэм макъамэ гъуазджэм и лъабжьэр щагъэтIылъащ. Къардэн Хьэсэн и диплом лэжьыгъэ хъуащ «В родном краю» симфониер. 1954-1957 гъэхэм ар КъБАССР-м ЦIыхубэ творчествэмкIэ и унэм щылэжьащ, 1967-1971 гъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэр радиом и хорым и художественнэ унафэ- щIу, 1962-1968 гъэхэм КъБАССР-м и Композиторхэм я союзым и правленэм и тхьэмадэу щытащ. Лэжьыгъэ 400-м щIигъу — симфониехэр, музыкэ спектаклхэмрэ уэрэдхэмрэ, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэм и гимныр — и Iэдакъэ къыщIэкIащ. Балэм и лэжьыгъэхэр — уэрэдхэмрэ романсхэмрэ — классикэу къалъытэ. Иджыри консерваторэм щыщеджа илъэсхэм абы зэфIэкI зэрыбгъэдэлъым гу къылъатат. Ещанэ курсым щыщIэсым Мухьэдин и Iэдакъэ къыщIэкIа лIыхъужь уэрэд- хэр, романсхэр, хормейстер зыщIыгъу хорым папщIэ итха лэжьыгъэхэр ягъэзащIэрт. Балэ Мухьэдин макъамэ щIигъэуващ КIыщокъуэ Алим и псалъэхэр зыщIэлъ «В память поэту» уэрэдым.
- ЩоджэнцIыкIу Алий и «Мадинэ» поэмэм къытращIыкIыу Балэ Мухьэдинрэ Къардэн Хьэсэнрэ зэдатха «Мадинэ» оперэр япэу зэрагъэлъагъуэрэ илъэс 45-рэ дэкIауэ, 2015 гъэм Налшык и Музыкэ къэрал театрым утыку къыщрахьэжащ. Ар зыгъэувар КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Дэбагъуэ Романщ, дирижёрыр УФ-м щIыхь зиIэ и артист Щэбэтыкъуэ Натбийщ, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ПащIэ Рамедщ балетмейстерыр. Партиехэр ягъэзэщIащ КъуэщIысокъуэ Роксанэ (Мадинэ), Мэкъуауэ Астемыр (Заур), УФ-м щIыхь зиIэ и артист Батыр Мухьэдин (Умар), КъБР-м и цIыхубэ артисткэ Бесчокъуэ Майе (Дисэ), Бозий Зураб (Къасым), КъБР-м и цIыхубэ артист Къуныжь Алим (Джэрий), Дэгу Каринэ (Лалинэ), шыхъуэм и ролыр зыгъэзэщIар КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Мэршэнкъул Iэдэм сымэщ. Апхуэдэу оперэм хэтащ театрым и хорымрэ балетымрэ. Зэуэ къыхэзгъэщынт артистхэм я ролхэр фIыуэ къазэрехъулIар. Гухэхъуэт оперэ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэхэу Батыр Мухьэдинрэ Бесчокъуэ Майерэ я макъым ущIэдэIуныр. Абыхэм я макъ гуакIуэмкIэ зэхэщIыкIыгъуэу зэхуэсахэм я деж нахьэсащ оперэм къыщыхъу Iуэхугъуэхэр. Абы къыдэкIуэуи къыхэгъэщыпхъэщ дэтхэнэри я фащэкIэ екIуу, сыт и лъэныкъуэкIи зэпэщауэ утыку зэритар. Адыгэ пщащэхэр я теплъэкIэ, дуней тетыкIэкIэ нэгъуэщIхэм зэрефIэкIыу къалъытэхэм ящыщщ тIууэ еухуэнэха я щхьэцыгъуэ кIыхьыр, лъэпкъ фащэр, бгы псыгъуэр, хьэл-щэн дахэр. Ахэр екIуу ядэплъагъут Мадинэрэ Лалинэрэ я ролхэр зыгъэзэщIа КъуэщIысокъуэ Роксанэрэ Дэгу Каринэрэ.
- Адыгэ литературэм и классик ЩоджэнцIыкIу Алий и «Мадинэ» поэмэм фIыуэ щыгъуазэхэм гу лъамытэнкIэ Iэмал иIэкъым иужьрейуэ лэжьыгъэр щагъэувым тхыгъэм и сюжетыр зэрахъуэжам. Адыгэ цIыхубзым и насып зэфIигъэувэну, и щхьэ и унафэ ищIыжыну хуимыту, Iыхьлыхэмрэ благъэхэмрэ пщащэм и лъагъуныгъэм елъэпауэу мылъкукIэ ящэу ЩоджэнцIыкIум ди пащхьэ кърилъхьамэ, зэманым зэрызихъуэжам хуэдэу, иджы оперэм щыдолъагъу Мадинэрэ Зауррэ нэхъыжьхэм я унафэм арэзы темыхъуэу унагъуэ насыпыфIэ зэдаухуауэ, щIэблэ дахэ къащIэхъуауэ.
