Сыт сщIэми щIэсщIэр хэкуращ
2020-02-04
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм зэIущIэ гуапэ щекIуэкIащ. Студент клубхэм я «Диалог на равных» проектым хыхьэ, «Профессия «Творчество» зыфIаща пшыхьым щIалэгъуалэм яIущIэн, и гупсысэхэмкIэ ядэгуэшэн, я упщIэхэм жэуап иритын папщIэ кърагъэблэгъат театрымрэ киномрэ я артист, уэрэд зытх уэрэджыIакIуэ, «Голос» шоу цIэрыIуэм щытекIуа Бэрбэч Аскэр.
- Iуэхум и къалэн нэхъыщхьэр цIыху цIэрыIуэхэм я щапхъэмкIэ пхузэфIэмыкIын зэрыщымыIэр ныбжьыщIэхэм егъэлъагъунырщ, укъыщалъхуа щIыпIэ, укъыщыхъуа щIыналъэ емылъытауэ, сыт хуэдэ унэтIыныгъэкIи ехъулIэныгъэ зэрызыIэрыбгъэхьэфынур наIуэ къэщIынырщ. ЗэIущIэм и къызэгъэпэщакIуэхэм я мурадщ хьэрычэт, экономикэ, егъэджэныгъэ, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм, компьютер Iэмалхэм щыпашэ цIыхухэр пшыхьым къыкIэлъыкIуэну зэхыхьэхэм кърагъэблэгъэну, фIыуэ зыхащIыкI Iуэхум и щэхухэм щIалэгъуалэр, студентхэр щагъэгъуэзэн папщIэ.
- Бэрбэч Аскэр и дежкIэ къэдгъэзэжынщи, композитор, продюсер ХьэIупэ Анзор и гъусэу пэшышхуэм къызэрыщIыхьэу КъБР-м щIыхь зиIэ и артистым Iэгуауэшхуэ хуаIэтащ, зэман яхухихыу къазэрыхуеблэгъам зэрыщыгуфIыкIыр къагъэлъагъуэу. ЗэIущIэр къызэIуахри, Аскэр и гъащIэм, и гуащIэм къызэхуэсахэр кIэщIу щыгъуазэ ящIащ, езы уэрэджыIакIуэми елъэIуащ и сабиигъуэ гукъэкIыжхэмкIэ къадэгуэшэну. Аскэр тепсэлъыхьащ «Hi-fi» гупым и творчествэм дихьэхыу зэрыщытар, илъэсих ныбжьым зэрит лъандэрэ, Бахъсэн къалэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм щыIэ студием и анэм щишам къыщыщIэдзауэ, уэрэд зэрыжиIэр, абы и лъэныкъуэкIэ и щIэныгъэм хигъахъуэ зэпыту къызэрекIуэкIыр. 2008 гъэм курыт еджапIэр къиухри, ар ГИТИС-м и эстрадэ факультетым щIэтIысхьауэ щытащ. А илъэсхэм къыщыщIэдзауэ Аскэр ехъулIэныгъэ куэд зыIэригъэхьащ, абы къыщымыувыIэу иджыри лъагапIэщIэ Iэджэ зэриIэнум шэч къытетхьэркъым.
- «Голос»-м ухыхьэну плIэнейрэ ухущIэкъуащ, Аскэр, иужьрейми укъыхамыхамэ, Iуэхур къэбгъэнэжынут?» — жаIэу щыщIэупщIэм щIалэр къыпыгуфIыкIри, жэуап итащ:
- — Къэзгъэнэнутэкъым, дапщэрэ сымыкIуами сыхэмыхьауи сыувыIэнутэкъым. Сэ сызэрагъэсар къыщIэбдза Iуэхур и кIэм нэгъэсын хуейуэщ.
- АдэкIэ Бэрбэчыр гъэхуауэ тепсэлъыхьащ зэпеуэм и къызэгъэпэщыкIэм, абы щигъэзэщIа уэрэдхэм, и гъэсакIуэхэм къыхуащIа гулъытэмрэ абы щигъуэта Iэмалхэмрэ, къыхиха дерс щхьэпэхэм, и гъэсакIуэ Меладзе Константин къригъэза дзыхьым, нэгъуэщI куэдми. Псалъэм папщIэ, Аскэр зи гъусэу уэрэд жиIахэм хьэрхуэрэгъу яхуэхъуну, и макъыр нэхъ лъэщу, е нэгъуэщI зыгуэркIэ ефIэкIыу къигъэлъэгъуэну зэи хущIэкъуакъым, сыту жыпIэмэ, ар уэрэдым едаIуэхэм къамыщIэнкIэ Iэмал иIэкъым. «УзыкIэлъыплъыпхъэр зэщIэжьыуэу, зэтехуэу зэрыжыпIэнырщ», — жиIащ абы.
- И мурадхэм, и хъуэпсапIэхэм мызэ-мытIэу и гугъу ищIащ Бэрбэчым. Абыхэм ящыщ зыщ зэIущIэм къыщыхигъэщар: «Евровидение» зэпеуэ иным кIуэну зэрыхуейр, абы и Iэ зэрытригъэхуэнум яужь зэритынур, кIуа хъуамэ, цIыхухэм яфIэгъэщIэгъуэну, щIэщыгъуэу утыку къызэрихьэфынур.
- Къызэхуэсахэм ящIэну зыхуейр гъунэжт. Зы хъыджэбз цIыкIу еупщIащ зэрытекIуар къыщищIам и гум зыхищIамкIэ.
- — Ар къэIуэтэгъуейщ, — жиIащ Бэрбэчым. — Си хьэрхуэрэгъу нэхъыщхьэ Токарев Сергейрэ сэрэ Iэ тхуэзыIэтахэм я бжыгъэр зэрыдэкIуейм сыкIэлъыплъурэ, сысейр фIыуэ щхьэпришу къэувыIа иужьи, къэхъуар нэгъэсауэ къызгурыIуэртэкъым, гушхуэныгъэ жыхуэпIэм щыщ гуэр зыхэсщIауи схужыIэнукъым. Сергей и иужьрей псалъэхэр жиIэжыху сызэгупсысар Налшык къалэм Абхъазым и утыкум ит цIыхухэращ, абыхэм яхэт си адэращ. Сыт сщIэми щIэсщIэр, си гум зэи имыхур си лъахэмрэ си лъэпкъымрэщи, абыхэм я гуфIэгъуэр си гуфIэгъуэщ.
- ЗэIущIэм и кIэухыу, ХьэIупэ Анзоррэ Бэрбэч Аскэррэ я гъусэу, къызэхуэсахэм фэеплъ сурэт зэтрагъэхащ.
- ИСТЭПАН Залинэ.
- Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.