ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

СурэтыщI  ныбжьыщIэхэм    я унэтIакIуэ

2020-02-04

  • КъБР-м ГъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт, Сабий художественнэ школым и унафэщI Зэхъуэхъу Валерэ Лиуан и къуэм и ныбжьыр илъэс 70 ирикъуащ.

  • Зэхъуэхъу Валерэ 1950 гъэм щIышылэм и 7-м Шэджэм щIына- лъэм хыхьэ Нартан къуажэм къыщалъхуащ. 1972 гъэм Москва дэт полиграфие институтыр къиухащ, Урысейм и лъэпкъ артиадэм и лауреатщ, КъБР-м и Музыкэ театрымрэ «Эльбрус» тхылъ тедзапIэмрэ я сурэтыщI нэхъыщхьэу лэжьащ. Валерэ и Iэдакъэ къыщIэкIащ графикэ лэжьыгъэ 200-м нэблагъэ. Апхуэдэу игъэдэхахэм ящыщщ «Нартхэр» адыгэ IуэрыIуатэр, «Ашэмэз и бжьамийр», «Хэт нэхъ ин?» адыгэ цIыхубэ таурыхъхэр, япэ классым щIэсхэр зэреджэ «Азбукэ» тхылъыр, нэгъуэщIхэри.
  • Зэхъуэхъум и сурэтхэм щыболъагъу Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыуэпсым и дахагъэр, и бгы уардэхэр. Художникым къигъэщI образ телъыджэхэм, гукъинэжхэм урагъэгупсыс щIыуэпсым цIыхум пыщIэныгъэ быдэ зэрыхуиIэмрэ абы щиубыд увыпIэмрэ. Зи хъэтI зиIэж сурэтыщIым и лэжьыгъэхэр нэгъуэщIхэм ейхэм яхэгъуащэркъым. Абыхэм дахагъэм, гуапагъэм, ущалъхуа щIыналъэр фIыуэ плъагъуным укъыхураджэ. Валерэ и лэжьыгъэхэр республикэм, Урысейм и нэгъуэщI щIыналъэхэм, хамэ къэралхэм къыщызэрагъэпэщ выставкэхэм щагъэлъагъуэ. Абы и Iэдакъэ къыщIэкIа сурэт нэхъыфIхэр хагъэхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ и музейм и фондым. Тыркум, Франджым, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм щыпсэууэ абы и лэжьыгъэхэм дихьэххэми и сурэт щхьэхуэхэр яхъумэ.
  • 2000 гъэм къыщыщIэдзауэ Зэхъуэхъур Сабий художественнэ школым и унафэщIщ. 1965 гъэм Налшык къыщызэIуаха а еджапIэм ныбжьыщIэ 300 щоджэ. 2007 гъэм «Детские школы искусств — достояние российского государства» урысейпсо зэхьэзэхуэм кърикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь, Налшык и Сабий художественнэ школыр къэралым и апхуэдэ IуэхущIапIэ нэхъыфIхэм ящыщу къалъытащ. УФ-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм 2010 гъэм школым щIыхь тхылъ къыхуигъэфэщащ, абы и гъэсэнхэр «Я горжусь, что родился в России и я помню заветы отцов» урысейпсо зэпеуэм жыджэру зэрыхэтам папщIэ. КъищынэмыщIауэ, цIыкIухэм я лэжьыгъэхэр гъэ къэс выставкэ зэмылIэужьыгъуэхэм утыку къыщрахьэ, библиотекэхэм, сабий гъэсапIэхэм, медицинэ IуэхущIапIэхэм щагъэлъагъуэ. Я гъэсэнхэм я Iэдакъэ къыщIэкIауэ гъэлъэгъуэныгъэхэм утыку къыщрахьэ дэтхэнэ зы лэжьыгъэми сабийхэм я дуней еплъыкIэр гъуджэм хуэдэу къощ, гъащIэр таурыхъ щхъуэкIэплъыкIэу зэралъагъур и лъабжьэу. ЕгъэджакIуэхэм ныбжьыщIэхэм я лэжьыгъэхэм гугъэ ирагъэщI республикэм и цIэр жыжьэ зыгъэIуну художник цIэрыIуэхэр абыхэм къахэкIыну.
  • Иужьрей илъэсищыр къапщтэмэ, школым и сурэтыщI ныбжьыщIи 176-р художественнэ зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэм пашэ щыхъуащ. 2015 гъэм школым творческэ зэфIэкIрэ ехъулIэныгъэ инрэ зиIэ и еджакIуэ 16 хагъэхьащ «Лучшие в образовании» Дунейпсо ЩIэнгъуазэ Иным. Художественнэ школыр къэзыуха сурэтыщI-модельер ТIажь Альбинэ «Молодая Российская культура в Италии» еплIанэ дунейпсо фестивалым зэрыхэтам папщIэ къыхуагъэфэщащ УФ-м Щэнхабзэмрэ цIыхубэ коммуникацэхэмкIэ и министерствэм и щIыхь тхылъыр. IуэхущIапIэм и гъэсэн нэхъыфIхэр хэтащ Налшыкрэ Владикавказрэ я художественнэ школхэм ягъэIэпхъуэ я гъэлъэгъуэныгъэхэм, сурэтыщI гъуазджэхэмкIэ сабийхэм я выставкэу Владимир, Черкесск, Владикавказ, Прохладнэ къалэхэм щекIуэкIахэм.