- Оперэм щыджэгуахэмрэ абы еплъахэмрэ лэжьыгъэр къазэрехъулIамрэ ар къазэрыщыхъуамрэ теухуауэ дгъэпсэлъащи, къыджаIам ди гуапэу фыщыдогъэгъуазэ.
- УФ-ми КъБР-ми щIыхь зиIэ я артист, Музыкэ театрым и уэрэджыIа- кIуэ цIэрыIуэ, илъэс 30-м щIигъуауэ республикэ, къэрал театр гъуазджэр зыгъэбей, зи гукъыдэжымрэ дэрэжэгъуэмкIэ цIыхубэм ядэгуашэ, Умар и ролыр оперэм щызыгъэзэщIа Батыр Мухьэдин:
- — ЩоджэнцIыкIу Алий и «Мадинэ» поэмэм къытращIыкIа оперэр Дэбагъуэм къыщигъэщIэрэщIэжым абы и сюжетыр зэрихъуэжар режиссёрым и еплъыкIэу къызолъытэ. ЩоджэнцIыкIу Алий и тхыгъэр иджырей зэманым нэхъ къезэгъыу къигъэлъэгъуащ. Абы IэщIыб ищIащ адыгэ хъыджэбзхэр нэхъапэм мылъкурэ былымкIэ ящэу зэрыщытар, пщыр яукIыну зэрыхэтар, нэгъуэщIхэри. Нэхъыбэу мыарэзыныгъэ къэзышар Мадинэ зэрыхимыгъэкIуэдарщ. Лэжьыгъэм и сюжетым зэхъуэкIыныгъэхэр щIыхилъхьам щхьэусыгъуэ хуэхъуар гугъуехьхэмрэ бэлыхь мыухыжхэмрэ хэту зи дунейр зрагъэхьыу къекIуэкIа адыгэ бзылъхугъэм и гъащIэр нэхуу, дахэу къигъэлъагъуэм нэхъ къызэрищтарщ. Режиссёрым сюжетыр зэрихъуэжар критикэм IэщIэмыкIами, лэжьыгъэр къехъулIауэ къызолъытэ, драматизм хилъхьащи.
- Оперэм Мадинэ и адэм и ролыр щызгъэзэщIащ. Режиссёрыр лэжьыгъэм хуабжьу гугъу дехьащ. НэхъапэIуэкIэ узэIэбэкIыжмэ, оперэр зы мардэм тету ягъэзащIэу щытащ. Дэбагъуэр абы къытекIри Iуэхум нэхъ щIэщыгъуэу бгъэдыхьащ. Уэрэдыр щыдгъэзащIэкIэ псалъэмрэ макъамэмрэ зэгурыIуэу, абы екIуу зытщIын хуейуэ къыщытхуигъэувым, япэщIыкIэ абы гугъу дригъэхьащ. ИужькIэ къыдгурыIуэжащ апхуэдэу нэхъ къызэрезэгъыр. А тIур зэхэухуэнауэ ролыр щыбгъэзащIэм деж куэдкIэ нэхъ тыншт, уэрэдыр жыпIэрэ иужькIэ образым утехьэж нэхърэ. Дэбагъуэм утыкум дыщегъэджэгу, ди образым дыкъытемыкIыу.
- Урысей Федерацэм щэнхабзэмкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Бицу Юрий:
- — Ленин Владимир илъэси 100 зэрырикъур щагъэлъапIэм ирихьэлIэу, ЩоджэнцIыкIу Алий и «Мадинэ» поэмэм ХьэхъупащIэ Хьэжбэчыр къытрищIыкIа либреттэр и лъабжьэу, композиторхэу Балэ Мухьэдинрэ Къардэн Хьэсэнрэ зэдатха «Мадинэ» оперэр дгъэлъэгъуащ 1970 гъэм мэлыжьыхьым и 18-м. Адыгэхэм я музыкэ тхыдэм къриубыдэу япэ оперэм Союзпсо зэпеуэм и ЩIыхь тхылъыр къыхуагъэфэщащ. Гъуазджэр фIыуэ зылъагъуу республикэм ис дэтхэнэри абы щыгуфIыкIащ. ГъэщIэгъуэныратэкъэ, район, къуажэ пхыдзахэм щыпсэухэм щыщ къакIуэурэ еплът абы. Ноби си пщIыхьхэм хэтщ дызыгъэгушхуауэ, ди пщIэр зыIэтауэ щыта а лэжьыгъэр.
