Битокъу Залинэ и хъуэпсапIэхэр
2020-01-14
- Ди республикэм и къалащхьэм дэт курыт школ №25-м щылажьэ егъэджакIуэ ныбжьыщIэ Битокъу Залинэ къызэрилъытэмкIэ, иджырей щIэблэм уадэлэжьэныр жэуаплыныгъэ ин зыпылъщ, апхуэдэуи икъукIэ хьэлэмэтщ, гур хэзыгъахъуэщ. Апхуэдэ Iуэху еплъыкIэм и щхьэусыгъуэр, хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, пщащэм егъэджакIуэ IэщIагъэр фIыуэ илъагъуу, абы и псэр хуеIэу къызэрытэджарщ. А гупсысэхэр абы и гуращэт иджыри курыт школым и еджакIуэу щыщыта зэманым.
- — ЗэрыжаIэщи, школыр щIэныгъэхэм я къигъэхъуапIэщ, гъащIэ гъуэгум и къежьапIэщ, — и гупсысэхэмкIэ къыддогуашэ Залинэ. — Сэ си нэгу щIэкIащ егъэджакIуэфIу диIахэм Iуэху зехьэкIэу ябгъэдэлъар. Ахэращ а IэщIагъэр къыхэсхынми гу хузэзыгъэщIар. Курыт школыр къыщызухам щыгъуэ, сэ хьэкъыу сщIэрт сызыхуеджэну IэщIагъэр.
- Шэрэдж щIыналъэм хыхьэ Аушыджэр адыгэ къуажэм къыщалъхуа бзылъхугъэ цIыкIум жылэм дэт курыт школыр дыщэ медалкIэ къиухри, еджэным щыпищащ КъБКъУ-м филологиемкIэ и институтым урысыбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэм. Бакалавриатыр диплом плъыжькIэ къиуха нэужь, Залинэ магистратурэм щIэтIысхьэжащ, бгъэдэлъ щIэныгъэм адэкIи хигъэхъуэну икIи, зэреджэм хуэдэурэ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэм пэрыхьащ. IэнатIэр зи щIэщыгъуэ егъэджакIуэ ныбжьыщIэр «зэфэну псыр иджыри къэжакъым» жыхуаIэм хуэдэщ, арщхьэкIэ абы лэжьыгъэм кърит дэрэжэгъуэмрэ гухэхъуэмрэ гугъэ уагъэщI а унэтIыныгъэмкIэ гъуэгуанэ дахэ, купщIафIэ къыпэщылъу.
- Залинэ ящыщщ, усакIуэ цIэрыIуэми зэрыжиIауэ, зи зэманыр IуэхукIэ зыгъэнщIыфхэм. Ар жыджэру хэтщ университетым къыщызэрагъэпэщ щIэныгъэ конференцхэм, олимпиадэ зэмылIэужьыгъуэхэм. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, ар иджыблагъэ зыхэта зэхыхьэхэу балъкъэр усыгъэм и классик Кулиев Къайсын, инджылыз драматургием и лъабжьэр зыгъэтIылъа Шекспир Уильям сымэ я цIэкIэ къызэрагъэпэщахэр. Тхылъ еджэн зыфIэфI пщащэр пашэ щыхъуащ «Илъэсым и тхылъеджэ нэхъыфI» зэпеуэми икIи а цIэр къыхуагъэфэщащ.
- Бзэмрэ литературэмрэ фIыуэ зылъагъуу ахэр курыт школым щезыгъэдж Залинэ спортри и Iэпэгъущ, теннис мэджэгу. Апхуэдэу хуабжьу дехьэх алгебрэ, физикэ щIэныгъэхэми. Ар и гур хэхъуэу топсэлъыхь ди лъэпкъыр зэрыгушхуэ еджагъэшхуэхэу, щIэныгъэлIхэу физик Къумахуэ Мурадинрэ математик Нэхущ Iэдэмрэ.
- — Мурадин электронхэр кристаллым хэбутIыпщхьэмэ, нур лIэужьыгъуэщIэ къызэрыхэкIыр къихутат, иужькIэ абы «Къумахуэм и эффект» фIащыжащ. Физикэр математикэншэу псэуфынукъым. Аращ сэ школ зэманхэм алгебрэми сыщIыдихьэхар. Мы лъэныкъуэм лъэужь дахэ къыщызыгъэна Нэхущ Iэдэм зытхьэкъуа уравненэхэмрэ математическэ биологиемрэ сэри сыдахьэхырт, — жеIэ Битокъум. — Дауэ хъуми, къызгурыIуащ бзэми къару лъэщ зэриIэр икIи аращ абы нэхъ куууэ сыщIыхуеджари. Сыт и уасэ ди усакIуэ Iэзэ Ацкъан Рус- лан урыс усакIуэ цIэрыIуэ Лермонтов Михаил и поэмэхэу ди анэдэлъхубзэм екIуу къригъэтIэсахэм уи анэбзэкIэ укъеджэныр! Ар фIыгъуэшхуэщ — бзэр апхуэдэу бгъэшэрыуэфу, узыхуей псори кърипIуэтэфу ущытыныр. А псоми щыгъуазэ сащыхуэхъуар школ лъэхъэнэращ.
- Курыт школыр щIэдзапIэ зыхуэхъуа пщащэм игу ирохь зыщылажьэ еджапIэр. Абы зэрыжиIэмкIэ, IуэхущIапIэм щыIэ егъэджакIуэхэр лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм къахэкIами, зы унагъуэшхуэм хуэдэу зэрыIыгъщ, я унафэщI щыпкъэхэм я жыIэм щIэту.
- Мурад дахэ гъащIэм хузиIэ адыгэ пщащэ цIыкIум дохъуэхъу и гъуэгу кIыхь хъуну, насыпкIэ Тхьэр къыхуэупсэну.
- ПЩЫХЬЭЩIЭ Хьэмзэт.