  • IуэхущIапIэм щIэх-щIэхыурэ щрагъэкIуэкI сурэтыщI цIэрыIуэхэм я мастер-классхэр, семинархэр, зэхьэзэхуэхэр. Школыр къызэрызэIуахрэ зэфIэкI зиIэ сурэтыщI ныбжьыщIэ миным щIигъу къыщIигъэкIащ. Абыхэм ящыщ куэд Урысейм и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэтщ. Апхуэдэхэщ КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Колкутин Андрей, КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и унафэщI Темыркъан Геннадий, «Теттероде График» (Нидерланды) саугъэтым и лауреат Пащт-Хъан Алим, сурэтыщIхэу Горлов Михаилрэ Пак Галинэрэ, модельер ТIажь Альбинэ сымэ, нэгъуэщIхэри. IуэхущIапIэм и гъэсэнхэр Японие, Индие, Македоние, Германие къэралыгъуэхэм, Саранск, Санкт-Петербург, Москва, Красноярск, Новосибирск, Псков, Черкесск, Владикавказ къалэхэм къыщызэрагъэпэща урысейпсо, дунейпсо зэпеуэхэм я лауреатщ.
  • Сабий художественнэ школым и егъэджакIуэхэм я жэрдэмкIэ къызэрагъэпэщащ сурэтыщI гъуазджэхэмкIэ «Мы дети Кавказа» республикэ зэпеуэ зэIухар. IуэхущIапIэм екIуалIэ цIыкIухэм я творческэ зэфIэкIхэр къызыкъуахынымкIэ, ахэр хъума хъунымкIэ, зрагъэужьынымкIэ лэжьыгъэшхуэ драгъэкIуэкI школым и егъэджакIуэхэу Ерчэн Евгение, Галимовэ Наиля, Хорошилов Олег, Жыгун ФатIимэ сымэ. Ахэр жыджэру хэтщ Къэбэрдей-Балъкъэрым ЩэнхабзэмкIэ и фондым, КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм, республикэм СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ и музейм, Лъэпкъ музейм я проектхэм. IуэхущIапIэр къэзыух ныбжьыщIэхэм я щIэныгъэм щыпащэ Москва, Санкт-Петербург, Дон Iус Ростов, Белгород, Краснодар, Псыхуабэ къалэхэм гъуазджэмрэ щэнхабзэмкIэ щыIэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм. Хамэ къэралхэм зи зэфIэкIым зыщезыгъэужьыну Iэмал зиIэхэри къахокI. Я гъэсэнхэм я ехъулIэныгъэхэм кIуэ пэтми зэрыхагъахъуэр егъэджакIуэхэм гуапэ ящохъу.
  • IуэхущIапIэм и гъэсэнхэм я лэжьыгъэхэр щагъэлъагъуэкIэ, ахэр псоми гъэщIэгъуэн зэращыхъур щыхьэт тохъуэ ныбжьыщIэхэм зэфIэкI ин зэраIэм, еджапIэм екIуалIэ щIэблэм псэгъэгуфIэ-дахагъэ яхэлъу, хэкупсэу къызэрыхъур я егъэджакIуэхэм зэрафIыщIэм. ЦIыкIухэм я Iэдакъэ къыщIэкIа сурэтхэм, декоративно-прикладной гъуазджэм и хьэпшыпхэм ущеплъкIэ умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым зэрыт ныбжьми емылъытауэ, сабийхэм гъуазджэм и унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм — живопись, графикэ, скульптурэ, декоративно-прикладной гъуазджэ — зэрыхуэIэижьыр. Гъуазджэр зи псэм хэпщIа цIыкIухэм я лэжьыгъэхэм щынэрылъагъущ щалъхуа щIыналъэр, абы и щIыуэпсыр зыпащI зэрыщымыIэр, IуэрыIуатэм хэт лIыхъужьхэм фIыуэ зэрыщыгъуазэр. ЦIыкIухэм я Iэдакъэ къыщIэкIа, сабиипсэ хуабагърэ гу къабзагъкIэ гъэнщIа сурэтхэр телъыджэщ икIи а лэжьыгъэхэм ущеплъкIэ я зэфIэкIым уагъэгуфIэ икIи уагъэгушхуэ.
  • Зэхъуэхъу Валерэрэ школым и егъэджакIуэхэмрэ фIыщIэ ин яхуэфащэщ сабийхэр сурэтыщI гъуазджэм зэрыдрагъэхьэхым, абы и щэхухэм зэрыхагъэгъуазэм, я гъэсэнхэм я лэжьыгъэ щхьэпэхэр хэIущIыIу зэращIым, щIэблэм я эстетикэ гъэсэныгъэм хэлъхьэныгъэфI зэрыхуащIымрэ республикэм и щэнхабзэ гъащIэм жыджэру зэрыхэтымрэ папщIэ.
  • ТЕКIУЖЬ Заретэ.