- КъБР-м и цIыхубэ артисткэ, Музыкэ театрым и уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, Мадинэ и анэу оперэм щыджэгуа (2015) Бесчокъуэ Майе:
- — Пэжщ, нэхъапэIуэкIэ а оперэр щагъэувам Мадинэу сыхэтащ. Нэгъабэ ар щIэрыщIэу утыку къыщитхьэм, Мадинэ и анэм и ролыр згъэзэщIащ, си макъыр апхуэдэ дыдэу хуэмыкIуэми, ныбжькIэ ар спэгъунэгъути. Пэжыр жыпIэмэ, абы сыщыджэгуну сыщыхыхьэм сщIатэкъым и сюжетыр зэрызэрахъуэкIар. Абы еплъахэм ящIэ япэрей оперэм ар зэремыщхьыжыр. Режиссёрым тхыгъэм и сюжетым и Iуэху еплъыкIэр хилъхьэу игъэувыну хуиту къалъытэми, абыкIэ сыарэзыкъым. Курыт еджапIэхэм я программэм хыхьэу щрагъэдж а оперэр къызытращIыкIа ЩоджэнцIыкIу Алий и «Мадинэ» поэмэр. Оперэмрэ поэмэмрэ зэрызэтемыхуэр зылъагъу ныбжьыщIэхэм къалъытэнущ яджар пцIыуэ, Мадинэ и адэ-анэм емыдаIуэу щIэпхъуэжауэ, тхъэуэ-псэууэ къэнэжауэ. Сэ къызэрыслъытэмкIэ, классикхэм я тхыгъэхэр режиссёрхэм зэрыхуейуэ зэрахъуэкIыжмэ, зыри къытхуэнэжынукъым. Адыгэр дызэрыгушхуэ апхуэдэ лэжьыгъэхэр ди куэдкъым. Оперищ диIэу аращи ахэр тхъумэну, зэпымыууэ сценэм щыдгъэлъэгъуэну ди къалэнщ. Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэ псом апхуэдэ лэжьыгъэ зиIэ нэгъуэщI лъэпкъ искъым. СхузэфIэкIамэ, адыгэ оперэхэр, спектаклхэр зэпымыууэ утыку къисхьэнт.
- Мадинэ и ролыр зыгъэзэщIа (2015 гъэ) КъуэщIысокъуэ Роксанэ:
- — Мадинэ и ролыр къызэрысхуагъэфэщам сыщыгуфIыкIащ, гуапэ дыди сщыхъуащ. Абы зы илъэскIэ делэжьащ, къарурэ зэманрэ тедгъэкIуэдау. Си щхьэкIэ зэфIэкIыу сиIэр есхьэлIащ къыслъыса ролыр къызэхъулIэн папщIэ. ЗэрыжаIэу, роль тынш щыIэкъым. Зи образ утыку къипхьэ лIыхъужьым и хьэл-щэныр нэсу къэбгъэлъэ- гъуэныр, ар цIыху къоплъ-
- хэм, къодаIуэхэм я деж нэпхьэсыныр къалэн тыншкъым икIи къызэрыгуэкIкъым. Сэри образыр къанэ щымыIэу къызэхъулIауэ, абы си гур хуэзэгъауэ схужыIэнукъым. Абы и щхьэусыгъуэр сыт хуэдэ Iуэху злэжьми, нэхъыфIу сщIарэт гупсысэм сызэриIыгъыр арагъэнт. ЦIыхур зригъэхъулIам арэзы техъуэу мытIысыжу нэхъри зиузэщIын хуейщ.
- Артистхэм ди зэфIэкIыр къызэкъуэтхынымкIэ къыддэIэпыкъуа режиссёрым фIыщIэ хузощI. Къапщтэмэ, Дэбагъуэ Роман Мадинэ и образыр зэрилъэгъуар спэгъунэгъущ, сигу ирихьащ. Нэщхъеягъуэр армырми ди гъащIэм щыкуэдщ. Сабийхэр ди гъусэу, унагъуэ насыпыфIэу утыку дыкъызэрихьар куэдым ягу дыхьауэ IэгуауэкIэ къытпыкъуэкIащ. Къызэхуэсахэр зэрыгуфIар куэд и уасэщ. ЦIыхухэр куэду икIи щIэх-щIэхыу театрым къэкIуэну дыхуейт.
- Лалинэ и ролыр зыгъэзэщIа (2015 гъэ) Дэгу Каринэ:
- — Лалинэ Мадинэ и ныбжьэгъу пщащэ нэхъыфI дыдэти, дауи, щIэхъуэпсырт и ныбжьэгъум и насып текIуауэ илъагъуну, зи ныбжь хэкIуэта Джэрий щхьэгъусэ хуэмыхъуу фIыуэ илъагъу Заур унагъуэ диухуэну. Мадинэ къытепсыха гузэвэгъуэр Лалини дигуэшащ. А образыр мыинми купщIэ, мыхьэнэ зиIэщ.
- Иужьрей зэманым утыку кърахьэ лэжьыгъэхэм гур зэрыхагъэщIыр къилъытэри, оперэр зыгъэува Дэбагъуэ Роман ныбжьыщIитIым я лъагъуныгъэр тригъэкIуэну мурад ищIащ. Тхыгъэм щыгъуазэхэм ящIэ ар гуузу зэриухыр. Иужьрей зэманым режиссёрхэм я Iуэху еплъыкIэхэр я лэжьыгъэхэм зэрыхалъхьэр къигъэсэбэпри, апхуэдэу зэрихъуэкIащ, цIыхубэм ар къазэрыщыхъунум, абы къызэрыпэджэжынум еплъыну. Сыт хуэдэ щIэми хуэдэу, языныкъуэхэм а лъэбакъуэр, дауи, ягу иримыхьынкIэ зэрыхъунур режиссёрым къилъытагъэнщ, ауэ ар къыдэзыIыгъынухэри зэрыщыIэнур арагъэнщ Iуэхум тезыгъэгушхуар. Дыщыгугъынщ кърихьэлIахэм ди лэжьыгъээр ягу дыхьауэ.
- Оперэм еплъа Сидакъ зэщхьэгъусэхэу Iэдэмрэ Евгениерэ:
- — Илъэс 50 и пэкIэ япэ дыдэу «Мадинэ» оперэр щагъэувам деплъыну къытхуихуащ. Пэжыр жытIэнщи, ар нэхъ дигу дыхьауэ щытащ. Хэт ищIэрэ, абы щыгъуэм щIалэгъуэр текIуауэ къыщIэкIынщ. Иджырейри дигу ирихьащ, щIэблэщIэм щхьэкIи дыгуфIащ. Ауэ япэрейм, ЩоджэнцIыкIу Алий и тхыгъэм тету ящIам, пэтщIын щыIэкъым. «Мадинэ» поэмэр зыхэтлъхьэ щымыIэу дызэрыцIыкIурэ дигу дыхьэу деджэу ды-къэхъуащи, сюжетым къытемыкIам нэхъ къэтщтэ-нут.
- КхъуэIуфэхэ Алёнэрэ Маринэрэ:
- — Мадинэ и ролыр зыгъэзэщIа КъуэщIысокъуэ Роксанэ дришыпхъущ. Оперэм дигу хыхьэу деплъащ. Лэжьыгъэр дигу нэсащ, уеблэмэ ди нэпс къригъэкIуащ. Артистхэми я ролхэр къехъулIауэ, пылъхьэншэу джэгуауэ къыдолъытэр. И чэзу дыдэу оперэр утыку кърахьащ. Нобэ зи пщIэр ехуэх адыгэбзэм зэрылъэпкъыу дызэкъуэувэу дытелэжьэн хуейщ. Дэтхэнэ зы адыгэри адыгэбзэкIэ дыгупсысэу, дыпсалъэу дунейм дытетыну ди къалэнщ. Оперэр лъэпкъ куэдым яIэкъым. Ар къэтлъытэу ныпым хуэдэу тIэтын хуейщ. ЩоджэнцIыкIу Алий и тхыгъэм и сюжетым къызэрытекIам и гугъу пщIымэ, ар нобэрей гъащIэм нэхъ къезэгъыу къэтлъытащ. ГъащIэр зэрыгугъум къыхэкIыу я гур къузауэ, еудыхауэ мэпсэу, гуауэ, гузэвэгъуэ куэдыр къатохьэлъэ. Аращи, Мадинэ тхьэмыщкIэм и насып текIуауэ оперэр зэриухар гухэхъуэщ. Мадинэ «насыпыфIэ щыхъужакIэ» дэри зыдузэщIыну Тхьэм жиIэ!
- ТЕКIУЖЬ Заретэ.